Зи щIэинхэр дыщэ чысэ хъуа
2022-01-25
- Шортэн Аскэрбий ТIэхьир и къуэр 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ, Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэр (Налшык), Театр гъуазджэм и институтым и режиссёр къудамэр (Москва) къиухащ. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэтащ, зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ орденхэмрэ медалхэмрэ къратащ. Зауэ нэужьым ар щылэжьащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къэбэрдей литературэмрэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщIу.
- Ди лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм цIыхубэ творчествэр къыхэпхыжмэ, ямылейуэ куэд къанэркъым, жыжьэ дыди кIуэцIрыкI хуэдэкъым. КъыщIэмынэр зыщ — тхыбзэм и тхыдэр зэкIэ зэрымылIэщIыгъуэрыбжэращ. ИтIанэми, а куу дыдэу къыпфIэмыщIын тхыдэми уи гур хэзыгъэхъуэн Iэджи хэлъщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Шортэн Аскэрбий и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ. Нэхъыбэм ар зэрацIыхур «Бгырысхэр» романращ. Пэжщ, нобэ роман зытхымрэ зытхауэ диIэмрэ мащIэкъым, ауэ япэ итам и лIыгъэр къыдгурыIуащэу къыщIэкIынукъым. А тхакIуэ, щIэныгъэлI гъэщIэгъуэныр, нобэ тIэкIу тIэщIэгъупщыкI хъуами, и цIэр къыщраIуэм деж, дыхуэтэджыну хуэфащэщ.
- КъухьэпIэ Европэм и тхыдэм налкъуту къыхэщхэм ящыщ зыщ энциклопедистхэр. Ахэр къыщыунэхуар Франджыращ, зэманкIэ зыхуэзэр ХVIII лIэщIыгъуэм икухэрщ. А цIыху щэджащэ гупым фIэщыгъэ яхуэхъуар къызытекIар щIэнгъуазэ тхылъ уардэ зэрызэхалъхьа къудейркъым, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зы энциклопедие хуэдэт я щIэныгъэрэ IэзагъкIэ. А зэманым лъандэрэ зы лIыр Iуэхугъуэ зыбжанэм фIы дыдэу щыхэзагъэм деж «ар энциклопедистщ» хужаIэ хъуащ. Дригушхуэну хуэфащэщ дэри апхуэдэ дыдэ зыхужыпIэ хъун лIыфI ди лъэпкъым къызэрыхэкIам. Ар Шортэн Аскэрбийщ.
- Псом япэу, къыжыIэн хуейщ, и дуней тетыкIэкIэ ар зэбгъэщхьынур къыпхуэмыщIэ лIы хьэлэмэту зэрыщытар. Псалъэм щхьэкIэ, мыпхуэдэ къэхъугъэ абы и гъащIэм хэтащ. 1935 гъэм, Аскэрбий ядэIэпыкъуурэ къыхащыпыкIауэ, Мэзкуу ягъэкIуат IэщIагъэм хуеджэн артист гуп. Езы дыдэри якIэлъыкIуащ абыхэм, драмэ театрым и режиссёру еджэн мурад иIэу. АрщхьэкIэ, илъэситI нэхъыбэ къалащхьэм зыщимыIэжьауэ, Налшык къэкIуэжри, щIалэгъуалэ гуп зэхуишэсащ. Модрейхэр Мэзкуу щеджэху, езым театрыщIэ къызэIуихри, «нэмыджыса» режиссёрым спектаклхэр игъэуват. Абы къигъуэту театрым иришэлIахэм яхэтащ иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми щIыхь зиIэ я артист, цIыхубэ артист цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща, ди театрым и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа зыбжанэ. А зэман дыдэм Аскэрбий езыми пьесэ етх. Абы и «Батыр и къуажэр» апхуэдизкIэ театракIуэхэм ягу ирихьати, зэ ягъэуващ жиIэу къимыгъанэу, Аскэрбий ар етIуанэуи, ещанэуи зэрегъэзэхуэжри, икIэм-икIэжым, ди лъэпкъ драматургием и фIыпIэхэм ящыщ зы хъуным негъэс.
