ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IуэрыIуатэ — дыщэ пхъуантэ

2022-01-25

  • Анэ  гъэпыхьэ, адэ гъэгъу
  • Уэ бэзэнэри бэзэнэ,
  • БэзэнэкIэ сызэджэри бэзэнэщ,
  • Сабий узщи фэрэкIщ.
  • Анэ гъэпыхьэ гущэщи,
  • Адэ гъэгъу мыгъуэщ.

  • Уэр бэзэнэри щыгъищи,
  • Зырызыхэуи мэтIыгъуэ,
  • И тIыгъуэкIэри гухэхъуэщ,
  • Гур хэзыгъахъуэри и узщ,
  • И узыгъуэри хуэпсынщIэу,
  • ПсынщIэуи хъужми ди щIасэщ,
  • Гъунэгъу нысэхэри егъэпыхьэ,
  • Жэмыхьэт лIыжьхэри егъэпэкIу,
  • ЗекIуэ кIуэнри зрегъажьэ,
  • Гъэ нысащIэри щэхуу мэдаIуэ,
  • ЗимыщIасэри псым ихь,
  • Уз зэрызехьэщи, хэкум йозэрыхь.
  • Нысэу хэгъэгум исри зэхэзожэ,
  • КIэлъыхопкIэри ирехьэх,
  • Ар хыхьэу хэзыхыжыр
  • Янэжь тхьэмыщкIэти мэгуIэ,
  • ГуIэгъуэр зыдэлъыр
  • Къуажэ зыдыхьэнурат.
  • И гуIэгъуэм Тхьэм гущIэгъу 
  • къыхуищI.
  • Къурмэнышхуэр ди нузырт,
  • — И псэ закъуэр къысхуэнэтэм,
  • ТхьэмыщкIэ куэдри щызгъэшхэнт,
  • Хэт ишхри къызэмыхьэлъэкIыу,
  • Унэм сикIмэ тхьэ селъэIуу,
  • СызыхуелъэIур тхьэмыщкIэу,
  • Си псэ закъуэр къихъуматэмэ,
  • Мы бэзэнэм сэ сыкъелтэмэ,
  • Си Тхьэ лъапIэм сыхуарэзынт,
  • Сэ си гъащIэри щIалэ закъуэм
  • и хьэтыркIэ тыншынт.
  • ФэрэкI хэкIыжыр зэрырагъэжьэж
  • Уэ тхьэрыкъуэ тхьэрыкъуэ, и-и-уэрэда.
  • Тхьэрыкъуафэм зеудэ, и-и-уэрэда.
  • Зыщиудэр щыгъищ, и-и-уэрэда.
  • Щыгъэ цIыкIухэр зырызщ, и-и-уэрэда.
  • Зырызыххэу мэтIыгъуэ, и-и-уэрэда.
  • И тIыгъуэкIэр гухэхъуэщ, и-и-уэрэда.
  • Гур хэзыгъахъуэр и узщ, и-и-уэрэда.
  • И узыгъуэр хуэпсынщIэщ, и-и-уэрэда.
  • ПсынщIэу тэджмэ, ди щIасэщ, и-и-уэрэда.
  • Ар зи щIасэр Тхьэм и щIасэщ, и-и-уэрэда.
  • Ар зи жагъуэр псым ихь, и-и-уэрэда.
  • КIэлъыхыхьэр ирихьэх, и-и-уэрэда.
  • ЩIасэм и тхьэусыхэ
  • Пщышхуэурэ Къетыкъуэпщыр дэмыс,
  • Гуащэ закъуэу дэсыр бзэпсыщIэт,
  • Бзэпсу абы ищIахэр къазым и къурмакъейщ,
  • Къазым и къурмакъейр зэполъэф,
  • Шыфэ ныкъуэ псор зи шалъэ,
  • Шэжьищу абы илъхэр бзиихъущ.
  • Бзиихъу щхьэкIэ пхъашэщ,
  • Iэхъуэм дгъэкIуагъэ бзаджэр къоджэдэж,
  • Къамылурэ си бжьыщхьэ кIапэм къоувалIэ,
  • Чэщейуэрэ си щхьэгъубжэшхуэм къыкIэроувэ,
  • Мы щIасэм жесIэгъа псалъэр къызэхех,
  • НыбжькIэ кърамыха сэшхуэр кърелъэф,
  • Бланафэурэ си джэдыгукIэр къыпегъэху,
  • Данэхуу си IэблэшхуитIыр пыIузодз,
  • ЛIы щIасэм зыдезгъэкIуххэурэ щIызогъэкIыж.
  • ЩIасэм и пщIэгъуалэшхуэр пщэ дахэщ,
  • Пщащэм я нэхъ дахэми хэплъыхь ещI,
  • Хэплъэ-хэплъыхьурэ сэ къыхэсхар
  • КъызэмыплъэкIыххэурэ мэкIуэж.
  • Хьэмым тетмэ гъунауэщ
  • Хьэмым тетмэ гъунауэщ,
  • Гъунауэ Iэзэти зэраблщ.
  • Мэзыблэпэжьмэ
  • уадэхъуу,
  • Дэхъурэ-дэшхэ
  •  ирекIуэкI,
  • УекIуэкIмэ – упыкIынщ.
  • Ар пызыгъэкIыр
  • зы лъабжьэщ,
  • Зи лъэбжьанипщIхэр
  • маисэщ,
  • Маисэ бжьакъуэхэр
  • зытетщ,
  • Хьэмым тетым я лейщ,
  • Я лейр къанти,
  • Гъатхэ пэгъухэр хуаупс.
  • Дыгъэ уэсэпсым
  • щагъэхъу,
  • Дэхъурэ-дэшхэу
  •  ирекIуэкI,
  • УекIуэкIмэ – упыкIынщ.
  • Уэ пыбгъэкIыр лъапищщ,
  • Лъапищэ пчахэр
  • къэпчыжщ,
  • Гъавэ къэтшэжым
  •  уегъэпщ,
  • Уи Iэпщэлъапщэхэр
  •  бгъэлажьэщ,
  • Лэжьыгъэу къакIуэр
  •  бэвщ,
  • ЗыщымыщIэжхэр
  • ди хьэмщ.
  • Уэрэдэ, уэрэдэ
  • Жэмыкъуэ,
  • Зэкъуэ-зэшымкIэ зэдеуэ,
  • Зэдемыуэр
  • хыболъагъуэ,
  • Абы хэплъэгъуар
  • хэпIуащ,
  • И Iуэжахуэр и Iусщ,
  • Зи жэщ Iусым щымыщIэ.
  • ЗэрыгущIэри и
  • лъабжьэщ,
  • И лъэбжьанитIыр
  • маисэщ,
  • Маисэ бжьакъуэр
  • зытетщ,
  • Бжьакъуэр зытетым
  • я лейщ.
  • Я лей къатми мэгъуагъуэ,
  • Гъатхэм пэгъур яупси,
  • Уэсэпсыщхьэм
  • щагъэхъу,
  • Жьауэм щIэхъукIмэ
  • я щIалэщ.
  • МыхъумыщIэхэр  зымыдэ
  • Уэ джыджэу зэрыхъэу,
  • Уэ хъэру къуэзын,
  • Зиусхьэнхэм я нэр щожей,
  • Зиусхьэным и псыхъуэ жэрыр
  • Афэ гъунэм кърожэ.
  • Дунейм щыхъуар зылъэгъуа,
  • МыхъумыщIэхэр зымыдэ,
  • Тхьэшхуэмэ йодэбанэ,
  • Жыг бынхэр къыдокI,
  • КъыдэкIахэр къудамэщ,
  • КъудамитIыр зэронэ,
  • Я унащхьэхэр къахощ.
  • Лъэпщрэ Жыг-Гуащэмрэ
  • Нартхэр зыхуей псор яхуищIри, Лъэпщ ищIэн имыгъуэтыжу къыщынэм, зэш хъуащ. Хуэмышэчыж щыхъум, Сэтэней-Гуащэ деж кIуэри елъэIуащ.
