МахуэшхуэмкIэ йохъуэхъу
2020-12-10
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым ди республикэм щыпсэухэм щехъуэхъуащ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм къыхэкIыу.
- «Дэ яхуэфэщэн пщIэ яхудощI Хэкум псэемыблэжу хуэлэжьа ди япэ итахэм я лIыхъужьыгъэм, догъэлъапIэ хахуагъ ин зыхэлъ, дыщалъхуа щIыпIэм, цIыхугъэ лъагэм, мамырыгъэм, къэралым щыпсэухэм я зэIузэпэщыныгъэм папщIэ Iуэху къызэрымыкIуэхэр зэфIэзыгъэкIыу нобэ псэухэр.
- ЛIыхъужьхэр сыт щыгъуи щапхъэ яхуэхъунущ Хэкур фIыуэ лъагъунымкIэ, ди бынхэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэмрэ я гъуазэу щытынущ. МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу!», — дыкъыщоджэ КIуэкIуэ Казбек и тхыгъэм.
- Къэхъун Бэч.