Нэхъ щIэщыгъуэ мэхъу
2021-03-13
- Иджы илъэс ещанэ хъуауэ Дунейпсо адыгэ диктант щатх адыгэ зэрыс щIыналъэхэмрэ къэралхэмрэ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, ди лъэпкъэгъухэм апхуэдэу ягъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Абы и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэм и пщIэр къэIэтынырщ, анэдэлъхубзэм хуаIэ щытыкIэр егъэфIэкIуэнырщ, цIыхухэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэнырщ.
- Дыгъуасэ диктантыр щатхащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм, апхуэдэуи цIыхухэр щызэхуэсащ ди республикэм и щIыналъэхэм, къалэхэм щылажьэ курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, библиотекэхэм.
- Дунейпсо Адыгэ диктантыр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ, ДАХ-м и вице-президент Щоджэн Iэминат къызэрыджиIамкIэ, мы егъэджэныгъэ акцэм гъэ къэс нэхъ зиубгъуу, щIэщыгъуэ гуэрхэр къыхыхьэу йокIуэкl. «Мы гъэм, псалъэм папщIэ, пандемием дызригъэува щытыкIэм теухуауэ, дэри дунейпсо Iэмалхэм закъыкIэрыдмыгъэхуу онлайн тхыкIэр къыхэдгъэхьащ, дэтхэнэ зыми ДАХ-м и ютуб-каналыр къызэIуихмэ, унэм, лэжьапIэм щIэсу итхыфынущ. Ятхыну къыхэтхар гъатхэпэм и 14-м зи ныбжьыр илъэс 84-рэ ирикъу тхакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид и «Нэгумэ Шорэрэ IуэрыIуатэмрэ» очеркым щыщщ. Адыгэ тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ Нэгумэ Шорэ къызэралъхурэ илъэси 175-рэ ирикъуащ нэгъабэ. Си гугъэмкIэ, диктанту зэратхынум къыдэкIуэу, тхыгъэм зи гугъу ищIри къахуэщхьэпэнущ цIыхухэм», — жиIащ Iэминат.
- Диктантыр ятхыну къызэхуэсат еджакIуэхэр, студентхэр, егъэджакIуэхэр, нэхъыжьыфIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, журналистхэр, унэгуащэхэр, артистхэр, IэщIа-
- гъэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыт цIыхубэр.
- Сыхьэт 15-м ирихьэлIэу КъБКъУ-м къекIуэлIахэм гуапэу зыхуагъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ университетым и ректор Алътуд Юрийрэ.
- «Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэкъым. Бзэр зыщIэм хабзэри и Iэпэгъуу щытынущ, и Iуэхури ефIэкIуэнущ, — жиIащ Сэхъурокъуэм. — Нобэ мы диктантыр щатх КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, къэрал 43-м. ФIы Тхьэм къытхудигъакIуэ». Сэхъурокъуэм фIыщIэ яхуищIащ кърахьэжьа Iуэхур къадэзыIыгъа республикэ унафэщIхэм.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Лъэпкъ библиотекэм къекIуэлIахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэкI Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр жиIащ.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.