Хьэтуей и тхыдэ жыжьэм ухегъаплъэ
2020-11-14
- Иджыблагъэ «Принт Центр» типографием къыщыдэкIащ «Хатуей. Штрихи к истории селения и генеалогии жителей» тхылъыр. Ар теухуащ Анзор Хьэту и къуажэр ТэрчкIэ къиIэпхъукIыу Урыху псым и Iуфэм къызэрытIысрэ илъэси 170-рэ зэрырикъум. Тхылъыр и IэдакъэщIэкIщ Мамхэгъ Астемыр.
- КъыдэкIыгъуэм ихуащ Хьэтуей и тхыдэ жыжьэм ухэзыгъэплъэж тхыгъэ 14. Абыхэм зыубгъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ генерал-майор Анзор Хьэту и къуажэм и къекIуэкIыкIар, абы и цIыхухэм я гъащIэр зыхуэдар. Апхуэдэу архив дэфтэрхэр и лъабжьэу Мамхэгъым игъэхьэзыращ Анзорхэ Мыхьэт-Мырзэрэ Хьэтурэ я гъащIэ гъуэгуанэм, Анзорхэ я къуажэхэр зэрыIэпхъуам, лъэпкъым и лIакъуэр жыжьэ къызэрыщежьэм, къэзакъ жылэхэр кърагъэтIысхьэн папщIэ я щIым щыщ IыхьэфI къызэрыпачам, къуажэр нобэ здэщыс щIыпIэм къыщIэIэпхъуам и щхьэусыгъуэм, нэгъуэщI куэдми ятеухуа тхыгъэхэр. Ахэр нэхъапэкIэ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуауэ щытащ. Иджы хьэтуейдэсхэмрэ тхыдэм дихьэххэмрэ а тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр зэхуэхьэсауэ мы тхылъым къыщагъуэтынущ.
- КъищынэмыщIауэ, тхылъым ихуащ Хьэтуей и нобэрей гъащIэр уи нэгу щIэзыгъэкI, япэ ита нэхъыжьыфIхэм хуэфэщэн щIэблэ жылэм къызэрыщIэхъуэм щыхьэт техъуэ сурэтхэр.
- Тхылъыр гъэхьэзырыным и жэрдэмщIакIуэри ар къыдэгъэкIы-ным зи мылъку хэзылъхьари Хьэтуей къуажэ администрацэм и унафэщI ДзыхьмыщI Анзорщ. «Апхуэдэ гукъэкI ищIу мы лэжьыгъэр дунейм къытезыгъэхьа ДзыхьмыщIым фIыщIэ хуэфащэщ. ЩIэблэр я блэкIам щыгъуазэу къэтэджынымкIэ ар абы къуажэм хуищIа тыгъэ лъапIэщ», — жиIащ Мамхэгъ Астемыр.
- ЩхьэщэмыщI Изэ.