ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2020

2020-12-26

  • «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр (2019-nCoV) къыщымыгъэхъуным нэгъэсауэ хуэхьэзыру щытынымкIэ хабзэр щыгъэувыным икIи абы земыгъэубгъуным хуэунэтIа зи чэзу Iуэхухэр лэжьыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыдигъэкIа Указ №19-УГ-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
  1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр (2019-nCoV) къыщымыгъэхъуным нэгъэсауэ хуэхьэзыру щытынымкIэ хабзэр щыгъэувыным икIи абы земыгъэубгъуным хуэунэтIа зи чэзу Iуэхухэр лэжьыным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыдигъэкIа Указ №19-УГ-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэн, 2.6 пунктым и «а» пункт къуэдзэм хэт «2020 гъэм дыгъэгъазэм и 27 пщIондэ» псалъэхэм яужькIэ «, 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къыщыщIэдзауэ 2021 гъэм щIышылэм и 10 пщIондэ, 2021 гъэм щIышылэм и 11-м къыщыщIэдзауэ 2021 гъэм щIышылэм и 24 пщIондэ» псалъэхэр щIыгъуауэ.
  2. Мы Указым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
  •      Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  •      Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
  •  
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 24-м
  • №178-УГ

Зыхыхьэхэр: Указ

Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэ-2021

2020-12-26

  • Мы махуэхэм дунейм къытехьащ 2021 гъэм цIыхухэм я Iэпэгъуу, чэнджэщэгъуу, щIэнгъуазэу яIэну махуэгъэпс телъыджэ. Иджы ебланэу къыдэкI махуэгъэпс-щIэнгъуазэр куэдкIэ нэхъ бейщ адрейхэм нэхърэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

ХъуэпсапIэхэр нахуапIэ мэхъу

2020-12-26

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу ныбжьыщIищым ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу саугъэтхэр яхуищIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Уи щIыхуэхэм  щыгъуазэ зыщI»

2020-12-26

  • КъБР-м щыIэ Суд приставхэм я федеральнэ IуэхущIапIэм (ФССП) и Управленэм и унафэщI, КъБР-м и суд пристав нэхъыщхьэ Бауаев Ахъмэт республикэм щылажьэ СМИ пэрытхэм папщIэ пресс-конференц иригъэкIуэкIащ. Абы къекIуэлIахэр ФССП-м и электрон зэпыщIапIэхэр къэбгъэщхьэпэным фейдэуэ хэлъымрэ къэралым и щIыхуэ птелърэ птемылърэ къызэрыпщIэну Iэмалхэмрэ тепсэлъыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

Бэлахъуэм и гъэсэнхэр къыхожаныкI

2020-12-26

  •  Дыгъэгъазэм и 16 — 20 махуэхэм Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щызэхэта, Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ и чемпионатымрэ зэхьэзэхуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм медаль 19 къыща-хьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Дыгъэгъазэм и 27-р Урысейм и КъегъэлакIуэхэм я махуэщ

2020-12-26

  • РСФСР-м и Министрхэм я Советым 1990 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, ди къэралым къыщызэрагъэпэщауэ щытащ КъегъэлакIуэхэм я урысей корпус зыфIаща къулыкъур. Иужьым, 1995 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м, УФ-м и япэ Президент Ельцин Борис и унафэкIэ, а IуэхущIапIэм зэреджэр зэрахъуэкIащ, «КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэм япэщIэтынымкIэ Къэрал комитет» цIэр иIэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

2020-12-26

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, дыгъэгъазэм и 28
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «ЩIыуэпс» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.00 «ЦIыхугъэм и уасэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.05 «Зэманымрэ цIыхумрэ». ТхакIуэ икIи драматург Кулиев Хъусей (12+)
  • 8.40 «Зы уэрэдым и хъыбар» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 8.55 «Морозко» урыс таурыхъым къытращIыкIа телепостановкэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

КъэкIуэнур си псэм ещIэ

2020-12-26

  • Ацкъан Руслан и усэщIэхэр
  • * * *
  • ЗэщIоуфIыцIэ арыххэу уэгу щIагъыр,
  • зэщIэскъыскъэу дунейр зэм  къысщохъур.
  • Зэрызохьэ, зэпэджэурэ, къуаргъхэр,
  • зы Iуэхушхуэ зэрахуэ зэщIыгъуу.
  • Я нэгу кIыфIым хужьыгъэ къыпхощыр,
  • къакIэрех и мэ гуакIуэри уэсым.
  • Къытхуахьынур а къуаргъхэм сэ сощIэ,
  • согужьей, слъагъумэ цIыхухэр зэхуэсу…
  • Руслан и адэ-анэр и гъусэу. 1976 гъэ

  • * * *
  • Си щхьэцыр жьыбгъэм ирежьэкI
  • IэбэкIэ щабэкIэ, уэр-сэру.
  • Щэху Iэджэ жьыбгъэм кърехьэкI,
  • къыздэгуэшащ кIуэ пэтрэ сэри.
  • Сэ нышэдибэ си гугъат
  • къыстеункIыфIэну дуней иныр.
  • Иджы гурыщIэм сыкъеIэт,
  • дунейр щопэкIу аргуэру си нэм.
  • Хэхъуэным уи гур хуейкъым куэд,
  • гуапагъэ тIэкIущ ар къызыхуэтыр.
  • Ар къыздикIынур зыщIэр хэт,
  • хэт зыщIэр укъызэригъуэтынур?
  • * * *
  • Сыпхуэзэшащ гум къина жьыбгъэ,
  • уэ ныппыщIат си гугъэ Iэджэ.
  • Жьэгу Iугъуэм и мэр абы щыгъуэм
  • сощIэж зэрыщытар къепхьэкIыу.
  • Иджы уи нэгур сыт щIэбгъэпщкIур,
  • уежэкIрэ удзым ухэлъадэу?
  • Сэ къысщыхъунти унэгъуэщIу,
  • а гущабагъыр пхэмылъатэм.
  • Сыпхуэзэжащ, гум къина жьыбгъэ,
  • зэщIэбгъэхьауэ дуней иныр.
  • Иджыри къэскIэ сэ солъыхъуэ
  • и купщIэу гъащIэм къэслъытэнум.
  • УкъыздикIыжымкIэ згъэзэнут,
  • схуэмыкIуэ си гур а лъэныкъуэм.
  • УздэкIуэм нэс суригъусэнут,
  • тегушхуэныгъэщ схуримыкъур.
  • Ухуабэщ нобэкIэ, угуапэщ.
  • Пщэдей си къупщхьэр бгъэдиинущ.
  • Къыхызохыжыр си зекIуапIэр,
  • сызышэжынур сэ ди унэм…
  • * * *
  • Жыгхэр, заущэхури, къэтIэпIащ,
  • лъым къыхыхьэу, къэуащ гъатхэм и мэр.
  • Зэи къэмыхъуауэ гугъэ сщIымэ,
  • сыкъыбгурыIуэну, сыт жыпIэн?
  • Къиури зэуэ, жыгхэр къэгъэгъащ,
  • хуэдэщ хъуа, лъэтэнум ещхьу, псынщIэ.
  • Си гум лъагъуныгъэ кIасэ ищIмэ,
  • сиукIын е гъащIэм хигъэхъуэн?
  • Мо хужьыгъэ зимыIэжыр щэху,
  • жьыбгъэм дихьэхауэ пылъэтынущ.
  • Гупсэхугъуэ сэ сымыгъуэтыну,
  • жыгхэм къапыкIэнур къапыкIэху…
  • * * *
  • ИгъащIэм фIыуэ солъагъу жыгхэр,
  • семыгупсысу къызыхэкIым.
  • Сахоплъэ зэрысщIэжрэ пшэхэм,
  • си гущIэм Iэджи щызэблэкIыу.
  • Абыхэм я зэхущытыкIэр
  • гурыщIэу щыIэм я нэхъ къабзэщ.
  • ИтIани, пшэхэр гъуэгу щытеткIэ,
  • солъагъур жыгхэр зэрыхъуапсэр.
  • Зэмыщхь абыхэм я псэукIэр,
  • я натIэм итри зэхуэмыдэ.
  • Зым уафэм щамыгъуэт псэхупIэ,
  • адрейхэр щIылъэм хокIэ быдэу.
