ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мэремкъул Ларисэ:   Сызыхуэныкъуэ  дунейм тету сщIэркъым

2020-11-14

  • ЦIыхум хэлъым я нэхъыщхьэр сабиигъуэм къызэрыщежьэм шэч къытесхьэркъым сэ. ИужькIэ псыхьа хъу ди Iэпкълъэпкъым, ди псэм дыкъэзыухъуреихьхэм яжь мымащIэ къыщIихуми, нэхъыбэр къыддалъхуу, псори нэхъуеиншэу щызыщIэтшэ сабиигъуэм къыхэкIыу къысфIощI. Нобэ къыщалъхуа махуэр зэригъэлъапIэр си щхьэусыгъуэу псэлъэгъу схуэхъуа журналист Iэзэ, зэдзэкIакIуэ гъуэзэджэ, и къалэмыпэм къыпыкIа зэдзэкIыгъэхэмрэ и ра-дио нэтын купщIафIэхэмкIэ ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIыуэ къыщацIыху Мэремкъул Ларисэ  хуэгъэза  си  япэ упщIэри а зэманым щIехьэлIам и щхьэусыгъуэр арат.

  • Уи унэжь пхъэжь мафIэщ
  • Мэремкъул Ларисэ

    … Къармэхьэблэ и адрыщI дыгъафIэмкIэ щыпсэурт Ларисэ къыщалъхуа Мырзэкъанхэ я унагъуэр. «БжыхькIи къэмыхухьауэ ди унэр бжьэпэм тетт, — игу къегъэкIыж Ларисэ. — Дауи мышынэхэрэт, сабийхэр ехуэхынущ жаIэу икIи къехуэххэрт, фэбжьи щыхах къэхъурт. Укъехмэ, псы архъуанэм и деж, Мырзэкъанхэ еяуэ (колхозыр щызэгухьэм щыгъуэ Iахат) зы щхьэл цIыкIу щытт, си  адэшхуэм и къуэш нэхъыжьымрэ нэгъуэщI зы лIыжьрэ чэзууэ тесу. ИлъэситI-щы нэхъыбэ сымыхъуу мис а дадэм си IитIыр иIыгъыу архъуанэм сыхигъапкIэу зэрыщытахэр си нэгу щIэтщ».

  • Ларисэ илъэсиплI хъууэ арат и адэмрэ и адэ къуэшымрэ унитI зы лъапсэм иращIыхьу бгы лъапэмкIэ щыIэпхъуам. ЗэкъуэшитIми бын плIырыплI яIэу псори зы пщIантIэшхуэм къыщызэдэхъуащ. «ЩIалэ цIыкIуми хъыджэбз цIыкIуми йы дыхъуу, ди адэ-анэхэр щIалэу, абы щыгъуэм жьы дыдэ хъуауэ къытщыхъу ди адэшхуэмрэ  анэшхуэмрэ  псэууэ… мис апхуэдэу дахащэу, ди гъащIэр къикъуэлъыкIыу дыпсэуащ ин дыхъухукIэ», — жеIэ Ларисэ. Дунейм сытыт абыхэм ямыIэр, насыпыр я IэкIэ кърагъахъуэу псэун щIадзэ къудейщ. Хэт ищIэн абыхэм къапэплъэри, я натIэ хъуну-ри, гъащIэ архъуанэм зыIуихьэну тафэри. ИджыпстукIэ сабиигъуэ насыпыфIэкIэ зэджэж хъугъуэфIыгъуэм зыхагъэпскIыхь…
  • — Сыкъыщалъхуа махуэхэм щыщу дэтхэнэр нэхъ насыпыфIэ дыдэу пIэрэт жысIэу сыщегупсысыжкIэ, си гум къридзэжыр, зэи сщымыгъупщэр зыщ. Ебланэ классым сыщIэсу, дыгъэпс махуэ дахэу, мамэ «Белочка» кIэнфет килограмм школ буфетым къыщысхуищэхуат. Ар си жыпхэм из сщIащ, папэ машинэ къыдитри, си шыпхъурэ дэлъхурэ си гъусэу шофёрым зэрыджэхьэ Шэнтхъурей дишащ. Насыпу щыIэр къызэуэлIат! Адрей си махуэхэр зэрызэщхьэщыкIышхуэ щымы-Iэу, зыр къыкIэлъыкIуэм и фэгъуурэ йокIуэкI.
