ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2020

МахуэшхуэмкIэ йохъуэхъу

2020-12-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым ди республикэм щыпсэухэм щехъуэхъуащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм къыхэкIыу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсым илъэсыщIэм лэжьэн щIедзэ

2020-12-10

  • ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсым хыхьэнухэм я хэдэрыхэплъэр иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым щекIуэкIащ. Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, зэIущIэр видеоIэмалхэмкIэ къызэрагъэпэщри, махуиплIкIэ екIуэкIащ. Хэдэрыхэплъэм цIыху 60-м щIигъу хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуэгу къежьапIэ

Хабзэрэ Конституцэрэ

2020-12-10

  • УФ-м и Конституцэм ООН-м 1948 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м къабыл ищIауэ щыта Псоми зэдай декларацэм щыщ куэд къищтащ. ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэным лъабжьэ хуэхъуауэ къэплъытэ хъунущ а дэфтэритIри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъуэгухэр зэрагъэзэхуэж

2020-12-10

  • «Шынагъуэншэ икIи фIагъ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым 2020 гъэм щаубзыхуа лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Балъкъэр хъыршынхэр нэхъыфIипщIым хабжэ

2020-12-10

  • «Вкусы России» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр иухащ. ЦIыхубэм я IэIэтым ипкъ иткIэ балъкъэр хъыршынхэр зи цIэр нэхъыбэрэ къраIуа нэхъыфIищIым яхыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI

2020-12-10

  • ПщIэ зыхуэтщI щIэджыкIакIуэхэ!
  • 2020 гъэм фокIадэм и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.
  • Нэхъ фыдэзыхьэх, фIыуэ флъагъу къыдэкIыгъуэхэм Iэ щытевдзэ хъунущ пощт зэпыщIэныгъэхэмкIэ къудамэхэм, почтамтхэм е podpiska.pochta.ru. сайтым.
  • Iэ зытевдза газетхэр, журналхэр и чэзум фи унэхэм ныфхуэтхьыну е пощт къудамэхэм (фэ фыщыхуейм деж) щывэттыжыну къалэн зыщыдощIыж.
  • КъыдэкIыгъуэхэм Iэ тедзэным теухуа фи упщIэхэм жэуап къратыжынущ пощт зэпыщIэныгъэхэмкIэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэм.
  • Iэ тедзэным феужьэрэкIыну, а Iуэхур иужь дыдэ махуэхэм нэвмыгъэсыну фыкъыхудоджэ.
  • «Адыгэ псалъэр» зыIэрыхьэну хуейхэм хъыбар фыдогъащIэ: мази 6-м ди газетым и уасэр сом 728-рэ кIэпIейкIэ 76-рэщ
  • Ди индексыр П 5894.
  • КъБР-м пощт  зэпыщIэныгъэхэмкIэ и федеральнэ  управленэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зэтемыщэхэжын быдапIэкъым

2020-12-10

  • Бгыхэм я дунейпсо махуэр дыгъэгъазэм и 11-у 2003 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIа и 57-нэ зэхуэсым къыщащтами, абыкIэ жэрдэмыр къыщыхалъхьауэ щытар нэхъ пасэущ — 1992 гъэм зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм зэхиша конференцырщ — дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ щытарщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лэжьыгъэр зэпыуркъым

2020-12-10

  • Налшык дэт Музыкэ къэрал театрым и лэжьакIуэ емызэшыжхэр IуэхущIэхэм яужь итщ. Куэд мыщIауэ IуэхущIапIэм къихьа грантым и фIыгъэкIэ, абыхэм Iэмал яIэщ лэжьыгъэ купщIафIэ ягъэхьэзырыну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

2020-12-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» ГКУ-м, КъБР-м и Журналистхэмрэ ТхакIуэхэмрэ я зэгухьэныгъэхэм, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Советская молодёжь», «Горянка» республикэ газетхэм, «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау»,«Солнышко», «Нур», «Нюр» журналхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, «КъБР-Инфо» хъыбарегъащIэ агентствэм я лэжьакIуэхэм гущIыхьэ ящыхъуащ Макитов Камал Магомед и къуэр дунейм зэрехыжар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ яхуогузавэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-12-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэм, ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым, Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, «Адыгэ ­псалъэ», «Кабардино-Балкарская ­правда»,  «Заман» республикэ газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Литературная Кабардино-Балкария» журналхэм хъыбар фагъащIэ этнолог цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, ­КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Хьэчим и къуэр дунейм зэрехыжар икIи абы и Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ яхуогузавэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIэныгъэлI щэджащэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий

2020-12-10

  • Лъэпкъым, хэкум, щIэныгъэм хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. Хьэлъэу сымэджа нэужь, илъэс 74-м иту дыгъэгъазэм и 8-м ду- нейм ехыжащ адыгэ еджагъэшхуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий Хьэчим и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛIыхъужьхэм я щапхъэм щIапIыкI

2020-12-10

  • Дыгъэгъазэм и пэщIэдзэхэм ди къэралым щагъэлъапIэ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэр. Хэкупсэ мыхьэнэ ин зиIэ а Iуэхугъуэм теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щокIуэкI ди республикэми. Ахэр къыщызэрагъэпэщ курыт школхэм, библиотекэхэм, музей зэмылIэужьыгъуэхэм, къалащхьэм и утхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

АкIэм и тхыдэр

2020-12-10

  • Ди тхыгъэр зытеухуа хабзэр, езы псалъэм къикIыр, ар зищIысыр зыщIэжу адыгэхэм нобэ яхэтыр закъуэтIакъуэххэщ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ — ар лъэпкъым и цIыхухэм къамыгъэсэбэпыж зэрыхъурэ лIэщIыгъуих дэкIащ. Ар IэщIыб щащIым, а псалъэри къамыгъэсэбэпыж мэхъу, анэдэлъхубзэм мащIэ-мащIэурэ хокIуэдыкI. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэри, абы зэреджэ псалъэри тфIэкIуэда щхьэкIэ, къезэгъыркъым лъэпкъым лIэщIыгъуэкIэрэ къигъэсэбэпу къыдэгъуэгурыкIуа хабзэ гъэщIэгъуэным иджырей ди цIыхухэр щымыгъуа-зэу, зыри хамыщIыкIыу щытыныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ драмэ театрхэр Налшык щохьэщIэ

2020-12-10

  • Дыгъэгъазэм и 3 — 7-хэм Налшык къалэр Кавказ Ищхъэрэм и театр гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэ хъуащ. Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ драмэ театрхэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкI «Южная сцена-100» VI дунейпсо фестивалым и программэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Шэшэным, Ставрополь крайм я артистхэм спектакль нэхъыфIхэр щагъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Налшык и къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм, Музыкэ къэрал театрым. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ абы и щIыналъэ къудамэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фестиваль

Гъуазджэм зи цIэр къыхэна

2020-12-10

  • УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ художник, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэта Абей Виктор псэужамэ, дыгъэгъазэм и 11-м и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

« Раньше