ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэтемыщэхэжын быдапIэкъым

2020-12-10

  • Бгыхэм я дунейпсо махуэр дыгъэгъазэм и 11-у 2003 гъэм ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIа и 57-нэ зэхуэсым къыщащтами, абыкIэ жэрдэмыр къыщыхалъхьауэ щытар нэхъ пасэущ — 1992 гъэм зи гугъу тщIы зэгухьэныгъэм зэхиша конференцырщ — дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ теухуауэ щытарщ.

  • Ди планетэм щIыгуу иIэм и Iыхьэ плIанэр (процент 22-м щIигъур) къуршхэмрэ къуакIэбгыкIэхэмкIэ щIэхъумащ. Урысей Федерацэр къатщтэмэ, и щIыналъэхэм ящыщу 43-м къуршхэмрэ лъагапIэхэмрэ зыщаубгъуащ.
  • ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, дунейпсо экономикэм зиужьынымкIэ бгылъэ щIыпIэхэм я мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу инщ. ЩIы Хъурейм тес цIыхухэм ящыщу процент 13-р (мелардым нэблагъэр) къуршылъэ лъагапIэ- хэм щопсэу. Ахэр абыхэм я дежкIэ икIи я ерыскъы хэкIыпIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, къуршхэр нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ я хэгъэгуу, ди планетэм и щIыгум щежэх псышхуэхэм я нэхъыбапIэм я къежьапIэу зэрыщытри, цIыхухэр нэхъ дэзыхьэх, туризмэм нэхъ зыщиужь щIыпIэ телъыджэхэм зэрыхалъытэри.
  • Къуршхэри гулъытэ хуэныкъуэщ
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIуэтэху къэси нэрылъагъу мэхъу бгыхэми тIасхъапIэ зэраIэр, ахэри игъащIэкIэ зэтемыщэхэжын быдапIэу зэрыщымытыр. Дигу къемыуэнкIэ Iэмал зимыIэщ, бгыхэм хъугъуэфIыгъуэхэр къыщIэзых языныкъуэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр я лэжьыгъэм зэрыхуэмыIэижьым, я IуэхущIафэхэм къарикIуэнум зэрытемыгузэвыхьым къыхэкIыу, ахэр щылъэща щIыпIэхэр къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу теплъаджэ зэрыхъури.
  • ГъэщIэгъуэныр аращи, альпинистхэми туристхэми яхэтщ зэхакIухь джабэ нэкIухэмрэ абыхэм я зэхуаку дэт тIуащIэхэм- рэ леишхуэ езыххэри. А псом я гущIыIужкIи, къуршхэм я куэщI ис къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэсхэми щыпсэу щIыпIэм зэхъуэкIыныгъэ узыхуэмейхэр къыщагъэхъу.
  • Зи гугъу тщIахэм мыри дэщIыгъужыпхъэщ: дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм — уэгъум, ятIэпс къежэххэм, уафэм къех псыIагъэм гуилъэсыкI-гуигъэухэм, уэсукхъуэхэм къыздрахьэх мывэхэм, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэхэм, нэгъуэщIхэми — я зэрани бгылъэ щIыпIэхэм йокI.
  • ГъэщIэгъуэнщ
  • ЩIы Хъурейм щынэхъ лъагэ дыдэ бгыхэр зыхыхьэ Гималаи къурш зэрыIыгъым километр мини 3-м нэблагъэ и кIыхьагъщ, и бгъуагъыр километр 350-м нызэрохьэс. Къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм ар апхуэдизу щхьэщыIэтыкIащи, и лъэныкъуэ зырызымкIэ дунейм и щытыкIэр щызэхуэдэкъым: ищхъэрэкIэ зыкъыщызэкъуэзых губгъуэшэкракъ абрагъуэхэм Сыбыр щIыIэр къыпысми, Индие къэралыгъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэр зыхуэкIуэж тIуащIэ щIэращIэхэм, мэзылъэ бгыщIэхэм я лъабжьэм, жэнэтым укъыщыхутам хуэдэщи, щыхуабэщ, щызэгъщ. Дызэрыщыгъуазэщи, Гималаи къурш зэрыбыным хеубыдэ метр 8848-рэ зи лъагагъ Джомолунгмэ (Эверест) бгыжьри абы куэдкIэ закъыкIэрызымыгъэху адрей Iуащхьи I0-ри.
  • ЗэрытщIэщи, куэд щIащ дыщыпсэу Кавказыр зыщыбгъэпсэхункIэ, лъэс туризмэм зыщебгъэужьынымкIэ, лыжэхэмкIэ къыщыбжыхьынымкIэ, альпинизмэм ехьэлIа Iуэхухэр щебгъэкIуэкIынымкIэ зыхуэдэ щымыIэ щIыпIэхэм ящыщу къызэралъытэри. ИтIани, мы зэманым дунейм нэхъ зыщызыужьа, щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ бгы лыжэ курортхэр зэрытыр Европэм и курыкупсэм зыщызыукъуэдия Альпы къуршылъэ щIыпIэрщ. Абы и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Монблан Франджымрэ Италиемрэ я гъунапкъэм тетщ. 1965 гъэм ирихьэлIэу, лъэныкъуитIымкIи а бгым и лъабжьэр щыпхаудащ икIи къыщызэIуахащ а къэралитIым я зыгъэпсэхупIэ нэхъ зыкъизыххэр зэпызыщIэ къурш гъуэгу цIэрыIуэр.
  • Иджы Японие къэралымкIэ зедгъэзэкIынщи, абы и хытIыгухэм ящхьэщылъагыкI Фудзи бгыжьыр куэд щIакъым ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм дунейпсо щIэинхэм ящыщу къызэрилъытэрэ, абы теухуа лъэIу тхылъхэр зыбжанэрэ хуагъэхьауэ щытыгъами. Къыхуамыдэу щIекIуэкIар, а бгым, Фудзи, и джабэ нэкIухэр, къыщIэмыщыжын хуэдизу, кIэрыхубжьэрыхухэм ясеяуэ зэрыщытарщ.
  • Щхьэусыгъуэу къыдалъэгъуам «ириукIытэжа» японхэм зыкъызэщIакъуэри, къэралпсо Iуэху кърахьэжьащ: компаниехэм щылажьэхэр, пенсионерхэр, альпинистхэмрэ туристхэмрэ, егъэджакIуэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ — щхьэх зымы-щIэ дэтхэнэри — еувэлIащ Япониер зэрыгушхуэ лъагапIэжьым и бгы нэкIухэр гъэкъэбзэным. Абы кърикIуар аращи, 2013 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм къыщалъытащ Фудзи бгыжьыр дунейпсо щIэинхэм ящыщ зыуэ.
  • А махуэм ирагъэкIуэкI
  • Къырылъэ щIыпIэхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ- хэм дыгъэгъазэм и 11-р зыхыхьэ тхьэмахуэ зэхуакум дыкъэзыухъуреихь дунейм фIыуэ хущытын зэрыхуейм, бгылъэ щIыпIэхэм мыхьэнэуэ яIэр зыхуэдизыр цIыхухэм ягу къэгъэкIыжыным теухуа зэIущIэхэр къызэрагъэпэщ, тхылъхэр щащэ жармыкIэхэм зрагъэубгъу, а Iуэхум ехьэлIа дерсхэм курыт еджапIэхэм щIэс цIыкIухэр щIагъэдэIу.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.