Ислъамым и нур
2022-01-27
- Дин лэжьакIуэ цIэрыIуэ ПщыхьэщIэ Шэфихь
- ЩIэджыкIакIуэхэм нэхъ гъунэгъуу къедгъэцIыхуну тфIэигъуэщ ди щIыналъэм диным гъуэгу щигъуэтыжыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и япэ унафэщIу лэжьа ПщыхьэщIэ Шэфихь-хьэжы.
- Урысей Федерацэм и дин лэжьакIуэ пашэхэм хабжэ ПщыхьэщIэ Шэфихь Iэуес и къуэр 1962 гъэм щIышылэм и 15-м Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. И япэ егъэджакIуэу къилъытэр дин щIэныгъэ IуэхукIэ Къэбэрдейм фIыуэ щацIыхуу щыта и адэшхуэ ПщыхьэщIэ Хьэбасщ. И ныбжьыр илъэс 11 щрикъум КъурIэн щIэныгъэр нигъэсри, илъэс 14-м ирихьэлIэу, Шэфихь иджащ диным и лъабжьэхэмрэ хьэнэфий мэсхьэбым и тегъэщIапIэхэмрэ.
- Къуажэ курыт школыр къиуха нэужь, 1979 — 1987 гъэхэм ПщыхьэщIэр щIэтIысхьащ Бухъэра дэт «Мир-араб» мыдрисэм. Абы зэрыщIэсым хуэдэу, еджэныр илъэситIкIэ зэпигъэури, дзэм къулыкъу щищIащ. Еджэн иухыу Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, ПщыхьэщIэр ягъэуващ республикэм и къадыуэ.
- 1990 гъэм и щIэныгъэм пищэн папщIэ, ПщыхьэщIэ Шэфихь щIэтIысхьащ Амман (Иорданием) дэт ислъам университетым, ауэ Иракымрэ Кувейтымрэ я зэхуаку къыщыхъея зауэм ар къиухыну Iэмал къритакъым.
- 1987-1989 гъэхэм ПщыхьэщIэ Шэфихь лэжьащ Кавказ Ищхъэрэм и Муслъымэн дин IуэхущIапIэм КъБАССР-м щыIэ и къудамэм и унафэщIу.
- 1989 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэн цIыхубэм хэIущIыIу ящIащ щхьэхуэу КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэ къызэрызэрагъэпэщыр икIи абы и унафэщI хъуащ къады ПщыхьэщIэ Шэфихь. 1990 гъэм КъБР-м щекIуэкIа япэ Муслъымэн съездым ПщыхьэщIэ Шэфихь муфтий къулыкъури къыхуигъэфэщат, ауэ Иорданием зэрыщеджэм къыхэкIыу, ар Чочаев Шэрафутдин лъигъэсащ.
- 1992 гъэм щIышылэм и 2-м ПщыхьэщIэ Шэфихь хахащ КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщIу. 1995 гъэм ар щIэтIысхьащ Ливием щыIэ «Ислъам къыхуеджэныгъэ» университетым Сирием щыIэ и къудамэм икIи 1999 гъэм еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, «хьэрыпыбзэмрэ муслъымэн щIэныгъэхэмкIэ егъэджакIуэ» IэщIагъэр иIэу. Абы къыдэкIуэу, Шэфихь къиухащ КъБКъУ-м и тхыдэ факультетри.
- 2002 гъэм ПщыхьэщIэр ягъэуващ Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрым (КЦМСК) и унафэщIым и къуэдзэу. Мэзкуу зэрыIэпхъуам и щхьэусыгъуэкIэ, КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI къулыкъур зыщхьэщихын хуей хъуащ. 2004 гъэм накъыгъэм и 5-м ПщыхьэщIэр хахащ Дунейпсо муслъымэн къыхуеджэныгъэм гъэзэщIакIуэ IуэхухэмкIэ и унафэщIу. Дызэрыт зэманым къулыкъуитIри зэдихьу, Мэзкуу щопсэу.
- Хуитыныгъэми гъунэ иIэщ
- Дыгъэгъазэм и 23-м екIуэкIа пресс-конференцышхуэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир щытепсэлъыхьащ муслъымэным игъэлъапIэ гурыщIэхэм уегуауэ зэрымыхъунум.
