ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсым илъэсыщIэм лэжьэн щIедзэ
2020-12-10
- ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсым хыхьэнухэм я хэдэрыхэплъэр иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым щекIуэкIащ. Дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, зэIущIэр видеоIэмалхэмкIэ къызэрагъэпэщри, махуиплIкIэ екIуэкIащ. Хэдэрыхэплъэм цIыху 60-м щIигъу хэтащ.
- ЩIалэгъуалэ палатэм хыхьэнухэм я къыхэхыныр зи пщэ дэлъар Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и депутатхэрщ. Къызэрагъэпэща Хэдэрыхэплъэ гупым хэтащ щIэныгъэм, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лыкIуэхэр.
- ЩIалэгъуалэ палатэм хыхьэну зыкъэзыгъэлъэгъуахэм яIущIащ, я Iуэху еплъыкIэхэр зригъащIэу, упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIи захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы къыхигъэщащ гупыр зэраубзыхуну хабзэхэм зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ зэрыхалъхьар. Псалъэм папщIэ, палатэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ цIыхум и ныбжьыр илъэс 35-м фIэкI хъунукъым, къищынэмыщIауэ, абы и бжыгъэр цIыху щэ ныкъуэм нызэрыхьэсынущ.
- — Лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ, — жиIащ Егоровэм, — къэтщтэну унафэхэри зэпэшэчауэ щытын хуейщ. Си гуапэщ ЩIалэгъуалэ палатэм хуаIэ гулъытэр зэрымыужьыхыр, кIуэ пэтми абы и пщIэм зэрызиIэтыр. Сыщогугъ ебланэу зэхыхьэну Гупым и лэжьыгъэм хэша хъуну ныбжьыщIэхэм хэлъэт яIэну, жану щытыну, зыпэрыувэну IэнатIэм пылъ жэуаплыныгъэр зэрымымащIэр къагурыIуэу, абдеж унафэу къыщащтэнур ди жылагъуэм ифI зыхэлърэ и щхьэпэ къызыхэкIыу ягъэпсыну. НэхъапэкIэ лэжьа зэхыхьэгъуэхэм къакIэрымыхуу, уеблэмэ мы щIалэгъуалэм нэхъыбэж яхузэфIэкIыну гугъапIэхэр худиIэщ.
- Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Емуз Нинэ зэрыжиIамкIэ, ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэм хыхьэну хуейуэ лъэIу тхылъхэр къабгъэдэкIащ хэгъэгу икIи щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм я щIалэгъуалэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ партхэм я къудамэхэм я лIыкIуэхэм, студент зэгухьэныгъэхэм, колледжхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щеджэхэм.
- ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэм хыхьэну хуей дэтхэнэ зыми Iэмал иIащ абы хэтыну щIыхуеймкIэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэр Хэдэрыхэплъэ гупым и пащхьэ щыжиIэну, упщIэхэм жэуап яритыжыну, уеблэмэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэм я зэфIэхыкIэ хъунум хуэгъэзауэ иIэ гупсысэхэр къиIуэтэну. Ахэр удихьэхыу тепсэлъыхьащ щхьэж и хъуэпсапIэхэм, зыхущIэкъуу зытелажьэхэм, абыхэм ящыщу ЩIалэгъуалэ палатэм къаритыну Iэмалыр къигъэсэбэпу утыкушхуэ ирахьэну зыхуейхэми я гугъу ящIащ.
- Хэдэрыхэплъэр зэфIэкIа нэужь, Парламентым хьэзыр ищIынущ ЩIалэгъуалэ Палатэм и ебланэ зэхуэсым хэтыну зыхуагъэфэщахэм я цIэ-унэцIэхэр зэрыт тхылъымпIэр. Ар хэIущIыIу щыхъунущ хабзэгъэув IэнатIэм мы мазэм иригъэкIуэкIыну и зи чэзу зэIущIэм.
- ШУРДЫМ Динэ.