  • БлэкI пшэхэм сакIэлъоплъыр кIыхьу,
  • ещIа жыг цIынэр щIызоIэтэ.
  • Сэ сщIэркъым пшэхэм къыщIакIухьыр,
  • сэ сощIэ жыгхэр щIым щIыхэтыр…
  • * * *
  • Жэщ ныкъуэм уэшхым къыщIидзащ,
  • къыщхьэщыкIуатэу си псэупIэм.
  • Ар пIейтеигъэ зэфэзэщт,
  • теухьырт псоми и фIэщыпэу.
  • Нэхущым деж ар ежьэжащ,
  • къызэпсэлъэкIыу, шхыдэ щIыкIэу.
  • СфIигъэкIуэда абы зы жэщ
  • е къызита гурыщIэ Iэджэ?
  • Сэ согупсысыр уэшх блэкIам.
  • ЩIым зэщIифащ ар, зимыгъэнщIу.
  • Уэшх ткIуэпсхэр дэни епщIэкIащ,
  • ткIуэпс къэс дунейр къыпхыпс   къысфIэщIу.
  • * * *
  • СыхуокIуэ сэ шыпсыранэм,
  • сщIэ пэтми сызэрисынур.
  • Плъэгъуарэт ар зэрыгъагъэр,
  • хэпхъа фIэкIа умыщIэу пшагъуэ.
  • Щэху защIэщ абы и гъащIэр,
  • апхуэдэу щIэсырри къащIэ.
  • Зихъумэжыну арамэ,
  • япэу дэщIынур сэракъэ.
  • Зысхъумэжын хуейт сэри,
  • ауэ соIэб шыпсыранэм,
  • сфIэфIщ абы сызэрилыгъуэр.
  • СщIарэт мы си гур зылъыхъуэр…
  • * * *
  • СыкIуэнщ а лъапсэм, тезгъэзэнщ,
  • зэ сыщыIати, си нэгу щIэкIкъым.
  • Абы и пщIантIэм сыхуозэш,
  • сыщалъхуа лъапсэр сигу къигъэкIыу.
  • Слъагъу хуэдэщ абы щекIуэкI псор.
  • Мес, хьэндырабгъуэ щызолъатэ.
  • Уэшх къешхмэ — джабэм къежэх псыр,
  • зиплъыхьу, пщIантIэм къыдолъадэ.
  • Ар ди ныбжьэгъум и пщIантIэжьт,
  • езыр иджы дунейм тетыжкъым.
  • ЗыщIар и адэм и адэжт
  • унэ ду кIыхьым езгъэщхьыжыр.
  • ЕкIэпцIэ пкъохэр къызэпхощ
  • ятIагъуэ блыным, дзажэм ещхьу.
  • ГужьеигъуафIэм изогъэщхь
  • абы къытеубгъуа унащхьэр.
  • Зым емыщхь гуэрхэр зыхэсщIат,
  • сыщыбгъэдыхьэм сэ а унэм.
  • Абы нэхугъэ гуэр щхьэщытт
  • къиубыд къудейуэ уи псэм, уи нэм.
  • Ныбжьэгъур зыхулъэкIхэм щыщт,
  • мы унэр сытыт зыхуихъумэр?
  • А упщIэм уэ си фIэщ умыщI
  • зэгуэр жэуап иIэнкIэ хъуну…
  • * * *
  • Сеплъыхмэ — пшагъуэр къыдокIуей,
  • зылъэIэс псори псыIэ ищIу.
  • СымыщIэ сэ сыщIэпIейтейр,
  • кърекIуэ, сыт абы къызищIэр.
  • АрщхьэкIэ, къосри, сегъэтхытх,
  • къыстрегъауэ занщIэу зэшыр.
  • Сызытет гъуэгум дызодзых,
  • сыздынэсари сымыщIэжу.
  • Сэ арыншами сыгуитIщхьитIт,
  • дунейм и щэхухэм сагъэдзыхэт.
  • Сэ щIысщигъэпщкIур пшагъуэм сыт
  • си гурыфIыгъуэ зырызыххэр?
  • ТегупсысыкIыу арагъэнщ,
  • къыздимыкIамкIэ мэкIуэж пшагъуэр.
  • Иджы сэ сызыхуэплъэу хъуар
  • нэхъ IупщIу слъагъуу щхьэ  къысщыхъурэ…
  • * * *
  • Зэм уэс Iэтэ мазэм щызолъагъу,
  • зэми сытхъу кIэрещIэ уафэ джабэм.
