ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хабзэрэ Конституцэрэ

2020-12-10

  • УФ-м и Конституцэм ООН-м 1948 гъэм дыгъэгъазэм и 10-м къабыл ищIауэ щыта Псоми зэдай декларацэм щыщ куэд къищтащ. ЦIыхум и хуитыныгъэр хъумэным лъабжьэ хуэхъуауэ къэплъытэ хъунущ а дэфтэритIри.

  • Урысейм и Хабзэ Нэхъыщхьэм абы ипэкIэ щыIа къэрал конституцэхэм хэмытауэ, иджы щыукъуэдиящ къэралым щыпсэу нэрыбгэ щхьэхуэм и цIыхущхьэр гъэнэхъапэн зэрыхуеймрэ дэтхэнэ цIыхуми къыдалъху и хуитыныгъэхэр пэбубыд зэрымыхъунумрэ. Абы къыщыгъэщIэрэщIэжащ цIыху щхьэхуэр зыхуей-зыхуитхэмрэ цIыхубэм и гукъыдэжхэмрэ зэрызэблагъэкIыпхъэр, хабзэмрэ зэхуэдэныгъэмрэ зэзыгъэзэгъ Iэмалхэм тегъэщIапIэ яхуэхъу мардэхэр.
  • Иджырей урысей конституцэр нэрыбгэ щхьэхуэмрэ къэралымрэ зэрызэбгъэдэтыпхъэм ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхькIэ, езы цIыхур япэ ирегъэщ икIи ар и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэхэм язщ. А тегъэщIапIэр щыпэрытщ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ гъащIэ Iыхьэм — цIыхур къэралым зэрыбгъэдэт щIыкIэм. Абы къикIыр зыщ: цIыхур къэралым и «Iэмэпсымэ джафэу» щытыпхъэкъым. А цIыхуращ езы къэралыр щIыщыIэжыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум къэрал къыщIызэригъэпэщыжыр езыр зыхуей хуэзэн папщIэщ. Ар и тегъэщIапIэщ Псоми зэдай декларацэм и пэублэми. Абы жеIэ: «ЦIыху псори зыхиубыдэ унагъуэшхуэм щыщ дэтхэнэ зыми и пщIэм хьэтыр иIэн хуейщ, ар псоми зэхуэдэу къыдалъху» икIи аращ лъабжьэ хуэхъур «хуитыныгъэм, захуагъэм, дунейпсо мамырыгъэм». ООН-м хыхьэ къэралхэм я пщэ къыдохуэ «цIыхухэр пщIэ зэхуащIу зэдэпсэуфын папщIэ, щхьэж зыхуитхэмрэ и хуитыныгъэ нэхъыщхьэхэмрэ къихъумэным» елIэлIэну.
  • Зи гугъу тщIы тегъэщIапIэхэр Конституцэми хэуващ. Абы жеIэ: «ЦIыхур, ар зыхуитхэр, и щхьэхуитыныгъэхэрщ нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэр». Къэралым и къалэнщ «цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэмрэ я хьэтыр илъагъуныр, ахэр ихъумэныр, абыхэм къару яритыныр» (УФ-м и Конституцэм и етIуанэ ст.). АдэкIэ къыщыхощ цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ «гъэзэщIакIуэ хабзэгъэув IэнатIэхэм и къудамэхэми, щIыналъэ щхьэхуэхэм я унафэщIхэми зыщIагъэкъуэныр, ахэр зыхуей хуэза зэрымыхъум хейщIапIэхэр кIэлъагъэплъыныр» къазэрытехуэр (УФ-м и Конституцэ, 18 ст.).
  • XIX лIэщIыгъуэм и 80 — 90 гъэхэм политикэмрэ хуитыныгъэмрэ ятеухуауэ екIуэкIа зэдауэ гуащIэхэм иужькIэ, УФ-м и Конституцэм тегъэщIапIэ нэхъыщхьэу иуващ дэтхэнэ цIыхуми ар зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ дунейм къыщытехьэкIэ къызэрыдалъхур. Абы и щыхьэту къоув Конституцэм къэралыгъуэм и цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ зэран яхуэхъу хабзэ къыдагъэкIыныр зэримыдэр; къэралым ахэр дэтхэнэ зыми нэгъэсауэ къригъэгъэсэбэпыну Iэмал иритыныр езым и пщэ зэрыдилъхьэжыр. Абыхэм щетхьэкъуэ къэхъумэ, ар сыт щыгъуи къыщыхъур зыгуэр езы Конституцэм игъэува мардэм, е ар зи тегъэщIапIэ къэралыгъуэ зэхэтыкIэм ебакъуэмэщ, е адрей цIыхухэм я узыншагъэ, ахэр зыхуит, зыхуей-зыхуэфIхэм зэран яхуэхъуу къалъытэмэщ. Апхуэдэу щIыщытыр къэралыгъуэр хъума хъун, абы лей къытемыхьэн папщIэщ. А Iуэхум хеубыдэ цIыхур зыхуитымрэ и щхьэхуитыныгъэмрэ мурад мыхъумыщIэкIэ къагъэщхьэпэныр яхуэмыдэнри. Апхуэдэм дежи Iэмал зэриIэкIэ цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ хъума зэрыхъунум йолIалIэ. Псалъэм папщIэ, цIыхум и пщIэм зыри ебгъэрыкIуэну зэрыхуимытыр; нэрыбгэ щхьэхуэм и гъащIэр, и унагъуэмрэ и щхьэмрэ епха щэхухэр ихъумэну зэрыхуитыр, цIыхум и щIыхьымрэ и цIэмрэ гъэлъэхъшэныр захуагъэу къызэримылъытэр Конституцэм и Iыхьэ щхьэхуэхэм яукъуэдий.
  • Хабзэрэ КонституцэкIэ а тегъэщIапIэм тетыным къикIыр къагъэлъагъуэ: япэрауэ, цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ къэралым и хьэтыркIэ гъэмэщIэныр къезэгъыу къэмылъытэным; етIуанэрауэ, езы цIыхур и къэгъэщIыгъэкIи, адрейхэм зэрадекIуэкI щIыкIэмкIи, цIыху хэтыкIэкIи езыр-езыру мыхьэнэ зиIэж, хабзэ пыухыкIам зэгъэзэхуауэ тетыф псэущхьэ лъагэу зэрыщытыр къабыл щIыным икIи абы щыхьэт техъуэу, езыр зыхуит, зи щхьэхуитыныгъэ, зи къалэн зиIэж «цIыхубэ гъащIэм» зэрыщыщыр укъуэдииным; ещанэрауэ, хьэтыр зиIэ дунейпсо организацэхэмрэ къэралхэм я нэхъыбэмрэ къащтауэ, цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ, абыхэм епхыжа къалэнхэмрэ къабыл зыщI дуней зэхэтыкIэм Урысейри щыщу къэлъытэным.
  • Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм тегъэщIапIэ яхуэхъуахэм язщ 1789 гъэм къащтауэ щыта «Франджым ис цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэмрэ» зи фIэщыгъэ дэфтэрыр. Абы итт «цIыху псори щхьэхуиту, я пщIэрэ зыхуиткIэ зэхуэдэу дунейм къызэрытехьэр». Адрей тегъэщIапIэр — Псоми зэдай декларацэм и пэублэм «цIыхубэ унагъуэм ис дэтхэнэ зыми и щIыхьрэ езым къыбгъэдумыхыфын хуитыныгъэхэмрэ» зэриIэр; къэралыгъуэм цIыхур зыхуей хуэзэн папщIэ зыхуигъэувыж къалэнхэр нэсу гъэзэщIа хъун папщIэ, «ар зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ я мыхьэнэр псоми зыгурагъэIуэн зэрыхуейр».
  • Дуней псом къабыл щащIа тегъэщIапIэхэм декIун мурадкIэ, Урысейми нэрыбгэ щхьэхуэм къылъыс лъагагъым зыщихъуэжащ. Ар теухуащ цIыхумрэ цIыхубэмрэ щхьэж зыхуей-зыхуэфI елъытауэ зэрызэдекIуэкIыпхъэм. Ахэр епхащ захуагъэм темыщIыхьа зэныкъуэкъу къызыхэхуэ, имей зэрахьэлIэн плъапIэкIэ къыдах экономикэ лэжьыгъэхэм; къэралым и хуэныкъуэныгъэкIэ нэрыбгэ щхьэхуэм и мылъкур хагъэзыхьу къызэрыIах щIыкIэм; щIыуэпсымрэ нэрыбгэ щхьэхуэхэмрэ зэран яхуэмыхъуу щытмэ, абыхэм я Iыхьэ гуэр къэзыщэхуам зэрихьэну зэрыхуитым.
  • Хабзэм зихъуэжащ дуней псом лъабжьэу къыщалъытэ тегъэщIапIэхэм я IуэхукIи. УФ-м и Конституцэм ар зэрыхэувар мыпхуэдэ щIыкIэущ: цIыхур нэхъыщхьэу зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ хабзэм фIэкIа зыми игъэмэщIэну хуиткъым. Абы къыдэкIуэу нэрыбгэ щхьэхуэм хуэгъэза хабзэхэр захуэу е къуаншэу къызэрапщытэ мардэр зезыгъакIуэ тегъэщIапIэ хэхахэр къыхалъхьащ. Псалъэм папщIэ, цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ УФ-м и Конституцэм пэщIэувэу щытын хуейкъым. Къэралымрэ щIыпIэ щхьэхуэхэмрэ унафэ щызезыгъакIуэ IуэхущIапIэхэри абыхэм къулыкъу щызезыхьэхэри къэралым и цIыхухэм Урысейм и Конституцэмрэ и хабзэхэмрэ ебэкъуэну хуиткъым. ЗэхъуэкIыныгъэщIэщ цIыхур зыхуитхэмрэ абы и хуитыныгъэхэмрэ убзыхуныр Федерацэм и закъуэ и лъэкIыныгъэу зэрагъэувар, УФ-м щыщ щIыналъэ щхьэхуэхэм я къалэныр а хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъум кIэлъыплъын къудейрщ.
  • Псоми зэдай декларацэм щыщу УФ-м и Конституцэм къищтахэм ящыщщ цыхур зыхуитхэмрэ и хуитыныгъэхэмрэ игъэмащIэу печатым къыщытрамыдза хабзэ къагъэщхьэпэну; нэрыбгэ щхьэхуэм лей ирахыну е ар цIыхум и пщIэрэ и щхьэрэ зыгъэпуд нэгъуэщI IэмалкIэ дакъузэну зэ-рыхуимытыр; щхьэж и гъащIэр, и унагъуэмрэ и щэхумрэ, зэхуатх, зэхурагъэхь тхыгъэхэр, телефонкIэ зэжраIэхэр щIахъумэну; щIыпIэр яхъуэжыну, зыхуейм щыпсэуну, Урысейм хуиту икIынуи къихьэжынуи хуит зэрищIыр. Псоми зэдай декларацэм ипкъ иткIэ Конституцэм нэгъуэщI хуитыныгъэщIэхэри щыIапхъэу иукъуэдиящ: мылъку щхьэхуэ къэбгъэщхьэпэу, узэрыхуейм хуэдэу зебгъакIуэу уиIэныр; узыхуей лэжьыгъэр къыхэпхыныр; езы лэжьыгъэр зыхуей хуэзауэ къызэбгъэпэщыныр; цIыхур лэжьыгъэншагъэм щыхъума щIыныр; нэрыбгэ щхьэхуэм и мылъкур хейщIапIэм и унафэкIэ фIэкIа къытепх зэрымыхъунур.
  • Ди къэралыгъуэм иджыри къэс и Конституцэм хэмытауэ къыхигъэхьахэми, япэрей конституцэхэм хэта тегъэщIапIэу къигъэщIэрэщIэжахэми къафIэкIыу, УФ-м и Конституцэм щхьэхуэу хэтщ хуитыныгъэ щхьэхуэхэмрэ ахэр гъэзэщIа зэрыхъунумрэ епха Iэмал зыбжанэ. Ахэр ятопсэлъыхь, псалъэм папщIэ, цIыхур щхьэхуиту, зыми и гугъу къимыщIу псэуну зэригъэувым, псори хабзэм и пащхьэ зэрыщызэхуэдэм, щхьэж зыхуейр жиIэну, зыхуей дин зэрихьэну е зэримыхьэххэну; цIыхубэмрэ къэралымрэ я Iуэхур езыгъэфIакIуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэну, щэнхабзэ гъащIэм хэтыну, езы щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр къигъэсэбэпыну зэрыхуитым. Къезэгъ нэгъуэщI хуитыныгъэ щхьэхуэхэри къащтащ.
  • Псоми зэдай декларацэмрэ УФ-м и Конституцэмрэ зэплъытмэ, ди къэралым цIыхур зыхуитхэмрэ и щхьэхуитыныгъэхэмрэ хъума щыхъун папщIэ, Iуэхушхуэ зэрыщызэфIахыр уи фIэщ мэхъу, ауэ иджыри зэлэжьыпхъэхэр, а дэфтэритIми яукъудия цIыхум и фей-дэ зыхэлъ хабзэхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, зэлIэлIапхъэ зэрыщыIэри наIуэщ.
  • Геляхов Абдулэхь,
  • КъБР-м и Конституцэ хейщIапIэм
  • и унафэщI, УФ-м
  • щIыхьзиIэ и юрист.