Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2020-11-14
- Нэщэнэхэр
- Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъунущ
- Абгъуэм абгъуэрынэ кърамынэу джэдыкIэ псори кърахыртэкъым.
- Адакъэпщыр фIэбгъэжыжмэ, абы и лъэпкъ псори докIуэдыж.
- Анэм и быдзыщхьэр шхэмэ, и бын сымаджэ мэхъу.
- АнэщIэр Iуэну фIыкъым — угъурсызщ, хужаIэрт. Апхуэдэр яукIырти яшхыжырт. «Джэд Iуа трашхыхьа?» — жыхуаIэ псалъэжьыр абы къытекIащ.
- Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъунущ.
- Бэдж къоджыхмэ, щыгъыныщIэ къыпхохъуэ, жаIэрти кIэрапIытIэрт.
- Бэдж зэдзэкъар зы унагъуэ гуэрым кIуэрти: «Уэ бэдж къоуа?» — жиIэу щеупщIкIэ. «Уэ блэ къоуа?» — жиIэу къеупщIыжмэ, бэдж зэуар мыбэгыу къанэу, къемыупщIмэ, бэгыу я гугъэт.
- Бэдж цIыкIу ижьымкIэ къеджыхмэ, фIыщ, сэмэгумкIэ — щIагъуэкъым.
- Бэджым бадзэ къыIэщIэбгъэкIыну фIыщ.
- Бэлагъ ятхьэщIыртэкъым — сэкIэ яупсырт, ятхъунщIырт.
- Бэлагъым ебзеймэ, уэлбанэ хъууэ жаIэрт.
- Бэлагъым уебзеймэ, бзэгузехьэ уохъу, жаIэрт.
- Бэрэжьей пщэдджыжьым къэбгъуэта блафэр Iэзэгъуэу ябжырт.
- Гъуазджэ
- Псалъэжьхэр
- КIуэм и гъуэгу хощI
- УэфIрэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым.
- Удэмэ — Iуданэ, убзэмэ — бзыхьэхуэ.
- ЗыхуащIэ нэхърэ зыщIэф.
- КъыптекIуэ лъэщщ.
- Хамэ ущие тхьэмахуэщ, хабзэ хьэху махуищщ.
- Пщы зыфIэпщым пщылI къыпфIещ.
- Дзэм хамэ хэткъым.
- Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
- Ем щыгъуэ бжьэдыгъур зэшщ.
- ЖармыкIэм къыщыхъуар жармыкIэм щызэхэкIыжынщ.
- Мысэр малъэри, хейм и лъакъуэр щIеуд.
- Мыублэ мыхъумэ, мыух щыIэкъым.
- Псалъэ лейм баш лей даIэтыркъым.
- Уи гуащIэ еплъи, уи лъэ гъэбакъуэ.
- Хэплъыхь Iыхьэншэщ.
- ГъунэгъуфI къуэшыфI палъэщ.
- КIуэм и гъуэгу хощI.
- Дадэм щIыгъур нанэщи, нанэм щIыгъур дадэщ.
- ЗэхэкIыр губжьым къыхокI.
- Къуэр напщIэщ, пхъур набдзэщ.
- Дзыхь зыхуумыщI щыкъур мэкъутэ.
- Захуэ жыIэныр нэ ищIыным хуэдэщ.
- Зил мыузым игу узыркъым.
- Зумыхьэри уимыIэри зыщ.
- Хъымыщрэ испы гуащэмрэ
- Хъымыщ щакIуэ ежьауэ мэзым здыщIэтым зы щыхь къыIэщIэлъэгъуащ. И шабзэр зэIуидзэри щыхьым иригъэпщауэ, зы шу цIыкIу къыкъуэжащ. Шу цIыкIум, япэ зригъэщри, щыхьыр къиукIащ. Хъымыщ и шабзэр зэфIихыжащ, шу цIыкIум, епсыхауэ, щыхьыр зэIихырти, бгъэдыхьащ:
- — ФIыкIэ ушх, сяпэ укъищащ, — жери.
- — Уи Iыхьи хэлъщ, — къыжриIащ шу цIыкIум. — Унеблагъэмэ, узгъэхьэщIэнщ.
- Шу цIыкIур испым я шу пашэрауэ къыщIэкIащ. Испым я шу пашэм деж еблэгъащ Хъымыщ.
- Жэщищ-махуищкIэ щыхьэщIащ Хъымыщ испым я шу пашэм деж. ХьэщIэщым Iэнэ къизыхьэ пщащэм егуакIуэри, ар къишэн мурад ищIащ Хъымыщ. Пщащэр испым я шу пашэм ипхъут.
- Хъымыщ къыдэкIуэн идакъым испы гуащэм:
- — Уэ унартщ, испыр дыцIыкIу лъэпкъщ, къызэпхъуэныжынщ, — жери.
- — Уэсхъуэныжынкъым, — жиIащ Хъымыщ.
- — Къызумыхъуэныжынумэ, сыбдэкIуэнщ, — къыжриIащ испы гуащэм. — Къыщызэпхъуэныжа махуэм уи унэ сыкъикIыжынщ.
- АбыкIэ зэгурыIуэри, Хъымыщ испы гуащэр къишащ.
- Испы гуащэр унэ къихьэри зыбжанэ дэкIауэ, Хъымыщ хьэщIэ къыхуепсыхащ.
- — ХьэщIэ диIэщ, тхуэпщафIэ, — жери Хъымыщ испы гуащэм деж игъэкIуащ.
- ХьэщIэхэр мэуэршэрри щысщ, хьэщIэщым Iэнэ кърахьэркъым.
- — ХьэщIэ зэрыдиIэр жефIакъэ, щхьэ зрилъэфыхьрэ гуащэм? — жери аргуэру иIуэхуащ Хъымыщ.
- ИIуэхуар къиутIыпщыжащ испы гуащэм:
- — Иджыпсту хьэзыр хъунущ, — жери.
- «Иджыпсту» жиIа щхьэкIэ, хьэщIэщым Iэнэ кърахьэркъым.
- Испы гуащэм зыщигъэгувэм, Хъымыщ губжьри хьэщIэщым икIащ, пщэфIапIэм кIуэри бжэщхьэIум теуващ:
- — ЕужьэрэкI, мыгъуэ цIыкIу, хьэщIэм емыкIу идощIэ, — жери.
- Испы гуащэм зы псалъэ къыпидзыжакъым, Iэнэр хьэзыр хъуати, хьэщIэщым иригъэхьащ.
- Хъымыщ и хьэщIэр, я щысын зэфIэкIати, гъуэгу теувэжащ, езыри якIэлъыдэкIащ.
- ХьэщIэр гъуэгу тригъэувэжри, Хъымыщ и унэ ихьэжащ.
- — Уи псалъэ бгъэпэжакъым, — къыжриIащ испы гуащэм. — Мыгъуэ цIыкIукIэ укъызэщащ. Сэ си псалъэ сепцIыжынукъым — уи унэ сокIыж.
- Испы гуащэр, Хъымыщ и унэ икIыжри, и дыщым кIуэжащ.
- Фэ фщIэрэ?
- Псалъэм и купщIэр
- Жыджэрыбжьэ. ЩIыхьэхум епха хабзэщ. Мэз е мэкъушэж щIыхьэху щащIам деж псом япэ зи Iуэхур зэфIэзыгъэкIыу къэсыжа гущхьэIыгъым фадэбжьэ иратырт. Абы жыджэрыбжьэкIэ еджэу щытащ. Хабзэр кIуэдыжащ.
- Уэкъулэ. ЦIыхур къулейсыз дыдэ хъуамэ, шхынрэ фадэрэ зэригъэпэщырти, и ныбжьэгъу, и цIыхугъэ зыдэс къуажэ кIуэрт «уэкъулакIуэ сыкъэкIуащ», жиIэрти. Ар здэкIуам ефэ-ешхэ къызэIуихырти, и къуажэгъухэр къригъэблагъэрт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми лъэIуакIуэ кIуам хузэфIэкI тыгъэ къыхуищIырт. Хабзэр кIуэдыжащ.
- МеркIафэ. УэкъулакIуэ нэгъуэщI къуажэ кIуа цIыхум къызэригъэпэщ ефэ-ешхэм меркIафэкIэ еджэрт. Апхуэдэу щIеджэри абы зы меркIэ из нэхърэ нэхъ мащIэ кърат зэрымыхабзэр арауэ къыщIэкIынут. Хабзэр кIуэдыжащ.
- Мэрем мэкъуауэ. Ипэ зэманым щыIа хабзэщ. Къуажэм къулейсызу, цIыхухъу лэжьакIуэ зэрымыс унагъуэу, зи мэкъур пызымыупщIыжыфу дэсхэм цIыхухэр зэхыхьэурэ я мэкъур хупаупщIу щытащ. Ар мэрем махуэм ирагъэхьэлIэрти, абы щхьэкIэ мэрем мэкъуауэ фIащащ. Хабзэр здэщыIар Къармэхьэблэщ, иджы кIуэдыжащ.
- Хэхашэ. Нысэ къэзыша унагъуэм пхъэгъэсын къаригъэшэн папщIэ къызэригъэпэщу щыта щIыхьэхум хэхашэкIэ йоджэ. Хабзэр кIуэдыжащ.
- ЩIыхьэху. Ижь лъандэрэ адыгэхэм яхэлъ хабзэщ. Зы цIыху гуэрым е унагъуэм къыпэщылъ Iуэхур и закъуэ къарукIэ хузэфIэмыгъэкIынумэ, и къуажэгъухэм, Iыхьлы-благъэхэм яжриIэрти, щIыхьэху ищIырт. ЗэдэIэпыкъуурэ Iуэхур зэфIагъэкIырт. ЩIыхьэхур нэхъ къыщагъэсэбэпу щытар щIым щытелэжьыхьхэм, унэ, псэуалъэ щащIхэм, цы щыгъуэхэм, дамыгъэтедзэхэм дежт. ЩIыхьэхум хохьэ сыт хуэдэ зэдэIэпыкъуныгъэри. Хабзэр иджыри щыIэщ.
- ЩIыхьэху шхын. ЩIыхьэху зиIэ унагъуэм и щIыхьэхухэм яригъэшхыну и гъунэгъухэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм къыхуахь ерыскъым щIыхьэху шхынкIэ еджэрт.
- Къулъкъэшхъэн — пщыхэмрэ уэркъхэмрэ я хьэзабыр, тепщэныгъэр ямыдэу я щхьэхуитыныгъэм щIэбэну пщылIыпIэм яфIыIукIыж цIыхухэм къулъкъэшхъэнкIэ еджэу щытащ.
- Шупежьэ — нэгъуэщI лъэпкъым къыхэкIа хьэщIэ лъапIэ къуажэпщым къыщыхуэкIуэм деж абы хъыбар кърагъащIэрт. Къуажэпщым езым и дэрэжэгъухэм ящыщу лIы зытIу хьэщIэхэм япригъажьэрт. Ахэр къуажэ къыдыхьэпIэм деж хьэщIэхэм щаIущIэрти, къуажэпщым деж къашэрт. Аращ шупежьэкIэ зэджэу щытар.
- ХъыбарегъащIэ — хьэщIэ егъэблэгъэкIэщ. Пщыр хьэщIэу езым хуэдэпщым деж щыкIуэкIэ зы щIалэ япэ иригъэщырти, зыхуэкIуэ пщым деж хъыбарегъащIэ игъакIуэрт. А зыхуэкIуэ пщыми шу зытIу шупежьэкIэ еджэу къапригъажьэрти, хьэщIэхэр ирагъэблагъэрт.
- Унагъуэ тегуашэ — хьэщIэ егъэблэгъэкIэм щыщ хабзэщ. Къуажэдэс гуэрым хьэщIэ куэд къыхуэкIуарэ щигъэхьэщIэнрэ здигъэгъуэлъынрэ къемэщIэкIмэ, нэхъ хьэщIэ лъапIэхэр езым и деж къигъанэрт, адрейхэр и гъунэгъухэм деж ишэрти щигъэхьэщIэрт. Апхуэдэуи зыгуэрым хьэщIэ куэдыIуэ къыхуэкIуамэ, и гъунэгъухэр кIуэрти хьэщIэхэр зэбграшырт.
- Думэн Хьэсэн зэритхыжамкIэ.
- ГушыIэхэр
- Ефэндым имыщIэу, уэ пщIэрэ?
- И лIыр лIэри, нанэр и закъуэу къэнат. Къуищ иIэти, щыри хэкIауэ унагъуэ щхьэхуэ зырызу псэурт. И нысищри бзаджэ защIэти, нанэр зыми зрашэлIэн ядэртэкъым. Дэтхэнэми жиIэрт:
- — Сыт сэ си закъуэ си гуащэр спIыжын щIыхуейр?
- Апхуэдэу щыхъум, и къуищыр зэхуэсыжри, я анэм унафэ тращIыхьащ зы тхьэмахуэм зым деж, адрей тхьэмахуэм адрейм деж яхьурэ щагъэIэну.
- Апхуэдэу екIуэкIыурэ, зэгуэрым, зэшищым я зым и анэр езым и деж щихьым, ефэндыр къыдэкIауэ куэбжэм деж щыту илъагъури:
- — Фи анэр апхуэдэу щIыбкIэ къевмыхьэкIыу, лIы ефтыжын хуейщ, — жиIащ.
- Зи анэр зи щIыбым ис щIалэм зыкъигъазэри, ефэндым зыкъыхуигъэгусащ:
- — Iэу, ефэнды, жьы хъуа ди анэм щхьэкIэ ар дауэ пхужыIа?
- — Ефэндым имыщIэу уэ нэхъ пщIэрэ! — жиIэри, фызыжьыр къуэм и щIыбым итIыхьащ.
- ЛIэуэ зэгъэжам и насыпщ
- Зэныбжьэгъу щIалэжьитI пщыхьэщхьэу я ныбжьэгъу ещанэм деж ефакIуэ макIуэ. Бжьыхьэщ, уэшхымрэ уэсымрэ зэщIэлъу къотIэтIэх. Къуажэ уэрамыр кIыфIщ, ятIэщ. Езы тIури махуэ псом лэжьащ. АрщхьэкIэ фадэр бзаджэщ, я ныбжьэгъум цырибон яIэу къажриIащи, къуажэкIэм икIауэ къуажапщэм нэс епIэщIэкIыу макIуэ. ТIури щымщ.
- Ауэрэ кхъэм нэсауэ здыблэкIхэм:
- — ТхьэмыщкIэхэ, ефи-ешхи зимыIэж насыпыншэхэ, — жиIащ зым кхъэм щIэлъхэм щхьэкIэ.
- Зэ нэсынтэкъэ — зэныбжьэгъуитIыр здэкIуэм нэсащ. Ауэ, здэкIуа я ныбжьэгъур дэмысу, куэбжэри гъэбыдарэ хьэри къэутIыпщауэ ирихьэлIащ.
- Кърагъэзыхыжауэ къохыж. ЩIыIэщ, псыIэщ, ятIэщ. Бжьыхьэ щIыIэр я нэкIум къоуэ. ТIури щымщ. Ауэрэ кхъэм къэсыжащ.
- — Насып зиIэ, хуабэ-хуабэу кхъэм щIэлъхэщ, дэ уэсри къыттесэу, уэшхри къыттешхэу, ятIэри зэхэдутэу дыдэтщ, — жиIащ етIуанэм.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- Шхыныгъуэхэр
- Жэрумэ зэращIыр
- Мэл ныбапхъэр фIыуэ ягъэкъабзэри, и бгъуагъыр см 15, и кIыхьагъыр см 25-рэ хъууэ зэпагъэж. Ахэр Iэнэм траукъуэдиери, и щIыIум шыгъу, джэдгын, шыбжий трагъэщащэ, итIанэ ныхупIэ гъэкъэбзар щэри зэрыкIэрылъу (тырку хэмылъу) см 13 — 14 хъууэрэ зэпаупщIри, ныбапхъэм и кIыхьагъымкIэ тралъхьэ. Щэ тхъурымбэр кIыхьурэ зэпаупщI, жэрумэм ирикъун ныхупIэ абы кIуэцIалъхьэри, ныбапхъэр кърашэкIыж.
- Ныбапхъэм и кIапитIыр зэтехьэу щытын хуейщ. Ар IуданэкIэ е кIэтIий псыгъуэ къабзэкIэ зэкIуэцIапхэ и кIыхьагъымкIи, и кIапэр зэрадзэж. КIэтIийкIэ зэкIуэцIыпхар нэхъыфIщ, сыту жыпIэмэ жэрумэр тебэкIи дзасэкIи щагъажьэ щыIэщ. Апхуэдэм деж Iуданэр къыхэхыжыгъуейщ. Хьэзыр хъуа жэрумэр щIыIалъэм далъхьэри, фIыуэ ягъэдий, щагъавэкIэ ныбапхъэмрэ ныхупIэмрэ псыр къащIэмыжыну, арыншэмэ лэпсыр утхъуэнущ.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
- Ныбапхъэ гъэкъэбзауэ — г 120-рэ
- НыхупIэу — г 100
- Щэ тхъурымбэу — г 90
- Бжьын укъэбзауэ — г 20
- Шыбжий плъыжь сыру, джэдгыну, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- Губгъуэ мэракIуэ зыдэлъ дэлэн
- Тхьэвым дэлъынур зэрагъэхьэзырыр: мэракIуэр къабзэу зэхащыпыкI, псы щIыIэ дагъэжэх, фошыгъу тракIутэри, тIэкIу щагъэлъ, мэракIуэм фошыгъур хыхьэн хуэдэу.
- Халъхьэхэр:
- Тхьэвым:
- Гуэдз хьэжыгъэу — грамм 500
- Шэуэ — г 250-рэ
- Пщагъэу — грамм 15
- ДжэдыкIэу — 1
- Фошыгъуу — грамм 30
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз
- Дэлэным дэлъынур:
- МэракIуэу — грамм 400
- Фошыгъуу — грамм 90
- Дэлэн жьам щахуэ фошыгъупсым:
- Псыуэ — грамм 20
- Фошыгъуу — грамми 10.
- «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:1. Хьэкъущыкъу. 3. НэгъуэщIым пцIы теплъхьэмэ, … къэпхьынщ. 6. Ди гъунэгъум и … пажэр пелуан хъуащ. 8. Пхъэщхьэмыщхьэ плъыжь цIыкIу, купкъ илъу. 9. Хъэуан хъуар апхуэдизкIэ IэфIщи, … йоткIухь. 10. Дунейр … шэнтщ. 11. Жеин зыфIэфI. 12. Хьэцэпэцэ къахыжар щаIуэкIэ гъупщым нэхърэ нэхъ щабэу къыщIэкIыр. 13. Бгым е псым я нэпкъ лъагэ. 15. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 18. КъулыкъущIэм и IэнатIэр … ищIауэ и щхьэ Iуэхущ зэгугъур. 21. Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан … 22. Бийр къуажэм къыщыблагъэм, зэрыжылэу … ихьэжащ. 23. ЛIы ныбаблэм Iэнэм къыхутралъхьар … хуэхъуакъым. 25. Гъэм и зэман. 27. Колхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 29. ПIастапхъэ. 30. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист … Борис. 31. Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм … иIэкъым. 32. Щхьэл мывэр зэкIэрэхъуэкI гъущI яе. 33. ГъуэлъыпIэ натIэ.
- Къехыу:1. Кърагъэблыжу жэмым къыщIаш шэ. 2. Революционер цIэрыIуэ, шэрихьэт полкым и командиру щыта Къатхъэн … 4. ПцIыи пэжи, цIыху цIыкIур а псэущхьэм къытепщIыкIауэ жаIэ. 5. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ … Динэ. 6. Сосрыкъуэ и къэшэн тхьэIухуд. 7. Iуэм е хадэ е ихьэпIэм Iуагъэувэ. 14. Хадэм ирагъэувэ къуалэбзугъащтэ. 16. Хэкум епцIыжар хьэIупс ящIащ, пу … ирахащ. 17. … техьэ тенэркъым. 19. Макъ псыгъуэкIэ джэ пкIауэ лъэпкъ. 20. Хадэм щагъэкI шхынхэлъхьэ удз. 23. Ди гъунэгъу Iэзэм жин … иIэу яIуатэ. 24. Дунейм ехыжам и хъыбар цIыхум ялъэзыгъэIэс. 26. «Насып мыухыр зи гуращэр … и гъуэгум щыхуэмей…» — КIыщокъуэ Алим и усэ «СыкIуэнт нэхъ псынщIэу схузэфIэкIым» щыщщ. 28. ЩоджэнцIыкIу Алий и поэмэ «НыбжьыщIэ хахуэм» хэт лIыхъужь нэхъыщхьэ.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ЩэкIуэгъуэм и 7-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:3. Мылъхуэс. 6. Къуаргъым. 9. Пхъы. 10. Бзыхьэхуэ. 13. Мащэ. 14. Лэкъум. 15. Шху. 17. Бо. 18. Шыпхъу. 20. Шопс. 21. Пхъужь. 22. Сыдж. 23. Гъэр. 25. Блэ. 27. Абгъуэ. 30. Джатэ. 31. Бу. 32. Дэ. 33. Деур. 35. IумпIэ. 37. Ландыщэ. 40. Умэ. 42. ЩIыдагъэ. 43. Лъынтхуэ.
- Къехыу:1. Бэдж. 2. Къан. 3. Мыхьэмышх. 4. Лъэхъуэщ. 5. Пхъэхь. 7. Гъаблэ. 8. Мырамысэ. 11. Захуэ. 12. Хуабэ. 16. ТIэхъуалэщ. 19. ХъуаскIэ. 20. Шэрэдж. 24. КъардэнгъущI. 26. Iэрэмысэ. 28. Куба. 29. Къудащ. 34. Уэрэд. 36. Мэуэт. 38. Дамэ. 39. Гугъэ. 41. ЦIыв.