КЪАРДЭН Хьэдис Мудар и къуэр
2020-11-14
- И ныбжьыр илъэс 78-м иту дунейм ехыжащ Къардэн Хьэдис Мудар и къуэр. Ар Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ 1942 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м.
- Къуажэ школым иужькIэ Хьэдис щеджащ Налшык дэта медицинэ техникумым. ДзэIулъхьэ IэщIагъэр абы щызригъэгъуэта нэужь ар лэжьакIуэ ягъакIуэ Оренбург къалэм. Абы щылажьэурэ дзэм ираджэ. И сэлэт къалэнхэр фIы дыдэу зэригъэзэщIам нэмыщI, Къардэныр армэм къикIыжауэ щытащ бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер хъуауэ.
- Дзэ къулыкъури, Оренбург зэрыщыIэн хуей зэманри къиухыу республикэм къигъэзэжа нэужь, Къардэн Хьэдис илъэс зыхыблкIэ Налшык щылэжьащ и IэщIагъэмкIэ. Ар зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, Iуэхутхьэбзэ зыхуищIэхэм я щытхъу куэд къэзылэжь IэщIагъэлIт. Апхуэ-дэу щытми, Хьэдис щIэхъуэпс зэпытт адэкIи еджэну. ИкIи, а зэманым ирихьэлIэу студент ныбжьым фIыуэ щхьэдэхами, ар тогушхуэри щIотIысхьэ КъБКъУ-м и тхыдэ факультетым. Абы фIы дыдэу зэрыщеджар къалъытэри, ар университетым къагъэнэж тхыдэмкIэ кафедрэм щылэжьэну. Къардэныр а IэнатIэм пэрытащ и ныбжьыр нэсу пенсэм кIуэху.
- Иужь илъэс зыбгъупщIым Къардэн Хьэдис жыджэру хэтащ жылагъуэ лэжьыгъэм. Ар «Къардэн» лъэпкъ хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэт, Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым хэтт.
- Псом хуэмыдэжу Хьэдис емызэшу телажьэрт Къардэн лъэпкъым и тхыдэр зэфIэгъэувэжыным. Лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа хъыбархэр, тхыгъэхэр архивхэм щызэхуихьэсыжурэ газетхэм къытрыригъадзэрт, радиокIэ, телевизоркIэ къригъэтырт. И хъуэпсапIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщт Совет Союзым и ЛIыхъужь зэшитIым — Къубатийрэ Къэбардрэ — я фэеплъ Налшык щагъэувауэ илъагъуныр.
- Хьэдис сытым щыгъуи цIыху нэфIэгуфIэт, лIыгъэ зыхэлъ ныбжьэгъуфIт, щIэныгъэлI гумызагъэт, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и пат- риот нэст. Апхуэдэущ ар дигу къызэринэжынури.
- Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу совет,
- «Къардэн» лъэпкъ хасэ,
- и ныбжьэгъухэмрэ и благъэхэмрэ.