ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-10-16

  • Бжьыхьэм  уэсыр пасэу  къесмэ…
  • Къуалэбзур гувауэ щIыпIэ хуабэм лъэтэжмэ, щIымахуэр ткIиинукъым, пасэу лъэтэжмэ, щIымахуэр щIыIэнущ.
  • Бжьыхьэм уэсыр пасэу, куууэ къесмэ, гъавэщIэр бэв хъунущ.
  • Бжьыхьэ тхьэкIумэкIыхьыр уэдмэ, уэс щIагъуэ щыIэнукъым, пшэрмэ — уэсышхуэ къесынущ жаIэрт.

  • Шыугъэ яIэщIэщIамэ е шыгъу иракIутамэ, унэм къаугъэ къихъуэнущ жаIэрт.
  • Гъавэм утеувэмэ, берычэтыр хокI жаIэрт.
  • Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэртэкъым, пхъэнкIии кIэлъырадзыртэкъым, псым икIыху.
  • ГъуэгущхьэIум пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ.
  • Джэгу пщIыхьэпIэу плъагъумэ, уонэщхъей жаIэрт.
  • Сабийхэм  жаIэ
  • Къысхуэпхьыным елъытауэ
  • Дисэ: Динэ, укъыщалъхуа махуэм себгъэблэгъэну?
  • Динэ: СщIэркъым, иджыри сегупсысакъым. Ар къысхуэпхьынращ зэлъытар.
  • Гу лъитакъым
  • ЗэпрыкIыпIэм деж щыт полицэм гъуэгу техьэну ежьа щIалэ цIыкIур къигъэувыIэри еупщIащ:
  • — Плъагъуркъэ лампI плъыжь къыпынар?
  • Сабийм зэхэзещхъуэну жиIащ:
  • — ЛампIыр слъэгъуащ, гу зылъызмытар уэращ.
  • ДимыIэжуи?
  • — Кхъузанэр къысхуэхьыт, си хъыджэбз цIыкIу, — зыхуигъэзащ анэшхуэм пхъурылъхум.
  • — ДимыIэжуи? Ар зэрыщыту гъуанэ хъуати, хыфIэздзащ.
  • И щIыIухэмкIэ
  • ЕджапIэ зытIэщIыпIэм уэздыгъэр щыункIыфIат. Къантемыр зихуэпэжатэкъым.
  • — Уи бэлътор дауэ къэбгъуэтыжыну? — Зыхуигъэзащ абы Хьэлым.
  • — И щIыIухэмкIэ.
  • — Ахэр сыт хуэдэ?
  • — ИмытIамэ, зыхуэдэнур сыт?
  • Джэш лыбжьэ
  • Джэшыр зэхадз, фIыуэ ялъэс, псы къэкъуалъэм хакIутэри, тхъурымбэр къытрахыурэ сыхьэтрэ ныкъуэкIэ ягъавэ. Шыгъу хадзэри, иджыри апхуэдизкIэ ягъавэ. АпщIондэху псыр щIэващIэмэ, псывэ щIакIэ. Джэш вар зэрыпщтыру яуб е лыхьэжым щIагъэкIри шыуаным иралъхьэж. Абы тхъукIэ гъэлыбжьа бжьын халъхьэ, шыбжий сыр хакIутэ, а псори зэIащIэ, шатэ хакIэри, дакъикъи 7 — 8-кIэ къагъэкъуалъэ.
  • Хьэзыр хъуа джэш лыбжьэм джэдгын хаудэри, и щхьэр тепIауэ тIэкIурэ щагъэт мэ дахэ къищтэн щхьэкIэ. Пщтыру яшх, щIакхъуэ е пIастэ и гъусэу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): джэшу — г 200, псыуэ — г 1450-рэ, бжьын укъэбзауэ — г 30, тхъууэ — г 60, шатэу — г 160-рэ, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • IупщIэурэ гъэжьа къэб
  • Къэбыр IупщIэ-IупщIэурэ зэгуауд, хьэлъагъыр г 100 — 150-рэ хъууэ. Жылэр кърах, тебэм иралъхьэ, и фэр къыдэгъэзеяуэ хьэкум ирагъэувэри дакъикъэ 40 — 50 хуэдизкIэ ягъажьэ, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Къэбым сэ е гуахъуэ хаIури, щабэу хыхьэмэ, ар жьащ.
  • Къэб жьар тепщэчым иралъхьэ и фэр егъэзыхауэ. Iэнэм щхьэхуэу шэ е шатэ трагъэувэ.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): къэбу — г 1000, шэуэ е шатэу — узыхуейм хуэдиз.
  • Къубатий  Борис.
  •  
  • Тхыгъэ  кIэщIхэр
  • Шагъдий
  • Шагъдийр сытым къытекIрэ жыпIа? Абы къикIыр «шыгъэр лъэдийм щыIэщ» жиIэу аращ. Адыгэхэм япэм шыр мыпхуэдэу зэхагъэкIырт: шыр къагъажэурэ фIы дыдэу еша нэужь, абы и фIалъэм лъакъуэкIэ хущIэуэрт. Шы лъакъуэр щIэщIамэ, ар шагъдийуэ ялъытэртэкъым.
  • Гъуджэм  къищым…
  • ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI — ухуеймэ зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу дапщэрэ уэ ущытыфу пIэрэ?
  • Теунэ  Хьэчим.
  • ДжэдыкIэм цы къыхех
  • Джэд щыкъун и пщIыхьэгъущ — Хэт сытым хуэныкъуэми, игъэпIейтейми, ар абы йогупсыс икIи топсэлъыхь.
  • Джэджьей зеуалэ псывэ хоупIэ — ЦIыху мызагъэр бэлыхь щыхэхуам деж хужаIэ хабзэщ.
  • ДжэдыкIэм цы къыхех — «Iейуэ дзыхьмыщIщ, гурыщхъуэ сыт ищIысми хуещI» жыхуиIэщ.
  • Джэдым зэрыфIагъэжыну сэр езым къеулъэпхъэщыж — Езыр зытекIуэдэжын Iуэху зезыхуэм теухуауэ къапсэлъ.
  • Дзыхь зыхуамыщI щыкъур мэкъутэ — ЦIыхум а нэхъ и нэIэ зытет, нэхъ зыхуэсакъ дыдэм зыгуэр къыщыщыщIам деж, игу хэщIу къипсэлъ хабзэщ.
  • Ер вы бжьакъуэм къокI — Щхьэусыгъуэ мыхьэнэншэ дыдэкIи бэлыхьышхуэ къыщыхъу щыIэщ.
  • Жылэр щыIэпхъуэм гуащэм къаз егъэхъу — «ИщIэн хуей Iуэху нэхъыщхьэр къигъэнауэ, нэхъ мыхьэнэншэ Iуэхур елэжь» жыхуиIэщ.
  • Щауэ  Къэлидар.
  • Гугъэ
  • ЗыгурыIуи зыщIэдэIуи щымыIэ гур темыпыIэу зы хъуэпсапIэ гуэрым хуопабгъэ, щIобэн, щIозэу. Махуэл димыхыу лъэужь мыцIыхухэм ирокIуэ,   зы лъэмбым ипкIым, адрейм къыщыхутэурэ. ШыIэныгъи бэшэчагъ гуэри зыхэмылъыж, лъэпощхьэпокIэ гъэнщIа гъуэгуанэ гугъухэр къызэренэкI. Къэзыгъэдзыхэ къыхэкIми, къарууэ иIэр зрегъэуIури, япоув, яполъэщ, и щIыб къыденэ. Езыр макIуэ, ежьужьымрэ кхъуэбанэмрэ къызэрафыщIри къримыдзэу. МакIуэ, къеплъэкI имыщIэу, щIежьам хуэпэжу.
  • Дэнэ нихьэсыну пIэрэ апхуэдиз гугъуехьым ткIыбжь дэхъуа гу ныкъуэкъуэхым? Дапщэщу пIэрэ и хъуэпсапIэр IэщIэхуу и лъэр щыщIэхунур? Хьэуэ, щIэхункъым и лъэр, и хъуэпсапIэри ищIынкъым IэщIыб. Сыту жыпIэмэ, гугъэм и къуэпсхэр быдэу зыхэжыхьа гур куэдым полъэщ, зызрипщытри нэхъыбэжщ. Жыжьаплъэщ ар, мэгугъэ, мэпабгъэ, мэхъуапсэ. Быдэуи и фIэщ мэхъу малъхъэдисым хуэдэу зэщIэзышэн гу зэгуэр зэрыIущIэнур. ЗэщIишэу зэригъэфIэнур, IэфIагъкIэ зэрипсыхьы-нур, хэщIыныгъэу игъуэта псомкIи зэуэ къызэретэжынур. Аращ, гугъэрщ гум псэ къыIузыгъэкIэжри, и щIылъэныкъуэр и гуэгъу къыхуэзыщIыжри, цIыхур дунейм щIытетыжыр къызыхэтэджыкI гупсысэ узэщIахэм купщIэрэ купкърэ яхуэхъужри.
  • ЖАмбэч  Рабия.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ щIалэ уардэ. 3. ЛъакъуэрыгъажэмкIэ дунейпсо Олимп джэгухэм 1970 гъэм чемпион щыхъуа адыгэ щIалэ … Борис. 6. КIыщокъуэ Алим и роман « … нур». 7. Щимэу зи пэр пылъыкIа мастэ пIащэ. 12. Набдзэ … 13. Япэу … ущIэмынакIэ. 15. Колхоз хьэсэм и плъыр. 16. … вакъэ. 18. Зи жылэхэр бжьыхьэм фIыцIэ хъурей цIыкIу хъу къэкIыгъэ: дохутырхэми, ерыскъыхэкIым елэжьхэми къагъэсэбэп. 19. … и анэ гъыркъым.
  • Къехыу: 2. Жэмтхьэлэ къыщалъхуа адыгэ генерал. 4. Ди гъунэгъум мэл … иIэщ. 5. ЩIыпIэ хуабэхэм щыIэ хьэкIэкхъуэкIэ шынагъуэ. 8. Мэкъумэш университетым и ректор. 9. Iэщым, хьеуаным зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 10. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 11. ЩIы къиуда. 14. Совет зэманым зекIуэу щыта ахъшэ жьгъей. 16. Къаруушхуэ зиIэ цIыху. 17. … мыкъу уврэ, … къуа зигъэщхърэ?
  •  Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  • Жэпуэгъуэм и 9-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 2. Шэфэл. 6. Куржы. 7. Ерыщ. 8. Жэп. 10. ХъумакIуэ. 11. Джэд. 16. Сохъустэ. 17. Каринэ. 19. Лъей. 20. КIэрэф. 22. Сэхъу. 23. Пхъэр. 25. Даур. 27. Гъатхэ.
  • Къехыу: 1. Хур. 2. Шыпхъу. 3. Фызабэ. 4. Ленэ. 5. Вы. 9. Псыхъурей. 11. Джэримэс. 12. Усэ. 13. Ету. 14. Нал. 15. Гъуэз. 18. Щэрмэт. 20. КIыргъ. 21. Фадэ. 24. Хъы. 26. Уэ.