- Президентым кърата упщIэхэм я зыр теухуат Iэзагъ къызэрымыкIуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр ди зэманым гугъу зэрырагъэхьым, щхьэусыгъуэшхуэ имыIэу, хабзэм зэрырашалIэм. «Хэлъэт зиIэ цIыхум хуитыныгъэ нэхъыбэ етын хуейуэ къэплъытэркъэ?» — апхуэдэу иухуащ и упщIэр къэралым и Iэтащхьэм зыкъыхуэзыгъэза журналистым.
- «Хуитыныгъэр гум къыщежьэу щытын хуейщ, — жиIащ Путин Владимир абы жэуап щритым. — Псалъэм и хьэтыркIэ, Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэр бгъэпудыныр «хэлъэт зиIэм бгъэдэлъ хуитыныгъэра» къэзышэр? Сэ апхуэдэу къысфIэщIыркъым. Ар зыщIэм муслъымэн диныр зезыхьэ дэтхэнэ зыми и гум щигъафIэ гурыщIэхэр егъэикIэ. Апхуэдэ IэбэкIэм нэхъеиж гуэр къимышэнкIэ Iэмал иIэкъым. Мес, Париж дэт «Шарли Абдо» журналым и редакцэм теуэхэри, щIэсу хъуар щIаукIыхьащ. Сыт Iуэхур абы щIынэбгъэсынур?»
- «ГурыIуэгъуэщ, — пищащ адэкIэ Президентым, — хуитыныгъэ зимыIэм зэрызимыужьыр, абы ущыщIэмэ, ипэкIэ умыкIуэтэфу, кIыфIыгъэм укъызэрыхэнэнур. Ауэ зыгуэр пщIэн ипэкIэ, ар уэ уэщхьыркъабзэу хуитыныгъэ зиIэ нэгъуэщI цIыхум къызэрыщыхъункIи хъунум уегупсысын хуейщ».
- ЩIышылэм и 17-м Путин Владимир телефонкIэ къепсэлъащ Пакистаным и премьер-министр Хъан Имран. Абы Урысейм и Президентым фIыщэ къыхуищIащ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къызэрыщхьэщыжам щхьэкIэ, пакистан цIыхубэм ар я гуапэ зэрыхъуари къыхигъэщащ. Путин Владимир абдежми къыщытригъазэри жиIащ Урысейр, ислъамри яхэту, дин куэд щызэрахьэ къэралу зэрыщытыр, зы дин зезыхьэм адрейр дикъузэу дяпэкIи зыми зэрыхуимыдэнур.
- Президентыр жиIам зэрытетым и щыхьэт наIуэ хъуащ щIышылэм и 19 — 20 махуэхэм Ираным и Iэтащхьэ РэIиси Ибрэхьим Мэзкуу къыщыкIуам. КъэралитIым я лIыщхьэхэр зэпсалъэрэ пэт, РэIиси псалъэмакъыр зэпигъэуну Путиным елъэIущ, иIыгъ нэмэзлыкъыр иубгъури, и нэмэзыр абдеж дыдэм, Кремлым щищIащ. Журналистхэм занщIэу гу лъатащ «а Iуэхум президентитIми я пщIэр зэриIэтам». Урысейм щыщ муслъымэнхэм ягу хэхъуэу зэIэпах Иран лIыщхьэр Кремлым щыщIыхьэм «Iэссэламу алейкум» зэрыжиIэу, Путин Владимир абы «Уэ алейкуму сэлам» псалъэхэмкIэ къызэрыпэджэжар къызэрыщ видео кIэщIыр.
