ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Иджыри илъэс куэдкIэ къыдэкIыну

2021-03-13

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор
  • нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
  • ПщIэ зыхуэтщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и исполкомым и цIэкIи         си щхьэми къыбгъэдэкIыу Уэри редакцэм щылажьэхэми дынывохъуэхъу ди лъэпкъ газетыр цIэщIэ иIэу — «Адыгэ псалъэ» фIэщыгъэм щIэту — къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 30 зэрырикъуамкIэ.

  • Илъэс бгъущIрэ блыкIэ узэIэбэкIыжмэ, дунейм къытехьащ фи газетым и япэ номерыр икIи абы лъандэрэ творческэ гъуэгуанэшхуэ къикIуащ. КъыдэкIын зэрыщIидзэрэ сыт хуэдэ фIэщыгъэ имыIа-ми, абы республикэм, къэралым, дунейм къыщекIуэкI Iуэху нэхъыщхьэхэр къигъэлъэгъуащ пэжагъ хэлъу, екIуу.
  • Фи газетым къалэнышхуэ егъэзащIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ хъумэным, зегъэужьы-ным хуэунэтIауэ. «Адыгэ псалъэр» дэри ди ныбжьэгъуфIщ. Иужьрей илъэс щэщIым къриубыдэу абы зэпымыууэ къытехуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм, ди лъэпкъэгъухэр зыIууэ гугъуехьхэм, хэхэс адыгэхэм щэнхабзэ, егъэджэныгъэ я лъэныкъуэ- кIэ дапыщIауэ щытыным, хэкужьым къэIэпхъуэжахэр ди псэукIэм хэзэгъэжыным ятеухуа тхыгъэ купщIафIэхэр.
  • ИкъукIэ узэрыгушхуэ хъуну къыдолъытэ КъБР-м къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», Адыгейм и «Адыгэ макъ», КъШР-м и «Черкес хэку» лъэпкъ газетхэм ягъэхьэзыр номер зэхэтхэр.  Ахэр хуощхьэпэ адыгэ (шэрджэс) лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным. Абы гугъэ уегъэщI адыгэбзэр мыкIуэдыжыну, къэкIуэну щIэблэхэр абы ирипсалъэу, иритхэу, иреджэу къагъэсэбэпы-ну.
  • Газетыр Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм Iулыдж нэхъ щызиIэхэм, цIыху нэхъыбэ зэджэхэм ящыщщ. Ар и фIыгъэщ илъэс куэд хъуауэ абы и редактор нэхъыщхьэу лажьэ ХьэфIыцIэ М. М. и Iэзагъэм. Абы я фIыщIэшхуэ хэлъщ газетым и лэжьакIуэхэу зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъухэм, абы хуэпэжхэм.
  • Редакцэм и лэжьакIуэхэм сохъуэхъу адэкIи творческэ ехъулIэныгъэхэр яIэну, цIыху Iущхэм яIущIэу, къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнхэм тетхыхьу, гуфIэгъуэ щымыщIэу я  IэнатIэм пэрытыну, щIэджыкIакIуэхэр я куэдыну, газетыр кIуэ пэтми ефIакIуэу илъэс куэдкIэ къыдэкIыну.
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент
  • СЭХЪУРОКЪУЭ  Хьэутий.