  • Уафэм щыIэ гуэрхэр си псэлъэгъущ,
  • щIылъэм сыщолъыхъуэ хуабэ кIапэ.
  • Си гур щIыIэм ису нэху сыкъокI,
  • махуэр зэрыхъунур зэкIэ сщIэркъым.
  • КърахуэкIым ещхьу махуэр блокI,
  • сэри сокIэрахъуэ абы щIыгъуу.
  • Махуэм и кIэр зэшым хуэкIуэжынщ,
  • ар къысхуеижынкъым, сызэрешу.
  • Зэхэуэнщ и нэгури — къэсщIэжынщ
  • жэщым сыритыну сызэришэр…
  • * * *
  • Мо уафэм къыщекIуэкIым
  • гур пэмыджэж и фIэщу.
  • Слъэгъуащ уэлбанэ Iэджэ,
  • дунейр икъутэ сфIэщIу.
  • Къожажьэ уафэгъуагъуэр,
  • куэд мыщIэу щыблэ уэнущ.
  • КъысфIэIуэхужкъым щIагъуэу –
  • ар хуитщ, Iэуэлъэуэнум.
  • ХузощI, итIани, фIыщIэ
  • мо щыблэ къысщхьэщытым.
  • Ар къыстехуэн къысфIэщIу,
  • сыщыпсэуарщ нэгу щIэтыр…
  • * * *
  • Си гупсысэкIэр хъуащ нэгъуэщI,
  • сэ зысхъуэжащ и гъусэу гъащIэм.
  • Си дзыхь зэзгъэзыр мащIэ хъуащ,
  • абы сыт хуэдэу сигу хигъэщIрэ.
  • Ар сыту гугъу — си фIэщ мыхъуж
  • фIыуэ слъагъу псысэм и кIэухыр.
  • Ныбжь гуэр жэщ кIыфIым  хэслъэгъуэнщ,
  • пщэдейм пыщIа си гугъэр сIихыу.
  • Щхьэусыгъуэншэу сыпIыщIэнщ,
  • сыдаIуэу жыжьэ, гур къилъэту.
  • Сопсэу апхуэдэу. Ар ищIам,
  • къысхуигъэгъунтэкъым си адэм…
  • * * *
  • Псыхъуэр зэрыщыту екIуэсэх
  • къысщыхъуащ — къиуат псы  цIыкIур ину.
  • ЩIыIэу си гупсысэм къеIусащ
  • ди псыр зыгъэжакъуэ хым и гъунэр.
  • Иным игъэпабгъэр сыту куэд,
  • щигъэгъупщэу къэзылъхуар зищIысыр.
  • Псынэм и къабзагъыр псым фIокIуэд,
  • игу дыхьэну хэтурэ тенджызым…
  • * * *
  • Мастэнэм ириуащ Iуданэр,
  • къихуа и щIыIур къигъуэтыжри.
  • И нитI ешар плъызащ итIанэ,
  • ещхь хъууэ псэ зыхэмытыжым.
  • Ауан къищI хуэдэ, мастэр лыдырт
  • щIыIу джафэр Iэпэм щIэмызагъэт.
  • Хэт къыгурыIуэну зэпилъытыр
  • жьы хъуа цIыхухъум, зи щхьэзакъуэм.
  • Ар щыст мыхъейуэ, даIуэ щIыкIэу.
  • Ныбжь гуэрхэм пэшым   къыщакIухьырт.
  • Дэузу и псэр гущIэм пхыкIыу,
  • икIыжт мастэнэм гъащIэ кIыхьыр…
  • * * *
  • Къыкъуоур жьыбгъэр. НапIэзыпIэм
  • зэхэзехуэн ди ныджэр ещI.
  • Уэс Iэтэм щIопщэ и фIэщыпэу,
  • зэщIэзыгъэстым мафIэ ещхьщ.
  • Къыспожьэ ар, къыспэплъэ щIыкIэу,
  • и IэплIэ щIыIэр къызешэкI.
  • КъыщIегъэхьэж си нэгум Iэджэ,
  • къэкIуэну гуэрхэр нэгу щIегъэкI.
  • СыкъэкIуэжащ ди псыхъуэ щэхум,
  • жэщ къэскIэ хъуат абы сепщIыхь.
  • АрщхьэкIэ сигу щIэныкъуэр  сщIэркъым,
  • зэшыгъуэр сэ къыстокIуэ щIэх.
  • Хужьщ дунеишхуэр, нэр щIисыкIыу,
  • мэз задэр зиутхыпщIыну хэтщ.
