ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хъумэн,  зегъэужьын,  егъэфIэкIуэн

2021-10-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и XIII зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ щекIуэкIащ. Абы къыщаIэта Iуэхугъуэр ди щIыналъэми абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэным и IуэхукIи мыхьэнэшхуэ зиIэу къэлъытапхъэщ. «Къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэмрэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ зэдэлэжьэныр цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэм и шэсыпIэщ» — аращ зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъыр зэщIэкIауэ щытар. Лъэпкъ Iуэхухэм къэрал гулъытэ хэха игъуэт, программэ щхьэхуэхэр хузэхалъхьэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, гурыIуэгъуэщ зэIущIэм кърихьэлIахэм хэгъэгу политикэм къигъэув мардэхэр, щапхъэхэр, пщалъэхэр щIыналъэм щыщыIэ щытыкIэ пыухыкIахэм зэрырагъапщэр, абы зэрыралъытыр, ипэ игъэщыпхъэхэмрэ Iэмалыншэу къыхэгъэщын хуей Iуэхугъуэхэмрэ зэрызэпэшачэр.

  • Жылагъуэ палатэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ политикэмкIэ, туризмэмрэ спортымкIэ и къудамэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэIущIэм къыщыщыпсалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал къулыкъущIапIэхэм лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ зэкъуэтыныгъэмрэ хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIыр. «Урысей Федерацэм 2025 гъэ пщIондэ щылэжьэну и лъэпкъ программэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр зыубзыху и къэрал программэмрэ гъащIэм хэпщэнымкIэ, къагъэув Iуэхугъуэхэр къанэ щымыIэу зэфIэхынымкIэ куэд ищIащ. Ди щIыналъэм лъэпкъ зэхэгъэжрэ дин зэныкъуэкъурэ къыщымыгъэхъуным, цIыхубэ зэгурыIуэныгъэр хъумэным, зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэрал унафэ зыбжанэ къыщащтащ. Урысейр мы Iуэхугъуэм зэригъэпIейтейр къэплъытэмэ, ди деж щызэфIэгъэкIа хъуа лэжьыгъэр бзыпхъэу къыщищтэ, абы щапхъэ щытрихыр мащIэкъым, — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — УФ-м иубзыху лъэпкъ политикэм и программэр къапщтэмэ, щIыналъэм дифI зыхэлъ Iуэхугъуэу къилъытэр мащIэкъым. Псалъэм щхьэкIэ, дэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ абы хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къагъэзэжыну Iэмал къызэритыр, хэкум хэсыхьыжыным пыщIа лэжьыгъэхэр зэриубзыхур».
  • Сэхъурокъуэм и псалъэм къыхигъэщащ щIыналъэхэм щыIэ зэгурыIуэныгъэр хъума щыхъун папщIэ фIэкIы-пIэ имыIэу ар зыгъэпIейтейхэм ущIэдэIун, зыгъэгумэщIхэм ущIэупщIэн зэрыхуейр. «Лъэпкъ 80-м щIигъу щопсэу ди щIыналъэм, — жиIащ абы. — Нэхъыбэм лъэпкъ хасэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр яIэщ, зытелажьэри мамырыгъэрщ, цIыхухэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэIузэпэщыныгъэмрэщ, лъэпкъхэм ижь лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ нэщэнэхэр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ, егъэфIэкIуэнырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерстэм а лъэпкъ хасэхэм я лэжьыгъэр зэщIегъэуIуэ, къэралым иригъэкIуэкI политикэм щIэуэ къыщыхъухэмрэ зэхъуэкIыныгъэ зыгъуэтхэмрэ щегъэгъуазэ, «Iэнэ хъурейхэмрэ» зэIущIэхэмрэ ирегъэкIуэкI. Шэч хэлъкъым, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ зэрызэIуигъащIэм, псоми зэдай Iуэхугъуэхэм зэгъусэу зэрыригъэлэжьым зэгурыIуэныгъэр зэрыригъэфIакIуэм. Абы и мызакъуэу, цIыхубэм я гуращэр къилъытэкIэрэ, министерствэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэрихьэлIэ зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэрегъэпэщ». Апхуэдэу, Сэхъурокъуэм къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI, кIуэ пэтми зыщызыубгъу «Къунакъ» проект зэрыщыIэр. И фIэщыгъэм къызэриIуатэщи, абы лъэпкъхэр зэпещIэ, ныбжьэгъу зэхуещI».
  • Сэхъурокъуэ Хьэутий блэкIакъым Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Щэнхабзэ фондми лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэпкъызэрыт щIынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихым. «Фондыр щэнхабзэ зэгухьэныгъэхэм зэрадэлажьэм, щIыналъэм щекIуэкI махуэщIхэм жыджэру зэрыхэтым мыхьэнэ иIэщ. Щэнхабзэхэм я пщIэр къызэриIэтым и закъуэкъым абыхэм я гуащIэр зытрагъэкIуадэр, атIэ лъэпкъхэм я щIэжым зыкърегъэIэтыж, я уней нэщэнэхэр къегъэщIэрэщIэж, гъащIэм хепщэж».
  • Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, щIыналъэм сыт хуэдиз Iуэху щхьэпэ щекIуэкIми, сыт хуэдиз лэжьыгъэ къыщаIэтми, яхузэфIэкIыну псор абдеж къыщыувыIэркъым. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ политикэ щытыкIэр зэтес зыщIыр жылагъуэ-экономикэ щхьэусыгъуэ зэIумыбзхэр къызэнэкIын зэрыхуейм и закъуэкъым. Мынэхъ мащIэу гулъытэ игъуэтыпхъэщ лъэпкъхэм я бзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ. А гулъытэм къыщыщIэмэ е къыжьэдэпкъуэну ухуежьэмэ, къайгъэ къызэрикIынум шэч хэлъкъым», — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыщыпсалъэм, Сэхъурокъуэм и къэпсэлъэныгъэмкIэ арэзы хъуащ, къэралымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я мыхьэнэр зэрыинри къыхигъэщащ.
  • Апхуэдэу, министрым щIыналъэм щыIэ волонтёр зэщIэхъееныгъэм и гугъу ищIащ, «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм, абыхэм къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм шэщIауэ тепсэлъыхьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, къыхигъэщащ «ТекIуэныгъэм и письмохэр» проектым щIэуп-щIэ зэригъуэтар, цIыху куэд къызэрыдихьэхар.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт Жылагъуэ палатэм къиIэта псалъэмакъыр узыблэкI мыхъунухэм зэращыщыр къыхигъэщащ. «Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр и бзэмрэ и щэнхабзэмрэщи, игъуэтын хуей гулъытэр «дывгъэщI» е «щIын хуейщ» псалъэхэм деж къыщызэтемыувыIэу, унафэ пыухыкIа ягъуэтрэ щIыкIэ гъэпсам тету зэлэжьыпхъэ гъащIэ проектщ. Ахэр къыддекIуэкI ди щыIэныгъэм лъабжьэ хуэхъу нэщэнэщи, уаблэплъыкIыныр игъуэджэщ. Къэрал къулыкъущIапIэхэм яхузэфIэкIи къамыгъанэу абы и зыужьыныгъэм телэжьэн хуейщ», — жиIащ абы.
  • Лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм драгъэ-кIуэкI лэжьыгъэм унэтIыныгъэу иIэм и гугъу ищIа нэужь, абыхэм къыхалъхьэ проектхэр гъэзэщIа хъун папщIэ грант зэхьэзэхуэхэр къызэрызэрагъэпэщми Гергоковыр тепсэлъыхьащ.
  • «Си япэкIэ къэпсэлъа Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэмакъым къызэрыхигъэщащи, ди щIыналъэм илъэс зыбжанэ хъуауэ «Къунакъ» проектыр щыдогъэкIуэкI. 2009 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым абы цIыху 500-м щIигъу хыхьащ, — жиIащ Гергоков Жамбулэт. — Къунакъ зэпыщIэныгъэр я нэхъ мащIэу лъэпкъиплIым я зэхуаку къыдохъуэ, проектым зи нэIэ тезыгъэт еджапIэр хохьэ, Iуэху къекIуэкIыр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр холэжьыхь. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэ абы зэришалIэ цIыхухэм и бжыгъэр зыхуэдизым. Къыхэзгъэщыну сыхуейт, проектыр ди республикэм къызэримынэр, абы и гъунапкъэхэр зэрызэIухам, гъунэгъу щIыналъэхэми зэрынэсыр. Мы гъэм «Къунакъ» проектым унагъуэ 18 хыхьэну зыкъагъэлъэгъуащ. Абы щыщ зыбжанэр ди гъунэгъу республикэм япыщIа хъунущ, хамэ къэрал нэсаи яхэтщ. Къунакъыр ещхьщ пасэм къыддекIуэкIыу щыта къанIых хабзэм. Абы къыхэкI ныбжьэгъугъэр, зэхущытыкIэр зыхуэдизыр дэтхэнэми къыдгуроIуэ».
  • Апхуэдэу, Гергоковыр тепсэлъыхьащ министерствэм иригъэкIуэкI зэпеуэ-хэм, зэхьэзэхуэхэм, зэIущIэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным дэтхэнэри зэрыхуэунэтIам.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий ди щIыналъэр лъэпкъыбэм я унапIэ зэрыхъуамкIэ, абыхэм я зэхуаку нэрылъагъууи нэрымылъагъууи зэпыщIэныгъэ куэд зэрыдэлъымкIэ и псалъэмакъыр къригъэжьащ. «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ» гупсысэкIэр зыхэлъ лъэпкъыр и пIэм къишыгъуейщ, сыту жыпIэмэ абы лъабжьэ хуэхъур ижь лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэмрэ Тхьэм хуиIэ фIэщхъуныгъэмрэщ. ШыIэныгъэ къыпхэзылъхьэ, акъыл къозыгъэлъыхъуэ, къайгъэм укъыпезыгъэкIуэкI сыт хуэдэ гупсысэри фIыщ щыIэныгъэр зэрыуэзэрыбг мыхъуу, мамыру упсэун щхьэкIэ, — жиIащ Дзасэжьым. — Зепхьэ диныркъым нэхъыщхьэр, атIэ гъащIэр зэрыбгъэнщI IуэхуфIхэращ ипэ игъэщыпхъэри, сыт хуэдэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэри абы тещIыхьауэ утыку илъхьапхъэщ».
  • ЗэIущIэм къыщапсэлъам ипкъ иткIэ, къэрал къулыкъущIапIэхэм, щIыпIэхэм унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм, лъэпкъ хасэхэм, дин зэгухьэныгъэхэм яхуэгъэза чэнджэщхэм елэжьащ икIи ахэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ хэIущIыIу ящIыжащ.
  • ШУРДЫМ  Динэ.