- Тхыгъэ лъапIэр псэм пэзыщIа
- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, Абыкъу лъэпкъым теухуауэ тхыгъэ щыдгъэхьэзырым, Къэбэрдейм и къадыуэ лэжьа муслъымэн еджагъуэшхуэхэм яз Абыкъу Алий и КъурIэныр зэрыкIуэдам и хъыбар япэу зэхэтхауэ щытащ. Ар къыджезыIэжа абы и къуэрылъху, Бахъсэн къалэм щыпсэу, МВД-м и майор Абыкъу Мухьэмэд нобэ псэлъэгъу гуапэ щIытхуэхъуа щхьэусыгъуэр телъыджэщ: Алий и Iэрытх КъурIэныр къагъуэтыжащ. Псалъэмакъым фыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэщ:
- Къулъкъужын дэс Абыкъухэ я къежьапIэр
-
Си адэшхуэ Абыкъу Алий Хьэсанэ и къуэр 1873 гъэм Къулъкъужын къыщалъхуащ. Алий и адэ Хьэсанэ дунейм къыщытехьар иджыпсту Первомайск цIэр зезыхьэ Абыкъу хьэблэжьырщ. Къэбэрдейм къызэрыIэпхъуар зи фIыгъэр Къулъкъужын зыухуа Къуэн Мырзэбэчщ. ЦIыхухэм муслъымэн диныр къаригъэщтэн, иригъэджэн фIэфIу, Мырзэбэч Абыкъу Хьэсанэ и адэм къыIихщ, Къулъкъужын къыдигъэтIысхьэри, Куба щыщ Щоджэнхэ япхъу къригъэшауэ щытащ. Хьэсанэ къуищ иIащ: Алий, Нащхъуэ, Iэхьмэд. Нащхъуэ щIалитIрэ пхъуищрэ, Алий — къуищрэ пхъуищрэ иIащ. Iэхьмэд бын иIакъым. Ахэр псори къыщалъхуар Къулъкъужынщ.
- Алий и дин щIэныгъэр
- Абыкъу Алий КъурIэным езыгъэджар и адэ Абыкъу Хьэсанэщ. Къызэрыхэдгъэщащи, Хьэсанэ илъэс 14 фIэкIа мыхъуу, Абыкъухьэблэ-Первомайскэм ирашщ, Мэккэ-Мадинэ яшэри, и ныбжьыр илъэс 27-рэ ирикъухукIэ щыпсэуащ. Абы къикIыжу къэкIуэжа нэужь, къыщIэхъуа и бынхэр псори муслъымэн диным хуригъэджащ, КъурIэныр къаригъэщтащ.
- КъурIэныр
- 1914 гъэм иужь дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу хьэж зыщIыну кIуахэм яхэтащ си дадэ Алий. ЗэрыжаIэмкIэ, абы Елбэд Хьэсэн, Дым Iэдэм сымэ и гъусащ, псоми я цIэр къысхуиIуэнкъым, ауэ цIыху зыщыплI хъухэрт.
- Хьэж ящIауэ Мэккэ-Мадинэм къыщикIыжым, хьэрып щIалитI я гъусэу къыздашащ, КъурIэни къыздахьащ. МазищкIэ ди деж щыхьэщIауэ жаIэж а щIалитIыр. Къыздахьа КъурIэныр IэкIэ мазитIым и кIуэцIкIэ къратхыкIащ. Iэрытхыр хьэзыр хъуа иужь, Алий щIалитIым КъурIэныр яIэщIилъхьэжщ, Куржым нэс якIэлъыкIуатэри, Тыркум кIуэ кхъухьым иригъэтIысхьэжауэ щытащ.
- А зэманым КъурIэн тхылъхэр иджы хуэдэу хуиту бгъуэту щытакъым-тIэ. Нэхъыбэу зекIуэр Алжир, Мароккэ, Тунис къэралхэм зэрыщыпсалъэ хьэрыпыбзэ къудамэхэмкIэ тхахэрат. Мэккэ-Мадинэм, Сирием хуэдэ къэралхэм щызекIуэ КъурIэным и пщIэр нэхъ инти, аращ ар Алий Хэкум къихьын хуей щIэхъуари къыщIрыригъэтхыкIари.
- Революцэр
- И адэм иригъэджэжауэ, духьэшы хъуауэ, си адэшхуэр щIалэгъуалэм мыдрисэхэм щадэлажьэу щытащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, революцэр къэхъуащ. 1918 гъэм Къэбэрдейм шэрихьэт полкыр къыщызэрагъэпэщам щыгъуэ, Къатхъэн Назир полкым и командиру, си адэшхуэ Абыкъу Алий — комиссару 1918 гъэм щегъэжьауэ 1922 гъэ пщIондэ зэуахэщ. Къэбэрдейм совет властыр щагъэувам иужькIэ, шэрихьэт полкыр яутIыпщыжри, щхьэж и унэ дэтIысхьэжащ. Дадэ Къэбэрдейм и Шэрихьэт судым и тхьэмадэу ягъэуващ.
- Унагъуэр Налшык яшауэ щыпсэурт. «Мало-Кабардинская» фIащауэ уэрам дэтащ къалэм. Абы тета унэм 1924 гъэм си адэм и шыпхъу нэхъыжьыр къыщалъхуащ. Апхуэдэу Шэрихьэт судым и унафэщI къалэныр ирихьэкIыурэ, диным и Iуэхур щIакъузэжын щыщIадзэм, езым къыдэзэуахэр игъэтIысыну унафэ ищIыну къытракъузэ хъуащ. И ныбжьэгъухэм къыжраIэрт: «Ефэнды, сыт пщIэр? Уэри дэ тхуэдэ дыдэу щIытIым уилъащ? Ар хъурэ?!» Арати, Абыкъу Алий кIуэри, ящIэр зэрымыхъунур Къалмыкъ БетIал жриIащ. Модрейр къэгубжьри, езы Алий игъэтIысащ. Мис абдежым къыщыкъутащ Абыкъу Алий и гъащIэр. ЗалымыгъэкIэ губгъуэм ирахуэри, «контрреволюцэм и телъхьэ», «бандэ» фIащыжащ. Езым къыдэзэуахэр псори и акъылэгъуу къэнащ итIанэми.
- ГъэунэхупIэ щихуам
- Мы хъыбарыр зыхуэзэр, сыщымыуэмэ, Алий етIуанэу щагъэтIысам щыгъуэщ. Тэрч районым я ефэндыр, Абыкъу Алий, зы балъкъэр щIалэ — а щыр Къалмыкъ БетIал игъэтIысауэ лъэхъуэщым ист. Дадэрэ нанэрэ Налшык дэсыху, Къалмыкъ БетIал унагъуэм ихьэ-къикIыжу, шей щефэу, си анэшхуэм фIы дыдэу ицIыхуу щытащ. Арати, нанэ и лэжьапIэм ешэри, мыр къыжреIэ БетIал: «Иджыпсту ефэндыр къыщIызогъэкIыжри, «Алыхь щыIэкъым, мы КъурIэным теуви щIэкI» жесIэнщи, ар игъэзащIэмэ, уи щхьэгъусэр щIэшыж». Си анэшхуэм: «АIэ, сэ ар схужеIэнукъым, ауэ къыщIэш», — жриIащ. Арати, щыри къыщIрегъэшри кърегъэувэкI. Япэу тэрч ефэндым зыхуигъэзащ Къалмыкъым: «Къэспот! «Алыхьталэр щыIэкъым» жыIэ, мо КъурIэным теуви, щIэкI, уи быныр пIыж!» Къэспот ди адэшхуэм зыкъыхуигъазэри: «Алий, къысхуэгъэгъу, уей, сэ бын сиIэм», — жиIэщ, КъурIэным теувэри, къыщIэкIыжащ.
- Дэ лъэпкъкIэ дыабазэщ. Си адэшхуэм бзитху ирипсалъэу ищIэрт: адыгэбзэ, урысыбзэ, хьэрыпыбзэ, абазэбзэ, къэрэшеибзэ. Къэрэшеибзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ зэтехуэкъэ-тIэ? Арати, дадэ балъкъэрым зыхуегъазэри, къэрэшеибзэкIэ жреIэ: «Ахъмэт! Мы КъурIэным утемыувэ! ЩIы фIыцIэм ущIэлъми, укъыщIэсхынурэ узукIынущ!» «Алий, къысхуэгъэгъу, сэ зыпхъу закъуэ сиIэу аращ, си быныр схухыфIэдзэнукъым», — къыжреIэж абы. Ари КъурIэным теуващ. Апхуэдэу къыщIэкIыжащ.