- Ауэ мыдэкIэ, зи гугъу тщIым и дуней тетыкIэм теухуа псалъэм пытщэмэ, мыри жыIэн хуейуэ къызолъытэ. Талантышхуэ зыбгъэдэлъ дэтхэнэми хуэдэу, Шортэныр цIыху IэтIэлъатIэу щытакъым. Абы къыдрихьеяр занщIэу къыбжиIэнут, къулыкъушхуэу пIыгъым фIэлIыкIыу къигъэзэнутэкъым. Апхуэдэхэм дзыхь щIагъуэ яхуэпщI мыхъуну къалъытэ Iужажэхэм. ИкIи зэманыр щыбзаджэхэм деж апхуэдэхэр нэхъ кIуэдыгъуафIэ хъу хабзэщ. АрщхьэкIэ, Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ къэралыр хъумэн хуей щыхъум, Аскэрбий зауэлI фащэр зыщитIагъэу дзэм хыхьа къудейкъым. 1942 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм, Совет къэралыр щыIэжынрэ Гитлер и пашэгъухэм шыпхэкIэ зэбграхыжынрэ зыщIэ щыщымыIэм щыгъуэ, ар фашистхэм дунейм тралъагъуэ мыхъу коммунист партым хохьэ. АбыкIэ къызэтеувыIатэмэ, Шортэныр Аскэрбиижтэкъым. Адыгэ щIалэм и документхэр зэрегъэхъуэкIри, партым щыхыхьа махуэр къыщалъхуа махуэу ирегъэтх — къэралым и кIуэдыр сэри си кIуэдщ, къызэтенэмэ, сэри си фIыщIэ хэлъщ, жыхуиIэу! Дауи, лIыгъэшхуэ уиIэн хуейщ, пщэдей къэхъунур умыщIэу, апхуэдэу пщIыным щхьэкIэ. Ауэ щыхъукIи, а псори иужькIэ иIуэтэжу езым зэи зригъэщIэгъуэжакъым, атIэ, дунейм ехыжа нэужь, и щхьэгъусэ Даниткэ сэ къызжиIэжауэ щытащ. Абы артист хьэл зэрыхэлъар зыцIыхуу щыта куэдым жаIэжыфынущ, ауэ, щIыхь лей къихьын щхьэкIэ, ар утыкуакIуэу зэи щытакъым.
- Нэхъыбэм зэрацIыхущи, Аскэрбий тхакIуэ хьэлэмэтщ икIи ищхьэкIэ жыхуэтIа романым и закъуэкъым абы итхар. Шортэн-тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ повестхэр, рассказхэр, очеркхэр, критикэ тхыгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыкъомыр зэманым щIилъэсыкIауэ къытфIэщIми, ноби ахэр бзэм и шэрыуагъым, образ телъыджэ гъэлъэгъуэным, сюжет зэгъэпэщыкIэмкIэ щапхъэ хъунущ. Аскэрбий дунейм ехыжа нэужь, абы и литературэ щIэиныр къэзыпщытэж комиссэр сэ згъэлэжьэну къысхуагъэфэщауэ щытащ. Махуэ хэхакIэ и унэм дыкIуэурэ, Нало Зауррэ сэрэ, езы Данитки ди гъусэжу, зэхэддзащ тхакIуэм и Iэужьхэр. Мис абы щыгъуэ сызыIущIахэм ящыщщ и романышхуэ-тетралогием хузэригъэпэщауэ щыта материалхэр. Романым ауэ сытми кIуэцIрыплъа дэтхэнэми ещIэ абы персонажу пщIы бжыгъэ зыбжанэ зэрыхэтыр. АтIэ, сэ згъэщIэгъуаращи, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми хузэхилъхьауэ «справкэ» зырыз тхакIуэм и архивым къыхэкIыжащ. А «справкэм» зэхэгъэщхьэхукIауэ итт зи гугъу ищIым и IуэхущIафэри, и теплъэри, и хьэл-щэнри, и гъащIэ гъуэгури — зыщыщу къызыхэкIам, къыщалъхуа зэманымрэ щIыпIэмрэ я деж къыщегъэжьауэ щылIэжам щыщIитIыкIыжу. Языныкъуэхэм деж сурэтри и гъусэжт. Апхуэдэу егугъуу, дэтхэнэ персонажри, дэтхэнэ эпизод нэхъ мыхьэнэншэу къыпфIэщIынри гъэщыпкъауэрэ къызэригъэнахуэм кърикIуащ япэ адыгэ тхыдэ романыр лъэпкъ литературэм, союзпсо литературэм и зы дахапIэ хъуныр. Пэжщ, нобэ абыи хуеплъэкIыжу IупщIэ хуэзыщIын щыIэхэщ, ауэ абыхэм яхэплъэгъуэнукъым ди япэ романистым литературэм хищIыхьам хуэдэ хэзылъхьэфын.
