Илъэсым кърикIуахэр къапщытэж
2021-03-20
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэгъэув IэнатIэм и зи чэзу зэIущIэр гъатхэпэм и 18-м иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ (онлайн мардэм тету).
- ЗэIущIэм псом япэу щыхахащ суд IуэхущIапIэхэм я зэзыгъэкIуж хеящIэхэм я къулыкъухэр зыхуагъэлъэгъуахэр. Апхуэдэу Iуащхьэмахуэ районым и суд IуэхущIапIэ № 2-м и зэзыгъэкIуж хеящIэм и къулыкъур хуагъэфэщащ Бэбыгуей Къасболэт, Налшык суд IуэхущIапIэ №15-м — Безрокъуэ Маринэ.
- ЕтIуанэ еджэгъуэкIэ депутатхэм къащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Тхылъ плъыжьым теухуауэ» КъБР-м и Законым и 3-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «Псэущхьэхэр щыпсэу щIыпIэхэр хъумэным ехьэлIауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэр.
- Депутатхэр арэзы техъуащ «Эконом классым щыщ псэупIэ ухуэн папщIэ, пщIэншэу къагъэсэбэпыну е бэджэнду ята щIы Iыхьэхэм щащI унэхэр зратыну хуитхэр зэрагъэбелджылыным теухуауэ» КъБР-м и Законым къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым.
- КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Павлов Василий зэIущIэм къыщызэщIикъуэжащ IуэхущIапIэм 2020 гъэм зэфIигъэкIар. Ар къэпсэлъэн и пэ, депутатхэр ирагъэплъащ республикэм цIыхубэр хабзэм щытегъэтыным, щытыкIэр зэпIэзэрыту егъэкIуэкIыным, щIыналъэм и полицэр транспорт, техникэ е нэгъуэщI хуэIухуэщIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр къызыхэщ видеороликым.
- Къэрал IуэхущIапIэ псоми хуэдэу, КъБР-м и МВД-ми 2020 гъэм щытыкIэ гугъухэм хэту и къалэнхэр игъэзэщIэн хуей хъуащ, коронавирусым земыгъэубгъуным жыджэру пэщIэтахэми ар ящыщщ. Министерствэм и нэIэ тригъэтащ медицинэ IуэхущIапIэхэм, коронавирусым тещIыхьауэ къызэIуаха сымаджэщхэм щызекIуэн хуей хабзэхэм, апхуэдэуи IуэхущIапIэм и дохутырхэри якъуэуващ узыфэр зиIэхэр зыгъэхъужхэм.
- — Иужьрей зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым щалэжь щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэщ, къищынэмыщIауэ, 2019 гъэм елъытауэ нэгъабэ зэхэдгъэкIа уголовнэ Iуэхухэр процент 68,3-рэщ зэрыхъуар, — жиIащ Павловым. — Балигъ ныбжьым нэмысахэм ялэжь щIэпхъаджагъэхэм проценти 3,6-рэ якIэрыхуащ, ауэ коронавирусым и зэранкIэ цIыхухэр зыIууа гугъуехьхэр къэзыгъэсэбэпахэм хагъэхъуащ Интернетым щIэпхъаджагъэ щалэжьхэм. Псалъэм папщIэ, 2021 гъэм и щIышылэм къызэпыдудащ цIыхухэр къагъапцIэу я мылъкур зыдыгъуа блогер гупым я лэжьыгъэр. Си фIэщ мэхъу республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэр зэIухауэ зэрылажьэм къыхэкIыу цIыхубэм я дзыхь къызэрыдагъэзым хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар. Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм щыпсэум и процент 43,8-м апхуэдэ еплъыкIэ яIэу къагъэлъэгъуащ.
- Министрым жиIащ диныр и лъабжьэу щIэпхъаджагъэ зылэжьа, цIыхуипщI зыхэта гупым я Iуэхур къызэрызэпаудар. «2020 гъэм и гъатхэпэм министерствэм республикэм и УФСБ-р и гъусэу, къыщIигъэщащ икIи къызэпиудащ республикэм теракт щащIыну, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм теуэну мурад зиIа гупым я лэжьыгъэр. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм щIэпхъаджащIэхэр IэщэкIэ къащыпэщIэувэм, ахэр яукIащ», — дыщIигъуащ къэпсэлъам.
- Павловым депутатхэр щигъэгъуэзащ 2005 гъэм Налшык къалэм къыщыхъуауэ щыта гузэвэгъуэр илъэс 15 зэрырикъум ирихьэлIэу, Урысейм и ОМВД-м Аруан районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм я жэрдэмкIэ илъэс зэмылIэужьыгъуэхэм я къалэныр ягъэзащIэу хэкIуэда цIыху 13-м я цIэкIэ Нарткъалэ фэеплъ къызэрыщызэIуахам. КъищынэмыщIауэ, 2010 гъэм и фокIадэм КъБР-м и МВД-м и УНК-м къыщызэIуахащ «Гром» отрядым и командир, полицэм и полковник Къуэшырокъуэ Владислав и бюстыр. КъБР-м и МВД-м къыхилъхьэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъабэ япэу къыщызэрагъэпэщащ полицэм и кадет классыр. Павлов Василий тепсэлъыхьащ адэкIэ зэлэжьыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэми. Абыхэм ящыщщ балигъ ныбжьым нэмысахэр экстремизм къыхуеджэныгъэхэм ящыхъумэныр.
