ЦIыхубэ къафэхэм я хъумакIуэ
2021-03-20
- «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и тхыдэ дахэр къыщожьэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Мартин ар къыщызэригъэпэща 1988 гъэм. Мы гупыр республикэм и къэфакIуэ нэхъыфIхэм ящыщщ.
- Илъэс 30-м щIигъукIэ Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм Тхьэмокъуэм къэфакIуэ гуп зыбжанэ къыщIигъэкIащ. Абы и дэIэпыкъуэгъуу щытащ балетмейстерхэу УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Шортэн Аллэ, ДзыхьмыщI Аслъэн, концертмейстерхэу Сэхъу Маринэ, Джэдгъэф ФатIимэ, Увыж Анзор, Тау Хъусен. Ансамблым цIыху 40 хэтт. Ахэр гупитI хъурт — нэхъыщIэрэ (илъэси 10-13 итхэр), нэхъыжьрэ (13-16). Илъэси 6-8 хъухэр лъэпкъ къафэм щыхуагъасэ школи иIэщ.
- Ансамблым и программэр гъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу къызэригъэпэщырт Тхьэмокъуэм. НыбжьыщIэхэм ягъэзащIэрт гушыIэ, сюжетнэ, Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэ лIэужьыгъуэхэр, Хэкум теухуа уэрэдхэр оркестрыр дэщIыгъуу жаIэрт. Тхьэмокъуэ Мартин къафэ 25-м щIигъу игъэуващ. Урысей, дунейпсо дамыгъэхэмрэ медалхэмкIэ къалъытащ абыхэм я фIагъыр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Къафэ» пасэрей адыгэ къафэжьыр, «Уэркъ къафэр», «Уджыр», «Зэныбжьэгъухэм я къафэ» щIалэгъуалэ сюитэр, нэгъуэщIхэри. Ансамблыр республикэм къищынэмыщIа нэгъуэщI щIыпIэхэми къыщацIыху. Ахэр хэтащ Урысейм, Франджым, Тыркум, Абхъазым, Германием, Польшэм, Украинэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкI фестивалхэм. КъэфакIуэхэм я зэпеуэу щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щекIуэкIхэм жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэ. Апхуэдэ зэхыхьэхэм зыбжанэрэ япэ, етIуанэ увыпIэхэр къыщахьащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1993 гъэм Франджым щекIуэкIа дунейпсо зэпеуэм хэта гуп 47-м утыку кърахьахэм я нэхъыфIу къалъытащ Тхьэмокъуэ Мартин «нарт» эпосыр и лъабжьэу игъэува «Дахэнагъуэ и хъыбар» къафэр. 1994 гъэми «Кавказ пшэплъхэр» Франджым ирагъэблэгъащ. КъищынэмыщIауэ, ансамблыр 1997 гъэм хъуащ Урысей Артиадэм и лауреат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэу 1995 гъэм Москва щекIуэкIами гупыр жыджэру хэтащ. 2000 гъэм ансамблыр и зэфIэкI щеплъыжащ Тыркум и Анкара къалэм къыщызэрагъэпэща дунейпсо фестивалым. Къафэмрэ уэрэдымрэ щызэщIэжьыуэу Тхьэмокъуэ Мартин игъэува «Кавказым и бынхэр», «Кавказ пшэплъхэр», «Долинск и розэхэр» сюитэхэм саугъэт къыхуагъэфэщащ.
- Франджым и Ганнат къалэм 2003 гъэм щекIуэкIа фестивалым «Кавказ пшэплъхэр» хэтащ. IуэрыIуатэм и лэжьакIуэхэм я лъэIукIэ, Тхьэмокъуэм Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэхэмкIэ мастер-классхэр итащ. «Зэныбжьэгъухэм я къафэ» щIалэгъуалэ сюитэр щIэщыгъуэу зэригъэувам папщIэ, дунейпсо сертификат Тхьэмокъуэм къратащ.
- Ансамблыр гъэлъэгъуэныгъэ, зэхыхьэ зэхуэмыдэхэм хэтащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, 2006 гъэм Франджым и Страсбург къалэм щекIуэкIар, 2007 гъэм «Интурмаркет» дунейпсо турист гъэлъэгъуэныгъэр, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр, 2009 гъэм Тыркум щекIуэкIа «Кавказ Ищхъэрэм и къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ» дунейпсо фестивалыр, нэгъуэщIхэми.
