ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэтщ «Къэрал къабзэ» федеральнэ проектым

2020-12-17

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Экология» лъэпкъ проектым хыхьэ «Къэрал къабзэ» федеральнэ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэ- щIа зэрыхъум теухуауэ УФ-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа зэIущIэм, видеоконференц мардэм тету дыгъэгъазэм и 15-м къызэрагъэпэщам.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Федченкэ Людмилэ  Михаил и  пхъум  деж

2020-12-17

  • ПщIэ зыхуэтщI, Людмилэ! Ди гум къыбгъэдэкIыу уи махуэшхуэмкIэ дынохъуэхъу.
  • ЦIыхум и гъащIэ гъуэгуанэ Iыхьэ дахэ къызэпыпчащ икIи адрейхэм сыт щыгъуи уакъыхэщащ, Iуэхум хэпщIыкIыу узэрыбгъэдыхьэмкIэ, лэжьыгъэр фIыуэ зэрыплъагъумкIэ, ехъулIэныгъэ зыIэрыбгъэхьа нэужьи къалэн нэхъ гугъужхэр зэрызыхуэбгъэувыжымкIэ. Абы щыгъуэми, сыт хуэдэ IэнатIэ уIумытами, зэпымыууэ цIыху хьэлэлу, жэуаплыныгъэ пхэлъу псоми уадэгъуэгурыкIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Узыфэ бзаджэм зыщыхъумэныр зыми уэим иремыщI

2020-12-17

  • Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету дыгъэгъазэм и 15-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщымрэ а узыфэм зэрыпэщIэтымрэ теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Дэфтэр лъапIэр иратыж

2020-12-17

  • Дэтхэнэ ныбжьыщIэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэщ балигъыпIэ зэриувэм щыхьэт техъуэ и япэ дэфтэрыр — паспортыр — къыIэрыхьэныр. УФ-м и Конституцэм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм налшыкдэс ныбжьыщIэ зыбжанэм я паспортхэр щратыжащ. ЕджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Урысейм и Конституцэм и тхыдэм теухуауэ ягъэхьэзыра видеогъэлъэгъуэныгъэр. НыбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Урысей къэралыгъуэм и дамыгъэ лъапIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхыдэ Iуэхум  зэщымыщхъу къыхэкI  хъунукъым

2020-12-17

  • «Зи фочышэр блэкIам тезыунащIэм а блэкIар топышэкIэ къыхэуэжынущ», — жиIэгъащ зэгуэрым Дагъыстаным щыщ усакIуэшхуэ Гъафур АбутIалиб. Тхыдэм курыхкIэ хузэфIэкIынур апхуэдэу хуэкIуэу къэзыIуэта щыIэу фIэщ щIыгъуейщ. Псэлъафэр и гуапэ дыдэу, хэлъ губзыгъагъэм и кууагъри фIыуэ зыхищIэу куэдрэ жиIэну къыхуохуэ Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм я цІыхубэ тхакІуэ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы, хэт нэхъри нэхъыфIу, къыгурыIуауэ жыпIэ хъунущ и къалэмыр зыхуигъабзэ лъэпкъыр пщэдейм лъапэ махуэкIэ хэувэн папщIэ, тхыдэм и мыхьэнэм емылъэпауэу, къызэринэкI махуэхэм я пщIэр къримыгъэлъэхъшэхыу ипэкIэ плъэн зэрыхуейр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыIэрыхьащ COVID-19-м пэщIэтыф вакцинэу 200

2020-12-17

  • КъБР-м къашащ «Гам-КОВИД-вак» вакцинэ лIэужьыгъуэу 200. Апхуэдэу иужькIи хэIугъуэ 509-рэ къаIэрыхьэнущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

БОЗИЙ Натбий Мухьэмэд и къуэр

2020-12-17

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэ хьэлъэ игъуэтащ. 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м и ныбжьыр илъэс 71-м иту дунейм ехыжащ республикэм и къэрал къулыкъущIэшхуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и ухуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Къэрал чэнджэщэгъу Бозий Натбий Мухьэмэд и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КIыкъитIакъ

