Адэм и ущиемрэ къуэм и зэфIэкIымрэ
2022-01-27
- ФIыуэ узыщыгъуазэ щIэныгъэмкIэ адрейхэм хьэлэлу уадэгуэшэныр цIыхугъэ лъагэмрэ пэжыгъэ нэсымрэ я нэщэнэщ. А псалъэхэм тету и гъащIэр пэжу, купщIафIэу, лъэкI псомкIи сэбэп хъуным хущIэкъуу и илъэсхэр ирихьэкIащ ди тхыгъэр зытеухуа физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, Творческэ педагогикэмкIэ Урысей академием и академик, УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щад Азджэрий Адэлджэрий и къуэм. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием ЩIым и малъхъэдисыгъэмкIэ и институтым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм щылажьэу, Щадыр яхэтащ хьэршым къикI бзийхэр къэзыпщытэ Iэмэпсымэ зыщIахэм. Къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэфIым папщIэ IэщIагъэлIым хуагъэфэщауэ щытащ къэралым и гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэм, ВДНХ-м, и дамыгъэ лъапIэр. Апхуэдэу ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэми хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIа Азджэрий и цIэр иратхащ «Урысейм и цIыху цIэрыIуэхэр» къэралпсо щIэнгъуазэм. ЩIэныгъэлI Iэзэр, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэр псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирикъунут мы махуэхэм.
- Щад Азджэрий Лэскэн районым хыхьэ Урыху къуажэм 1947 гъэм и щIышылэ мазэм къыщалъхуащ. БынипщI къызыщIэхъуа зэщхьэгъусэхэу Адэлджэрийрэ ТIулъкIэрэ яхузэфIэкIащ дэтхэнэми лъэпкъ гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэрэ ирагъэгъуэтын. Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу хэта адэм быныр сыт щыгъуи фIым къыхуриджэрт, еджэным хуиущийрт. И сабиигъуэр Хэку зауэшхуэм къыкIэлъыкIуа лъэхъэнэ хьэлъэм хиубыдами, Азджэрий къэхъуащ, и адэр и щапхъэу, щIэныгъэм хуеIэу, дунейм и зэхэлъыкIэмрэ абы къыщыхъу Iуэхугъуэхэмрэ я щэхур къихутэным игури и псэри хузэIухауэ. Къуажэ школым щыщIэса илъэсхэм ар хуабжьу дахьэхырт есэпымрэ физикэмрэ. А щIэныгъэхэр зи лъабжьэ къэхутэныгъэхэм а зэманым хуабжьу заужьу хуежьат: дунейм щагъэунэхурт атомнэ, ядернэ Iэщэхэр, СССР-м 1957 гъэм дуней псом щыяпэу хьэршым яутIыпщат IэрыщI спутникхэр.
- Къэралым зыIэригъэхьа а ехъулIэныгъэм иригушхуэрт, ирипагэрт совет цIыху псори. А щIэныгъэм дахьэх куэд яхэтт щIалэгъуалэми ныбжьыщIэхэми. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха Азджэрии ящыщт апхуэдэхэм. Физикэм нэхъ куууэ хуеджэну мурад зыщIа щIалэщIэр КъБКъУ-м и физико-математикэ факультетым 1963 гъэм щIэтIысхьащ, нэхъыфIхэм ящыщу еджащ икIи хъарзынэу къиухащ. Абы и щыхьэтт Азджэрий аспирантурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну университетым и унафэщIхэм 1968 гъэм чэнджэщ къызэрыратар. Апхуэдэ гулъытэ еджапIэ нэхъыщхьэм зыхуищIхэр диплом лэжьыгъэр фIы дыдэу пхызыгъэкIыфIхэрат. Унагъуэм, адэ-анэм защIигъакъуэмэ нэхъыфIу къилъытэри, физик IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта щIалэщIэм Урыху игъэзэжри, абы дэт школым егъэджакIуэу лэжьэн щIидзащ. IэнатIэ зэригъуэтрэ куэд дэмыкIауэ, унагъуэм тхыгъэ къаIэрыхьащ, университетым къикIыу, аспирантурэм щеджэным къыхураджэу. Азджэрий мурад ищIат илъэс зытIукIэ лэжьэну, арщхьэкIэ, Iуэхум щыгъуазэ хуэхъуа адэм тригъэчыныхьащ университетым къыхуащIа дзыхьыр игъэпэжу, Азджэрий адэкIи еджэным пищэну. Апхуэдэуи хъуащ.
- Адэм и жыIэм фIэкIыу емыса щIалэщIэм университетым къигъэзэжащ, философиемрэ инджылызыбзэмкIэ кандидат къэпщытэныгъэхэр ехъулIэныгъэкIэ итри, а гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм Москва кIуащ, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЩIым и малъхъэдисыгъэмрэ ионосферэмкIэ и институтым къепха аспирантурэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуэну. Зэрихабзэу, жэуаплыныгъэр зыхищIэу еджэным пэрыхьащ Щадыр. Абы и унэтIакIуэу, щIэныгъэ унафэщIу щытащ дунейпсо цIэрыIуагъ зиIа, а институтым хьэрш бзийхэмкIэ и къудамэм и унафэщI, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Дорман Лейб. Абы и нэIэм щIэту адыгэ щIалэщIэм иригъэкIуэкIащ хьэршым пыщIа къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр, игъэхьэзыращ икIи нэхъ иужьыIуэкIэ ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ ахэр лъабжьэ зыхуищIа и кандидат диссертацэр. Хьэршыр зыдж, абы ехьэлIа къэхутэныгъэ куухэр езыгъэкIуэкI щIэныгъэлI гупым яхэту, Щад Азджэрий 1975 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ къэрал дамыгъэ лъапIэ.
- КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм Щадыр щылэжьащ КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм. Лаборант нэхъыжьу щIэзыдза IэщIагъэлIыр иужькIэ хъуащ абы и унафэщI. Дзыхь къыхуащIа къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIихыу, къэхутэныгъэ купщIафIэхэм я жэрдэмщIакIуэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ Азджэрий университетым. ИужькIэ абы и унагъуэр Шэджэм Езанэм къэIэпхъуащ. Азджэрий зэрыжиIэжу щытамкIэ, унагъуэм я нэхъыжь, Хэку зауэшхуэм и ветеран Адэлджэрий нэхъ къищтащ езыр щалъхуа и къуажэм, Шэджэм Езанэм, къыхуэнэжа илъэсхэр щихьыну. Адэм жиIэм зэи пэрымыуэ бы- ныр абы щыгъуи едэIуащ абы и унафэм. Куэд дэмыкIыу Азджэрий и лэжьапIэри ихъуэжащ: ар Шэджэм район администрацэм уващ, егъэджэныгъэ Iуэхухэм пыщIауэ. 1990 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-кIэ Щадыр щытащ Шэджэм Езанэм дэт курыт школ №1-м и унафэщIу. Зи пашэ IуэхущIапIэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр иригъэфIакIуэ зэпыту ирихьэкIащ а къулыкъур Азджэрий.
- — УмыгъэщIэгъуэн плъэкIынутэкъым ди унафэ-щIым бгъэдэлъ набдзэгубдзаплъагъэр, и гупсысэмрэ къэухьымрэ къызэщIаубыдэ псор. Ар езыр и IэщIагъэкIэ физикт, арщхьэкIэ дихьэхырт тхыдэми, гъуазджэми, литературэми, — игу къегъэкIыж а лъэхъэнэм Щадым дэлэжьауэ щыта Борсэ Алёнэ. — СощIэж: школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу сыувагъащIэу абы езым и деж сриджат. Сэ сыгузавэу, сыпIащIэу сыкIуэрт къызэджам и деж, унафэщIыр къыщIысхуейм срипIейтейуэ. СыщIыхьэу сэламыр зэфIэкIа нэужь, ар къызэIупщIащ: «Нобэ сыт хуэдэ махуэ?» — «ЩIышылэм и 25-рэ. Махуэку. Сыт-тIэ? Сыт?» — щызэблэжырт си щхьэм гупсысэхэр, сыгузэвэщарэ жэуап схуэмыту. «Куэдым фIыуэ тлъагъу усакIуэ, уэрэдус икIи уэрэджыIакIуэ Высоцкий Владимир къыщалъхуа махуэщ», — жиIащ абы, и стIолыщхьэм телъу зыхэплъэ газетхэм, журналхэм и нэр къытрихри. Ар сэ сщIэрт, абы теухуа классщIыб лэжьыгъи ныбжьыщIэхэм ядезгъэкIуэкIыну си мурадт, арщхьэкIэ си гугъакъым апхуэдиз Iуэху зиIэ школ унафэщIыр, физикыр усыгъэм къысхутепсэлъыхьыну, махуэрыбжэм къыщыгъэлъэгъуа куэдым гулъытэ яхуищIу.
- Республикэм щынэхъыфI IуэхущIапIэхэм халъыта школым Щадым и жэрдэмкIэ ди щIыналъэм щыяпэу къыщызэIуахауэ щытащ еджапIэри гъэсапIэри зэпыщIауэ щылажьэ къудамэ. «Сабий сад — пэщIэдзэ школ» гъэунэхуныгъэм абдеж щIэдзапIэ щигъуэтри, ди республикэм и щIыпIэ псоми къыщызэрагъэпэщауэ щытащ иужькIэ. Щадыр зи унафэщI школым и IэщIагъэлIхэр къызыхуэтыншэу зэтеухуа хъуа Iуэху зехьэкIэм щагъэгъуэзащ апхуэдэ къудамэ щIэуэ къызэIузыххэр.
- Хамэ къэрал зыбжанэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Азджэрий. Дэнэ щIыпIэ кIуэми, абы къыздихьырт зи пашэ IуэхущIапIэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр езыгъэфIэкIуэн, адэкIэ зыгъэкIуэтэн Iуэху еплъыкIэщIэхэр, мардэщIэхэр. ЕгъэджакIуэхэм ягу къызэрагъэкIыжымкIэ, апхуэдэхэм деж Щадым гупыр зэхуишэсырти, Iуэху зехьэкIэщIэхэм щыгъуазэ хуищIырт, абыхэм ящыщ куэд лэжьыгъэм хагъэхьэну чэнджэщ яритырт. Армырами, лэжьыгъэ пэрыт щызэфIах еджапIэм и IэщIагъэлIхэр унафэщIым къыхуриджэрт лъагапIэщIэхэм нэсыну.
- ЕгъэджакIуэ къызэрымыкIуэу, унафэщI щыпкъэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ нэсу щытащ Щад Азджэрий. Абы хузэфIэкIащ школыр къэзыух щIалэгъуалэм курыт щIэныгъэм щIыгъуу IэщIагъэ гуэр (езыхэм къызэрыхахыу) зэраIэмкIэ щыхьэт тхылъри яритыжын. ЕджапIэ нэхъыщхьэ щIэмытIысхьэфу къанэ ныбжьыщIэхэр иджы хуитт школым щызрагъэгъуэта IэщIагъэмкIэ лэжьапIэ IэнатIэ Iуувэну. Лъэпощхьэпо куэд гъащIэм щыхэлъа зэхъуэкIыныгъэм я илъэсхэм апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр цIыху щхьэхуэхэм, унагъуэхэм сэбэпышхуэ яхуэхъуауэ щытащ.
- Апхуэдиз лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Азджэрий гъэщIэгъуэну икIи купщIафIэу иухуэрт и физикэ дерсхэри. Нобель и саугъэтым и лауреат хъуауэ щыта физик цIэрыIуэ Ландау Лев и лекцэхэм щIэдэIуа Азджэрий езыми иригъэкIуэкIырт къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэр. И щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм ящыщ куэдым ар хьэлэмэ-ту, узыIэпишэу яхутепсэлъыхьыжырт и еджакIуэхэм, ахэр хуабжьу физикэм дригъэхьэхыу. Абыхэм къахэкIащ ар иужькIэ IэщIагъэ зыхуэхъуахэри. Дауи, ар и фIыгъэт школ унафэщIым.
- Щадыр зи унафэщI еджапIэр 1996 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу хэтащ «Ди школыщIэ» къэралпсо зэпеуэм икIи Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу «Федеральнэ гъэунэхупIэ утыку» къыфIащауэ щытащ. Илъэс зытхух дэкIри, еджапIэр ихуащ «Урысейм и школ нэхъыфIхэр» къэралпсо щIэнгъуазэм. 2008 гъэм а курыт школыр щытекIуащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым икIи ахъшэ саугъэтышхуэ къыхуагъэфэщащ.
- 2010 гъэм къыщыщIэдза-уэ илъэситIкIэ Щадыр щытащ Шэджэм щIыналъэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэу. ИужькIэ куэдрэ лэжьащ егъэджакIуэхэм я профсоюз зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и пашэу.
- Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, Щад Азджэрий ар ирихьэкIащ жэуаплыныгъэ иныр зыхищIэу, дзыхь къыхуащIа Iуэхур къызыхуэтыншэу икIи ныкъусаныгъэншэу зэфIихыу. Дапщэщи абы и щIыбагъ къыдэтащ и унагъуэ дахэр: и щхьэгъусэ Елизаветэрэ и бынитIымрэ. Къуэмрэ пхъумрэ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу халъхьащ зэщхьэгъусэхэм, езыхэр къэзыгъэтэджа нэхъыжьхэм я щапхъэм тету. Абыхэм щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ, унагъуэуи ягъэтIысыжащ.
- КъэхутакIуэ емызэшу, унафэщI щыпкъэу, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ ахъырзэману, егъэджакIуэ Iэзэу щыта Щад Азджэрий и лэжьыгъэ хьэлэлыр къэралым гулъытэншэ ищIакъым. Абы мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ дамыгъэ лъапIэхэр, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. Бгъэдэлъ апхуэдэ зэфIэкI лъагэхэм къыхэкIыу Щадым къыфIащащ УФ-м, КъБР-м я щIыхьыцIэ лъапIэхэри.
- Зи гъащIэри зи гуащIэри физикэм епха къэхутэныгъэхэм, щIэблэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм тыхь хуэзыщIа Щад Азджэрий Адэлджэрий и къуэм и фэеплъыр яхъумэ абы къыщIэна унагъуэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щыта куэдым. ЩIыналъэм и тхыдэми лъэужь нэху къыщигъэнащ хэкупсэ нэсу зи дунейр зыхьа цIыху щыпкъэм.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.