  • — Сэтэней-Гуащэ, созэш, сщIэн згъуэтыркъым. Си къарур зэсхьэлIэн сымыгъуэту гъущIу сиIэр супIэщIащ. Гуащэу щыIэм уэ нэхърэ нэхъ Iущ яхэмыту жаIэ, сщIэн къысхуэгупсыс! – жиIэри.
  • — Сыт къыпхуэзгупсысын? — гузэващ Сэтэней-Гуащэ. — Нартхэ Iэщэ хуейм яхуэпщIащ, нартхэ гъубжэ хуейм яхуэпщIащ. ЦIыху зыхуей псори пщIащ. Иджы еуи ежьи дунейр къэкIухь, адрей цIыхухэр зэрыпсэур зэгъэлъагъуи, нартхэ щIэныгъэ къахуэхь. Тхьэм укъимыужэгъужамэ, зыгуэр къэбгъуэтынщ.
  • — Дунейр къэскIухьын щхьэкIэ сыт сыхуеину?
  • — Зи узыхуеишхуэ щыIэкъым. Мылэжьэну зы фэилъхьэгъуэ зэгъэпэщи ежьэ. Мэш зыщIэм фIыуэ укъелъагъу, Iэщ зыгъэхъур уи ныбжьэгъущ, абыхэм шхын щхьэкIэ уагъэлIэнкъым.
  • Лъэпщ еувалIэри нэхъ жыр быдэ дыдэм къыхихщ, жыр вакъэ ищIри лъитIэгъащ, жыр пыIэ ищIри щхьэритIэгъащ, жыр баш ищIри ар IэщIэлъу ежьащ. Лъэпщ апхуэдизкIэ псынщIэу кIуэрти, зы мазэ гъуэгур зы махуэм икIурт, зы илъэс гъуэгур зы мазэм икIурт; къурш хуэзэм — ебакъуэрт, псы хуэзэм — елъэрт.
  • КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейурэ псибл зэпиупщIри, тенджыз Iуфэм Iухьащ. Жыгищэ къричщ, иухъуэнщIщ, зэрипхри хым тригъэлъэдащ, езыр абы теувэжри абы икIащ. ЗэрикIыу псы Iуфэм джэгуу Iycy ирихьэлIащ хъыджэбз гуп, набдзэ зытелъым я нэхъ дахэу. Лъэпщ занщIэу хьэщыкъ яхуэхъуащ абыхэм, ауэ епхъуэ пэтми, зыри къыхуэубыдакъым, апхуэдизкIэ цIанлъэхэти IэщIэцIэфтыжырт. Ирихужьэ-         ри ялъэщIыхьакъым. ИтIанэ лъэIуащ:
  • — Тхьэр фызогъэлъэIу, фызищIысыр къызжыфIэ. Фэ фхуэдэ си ныбжьым слъэгъуакъым. Сэ слъэгъуам хьэтыр къысхуэзымыщIа къахэкIакъым, – жиIэри.
  • — Жыг-Гуащэм дритхьэIухудщ, — жаIащ хъыджэбз гупым. — Ди гуащэм уныхуеблагъэмэ, уи хьэтыри къилъагъунщ.
  • — НакIуэ, сыфшэ, — жиIэри Лъэпщ тхьэIухудхэм я ужь иувэри кIуащ.
  • Нэсмэ, зы жыг зэрамыщIэж щытщ, жыгыуи мыжыгыу, цIыхууи мыцIыхуу, – зищIысыр къыпхуэмыщIэну. И лъабжьэр куууэ щIым хэту, и щхьэцыр пшэм хуэдэу уэгум иту, и IитIыр цIыхуIэу, и нэкIур дахэм я нэхъ дахэу, дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщIыкIауэ.
  • Жыг-Гуащэр Лъэпщ къыщыгуфIыкIри иригъэблэгъащ, игъашхэщ, иригъафэри игъэгъуэлъыжащ. Жэщыбгым Лъэпщ къэушри, зэрегуэкIуар абы жриIащ.
  • — Дауэ хъун, — идакъым Жыг-Гуащэм, — сэ сыгуащэщ, цIыху цIыкIу иджыри къэс къыслъэIэсакъым.
  •  – Сэри тхьэхэм сащыщщ, — жиIэщ Лъэпщи, Жыг-Гуащэр къыдихьэхащ.
  • Гуащэм Лъэпщ игу ирихьащ икIи мыкIуэжыну къелъэIуащ.
  • — Хьэуэ, хъунукъым сыкъанэ, — идакъым Лъэпщ, — сэ щIым и гъунэр къэзгъуэту нартхэм щIэныгъэ яхуэсхьын хуейщ.
  • — Ущымыуэ, Лъэпщ, – щIэныгъэ ухуейм сэ уэстынщ, сэ си лъабжьэр щIым хэтщ, щIым щIэлъ псори сощIэ, си щхьэцыр уэгум итщи, уафэм ит псори сощIэ. ЩIым гъунэ иIэкъым, алейкIэ умылъыхъуэ.
  • — Iагъу, гъунэ зимыIэ щыIэкъым, — и фIэщ хъуакъым Лъэпщ.
  • — ЩIым фIэкIа гъунэ зимыIэ щыIэкъым, уемыжьэ. Сэ уэгум ит вагъуэхэр уэзгъэцIыхунщ, щIым щIэлъ псори уи IэмыщIэ ислъхьэнщ, щIы щхьэфэм тетри уэстынщ.
  • АрщхьэкIэ, Жыг-Гуащэм жиIэр и фIэщ мыхъуу, Лъэпщ ежьэжащ. И вакъэр лажьэу и лъапэм къыфIэхуэжыху, и башыр лажьэу и IэмыщIэм къимыщыж хъуху, и пыIэр уэшхым ишхыу и пщэм уэрдыхъуу къыфIэхуэжыху къикIухьри, щIым и гъунэр игъуэтакъым. Къигъэзэжри, Жыг-Гуащэм деж къекIуэлIэжащ.
  • — Къэбгъуэта щIым и гъунэр? – къеупщIащ Жыг-Гуащэр.
  • — Хьэуэ.
  • — АтIэ сыт къэбгъуэта?
  • — Зыри къэзгъуэтакъым.
  • — АтIэ сыт зэбгъэщIа?
  • — ЩIым гъунэ зэримыIэр зэзгъэщIащ.
  • — ИтIанэ-щэ.
  • — ЦIыхум и Iэпкълъэпкъыр гъущIым нэхърэ зэрынэхъ быдэр зэзгъэщIащ.
  • — ИтIанэ-щэ?
  • — Зи закъуэ гъуэгурыкIуэм нэхърэ нэхъ гугъу зэрыщымыIэр зэзгъэщIащ.
  • — А псори хъарзынэщ, — жиIащ Жыг-Гуащэм. — Ауэ Нартхэр ирипсэуну сыт къахуэпщIа, сыт къахуэбгъуэта?
  • — ЗырикI.
  • — АтIэ абы щхьэкIэ къыщIэпкIухьын щыIакъым. Сэ жысIам укъедэIуауэ щытамэ, фи лъэпкъыр псэуху яхуэмыухын щIэныгъэу уэстынт. Нартхэр фыцIыху ерыщщ, фыпагащэщ. Абы фытекIуэдэжынщ. Ауэ къанэр ирипсэуну мис мыр фызот, – жиIэри Лъэпщ зы сабий дыгъэ къыIэщIилъхьащ. – Мыр уэ уи къуэщ, здэхьыж. Сэ щIэныгъэрэ IэщIагъэу сиIэр абы хэслъхьащ. Къэхъумэ, зэрыхъу флъагъункъэ.