2020-12-17

  • ЕкIуэкIыу: 5. Уэрэд жызыIэ къуалэбзу цIыкIу. 6. Жумэрэным нэгъуэщIу зэреджэр. 10. Ди мэзхэм щыпсэууэ щыта псэущхьэ ин. 11. Шэ зи шхыныгъуэ псэущхьэ. 12. Тенджыз Iуфэм щыпсэу къуалэбзу. 15. Щхьэпоп зиIэ, псым тесырей къуалэбзу цIыкIу. 18. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ. 19. Губгъуэ бзу лъэпкъ. (Луговой чекан). 20. Псым щыпсэу хьэпщхупщ, лъакъуэ куэд щIэту. 21. Дыгъужьыр щыпсэу щIы къитхъуа. 25. Ди мэзхэм къыщыкI жыг быдэ лъэпкъ. 26. ЦIыв плъыжь цIыкIу, IэпапIэ фIыцIэхэр хэсу. 27. Къашыргъэ лъэпкъ, ягъасэрэ ирищакIуэу, нэ жан иIэу. 31. Нарт Бэдынокъуэ ирата бжьэм хагъэтIысхьа. 33. Бжьэр зэрыуэ. 34. Гъавэ зэракIыщтэ кхъузанэ. 35. Илъэс зи ныбжь гъэлъэхъу. 36. Зи фэр хужь бдзэжьей лъэпкъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Пасэрей Iэужьым и нобэрей ежьу

2020-12-17

  • Республики 5-м я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим и махуэщ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш республикэхэм я цIыхубэ артист, лъэпкъым къызэрымыкIуэу фIыуэ тлъагъу Нэхущ Чэрим и ныбжьыр нобэ илъэс 50 ирокъу.
  • Чэрим утыкум къызэрихьэрэ псалъэ гуапэу хужаIам, абы цIыху цIэрыIуэу къыщытхъуам и куэдагъыр къэппщытэныр, дауи, тыншкъым, ауэ абы и творчествэм ухэплъа иужькIэ, щхьэхуимыту «Щэ и уасэу зы!» жыIэгъуэр уигу къокI. Тхьэм и нэфIыр къытщыхуат Чэрим лъэпкъым къыщытхэхъуам. Си псалъэхэм щыхьэт техъуэфынущ абы и концертхэм зэ нэхъ мыхъуми щIэса дэтхэнэри, абы щIэт хьэуам и IэфIагъыр зыхэзыщIар. Ашэмэз и бжамийм хуэдэу, Нэхущым и макъым зэм дунейр зэщIегъэгъагъэ, зэми уи нэпсхэр кърегъакIуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Щхьэж  ей  къищтэжыну?

2020-12-17

  • Мы зэманым дунейм щекIуэкI Iуэхухэм я нэхъ гъэщIэгъуэнхэм, захуагъэ зыхэлъу къэплъытэ хъунухэм ящыщщ музейхэм щIэлъ хьэпшыпхэр ар къыздраша къэралхэм, зей щIыдэлъху лъэпкъхэм зэрыратыжыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГъэщIэгъуэнщ

Япэ  ищахэм  пщIэ  хуащI

2020-12-17

  • ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 15-р я IэнатIэм пэрыту хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ. Мы гъэм абы ирырагъэхьэлIэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкIа зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэмрэ район администрацэм и лэжьакIуэхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

«Сириус»-м щIыналъэ ират

2020-12-17

  • ЩIэблэмрэ щIэныгъэмрэ зэIэпэгъу хъуным, сабийхэм ящыщу зэфIэкI зиIэхэр нэхъ пасэу къахэгъэщхьэхукIауэ зегъэужьыным теухуащ Сочэ и «Сириус» центрым и лэжьыгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку