«ХьэтIохъущыкъуейм» кубок нэхъыщхьэр къехь
2021-10-16
- Грознэ къалэм дэт «Рамзан» футболымкIэ академием иджыблагъэ щекIуэкIащ топ джэгуныр зи IэщIагъэу щымытхэм я «Чемпионхэм я лигэ» урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIащ Адыгэ, Шэшэн, Дагъыстэн, Ингуш, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Мэзкуу, Дон Iус Ростов, Псыхуабэ, Владикавказ къалэхэм щыщ командэ 12 — псори зэхэту спортсмен 200-м щIигъу. Ар къызэригъэпэщащ Шэшэным Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и министерствэм, «Молодёжные социальные инициативы» шэшэн щIыналъэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм, а республикэм мини-футболымкIэ и лигэм.
- Зэхьэзэхуэр екIуэкIащ «Спорт — норма жизни» федеральнэ проектым хыхьэу. Абы щIидзащ 2019 гъэм и щIышылэм икIи спорт Iуэхугъуэ куэд къэрал псом къыщызэщIригъэубыдащ. Апхуэдэ къыхуеджэныгъэр зиIэ зэпеуэхэм я къалэн нэхъыщхьэр гъащIэ узыншэ езыхьэкI къэралым ис цIыхухэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIынырщ. Проектыр щIэдзапIэ хуэхъуащ цIыхубэ спортыр ипэкIэ гъэкIуэтэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ.
- Саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэнхэр командэ плIырыплI зыхэт гупищу гуэшауэ щытащ. ПэщIэдзэ зэхьэзэхуэм кърикIуам ипкъ иткIэ къыхахащ финалым и Iыхьэ плIанэм щыджэгуну командийр.
- Зыхэта гупми къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэми щытекIуа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ «ХьэтIохъущыкъуей» командэр финалым щыхуэзащ турнир зэпеуэм и адрей Iыхьэм пашэныгъэр щызыубыда Дон Iус Ростов и «Литокс»-м.
- Джэгум хухаха зэман нэхъыщхьэр 1:1-уэ иухащ. ЗэIущIэ нэужь пенальтим нэхъ Iэзэу къыщыщIэкIащ «ХьэтIохъущыкъуейр» — 5:4.
- Ди щIалэхэм къыхуагъэфэщащ кубок нэхъыщхьэмрэ дыщэ медалхэмрэ. Дон Iус Ростов къикIахэр етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалхэр къахьащ зэхьэзэхуэм и хэгъэрей «Ахмат»-мрэ Мейкъуапэ и «Оштен»-мрэ.
- Зэхьэзэхуэм щагъэбелджылащ футболист нэхъыфIхэри. «ХьэтIохъущыкъуейм» щыщ Къущхьэ Хьэсэн псоми къыхагъэщхьэхукIащ. Гъуащхьэтетхэм къыхахащ «Литокс»-м хэт Зайнулабидов Александр, «Ахмат»-м щыщ Магомаев Керим гъуащхьэхъумэ нэхъыфI хъуащ. «Оштен»-м и футболист Мэзло Арсен гъуащхьауэхэм я пашэщ.
- «Рамзан» футболымкIэ академием къыщызэрагъэпэща щытыкIэхэм я фIыгъэкIэ дэ едгъэкIуэкIыфынущ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэри, — къыхигъэщащ академием и генеральнэ директор Шаипов Анзор. — Футбол губгъуэ джэгупIэхэм телъ алэрыбгъухэр нэхъыфIхэм ящыщщ. Ар псори диIэщ зэпыу имыIэу щIэгъэкъуэн къытхуэхъу Шэшэн Республикэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ министерствэм и фIыгъэкIэ. ТекIуахэми къыхэжаныкIахэми дохъуэхъу, фIыщIэ яхудощI хьэщIэхэм, етIанэгъи фыкъыдогъэблагъэ!»
- Мэзкуу Къан.