  • Лъэпщ сабийр къихьри къэкIуэжащ. Псалъэу и бзэр къыщиутIыпщым, Нартхэм къажриIащ:
  • — Мо уафэм ит Шыхулъагъуэр флъагъурэ?
  • — Долъагъу.
  • — АтIэ зекIуэ фыщыкIуэкIэ, фыкъыщыкIуэжкIэ ар фымыгъэгъуащэмэ, фэри фыгъуэщэнкъым, — жиIащ.
  • — Алыхь-алыхь, мыр къэхъумэ, зы бэлыхьыр къигупсысынщ, мыр хуэсакъыу пIын хуейщ, – жаIэри фызибл бгъэдагъэуващ япIыну, кIэлъыплъыну.
  • АрщхьэкIэ зы махуэ гуэрым фызхэр зэщыхьэжри, сабийм теплъэкъукIащ. Апхуэдэу щыхъум, сабийр дэкIуэсыкIри джэгуурэ гъуащэри кIуэдащ. Фызхэм сабийр ягу къыщыкIыжар жэщ хъуауэщ. Шынэхэри нартхэм хъыбар ирамыгъащIэу зэбгрыжхэри лъыхъуащ, арщхьэкIэ ягъуэтыжакъым.
  • Къэхъуар нартхэм къыщащIэм, шэсхэри лъыхъуакIуэ ежьащ. Хуэзарэ зылъэгъуарэ къагъуэт мыхъумэ, езыр ягъуэтыжакъым.
  • — И анэм деж кIуэжа хъунщ, — жаIэри Лъэпщ ягъэкIуащ. Ауэ сабийр абы кIуэжатэкъым.
  • — Сыт тщIэну, сыт ди Iэмал? — еупщIащ абы Лъэпщ.
  • — Зы Iэмали иIэкъым. И зэманыр къэсмэ, езым къигъэзэжынщ. Ауэ къыщигъэзэжынур тхьэм ещIэ. Фыпсэууэ къэкIуэжмэ – фи насыпщ, къэмыкIуэжмэ – фи бэлыхьщи, абы фытекIуэдэжынщ, – къыжриIащ.
  • Лъэпщ и щхьэр фIэхуауэ къэкIуэжащ.
  • Сэтэней-Гуащэ  нартхэм къызэрахьар
  • Нарт гупышхуэм мурад ящIащ Сэтэней гуащэр къахьыну, ауэ ар здэщыIэмрэ къызэрахьыну щIыкIэмрэ зыми ищIэртэкъым. И дахагъым и хъыбар, и щэныфIагъым и хъыбар зэхах нэмыщI, и хэщIапIэри здыщыпсэу хэгъэгуи зыми ищIэртэкъым. Апхуэдэу щыхъум, нарт лъэпкъыу зы щIыпIэ гуэрым щыпсэурт пелуану, лIыхъужьу УэзырмэджкIэ еджэуи, абы дежкIэ кIуэну траухуащ.
  • Нартхэр зэщIэшасэри Уэзырмэджым деж екIуэлIащ. Уэзырмэдж икъукIэ хабзэшхуэ зыхэлъ нартт. Нарт гупыр Уэзырмэджым игъэхьэщIащ зы тхьэмахуэкIэ, иригъэшхащ, иригъэфащ.
  • ИкIэм, нартхэм я къэкIуэкIэмкIэ щеупщIым, гупым жаIащ:
  • — Мурад диIэщ Сэтэней-Гуащэр къэтхьынуи, абы уздэтшэну арат, — жаIащ.
  • — Хъунщ, — жиIэщ Уэзырмэджи, ядэшэсащ. Щышэсым нартхэм жаIащ:
  • – Иджы дэ Сэтэней-Гуащэ и хэгъэгум дыщынэблагъэкIэ, ди алъпхэр пырхъынущи, кудагъэ дыхуейщ ди алъпхэм я пэр щытпхыкIыну, ахэр мыпырхъын щхьэкIэ, – жари.