  • Сабиигъуэм и деж къэмыхъу иужькIэ къэхъужыркъым, дауи. Иджыпсту къеплъэфажьэу щытмэ, уи гуауэ, уи жагъуэ хъуа гуэрхэри хэтщ сабиигъуэм, ауэ дэтхэ-нэ зыри а зэманым дыхуохъуэпсэкIыж. Сабиигъуэ защIэу мыхъуу-щэ, щIалэгъуэ дахэмрэ иджыпстуреймрэ къащти, си гъащIэр тIууэ гуэша хъуащ. Псэм хэлъым хэдмыхыну фIыуэ тлъагъуу щыта си адэшхуэ-анэшхуэр дунейм ехыжащ. ИужькIэ си адэри пасэу, илъэс 52-рэ фIэкIа мыхъуу, тIэщIэкIащ. Илъэсрэ ныкъуэрэ дэкIри, си дэлъху нэхъыжьыр, сабиищ къанэри, машинэ зэжьэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ. АдэкIэ си анэр… Апхуэдизым щхьэ сыхэбгъэхьэжа иджы, Залинэ?! — жеIэ хэгупсысыхьауэ Ларисэ. — АтIэ зэрыгуэшар мис аращ — си адэ-си анэри, си дэлъхухэри псэууэ щыщыта зэманымрэ, мыдэкIэ щIидза нэгъуэщI дунеймрэ. Сыту жыпIэмэ, дэ ди гъащIэр цIыхуращ зэпхар, фIыуэ тлъагъухэращ дызыгъэпсэури, дыщIэпсэури, ди гум илъри, ди псэр зыгъэтыншри. Мис а хэщIыныгъэхэр щыщIидзам щы-гъуэ дыкъэкъутауэ къысщохъу. ЗэрыжысIащи, моуэ къикъуэлъыкIыу дыпсэуурэ…
  • ЩIэныгъэм и къигъэхъуапIэмрэ бзэ лъагъуныгъэм и къежьапIэмрэ
  • Ларисэ и адэ-анэ Мырзэкъан Мухьэмэдрэ ФатIимэтрэ.

  • Сабиигъуэ гукъэкIыж IэфIхэр зэпха Къармэхьэблэ жылэжьыр.

  • — Дауи, аращ, сабиигъуэращ ди еджэныгъэри, ди лэжьыгъэри, ди Iуэхури къыщежьэр. Ди унэм щIэсу хъуар тхылъ еджэрт дэ, жэщми махуэми. Си анэ махуэ псом хущIэмыхьар, апхуэдизу лъэуджыджар, Балъкъ нэс кIуэуэрэ зэрыIэбэн, зэрыпщэфIэн, Iэщым ирафын псы къэзыхьар и пIэщхьагъым газет зытIущрэ тхылърэ щIэмылъу зэи гъуэлъыжыртэкъым. ГъуэлъыпIэм зригъэщIыжырти, «Ялыхь, уи шыкурщ, мы пIэ тIэкIур тыншыгъуэу къыдитащ», — жиIэрт, тIэкIу тхылъ еджэжу хэлъти итIанэт щыжеижыр. Си адэр колхоз унафэщIт, газетхэр стIолыщхьэм тезу телъу, тхылъ гъуэтыгъуейхэр щIитхыкI-рэ къригъэхьу апхуэдэт. Абы зыIэригъэхьа тхылъхэм унагъуэм щIэсу хъуар деджэн хуейт зэIэпытхыу. Папэ лэжьапIэм щыIэху, къытщIэкIиеми къытфIэмыIуэ-хуу, къэтпхъуатэрти деджэрт. Зэи унэ лэжьыгъэ фщIыж жаIэу дыхагъэзыхьауэ, хьэмэрэ тхылъ феджэн хуейщ жаIэу къыджаIауэ сщIэжыркъым. Ар тлъагъурти тщIэжырт, тхылъ фIыуэ тлъагъурт, дымыщIэ зэдгъэщIэну тфIэфIт.
