ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Кавказ зэгурыIуэ»

2020-11-14

  • ЩэкIуэгъуэм и 6-м Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ «Кавказ зэгурыIуэ» зи цIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхуэс щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ КъБР-м и Дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим.

  • КАвказым ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и жэрдэмкIэ, Ислъам щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм и фондым и нэIэ щIэту, Дагъыстэным и Дин IуэхущIапIэм къызэригъэпэща зэхуэсыр Мэхъэчкъалэ дэт Педагогикэ колледжым щекIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ Дагъыстэн  муфтийм  и  къуэдзэ  Майоранов Мухьэмэд, Кавказ Ищхъэрэм ит дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, къэрал лэжьакIуэхэр, студентхэр, егъэджакIуэхэр.
  • Зэхуэсым кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэм дин зэхуэмыдэ зэрахьэу щыпсэухэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэмылъу зэрымыхъунум, ар щIыналъэм фэфI къытезыгъэуэну щхьэусыгъуэхэм язу, диныр къагъэщхьэпэу Iуэху мыхъумыщIэ къезыхьэжьэну хэтхэм зэрапэщIэувапхъэ Iэмалу зэрыщытым и гугъу ящIащ.
  • Ди республикэм щыщу зэхуэсым хэта, КъБР-м и Дин IуэхущIапIэм и унафэщIым  и  къуэдзэ  Сыжажэ  Алим а махуэ дыдэм мэрем хъутIбэ къыщеджащ Кулецма щыщ Али-хьэжы         и цIэр зэрихьэу Мэхъэчкъалэ дэт мэжджытым. «Гъэунэхугъуэхэр» зыфIища, мэхъэчкъалэдэсхэм фIыщIэ къыщIыхуащIа и хъутIбэм Алим щытепсэлъыхьащ фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхум гугъуехьхэм яфI къызэрекIым, абыхэм бэшэчу ябгъэдэтым псапэ къызэрихьым, и гуэныхьхэр къызэрыхуэгъум.
  • «КъурIэн лъапIэм Алыхьталэм къыщыджеIэ, — къыщыхигъэщащ Сыжажэ Алим и дагъыстэн къыхуеджэныгъэм: — «ТэмакъкIыхьагъыр фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъым и мэIущ икIи и Iэщэщ. Абы и фIыгъэкIэ ар пхокIыф хьэзабрэ бэлыхьу и гъуэгум къытезэрыхьым». Гугъуехь гуэр къызэзынэкIар абы и фIыгъэкIэ нэхъ зэпIэзэрыт, щыуагъэу ищIахэм нэхъ яхущIегъуэжрей мэхъу, гужьеигъуэм къызэрелам и фIыщIэр хегъахъуэри, езым псапэ ищIэнуи нэхъ тогушхуэ».
  • Чэрим  Марианнэ.