  • Уэзырмэдж нарт гупым кудагъэ зэрызыхэ яхуигуэшщ, езыми зы къищтэри зэщIэшасэри дэкIащ. Куэдрэ иша а гупыр Уэзырмэджым, мащIэрэ иша – гъуэгуанэ жыжьэ якIуащ.
  • Гупым Уэзырмэджыр гъэпцIагъэкIэ ирашэжьауэ арат. Гупым Уэзырмэджыр ямыIэм гъуэгур яцIыхуртэкъыми, кIуэфынутэкъым.
  • Сэтэней-Гуащэ деж нэсрэ кърахьэжьа нэужь, и дахагъэм папщIэ гупым яримытыжынкIи шынагъуэ яIэт.
  • Уэзырмэдж апхуэдизкIэ бланэт, пелуант, лIыхъужь мышынэти, къыщымышынэу гупым зыри яхэттэкъым.
  • Ауэрэ кIуэуэрэ, Сэтэней гуащэ и унэм зы махуэ ныкъуэ гъуэгу дэлъыжу щынэсым, гупым жаIащ:
  •  – Иджы дишхэм я пэхэр щыдвгъапхэ, я пырхъ макъыр зэхамыхын щхьэкIэ, – жари.
  • Уэзырмэджым ар и фIэщ хъури, и Фэехъуджэ алъпыжьым и пэр щипхащ. Фэехъуджэ – аращ Уэзырмэдж и шыжьым зэреджэу щытар. И кIэм цы тетакъым, ауэ и кIафэ закъуэр пIийуэ пыту арат. Адрей нарт гупым псоми щапхэ нэпцI защIа мыхъумэ, зыми и шыпэ щипхыкIакъым. ЗэщIэшэсэжри кIуэуэрэ, Уэзырмэджым и Фэехъуджэ алъпыжьыр къакIэрыху хъуащ, алъандэрэ япэ иту кIуауэ. Уэзырмэджи абы ирибампIэурэ зыкъомрэ кIуащ. Алъпыжьым жьы кIуапIэ имыгъуэту, бампIэри зэгуэудащ. ИтIанэ къищIащ Уэзырмэдж нарт гупым къызэрагъэпцIар.
  • Уэзырмэджыр и шым щхьэщысу къагъанэри нарт гупыр ежьэжащ, Сэтэней-Гуащэр къахьыну. Уэзырмэджым и алъпыжьым и лъакъуиплIыр ипхщ, и плIэ ирилъхьэри якIэлъежьащ.
  • Уэзырмэджыр гупым я ужь кIэщIу иту нэсащ. Сэтэней-Гуащэ Щордакъ лъагапIэм исти, гупым зыри яхуещIэртэкъым. Уэзырмэдж и алъпыжьыр и плIэм илъу нэсщ, шордакъым едэмэпкъауэри, дамэкIэ Щордакъ лъабжьэр щIиудащ. Сэтэней дахэр къыщехуэхым, щIым нэмысу къиубыдри къежьэжащ. Уэзырмэджым и шыжьыр и щIыб илъу, Сэтэнейри иIыгъыу гупыр и ужь къимыкIыфу къэкIуэжащ и унэ, гупри къыздишэри.
  • Нартхэр аргуэру Уэзырмэджым жэщибл-махуиблкIэ иригъафэу зэхигъэсащ.
  • Нарт гупыр ежьэжыну щылъаIуэм, Уэзырмэджым жиIащ:
  • — Сэ си Фэехъуджэжь фэ фтезукIам и уасэ мылъкурэ былымрэ нартхэ фи хэку илъкъым. Апхуэдэу щыхъукIэ, шы уасэ мыхъуми, къренэ илъэситхукIэ си дей Сэтэней-Гуащэр щыIэну. Илъэситху дэкIа нэужь, фыкъакIуи фэстыжынщ, – жиIэри нарт гупыр игъэшэсыжащ.
  • ИлъэситхукIэ Сэтэней Уэзырмэджым деж щыIащ. Илъэситху щрикъум, нарт гупыр кIуэн хуейт Сэтэнейр къахьыжыну, ауэ абы кIуэфын зыри къахэкIакъым.