- Шортэн Аскэрбий и IэдакъэщIэкI нэхъ уардэхэм ящыщщ и пьесэхэр. Нобэми ди адыгэ театрым къытригъэзэжурэ егъэлъагъуэ абы и «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ», «Мурат», нэгъуэщIхэми къытращIыкIа спектаклхэр. Ауэ, мащIэ дыдэщ зыщIэр, псалъэм папщIэ, абы и «Муратыр» ягъэлъэгъуэн щхьэкIэ езым фIэкъабыл фIэщыгъэцIэр зэрихъуэкIын, имыкурэ имыбгщ зэрыжаIэу, Лениным и образыр хигъэхьэн хуей зэрыхъуар. Ахэр мыхъуатэмэ, тхыгъэр сценэм нэсынутэкъым. Иджы абы ухущIэбжэныр гугъукъым, гугъуу щытар уи IэдакъэщIэкIыр зыхуэбгъэпса театракIуэм бгъэдэплъхьэнрат…
- Драматург Iэзэм езым и пьесэ итхым къыщымынэу, ЩоджэнцIыкIу Алий и «Къамботрэ Лацэрэ» поэмэр сценэм къригъэзэгъауэ щытащ. Ар ямылейуэ лэжьыгъэшхуэщ, гуащIэри зэманри къыпщымысхьу пIэпихыу. Ауэ Аскэрбий и щIэинхэм сыщыхэплъэм щыгъуэ, Шортэным и IэкIэ тха лъэIу тхылъ къэслъэгъуащ, «сэ къыслъыс гугъуехьыпщIэр зэрыщыту езы ЩоджэнцIыкIу Алий и унагъуэм ефтыну сыныволъэIу», жиIэу иту. Апхуэдэу щIищIар езым ахъшэр къелъэлъэхыу арауэ пIэрэт? Пэжщ, Шортэн Аскэрбий и унагъуэр мэжалIэу щытауэ зыми зэхихакъым, ауэ зи щэр къавэхэми ящыщакъым. Уегупсысмэ, уэ къолыжым къыхэпхыу псапэ хэпщIыкIкIэ лIыгъэшхуэкъым, лIыгъэр мащIэм къыхэбгъэкIыфращ.
- Иджыри зы щапхъэ къэсхьынщ, зи гугъу сщIа комиссэм дыщыхэтым щыгъуэ фIэкIа дунейм къытемыхьауэ. Зэгуэрым тхакIуэ гуп, Аскэрбии яхэту, Къэсейхьэблэ къуажэм дэт школ-интернатым и лэжьакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ яIущIащ, я псэукIэми щыгъуазэ защIащ. Абы и ужькIэ, Шортэным машинэ къегъуэтри, и унэ щIэт пианинэр а школым щеджэхэм тыгъэу яхурегъашэ — ярищэркъым, зыгуэркIэ ярихъуэжыркъым, апхуэдэ тыгъэ зэрищIари игъэпIийркъым. Ар хэIущIыIу щыхъур дэ и щIэинхэр зэхэддзурэ а школым къикIыу тхакIуэм къыхуатха фIыщIэ тхыгъэр къэдгъуэта нэужьщ. Апхуэдэу щытыфынур зи гур къабзэ цIыхуращ. И гу къабзэм нэмыщIу, абы талантышхуэри иIащ, а талантри зыхуэлэжьар и щхьэ закъуэкъым — лъэпкъращ. Нобэ апхуэдэр «модэкъым», ауэ ар щымыIэу лъэпкъи дыхъунукъым, ди дуней Iыхьэри зэи тхуэфэщэжынукъым. ЛIы Iущым ахэр къыгурыIуэрти, арауэ къыщIэкIынт и цIыхугъэмрэ хуащIу щыта нэмысышхуэмрэ я хэкIыпIэр.
- ТхакIуэу, драматургыу зэрыщытам нэхърэ ди тхыдэм дежкIэ зыкIи нэхъ мащIэкъым Шортэным щIэныгъэм хищIыхьари. Сэ фIыуэ къызэхъулIахэм ящыщ зыуэ къызолъытэ абы хуэдэр зи къру пашэу, КъардэнгъущI Зырамыку, Нало Заур, Теппеев Алим сымэ зи шу гъусэу щыта гупым зэгуэр сакъыхэхутауэ зэрыщытар. Хэку зауэшхуэр иухагъащIэу Аскэрбий, орденыбгъэ хъужауэ къигъэзэжри, япэ дыдэу ищIахэм ящыщ зыщ ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым IуэрыIуатэ зэхуэзыхьэсын гуп къыщызэригъэпэщу зэрыришэжьар. А гупым хэтахэм зы хьэлъэзешэ маршынэжь, абы хьэлъэрэ-хьэлъэу зы магнитофон иту, ари «движок» жыхуаIэ генератор цIыкIукIэ лажьэу, ежьэхэщ аби, Мэздэгу губгъуэхэмрэ тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуакум адыгэ щыпсэу къамыгъанэу зэхакIухьащ. Уэшх къешхмэ, къатешхэрт, дыгъэр жьэражьэу къатепсэрт, щIыIэ хъуми, къуэдзапIэншэт, ауэ лъэпкъым и гупсэ IуэрыIуатэр зэхуахьэсырт. Абы щыгъуэ лIы Iущым и гъусахэм ирикъун щIэныгъи яIакъым, щыуагъэ яIэщIэщIэуи щытащ. Ауэ нобэкIэ ди Iэрытх архивым хэлъым и нэхъыбэр а лъэхъэнэхэращ щатхыжар. Абдежми Шортэн Аскэрбий жыжьаплъэу къыщIэкIащ. ЯпэщIыкIэ абы и гупыр хуиунэтIащ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъыбэу тхыжыным. КърикIуар 1951 гъэм къыдэкIа тхылъ дахэшхуэращ. Пэжщ, а тхылъым дэплъагъунущ нобэрей щIэныгъэм и хабзэм темыт Iэджи. ИтIанэми, и зэманым дежкIэ ар адыгэ лъэпкъыр къэзыгъэбжьыфIэн къэхъугъэу щытащ. Абы къыкIэлъыкIуэу Шортэным къалэну зыхуигъэуващ Къэзанокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр тхыжын хуейуэ. Абыи зыфI кърикIуащ: тхылъеджэхэм къаIэрыхьащ иджыри къэс я пщIыхьэпIэм къыхэмыхуауэ лъэпкъым и фIыгъуэ — Жэбагъы теухуа хъыбархэр щызэхуэхьэса тхылъ цIыкIу. АдэкIэ а тхылъым кърикIуащ адыгэлI щэджащэм теухуа тхыгъэ къэрал псом щылъапIэ энциклопедие зыбжанэм зэрыратхар — япэ адыгэ философ икIи политикэ Iуэхузехьэ цIэрыIуэ, жиIэу. Дэ дыщызэдэлэжьа зэманым абы итхащ тхылъитIу къыдэкIыжа лэжьыгъэшхуэ, адыгэхэм муслъымэн диныр къащтэным и пэкIэ яхэлъа фIэщхъуныгъэхэм ятеухуауэ. Ар лъэпкъ тхыдэр къэпщытэным дежкIэ куэду хэлъхьэныгъэфIт, нобэми щIэныгъэрылажьэхэр абы ирогъуазэ, нэхъ тхыгъэ пэжхэм щыщу къалъытэу.
- Талантышхуэ зиIэр языныкъуэхэм деж, сабийм хуэдэу, жыIэзыфIэщ мэхъу. Аскэрбии апхуэдэт. Къэхъуащ ар къагъапцIэу къыщытрагъэлъэдаи. Ауэ ар зэи хьэрэмышхыу щытакъым, зэхэгъэж иIакъым, хэт щхьэкIи и гур зэIухауэ дунейм тетащ. Абы икъукIэ фIэфIт нэхъыщIэхэр игъэгушхуэн, зыгуэрым дэIэпыкъун. Языныкъуэхэм деж зыдэIэпыкъур имыцIыхуххэу къыщыщIэкI щыIэт. Ауэ фIыщIэр кIуэдыркъым. Абы и тхыгъэхэр лъэпкъым и дыщэ чысэм илъу къэнащ, езым и теплъэмрэ и щэнымрэ сыт щыгъуи узыщIэхъуэпсын лъагапIэщ.
- ГЪУТ Iэдэм,
- филологие щIэныгъэхэм я доктор.