  • Си адэ-си анэм «творчествэ» псалъэр зыхалъхьэ щыIэтэкъым, щIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэм и щыхьэту. Бынибгъу цIыкIу-цIыкIуу къыхуэнэу фызабэ хъуа и анэм дэIэпыкъун папщIэ классибл нэужьым лэжьэн щIидзат си анэм. «Сэ Iэмал сиIа мыгъуэкъым, армыхъуамэ сытым хуэдэу фIыуэ седжэнут», — жиIэу и гуныкъуэгъуэшхуэт абы. АфIэкIа зэремыджауэ икIи лажьэрти, тхылъри фIэфIти, есэпри ищIэрти, уеблэмэ школым бухгалтеру тIэкIурэ щыIат мамэ. Мы дунейм а цIыкIум зэпимыIуф щыIэтэкъым. Пушкиным и «Маленькие трагедии»-р зэрыщыту, нэгъуэщI Iэджи гукIэ ищIэрт, абыхэм сэ къысхуеджэрт, езым къызэры-щыхъухэр щIыгъужу.
  • Папэ «творчествэ яхэлъкъым» жиIэрейт. «Папэ, колхозым сыт хуэдэ творчествэ», — жысIэрти, — «Сыт а жыпIэр, творчествэ хэмылъу мы дунейм теткъым пхуэщIэн, къыбгурыIуэу щытмэ», — жиIэрт. Узэгупсысын хуей Iуэхущ. 
  • Дэ дыщеджар «Къамбий Му-хьэб и школ» жыхуаIэу Къэбэр-дей псом къыщацIыхуу щыта-ращ. Ди егъэджакIуэхэр телъыджэ защIэт, зы лIэщIыгъуэм и цIыхуу. Адыгэбзэр иджыпсту дауэ зэрырагъэджыр? Факультативу, еджи хуэдэу емыджи хуэдэу, щхьэфэду. Хьэуэ,  дэ  апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ диIакъым. Дерс псори зэхуэдэт, псоми хэгъэзыхьауэ еджэн, псори щыуагъэншэу зэгъэщIэн хуейт икIи тфIэгъэщIэгъуэнт. Дерсхэр зэхэгъэж ящIу, мыр нэхъыщхьэщ, модрейр Iуэхукъым, ар Iэмалыншэкъым жаIэу щIадза иужьщ щызэIыхьар. Къуажэ сабийхэм адыгэбзэ ямыщIэмэ, хэт ищIэнт?! ТщIэм и закъуэтэкъым, хэгъэзыхь хэмылъу, тфIэфIу деджэрт, дызэрызэпсалъэри дызэрыгупсысэри арат. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпсту щыIэ къуажэ сабийхэми урысыбзэр нэхъ къащтэ, нэхъ яфIэтыншщ.
  • Уезыгъаджэм и фIэщ ухъумэ, плъэмыкIын щымыIэу уи щхьэм кърилъхьэфмэ, абы Iэджэ иIыгъщ. УрысыбзэмкIэ ди егъэджакIуэ Къамбий Хьэзрэталий школым дыкъыщыщIэкIым: «Уэ узыпэмылъэщын диктант мы дунейм теткъым», — къызжиIэри, си фIэщыпс ищIауэ сыкIуауэ щытащ Москва. ЕпщIанэ клас-сым дыщIэсу ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэм Урысейм кърагъэкIахэм щыдагъэтхырт «диктант повышенной сложности» жыхуаIэ лэжьыгъэ. НтIэ Хьэзрэталий и къуэми итхырт ари, абы бгъэдыхьэртэкъым, зы псэлъэу-ха ттхыху къажэурэ сэ стхам еплъырт, и гур псэхужауи IукIы-жырт. Ар щIыжысIэращи, апхуэдизкIэ фIыуэ дыкъалъагъуу, я фIэщ дыхъуу, къытхуамыщIэн щымыIэу апхуэдэт. Иджыпсту апхуэдэ егъэджакIуэ щыIэкъым жысIэркъым, школыр фIыуэ зылъагъуи, зи IэщIагъэм хуэIэижьи урохьэлIэ, ауэ зи гугъу сщIахэм хуэдэр мащIэ дыдэщи, апхуэдэ хуэзар ехъулIауэ аращ.
  • Москва дэт Литературэ институтым сызэрыкIуэнур ищIэрти, си егъэджакIуэм абы тхакIуэ хьэзыру къыщIагъэкIыу къызжиIауэ щытащ. Мис ар си фIэщ хъууэ, итIанэ сэ сымытхыфынрэ сызыпэмылъэщынрэ щымыIэу къысщыхъуу сежьащ Хьэзрэталий и фIыгъэкIэ. Арати, стхыхэри сигу иримыхьыжу хуежьащ, тхэфхэми сеплъу щIэздзащ, псын-щIэуи къызгурыIуащ тхакIуэ зы-ми узэримыщIынур. Абы «тхакIуэ ящI» жыхуаIэр къэзыухъуреихьхэм яжь къызэрыщIихуращ. ДезыгъэджахэмкIэ, абы щылажьэ цIыхушхуэхэмкIэ къапщтэ- мэ, школми институтми си насып къыщикIащ сэ. Ахъшэ-бохъшэ щызекIуэу, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр щыхабзэу еджапIэ гуэрхэм я гугъу щащIкIэ согъэщIагъуэ: ар дауэ, игъащIэм апхуэдэ дэнэ къэна цIыху зэхэгъэж ящIу сыщрихьэлIакъым щIэныгъэ щызэзгъэгъуэта еджапIэхэм. СыхущIогъуэж а илъэситхур моуэ фIыуэ къызэрызмыгъэсэбэпам. ЗыщIыпIэхэми сыкIуэну, нэхъыби зэзгъэлъагъуну, нэхъыбэжи седжэу Iэджи зэзгъэщIэну Iэмал сиIэт. Сыхуэмыхущауи щыткъым, ауэ ущыстуденткIэ тIэкIуи зыщIыбогъэх, сэри си къару зыхуилъ куэд къэзгъэнащ. «ТIу» къэзымыхь зы студент дунейм теткъым къызжаIэу сежьати, а пIалъэм сыпэплъэу, сыкIэзызу илъэситхуми седжащ. Къэсхьакъым.
  • Лэжьыгъэм щича япэ лъэбакъуэхэр
  • 1978 гъэм телевиденэм лэжьэн щыщIидзащ Ларисэ. Унагъуэ ихьа иужькIэ, Дзэлыкъуэ районым къыщыдэкI газетым щылэжьащ. И сабийр садым щыкIуэм, газетым къыIукIыжри абы уващ. И щIалэмрэ хъыджэбзымрэ къыдэкIуэтея иужь, я гъусэу школым кIуэри тIэкIурэ щылэжьащ.
  • — Пэжщ, зы илъэс фIэкIа схуэмышэчу сыкъыIужыжри, радиом сыуващ, — игу къегъэкIыж Мэремкъулым. — Дыду Владимирт абы щыгъуэ унафэщIри, телевиде-нэм IэнатIэ щиIэ узгъэкIуэжынщ, зэ радиом щылажьэ жиIэри сыкъищтати, сызыIэпишэри зыщIыпIи сыкIуэжыну сыхуеякъым. Мис абы лъандэрэ радиом сыщолажьэ зэи зэпызмыгъэуауэ. Сабий, щIалэгъуалэ, литературэ драмэ редакцэхэм сыщыIащ, редактор нэхъыщхьэу, шеф-редактору сыщытащ, иджыпсту радиом и унафэщI къалэныр изохьэкI.
  • Журналистикэмрэ литературэмрэ щIыпIэ нэхъыбэ зыубыдыр дэтхэнэра жыпIэрэ укъы-зэупщIмэ, ахэр зэи зэкIэрыпч зэрымыхъур, зэрызэпэшачэр бжесIэнуращ, Залинэ. А тIур зэдокIуэкI, дахэ дыдэу зокIу, зэщIожьыуэ. Дауэ зэрыжаIэр, мэкъу феуэрэ фезэшамэ, Iэнэ фщтэу- рэ зывгъэпсэху, аратэкъэ? ИтIанэ, а литературэм щыщу зэдзэкIынращ сэ нэхъ си Iуэхури, сызыдэлажьэ цIыхум нэхъыбэр елъытауэ аращ. Мис мы тхылъыр тхуэщI  жаIэрэ  къысхуахьмэ,  яужь сохьэ, си къаруи, зэмани, зэфIэ-кIи себлэжынукъым ар зыхуей хуэзгъэзэн папщIэ.
  • КъызэмылъэIуауэ сщIа гуэрхэри хэтщ си гуащIэм, зыкъезгъэщIэн щхьэкIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, IутIыж Борис и «Кхъужьеибэр». НэгъуэщIхэми зеспщытащ, мыхъуа гуэрхэр къыхэкIами.
  • — Япэ дыдэу зи тхылъ къыдэзгъэкIар Щамырзэ Iэмырбийщ. Зы тхылъ цIыкIу къыдигъэкIыну хунэсауэ аращ ар, пасэу дунейм ехыжащ.
  • Тхьэзэплъ Хьэсэн-щэ, Тхьэм и хьэдрыхэ  фIы ищI,  «псоми я фIэщ пщIащ сэ схуэдэ зэдзэкIакIуэ щымыIэу» жысIэу си цIэ куэдрэ къриIуэрт, «пэжкъэ-тIэ, пцIы супсрэ?» — жиIэрти ежьэжырт. Журналым кIуэ гуэр зэдзэкIын хуей хъуамэ, си деж къиутIыпщхэрт. Узэрырахьэжьэщ, уи цIэ зэрагъэIущ, пцIы хэмылъу.      Дэ институтым дыщыщIэтIыс-хьам щыгъуэ Хьэсэнрэ Къуныжь ХьэIишэтрэ етхуанэ курсыр къаухырт. Хьэсэн зы университети армэри къызэринэкIауэ щIалэ балигът. Абы лъандэрэ сцIыхурти, Iейуэ къытхуэсакъыу, дахэ къыджиIэу, фIыуэ дыкъилъагъуу къыддэгъуэгурыкIуащ. Сэ Хьэсэн къысхуищIар зэи сщыгъупщэнукъым, сыхуэарэзыщ, — жеIэ Ларисэ.
  • Мастэ гуапэщи, мастэ гуауэщ
  • Апхуэдиз илъэскIэ литерату-рэм, журналистикэм хэлэжьы-хьа, хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа бзылъхугъэм и гуащIэр къамылъытауи, щIыхь, фIыщIэ дамыгъэхэр къыхуамыгъэфэщауи щыткъым. Ауэ аракъым Мэремкъул Ларисэ и дежкIэ нэхъыщ-хьэр. Абы игъэнэхъапэр цIыхугъэрщ, зыхуэпэж лъэпкъым, абы и цIыхухэм къыхуаIэ лъагъуныгъэрщ, кърагъэз дзыхьырщ. И гуапэ лей хъуа гулъытэм и гугъу къысхуищIыну сыщелъэIукIи къызжиIэр мыращ: «ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым зэIущIэ гуэр щекIуэкIыу Гъут Iэдэмрэ Тхьэгъэзит Юрэрэ къызбгъэдыхьэри КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романыр зэздзэкIыну къысхуагъэлъэгъуат. ЗэрыжаIамкIэ, сэ урысыбзэм изгъэзэгъауэ дунейм къытехьагъащIэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Щихухэр иджыри     мэкI» романым и ещанэ Iыхьэр ягу ирихьауэ арат. Иджыпсту сыздынэсам си гугъэнтэкъым ар къыслъысыну, ар къыщысхуагъэлъэгъуа си щIалэгъуэм и гугъу умыщIи. Мо профессорышхуитIым апхуэдэ дзыхь къызагъэзыныр си дежкIэ гулъытэшхуэт, гуапэ дыдэ сщыхъуауэ зэрыщытами  пцIы хэлъкъым».
  • — Литературэ институтым сыщеджэу елэжьын щIэздзат гущIэкъу уэрэдхэм. «Точный перевод», «вариации на темы» жыпIэми, сэ зыуэ сфIэгъэщIэгъуэну яужь ситат абыи. Ди егъэджакIуэ усакIуэ цIэрыIуэ Озеров Лев и фIыгъэкIэ, иужькIэ си диплом лэжьыгъи хъужат ар. Ар, Озеровым  и  рецензэ  щIыгъуу,  ди  тхылъ тедзапIэм къригъэхьыгъат, тхылъ щхьэхуэу дунейм къытехьэмэ фIэигъуэу. Дыщыгугъами, апхуэдэу иухатэкъыми, къыдэкIакъым.
  • Зи кIапэр къысхуэмыгъуэтыжахэм ящыщщ Къанкъул Заур и «Къалэм дэгъуэщыхьа» повестри, — жеIэ игу къеуэу Ларисэ.
  • Шортэн Аскэрбий и «Бгырысхэм» я еплIанэ тхылъыр Ларисэ зэдзэкIын  иухауэ  иджыпсту  тхылъ тедзапIэм щIэлъщ дунейм къытехьэн хуейуэ. «Ещанэр подстрочник сщIыри, художественнэу зрызагъэдзэкIыну сыщылъаIуэм, нэгъуэщIым иратакIэу къыщIэкIат. ЕплIанэм и Iуэхур къызэрекIуэкIари гъэщIэгъуэнщ, кIэщIу бжесIэжми здэнущ. Аскэрбий дунейм ехыжагъащIэу подстрочникыр машинкэкIэ экземпляритIу тездзэри, ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм схьащ. Абы щыгъуэ Союзым и тхьэмадэр Тхьэгъэзит Зуберти, жесIащ художественнэ зэдзэкIыгъэри сагъэгъэхьэзырыну. Зейр щыIэжкъыми, и щхьэгъусэ Даниткэщ абы и унафэ зыщIынур щыжиIэм сыпсэлъащ. Мэлбахъуэ Елбэрд иратауэ  къыщызжиIэм сыкъэнэжащ. Зыкъом дэкIри, Елбэрд нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуащ, зэздзэкIар кIуэдащ, етIуанэ экземплярри згъуэтыжакъым. Уигу къеуа жыпIэмэ, ауэ сытми къеуа. Мыбдежым щылът роман псо?! Зыкъом дэкIауэ, Аскэрбий и юби-      лей гуэру, радиом нэтын езгъэтхыу Даниткэ къезгъэблэгъащ. ЗэздзэкIыну къыщызжиIам, аргуэру селэжьыфынукъым жысIэри здакъым. Илъэс Iэджэ дэкIауэ Ацкъан Руслан къызжиIащ зэздзэкIыну икIи яужь сихьэри урысыбзэм изгъэзэгъащ. «Учебникхэм я гуащIэгъуэу къыдокIри, мызэкIэ тхухэгъэхьэнукъым программэм» щыжиIэм сыкъэгузэващ аргуэрыжьу кIуэдынущ жысIэри. ЕтIанэгъэ дунейм къытехьэн хуейхэм хагъэхуэну сыкъагъэгугъэ, плъагъункъэ.
  • Дэрэжэгъуэшхуэ къызет художественнэ тхыгъэхэр зэдзэкIыным. Моуэ-щэ дунеи ахърэти сымыщIэжу сызыIэпешэри, сызэщIеубыдапэ, си гур хегъахъуэ. Абы щыгъуэми тхыгъэр гум дыхьэмэ, псэм ешыкъылIэмэ, а гурыщIэр ин дыдэщ. Сэ иджыпсту тхакIуэхэр, абыхэм я тхэкIэр зэзгъэпщэну аракъым, ауэ урыс классикэр мыхъумэ, Кавказ Ищхъэрэм Шортэн Аскэрбий хуэдэ, абы хузэфIэкIам хуэдиз и къэухьым  къызэщIикъуэу  искъым икIи исакъым.
  • IэдакъэщIэкI тхыгъэхэмрэ зэдзэкIыгъэхэмрэ зэплъытмэ
  • — Тхыгъэ къыщыпхуагъэлъагъуэкIэ, сыпэлъэщынукъым е хъарзынэу къызэхъулIэнущ жыпIэу зэ еплъыгъуэкIэ пхузэхэхрэ? — соупщI, и лэжьыгъэм и щэху мащIэ Ларисэ къысхузэIуихмэ сфIэфIу.      
  • — Тематикэракъым ар зэлъытар, — жеIэ си псэлъэгъум. — Термин куэд зыхэт, щIэныгъэм, лингвистикэм теухуа тхыгъэ къыщысхуахь щыIэщи, мис ахэр си жагъуэ дыдэщ. Абы зы псалъэ къэмынэу уелэжьын, уелIэлIэн хуейщ. КIэщIу жысIэнщи, сэ сымыщIэ, фIы дыдэу сызыщымыгъуазэ зыхэт сфIэфIкъым. Ар щыщIэныгъэкIэ, сэ сыщымыщIэныгъэрылажьэкIэ, уи Iуэху зыхэмылъым ухэмыхьэмэ нэхъыфIщ. Аращ абыхэм защIыщыздзейр. СиIэщ апхуэдэхэри, ауэ мащIэ дыдэщ.
  • Си дипломым итыр «Литературная работа. Перевод худо-жественной литературы с языков народов СССР» псалъэхэрщ. Абы сызэрыхуэпэжыным яужь ситщ. Сигу иримыхьым, мыхьэнэншэу тхам яужь сихьэнукъым зэздзэкIа сатыр бжыгъэхэм къахэзгъэхъуэн папщIэ. СыткIэ сыхуей?! ЗыгуэркIэ си псэм зыкъыщIадзэрэ зы тIэкIу сагъэщIамэ, солъаIуэ си цIэр щIамыдзыну, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ар сысейкъым, щхьэкIэ сщIа мыхъумэ, си гум къищтакъым.
  • — Уэ езым уи IэдакъэщIэкIхэм я гугъу къысхуэпщIын?
  • — Сэ стхахэр сыщеджа зэма- ным къэнащ. Усэ зымытха дунейм тет? Сэри абыхэм сащыщщ. Рассказ сиIэхэщ. УрысыбзэкIи адыгэбзэкIи стхауэ. Ауэ ар зэрыщытыр плъагъурэ, цIыхур тхылъ куэд щеджэм и деж тхакIуэхэм я зэфIэкIыр елъагъу, езыми итхахэр абыхэм ялъэщIыхьэ-рэ ялъэщIэмыхьэрэ къыгурыIуэн хуейщ. Сызэджэхэм яхэбгъэувэмэ, яхэгъуэщэн хуэдэу ахэр щыщымыткIэ, си щхьэ теслъхьэн щызмытхакIэ, графоманхэм я очрэм сыхэмыувэмэ нэхъыфIщ.
  • Ар сэри занщIэу къызэхъулIакъым, подстрочниккIэщ зэрыщIэздзар. ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, ахърэт нэху Тхьэм кърит, сабий-хэр цIыкIуу къуажэм сыдэсу накIуэщ сыкъигъуэтри, «Нур» журналыр къызэIудохри, абы ущыдгъэлэжьэнут» къызжиIат. Си Iуэхур щыхуэмыкIуэм езым и тхыгъэ, нэгъуэщIхэм ей нысхуихьрэ подстрочник сигъэщIу, гоно-рар нысхуигъэхьу сигъэлэжьащ. ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм фыщIригъэджар дэ дыфхуейуэ аращ жиIэрт, мыпхуэдэу дэс хъунукъым, гъэлажьэ жиIэу си щхьэгъусэм щепсэлъылIаи щыIащ. АрщхьэкIэ сабийхэр цIыкIуху апхуэдэ Iэмал сиIакъым, си зэманрэ си къарурэ зыхурикъур Iэдэм къызигъэгъэсэбэпащ, сыхуэарэзыщ.
  •  
  • ГъущI куэбжи гъущI масти щымыщIэ
  • — Си лэжьыгъэкIэ, си IуэхущIафэкIэ сыарэзы дыдэу сокIуэкI, Тхьэм и шыкуркIэ. Псэуныгъэм, унагъуэм ехьэлIауи, зыри сыхущыщIэу схужыIэнукъым. Зыгуэр хуэмыныкъуэ щыIэ къыщIэкIынкъым, ауэ мыр сиIэкъым жысIэу абы срисымаджэу зэи къэхъуакъым. Аддэ школым сыщыщылэжьам щыгъуэ, сэ нэхърэ нэхъыжь си лэжьэгъу цIыхубзхэр щыст ямыIэхэм, зэрахъуэкIын хуейхэм, къащэхупхъэхэм я гугъу ящIу. Сэ зыри зэрыжызмыIэм гу лъатэри: «Уэ цIыкIум зыри жыпIэркъыми, зыри ухуэныкъуэкъэ?» — къызэупщIащ. СыукIытащ, сыщыкIа гуэр ягугъэнкIэ сышынэри, «пщэфIапIэм щIэзгъэувэну шэнт гъуриплI сиIамэ здэнут», — жысIащ. Ахэр дыхьэшхащ, зыкъомри ауан сыкъращIащ. НтIэ, нобэми сызыхуэныкъуэ дунейм тету сщIэркъым, мис а шэнт гъуриплIым фIэкIа (мэдыхьэшх. И. З.).
  • Унагъуэм и нэхъыщхьэм зэи дызыхуей дыхуигъэныкъуакъым, ди унэр унэщ, долажьэ дошхэж. Ди бынхэр унагъуэщ: Динэ хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ, Арсен зы щIалэ яIэщ.
  • ФIыуэ слъагъухэм я узыншагъэщ сызыхуейр. СхэщIахэр гукъеуэшхуэу, гурыгъузышхуэу сиIэщи, Тхьэм селъэIу зэпытщ афIэкIа зыри тхимыгъэщIыну, си щхьэгъусэр, си бынхэр, къыздалъхуа си дэлъху-шыпхъухэр гукъеуэншэ хъуну, я бынхэр къахуихъумэну.
  • — Упсэу, Ларисэ, зэман къытхуэбгъуэту укъызэрыдэпсэлъам папщIэ. ГуфIэгъуэр уи унагъуэм имыкIыу, уи лэжьыгъэм гухэхъуэрэ гузэгъэгъуэрэ къуиту, узыншагъэмрэ фIыгъуэмрэ ущымыщIэу упсэуну ди гуапэщ.
  • Епсэлъар ИСТЭПАН   Залинэщ.