  • Ауэ Уэзырмэджи ар щыгъупщэжатэкъыми, нартхэм яхуиIуэхуащ, къакIуэу Сэтэнейр яхьыжын хуейуэ.
  • Уэзырмэджым и лIыгъэр нартхэм ягъэунэхуат. Зы нарти жиIам фIэкI хъунутэкъым. Нартхэр Уэзырмэджым деж щепсыхащ. Ещанэу Уэзырмэджым нарт гупыр игъэхьэщIащ. Сэтэнейри къаритыжри къиутIыпщыжащ.
  • Сэтэнейр нарт Уэзырмэджым хуэлъэщыджауэ къыщIэкIащ, ауэ хыумыщIыкIыу. Нартхэ я деж иужькIэ Сэтэнейр щылъхуащ. Къилъхуами Сосрыкъуэ фIащащ. Апхуэдэу Сэтэнейр Уэзырмэджым и щхьэгъусащ. Сосрыкъуи Уэзырмэджым и къуэщ.
  • Ар ябзыщIын щхьэкIэщ нартхэм Сосрыкъуэр мывэм къыдэкIауэ щIаIуэтар.
  • ХьэщIэщым къыщIэнам
  • Къамэ къуданэр мэлыд,
  • Зэпэлыдыжу ар къэсащ.
  • ЗытетIысхьэри гъэрищщ,
  • ТIыгъуауэ гухэхъуэщ,
  • Гум хэзыгъахъуэр зи уз,
  • Зи узыгъуэр фIэпсынщIэ,
  • ПсынщIэрэ щIэхыу
  •   тэджыж,
  • Тэджыжыгъуэр фи щIасэщ,
  • ЗимыщIасэр псым ехь,
  • КIэлъыхыхьэр етхьэлэ,
  • Хьэуазэ хакIутэж.
  • Хьэтыкъуей гуащэм
  • Хьэтыкъуейхэр, си
  •  уэредэ,
  • Къуажэ мащIэт,
  • уэр къуажэфIти,
  • Шум я фIыпIэр, си уэредэ,
  • А зы тIэкIум къыдокIри.
  • КъыдэкIахэр, си уэредэ,
  • Ди хэгъуащхьэм, уэр,
  • кърокIуэ.
  • ЗекIуэ кIуэни, си уэредэ,
  • Дипщхэ я унэ имысыт.
  • Исы закъуэр, си уэредэ,
  • ИлъэсиблкIэ мышэси,
  • Зэ шэсыгъуэм, си уэредэ,
  • Фэ вакъибл ирегъэщIи.
  • Фэ вакъиблым, си уэредэ,
  • Зы фэ вакъэ къыхехри,
  • Фэ вакъихыр, си уэредэ,
  • Хьэсэ кIапэм щегъэф.
  • Вакъэжь фахэм,
  • си уэредэ,
  • Хьэкъумэжьхэр егъатхъэ.
  • Шы гъэтхъахэр, си уэредэ,
  • Шэщым щIохьэри
  •  къыщIеш.
  • Шым и фащэр, си уэредэ,
  • Унэм щIохьэри къыщIех,
  • ЗэкIуэцIытпхэри,
  • си уэредэ,
  • Ди бзаджэжьыр
  • дэдгъэкIи.
  • СыкIэлъыплъмэ,
  • си уэредэ,
  • Лъэсым жапIэ ирамыти.
  • Шым и ягъэмэ, си уэредэ,
  • Зы бажэщым щрелIэ.
  • ЛIым и ягъэмэ, си уэредэ,
  • Зы шэ закъуэм иреукIи.
  • СикIыжын жызори,
  • си уэредэ,
  • Къуэпхъу-шыпхъужьым
  •  ямыдэ,
  • Сыкъохьэжри, си уэредэ,
  • Набэ-набэу къызоплъхэр,
  • Сызэплъыжмэ, си уэредэ,
  • Дыгъэнэ гуащэу сыщыси.