  • Нэтемыгъахуэу сфIэщI зэрыджэр
  • иджыри къэс абы къыпхощ.
  • Мыл пIащIэм щэхуу псыежэхыр
  • къыщIэпсэлъыкIыу къысщыхъуащ:
  • «Сыныппэплъат нэхъуейр ижыхукIэ,
  • гъэмахуэм дэнэ ущыIа?..»
  • * * *
  • Жьы хъуа си жыгым щхьэр  изогъэщIыр,
  • и пкъым щызекIуэр лъыкIэ зыхэсщIэу.
  • И тхьэмпэ закъуэ щабэу къыстохуэ,
  • аращ зэрыхъур и гум кърихур.
  • Зыри естакъым, зыри хуэсщIакъым,
  • ар хэзысари, уеблэм, сэракъым.
  • Ныблэстхъуу щыIэщ сыщыдэкIаи,
  • къысхуридзыхми щыщ къыпыкIахэм.
  • Иджы къыпыкIэ абы щыIэжкъым,
  • нэхъапэм хуэдэу ар Iущэщэжкъым.
  • А мащIэрати хузэфIэкIыр,
  • зэхуихьэсащ жыг фо сэ щхьэкIэ…
  • * * *
  • Къилъэту гур, сыхоплъэ щIым.
  • Жыг тхьэмпэ гъуахэр ещхьщ ятIагъуэм.
  • Пшэ къэлъэхъшам щIым и мэ щоу,
  • щхьэ темыхьэжрэ и лъагъуэм?
  • Зэм кхъащхьэу Iуащхьэ къэс  къысщохъу,
  • кIэнауэр мащэу солъагъу зэми.
  • Аргуэру кIуащ си зы ныбжьэгъу
  • къыздимыкIыжым зыри, зэи…
  • * * *
  • Гъуэгу, гъуэгу, гъуэгу — къоуэ си гур.
  • Жьэгу, жьэгу, жьэгу — къоуэ си гур.
  • Гъуэгумрэ гумрэ зэхуокIуэ.
  • Жьэгумрэ гумрэ зэпокъур.
  • Къысхуэгъэгъу, сыщалъхуа унэ,
  • къысхуэгъэгъу, сыщапIа лъапсэ.
  • Си гугъакъым сыпсэуну,
  • фи дежкIэ сынэхъуапсэу.
  • Гъуэгухэр сщIарэт зыдэщIыр,
  • си гур зыхуейр пхагъэкIкъым.
  • Сыпсэууэ аркъудейщ сэ,
  • ухыгъэм сыIэщIэкIыу.
  • КъэкIуэнур си псэм ещIэ:
  • зауэм къикIыжым ещхьу
  • зэгуэрым сынэкIуэжынущ,
  • уIэгъэхэр згъэхъужыну…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Фэеплъым  и  илъэсым  къриубыдэу

2020-12-26

  • Дызэрыщыгъуазэщи, 2020 гъэр Урысей Федерацэм щагъэуващ Фэеплъым и илъэсу. УФ-м и Правительствэм къищта апхуэдэ унафэм и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу щытар 1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъурщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

НыбжьыщIэ зэчиифIэхэм ядолажьэ

2020-12-26

  • Ди республикэм ехъулIэныгъэ яIэу щолажьэ УФ-м и Президентым къыхилъхьа лъэпкъ проектхэм ящыщ куэд. Абыхэм я нэхъыбэр епхащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-12-26

  • Псалъэжьхэр
  • Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ
  •  Гъэм и зы махуэм щIымахуэм уегъашхэ.
  •  Хуэмыху унафэ щIынкIэ Iэзэщ.
  •  ЖьантIэм ущIэмыкъу, пхуэфащэмэ, къыплъысынщ.
  •  УзэлъэIу къэгъани, къолъэIу къашэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис