КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур
2020-12-12
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Урысей Федерацэм и Конституцэм и махуэмкIэ сынывохъуэхъу.
- Къэралым и Конституцэ 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м къащтам мыхьэнэшхуэ иIащ Урысейм и зэкъуэтыныгъэмрэ ар зыуэ щытынымрэ хъумэным, абы и къэралыгъуэр, социально-политикэ зэпIэзэрытыныгъэр, мамырыгъэмрэ жылагъуэм щыщыIэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным я лъэныкъуэкIэ. Иджырей демократие къэралыгъуэ ухуэным и лъабжьэ быдэу щытщ Закон Нэхъыщхьэр, лъапIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэу щыгъэуващ цIыхур, абы и хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэхэмрэ. Ноби Конституцэр щытщ зыужьыныгъэм и джэлэсу, ди Президент Путин Владимир Владимир и къуэм къэралым зегъэужьыным хуэунэтIауэ къыхилъхьа къалэн нэхъыщхьэхэр, лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм я зэIузэпэщыгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ тегъэпсыхьахэр, зэфIэгъэкIынымкIэ шэсыпIэу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм