ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Декабрь, 2020

Къэбэрдей-Балъкъэрым  щагъэуващ республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтыр

2020-12-05

  • КIуэкIуэ Казбек Iэ щIидзащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и саугъэтыр щIэныгъэмрэ инновацэхэмрэ я IэнатIэм ехъулIэныгъэхэр къыщызыха лэжьакIуэ ныбжьыщIэхэм етыным теухуауэ» указым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Муслъымэн  щэнхабзэм  и  музей

2020-12-05

  • ЩэкIуэгъуэм и 30-м Президентым и грантхэм я фондыр я щIэгъэкъуэну, Кавказ Ищхъэрэм и Ислъам институтым къыщызэIуахащ КъБР-м   и Муслъымэн щэнхабзэм и музей.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

Зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэ

2020-12-05

  • Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ СОБР-м и къудамэмрэ Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ я лэжьакIуэхэм дзэм хэтахэр, хабзэхъумэ IэнатIэ зезыхьахэр, унафэщI къулыкъу бгъэдэтахэр, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр я гъусэу, Зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и махуэр щагъэлъапIэ зэхуэсым хэтащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iэмал  зимыIэу  дызэпха

2020-12-05

  • ЩIыгулъым и дунейпсо махуэр мы гъэм илъэс ебланэ хъуауэ къэрал зыбжанэм щрагъэкIуэкI. Ар щагъэлъапIэхэм ящыщщ Урысей Федерацэр, Украинэр, Беларусыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс

БЭЧЫЖЬ Лейлэ  Iэбубэчыр и пхъур

2020-12-05

  • Дыгъэгъазэм и 3-м ди къуэш республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, хъыбар гуауэ къикIащ. Дунейм ехыжащ адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Бэчыжь Лейлэ. Лъэпкъми, хэкуми, литературэми ягъуэта хэщIыныгъэр икъукIэ инщ, хьэлъэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2020-12-05

  •  1КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, дыгъэгъазэм и 7
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «ГъащIэ гъуэгу». КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ    и лэжьакIуэ Мамий Ас-лъэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.10 «ПэщIэдзэ». Эльбрус къуажэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.05 Темыркъан Пётр теухуауэ (12+)
  • 8.40 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

Езым и щIэджыкIакIуэхэр зиIэж Жыласэ Заурбэч

2020-12-05

  • ДифI догъэлъапIэ
  • Зэи  и  къалэмыр игъэтIылъыркъым
  • Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр Аруан щIыналъэм щыщ Къэхъун къуажэм 1960 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м къыщалъхуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-12-05

  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • Мэлыл лэпс зэщIэт, тепхъэ и гъусэу
  • Абы щхьэкIэ мэлылыр яупщIатэ е зэпауд г 80 — 100 хъууэ. Псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, шыуаным иралъхьэ. Абы псы щIыIэ щIакIэри, мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри, лыр ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, зэзэмызэ тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ шыгъу хадзэ, зэпэплIимэ цIыкIуурэ упщIэта пхъы, шыбжий дэгу халъхьэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, хьэзыр хъуху ягъавэ мафIэ щабэм тету.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис