|
Январь, 2022
2022-01-22
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр зи нэIэ щIэт Новак Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ щытыкIэм тепсэлъыхьащ, республикэм щыIэ псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проект зыбжани къыхагъэщхьэхукIащ. Новак Александр и гуапэу къыхигъэщащ 2021 гъэм щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэлажьэ лъэпкъ проектхэр республикэм нэсу гъэзэщIа зэрыщыхъуар. Тепсэлъыхьахэщ щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, спорт IуэхущIапIэщIэхэр ухуэным, нэгъуэщIхэми.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэрал къулыкъущIапIэхэр
2022-01-22
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президумым, КъБР-м и Правительствэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор Би-щIо Борис Чэмал и къуэр лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI еджагъэшхуэщ. ЩIэныгъэлI щыпкъэм, къэхутакIуэ емызэшым теухуа тхыгъэ ди газетым и нобэрей къыдэкIыгъуэм и ещанэ напэкIуэцIым фыкъыщеджэ. ЗэкIэ фыщыдогъэгъуазэ Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа хъуэхъум.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
Бзэм и бэуэкIэр псэкIэ зыхэзыщIэ
2022-01-22
- Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI еджагъэшхуэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Бэлъкъэр Республикэм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президумым, КъБР-м и Правительствэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща БищIо Борис Чэмал и къуэр. Филологие щIэныгъэхэм я доктор БищIор Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и унафэщIщ. Бзэм и бэуэкIэр псэкIэ зыхэзыщIэ къэхутакIуэ Iэзэм и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр, псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэреджэ программэхэмрэ пособиехэмрэ. Лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэм и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
ЦIыху гуащIафIэ
2022-01-22
- УнащIэ Розэ къызэралъхурэ нобэ илъэс 85-рэ ирокъу
- Адыгэхэм къагъэсэбэп «цIыху зэгъ» псалъэхэр, цIыхум и дуней тетыкIэм и зы Iыхьэ нэхъыщхьэ наIуэ къищIу. АтIэ, дрихьэлIэу пIэрэ куэд къэзыухъуреихьхэм езэгъыу, ядэгъуэгурыкIуэфу, хуэшачэу? ГъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр, абы и лъапIэныгъэхэр къызыгурыIуэ цIыху Iущхэм ящыщ зыт КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБКъУ-м и библиотекэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа УнащIэ (Ныр) Розэ Назир и пхъур. Ар къызэралъхурэ нобэ илъэс 85-рэ ирокъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а ныбжьым нэсыным мазэ нэхъ къэмынауэ дунейм ехыжащ ар.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Фэеплъ
Лъэпкъ щIэныгъэм и къигъэхъуапIэ
2022-01-22
- Адыгэхэм ящыщу «Мимэ» уэрэдыр зэхэзымыха куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. И къуэрылъху-пхъурылъху цIыкIухэр щигъэджэгукIэ, анэшхуэм куэд дыдэрэ мы псалъэхэр хилъхьэурэ жиIэрт:
- Мимэ, мимэ,
- Мимэ и анэр мэлъаIуэ,
- Ар щIэлъаIуэр джэд къуртщ,
- Джэд къуртыжьыр
- мэгъуалъхьэ,
- Вагъуэм пэбжу къреш,
- Удзым и пэбжу ирешажьэ,
- Хьэ мэшыпэм ныхешэ,
- Шупсанэпкъым щощыпэ,
- ПкъынэфафIэм хощыпыхь,
- Хьэч лъабжьэм щIешэ,
- ШэщIыдэм зыщеухь.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ
Зи зэфIэкIыр лъагэ
2022-01-22
- ЗыхэпсэукI зэманым, гъащIэм жыджэру хэтхэр, дзыхь къыхуащI IэнатIэр егъэфIэкIуэным, зегъэужьыным гурэ псэкIэ хущIэкъухэр, ди гуапэ зэрыхъущи, куэду яхэтщ иджырей щIалэгъуалэм. Апхуэдэ цIыхухэм ящыщщ Аргудан къуажэм дэт курыт школ №3-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж, абы и унафэщIу илъэс зыбжанэкIэ лэжьа, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зыкъэзыгъэлъэгъуа, зэхэщIыкI куу зиIэ хэкупсэ нэс Мэшыкъуэ Радимэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Щапхъэ
Гур зыгъэхуабэ, гъуэгур зыгъэнэху
2022-01-22
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 щрикъум ущытепсэлъыхькIэ, япэ зи цIэ къиIуэн хуейхэм ящыщщ лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, ар ипэкlэ зыгъэкlуэтэфа, усыгъэм езым и гъуэгу щызыубзыхуфа ЩоджэнцIыкIу Алий Iэсхьэд и къуэр. Ди щIыналъэм и тхыдэм лъэужь дахэ, нэху къыхуэзыгъэна а цIыху щэджащэм и гъащIэмрэ литературэ лэжьыгъэмрэ ятеухуа псори жаIа, ятха хуэдэщ, итIани, адыгэ уафэм вагъуэ мыужьыхыжу къыщыблэ а нурым иджыри зы налъэ лыд къыхэхъуащ. Ар зи фIыгъэри и адэм и адэшхуэм лъагъуныгъэ нэху хуиIэу дунейм тет бзылъхугъэ щыпкъэ цIыкIурщ — ХьэкIуащэ Инарэ Аслъэн и пхъурщ. Инарэ къигъуэтащ Алий и сурэт, ипэкIэ зэи зыщIыпIи щамылъэгъуауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2022-01-22
- Зэгуэрым, Къашпсынэ щIыпIэм деж, нобэ Крымскэ жыхуаIэ станицэм и щIыбкIэ, щекIуэкIа зауэ гуащIэм хахуэу зыщызыгъэлъэгъуа Шырыхъукъуэ Дыгъужь и зыгъэзэкIэр зи нэгу щIэкIахэм хьэлэмэтлажьэ къащыхъуат. Бытырбыху къикIауэ зы дзэпщ лъэрызехьэ гуэр абдеж щыIэти, кIэлъигъэкIуащ, Къашпсынащхьэ деж дыщызэпсэлъэну къыдэкI, жиIэри. Дыгъужь мыхъун къыхигъэкIакъым, къыхуаIуэхуа пIалъэм ирихьэлIэу Псынащхьэм къекIуэлIащ. Урыс дзэпщым лIыхъужьыр къилъытащ, къигъэфIащ, пщIэ зэрыхуищIыр къыхэщыуи купщIафIэу къепсэлъащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2022-01-22
- Куэд зи гугъэм сыту и насып!..
- Къэбгупсысымрэ гукъэкIыжымрэ зэхэбгъэгъуащэу щIэбдзамэ, утхэну и чэзур къэсащ — художественнэ литературэр абдежщ къыщежьэр.
- * * *
- Мы дунейм гухэхъуэшхуэ къуиту гъэщIэгъуэн къыпщыхъун, удэзыхьэхын тумыгъуатэмэ, уэ езыр узэрыкупщIэншэ-мыхьэнэншэр шэч зыхэмылъыжщ: иджыри зыгуэр гъэщIэгъуэн, телъыджэ къыщыпщыхъумэ — уи насыпщ, уи акъылым зэрыхэхъуэм, псэкIэ зэрызыбужьым и нэщэнэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2022-01-22
- УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыхэжаныкIа цIыху щхьэхуэхэмрэ гупхэмрэ ехьэлIауэ 2021 гъэм и кIэм Инстаграм напэкIуэцIым щрагъэкIуэкIа IэIэтым кърикIуам тету, «Илъэсым и къэфакIуэ нэхъыфI» щIыхьыцIэр хуэфащэу къалъытащ лъэпкъ къафэхэмкIэ «Шэрджэс» ансамблым. ЩIыналъэпсо, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Шэрджэс» гупым къыхуагъэфэщащ кавказ лъэпкъхэм я цIыхубэ къафэхэмкIэ 2018 гъэм Къэзан щызэхаша Урысей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр. Апхуэдэу гупыр пашэ щыхъуащ Москва, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм. Мы гъэм илъэситху ирикъу ансамблым и къэфакIуэхэр я зэфIэкIымрэ ехъулIэныгъэхэмрэ дяпэкIи зэрыхагъэхъуэнум, ди къафэхэм я дахагъэр нэгъуэщI щIыпIэхэм, лъэпкъхэм я деж зэрынахьэсынум иужь итщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ
2022-01-22
- «Дыщэнэ», «Данэ»… апхуэдэ адыгэцIэ дахэхэр зи фIэщыгъэу Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ сабий усэхэр зэрыт тхылъитI. Ар зи Iэдакъэ къыщIэкIар куэдым фIыуэ ялъагъу усакIуэ Нэгъуей (Архэст) Радимэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт
Беларусым и чемпион
2022-01-22
- Беларусым и Солигорск къалэм дэт теннисымкIэ «Шахтёр» манежым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къэралым и чемпионат. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ а къэралым и щIыналъэ псоми икIа бэнакIуэ нэхъ лъэщхэр, псори зэхэту 300-м нэблагъэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт
|