- КъБР-м Къэзыпщытэ-къэзыбж и палатэм и лэжьыгъэр къызэщIикъуэжащ IуэхущIапIэм и унафэщI КIасэ Динэ. Абы зэрыжиIамкIэ, 2020 гъэм IэнатIэм IуэхущIапIэ 83-м къэпщытэныгъэ лэжьыгъэу 54-рэ щригъэкIуэкIащ, республикэ бюджетым щыщ сом меларди 2,9-рэ къызэрагъэсэбэпам кIэлъыплъащ.
- — Бюджет законодательствэр къызэрызэпауда Iуэхугъуэ 2767-рэ къыщIэдгъэщащ, псори зэхэту сом мелуан 299-м щIигъу къызэщIиубыдэу, — жиIащ къэпсэлъам. — Республикэ бюджетым хэщIыныгъэ иратащ сом мелуани 9,4-кIэ. Апхуэдэуи къэтхутащ бюджет ахъшэр, къэрал, муниципальнэ мылъкур сэбэпыншэу къызэрагъэсэбэпар. КъэпщытэныгъэмкIэ IэнатIэхэм бюджет законодательствэр зэрамыгъэзэщIа сом мелуани 119,7-р ягъэзэкIуэжащ. Дисциплинэ жэуапым ирашэлIащ лэжьакIуэ 15. 2019 гъэм едгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ, нэгъабэ къулыкъу зыIыгъ цIыхуитхум ехьэлIауэ уголовнэ Iуэхухэр къызэIуахащ, сом мелуани 2,2-рэ япшынын хуейуэ.
- 2020 гъэм зэфIагъэкIа лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ КъБР-м цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Бориси. Абы зэрыжиIамкIэ, ипэ илъэсхэм елъытауэ, нэгъабэ къаIэрыхьа тхьэусыхафэхэр нэхъ мащIэщ. Зэбгъапщэмэ, нэхъ и пэкIэ илъэсым къриубыдэу я хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудам теухуауэ уполномоченнэм тхыгъэ 900-м нэблагъэ къыIэрыхьэу щытамэ, 2020 гъэм а бжыгъэр 245-рэ хъуауэ аращ. Абы щыщу 184-м хэплъащ, адрейхэр къэрал IуэхущIапIэхэм ягъэхьащ. ЦIыхухэм я гугъуехьхэр нэхъыбэу епхат лэжьыгъэ IуэхукIэ я хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудам, судым къищта унафэм арэзы къызэрамыщIым, лъэхъуэщым исхэм я хуитыныгъэхэр зэрамыгъэзащIэм, нэгъуэщI куэдми. Абы щыгъуэми, Зумакуловым къыхигъэщащ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрамыгъуэтам е коронавирусым ирисымаджэхэм хущхъуэ пщIэншэу зэрыхухамыхам ехьэлIауэ зыми зыкъызэрыхуамыгъэзар.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим тепсэлъыхьащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и законотворческэ лэжьыгъэм теухуа докладым. Абы жиIащ дэфтэрыр гъэхьэзырыным лэжьакIуэ гупыр зэрелэжьар икIи 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м ирихьэлIэу республикэм щыIэ закон псори къызэрапщытэжар. «Дэфтэрым къегъэлъагъуэ цIыхухэр я хуитыныгъэхэмкIэ къызэгъэпэщыным, шынагъуэншагъэр зэтеублэным, щIыпIэ унафэр зехьэным, экономикэмрэ финансхэмрэ, мэкъумэшым, социальнэ Iуэхухэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, промышленностым, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми ехьэлIауэ КъБР-м и Парламентым и къалэнхэр зэригъэзащIэр. ЗэрыфщIэщи, 2020 гъэм коронавирусым и зэранкIэ лъэпощхьэпо куэд диIащ, ауэ, абы емылъытауэ, КъБР-м и Парламентым и пщэрылъхэр зэфIигъэкIащ», — жиIащ Жанатаевым.
- Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм къыщащтащ норматив правовой акту 61-рэ. Абыхэм ящыщу 58-р законщ. КъБР-м и Парламентым унафи 165-рэ къыщащтащ, УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм Зэрызыхуигъазэу зы дэфтэр депутатхэм ягъэхьэзыращ. 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м ирихьэлIэу республикэм щылажьэ законхэр 241-рэ мэхъу, КъБР-м и Парламентым лэжьэн зэрыщIидзэ япэ махуэм щегъэжьауэ псори зэхэту закон 1970-рэ къищтащ. Жанатаев Сэлим къыхигъэщащ дунейм зэпымыууэ зэрызиужьым къыхэкIыу экономикэми, социальнэ Iуэхухэми, жылагъуэ, политикэ гъащIэми епха закон псоми щIэх-щIэхыурэ хэплъэжыным, ахэр къэпщытэжыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр икIи республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм илъэс къэс абы гулъытэ зэрыхуищIыр.
- Егоровэ Татьянэ къэпсэлъахэм фIыщIэ яхуищIащ. ЗэIущIэм щыжаIар къызэщIакъуэжри, депутатхэм КъБР-м и Парламентым и унафэхэр къащтащ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.