- Алий и чэзур къыщысым, нанэ жеIэ: «Ефэнды, уи гум илъыр Алыхьталэм ещIэ, ягъэ кIынкъым. «Алыхьталэр щыIэкъым» жыIэ, мы КъурIэным теувэ, ныщIэкIи ди бын здэдгъэпIыж».
- «Лафыщ, дяпэкIэ апхуэдэу къызжумыIэ, — кърет жэуапу. — Уэлэхьи, сэ мы хьэбыршыбырым щхьэкIэ, Алыхьталэм и цIэр схухэмыутэну!» — жиIэщ, зыкъигъазэщ, Къалмыкъ БетIал и нэгум иубжьытхэри, тутнакъэщым щIыхьэжащ.
- «Умыгъ! Уи нэпс щIэбгъэкIыу мыбыхэм закъыумыгъэлъагъу!» — къыжриIащ иужьрейуэ нанэ.
- Контрреволюцэм и къарухэр
- Абыкъу Алий зыхихьа лъэныкъуэр «контрреволюцэм и къарухэр» жыхуаIэрат. Зэ ягъэтIысри Сыбыр щыIат. ЕтIуанэу ягъэтIысри, Соловки ирагъэшащ, Хы хужьым хэт хытIыгум. Абы къикIуэсыкIыжыфа Алий фIэкIа щымыIауэ жаIэ. Псым къызэпрысыкIри, къэкIуэжауэ щытащ. 1930 гъэм Тырныауз пэгъунэгъуу Верхожан жыхуаIэм деж, Алий и гупыр совет властым и телъхьэхэм къапэтIысщ, зэтраукIэри, езыри уIэгъэ хъуауэ ягъэтIысауэ щытащ иужьрейуэ, ауэ укIкIэ и судыр ящIатэкъым. Царицын (иджы Волгоград) ирагъэшауэ щытащ.
- АдэкIэ жысIэнур къызжезыIэжар си анэшхуэращ. Си адэшхуэр си анэшхуэм зэреджэу щытар «Лафыщщ». Первомайск удэжа нэужь, Красный Восток къуажэр щытщ. Абы щыщ Лафыщ Щыхьым ипхъут ар. Кавказ Ищхъэрэм нэхъ шыхъуэ лъэрызехьэу исахэм язщ. Арати, си адэмрэ си адэм и шыпхъу нэхъыжьымрэ здешэри, си анэшхуэр Царицын макIуэ, си адэшхуэм хуэзэну хуит ящIати. ЗдэкIуам махуищкIэ щыIауэ, къыжреIэ: «Лафыщ, иджы сабиитIыр къащти, пщэдей дауэрэ удэкIами, мы къалэм зыми имыщIэу дэкI. Лъэсу удэкIа пщIондэ, дэкI, укъыдэнэнкIэ Iэмал иIэкъым».
- «Сэ саукIауэ хъыбар къыпIэрыхьэми, уи фIэщ умыщI, сабийхэр уи анэмэтщ, яхуэсакъ», — аращ иужь дыдэу къыжриIар.
- «ЕтIуанэ махуэм сабиитIыр къасщтэри, Царицын сыкъыдэкIыжащ», — жиIэжырт ди анэшхуэм. МахуитI дэкIри, тутнакъэщым теуэхэри, ягъэтIысахэр псори къыщIагъэпхъуэжащ, щылажьэхэр зэтраукIащ. Си адэшхуэр Индыл (Волгэм) тету Каспий хым нэс кIуэщ, адэкIэ — Баку, адкIэжкIэ — Тыркум икIри, 1961 гъэм дунейм ехыжауэ хъыбар къытIэрыхьауэ щытащ. Илъэс щэщIкIэ щыпсэужащ Тыркум. 1930 гъэм щегъэжьауэ 1961 гъэ пщIондэ. ЩхьэкIуэ хъыбар пыухыкIа къыщытIэрыхьэм, си адэм мэлитI-щы иукIщ, къуажэм хьэблэ лIыжьыр къыщызэхуишэсри, къурIэнаджэ хуэдэу хуищIауэ щытащ. А зэманым сэ срихьэлIауэ сощIэж.
- Хъыбарыр къытхуэзыхьар си анэшхуэм и дэлъху нэхъыжь Лафыщ Булбулт, ар абазэцIэщ. Иранми, Иракми кIуэуэ, зэхэзекIуэн и хьэлт абыи, Тыркум щыIэу Къайсэр къыщыщIидзащ. Аращ къыщыжраIар Абыкъу Алий и Iуэхур зэрыхъуар. Унагъуэ щиIами тщIэркъым, лъыхъуэн хуейщ. Хэкум къуищрэ пхъуищрэ къыщигъэнащ Алий. Сэ и къуэ нэхъыщIэ дыдэм срикъуэу аращ.
- Тхылъ лъапIэр унэм щIэлъщ
- Жинт фIыцIэ тебзауэ, хьэрфхэр шакъэ щIыхукIэ тхауэ апхуэдэт Алий и КъурIэныр. Си анэшхуэм зэрихьэурэ, зыкъомрэ унэм щIэлъащ. Зэгуэрым ди гъунэгъу нанэ дунейм ехыжати, Алий и КъурIэныр абы яхьри, кIуэдащ. 1965 — 1966 гъэхэрат ар къыщыхъуар. Куэдрэ сылъыхъуащ сэ абы. Нартан дэс ДыщэкIхи, Балъкъэрхи я деж сыщыIащ.
- Илъэс зытхух ипэкIэ Абыкъу Светэ жаIэри, пшынауэ Iэзэ диIэщ дэ. Ауэрэ КъурIэным дытепсэлъыхьурэ, ар къызоупщI: «Мухьэмэд, уи КъурIэным и жинтыр фIыцIэ?» «ФIыцIэщ», — жызоIэ. «Тхыгъэр щIыху?» «ЩIыхущ». «НтIэ, ди деж щIэлъщ а КъурIэныр!»
- КъызэрыщIэкIымкIэ, ди унэкъуэщ дадэ Абыкъу МэлутIэ и деж щыIауэ аращ тхылъыр, абы зэрихьащ. МэлутIэ и нысэ ФатIимэ къихьыжри, КъурIэныр къызитыжауэ, нобэ си унагъуэм илъщ.
- Крем-Константиновкэ къуажэм Сирием къикIыжауэ унагъуэ зыбжанэ дэсщ. Нэгъабэ, накъыгъэм и 21-м, абы КъурIэныр есхьэхри сехащ, къезгъэджэн си мураду. Зы щIалэ къэзгъуэтри езгъэплъащ. «Мыр Iэрытхщ, мыр къыздипхар дэнэ? Мыпхуэдэ зыщIыпIи щыIэкъым!» — жиIэурэ, и нэпсхэр къелъэлъэхыу, макъкIэ къеджэрт КъурIэным. КъыздикIар щыжесIэм, игу къэкIащ: «Мыр сэ къызэт, адыгэбзэкIэ зэздзэкIынщи, хьэрыпыбзэкIи, адыгэбзэкIи, урысыбзэкIи къыпхудэзгъэкIынщ», — жиIащ. Сэри жэуап изот: «Мы КъурIэныр иджыпсту пIыгъ?» «НтIэ». «НтIэ, уи жагъуэ умыщI, дакъикъитIкIэ фIэкIа пIыгъынукъым икIи уэстынукъым. Ар си адэшхуэм и фэеплъу унагъуэм илъынуращ», — жысIэри, КъурIэныр къэсхьыжауэ унэм щIэлъщ.
- * * *
- Зэманым зихъуэжащ. Нобэ Абыкъу Алий хуэдэхэм зыщIагъэлIэжа КъурIэн тхылъхэр мэжджытхэм пэрыхьэту щIэлъщ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Алыхьым и фIыщIэкIэ, КъурIэн еджэхэри ар гукIэ зэзыгъащIэхэри ди куэдщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэм къыздахьахэм ящыщщ Тыркум щыпсэу адыгэхэри япэм зэрыщытам хуэдэу зэрытпэмыжыжьэр. Абыкъу Алий къэрал щIыбым щрихьэкIа гъащIэм теухуауэ зыгуэр зэхэзыхыжа щыIэмэ, зыкъытпыфщIэну дыныволъэIу.