- «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым и гъэсакIуэхэм я щIэныгъэр зэпымыууэ хагъахъуэ, ныбжьыщIэхэр зэрырагъаджэ Iэмалхэр ирагъэфIакIуэ. ЩIэблэр хуагъасэ хабзэм, нэмысым, цIыху хэтыкIэм, IэщIагъэ зэгъэгъуэтын, Хэкур фIыуэ лъагъун зэрыхуейм, нэгъуэщIхэми. Гупым хэтхэм нэгъуэщI щIыпIэхэм зыкъыщыщагъэлъагъуэкIэ, зэрызэчиифIэм къыдэкIуэу зыIыгъыкIэ екIу зэраIэм, щэныфIэу утыку зэритым гу къылъамытэу къанэркъым. Тхьэмокъуэ Мартин къыщIигъэкIхэр «Кабардинка», «Балкария» къэрал ансамблхэм е нэгъуэщI къэфакIуэхэм хохьэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ.
- 2001 гъэм «Запад-Восток» зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщауэ Германием щата псапащIэ концертым къыхэкIа ахъшэмкIэ Налшык и сабий зеиншэхэмрэ ны- къуэдыкъуэхэмрэ зэрадэIэ- пыкъурэ Тхьэмокъуэр псапащIэ Iуэхум жыджэру хэтщ. Илъэс 40-м щIигъу къафэм триухуащ Тхьэмокъуэм. Абы лъэпкъ щэнхабзэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIым папщIэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ.
- ЦIыхубэ къафэхэмкIэ КъБР-мрэ (1989) УФ-мрэ (2000) щапхъэу къыщалъыта, цIыхубэ къафэхэмкIэ 2016 гъэм екIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа «Кавказ пшэплъхэр» гупым и къэфакIуэхэр утыку ихьэху Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ дунейпсо щэнхабзэм зегъэужьынымрэ хэлъхьэныгъэфI хуащI. Налшык къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэхэм хэтхэм я гукъыдэжыр зыIэт, нэгъуэщI щIыпIэхэм республикэм и цIэкIэ зыкъыщызыгъэлъагъуэ, цIыхухэм дэрэжэгъуэ езыт ансамблым и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну ди гуапэщ.
- Ансамблым и программэр ноби гъэщIэгъуэнщ, удэзыхьэхщ. Гупым и художественнэ унафэщI ДзыхьмыщI Аслъэнрэ балетмейстер Шортэн Аллэрэ гъунэгъу республикэхэм я щэнхабзэм ныбжьыщIэхэр хагъэгъуазэ. Къафэм щIэблэм зэрызригъэузэщIымрэ дахагъэу хэлъымрэ къэIуэтэгъуейщ. Адыгэ, балъкъэр къафэхэм нэмыщI, гъунэгъу лъэпкъхэм ейхэри ягъэзащIэ. НэгъуэщI республикэхэм, хамэ къэралхэм пщIэ къыщыхуащI, гуапэу ирагъэблагъэ. Къафэм зыхуагъасэми загъэпсэхуми илъэс зыбжанэ хъуауэ къыздекIуэкI гупыр зэшыгъуэ ихуэркъым, зыр адрейм и щIэщыгъуэщ. ЖыпIэнуракъэ, зы унагъуэм хуэдэу быдэу зэрыIыгъщ. Гупым хэтхэр ныбжьэгъу зэрызэхуэхъуар уасэншэщ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм зэдыхэту, утыкушхуэхэм къихьэу. Лъэпкъ гъуазджэр зэрамыгъэкIуэдыжыным, абы зэрызрагъэужьыным теухуа ансамблым и гъэсакIуэхэм я псалъэхэр щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я лъым хыхьауэ къалъытэ. Къафэм щIэблэр зэрыхуагъасэм къыдэкIуэу, лъэпкъ хабзэм, нэмысым хуаущий, тхыдэм хагъэгъуазэ. Гупыр къызэзыгъэпэща Тхьэмокъуэ Мартини и лэжьыгъэм пызыщахэми фIыщIэ яхуэфащэщ щэнхабзэр зэрахъумэм, цIыхубэ къафэхэм хуэнэхъуеиншэ ныбжьыщIэхэр абы зэрыхуагъасэм папщIэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.