ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЕгъэджакIуэ  щыпкъэ

2020-11-14

  • Теунэ Ритэ Псыхъурей къуажэм щыщ, адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэм къыщалъхуащ. Зэрысабийрэ и анэшхуэм и жьауэм щIэту къэтэджа Ритэ гъащIэм Iущ хуэхъуащ. Ритэ и адэ-анэ Хъуранхэ Мухьэмэдрэ Сэмриятрэ адыгэ хабзэм тетт, пщIэ-нэмыс я зэхуаку дэлъти, я бынитIми (Ритэрэ Аликрэ) ахэр щапхъэ яхуэхъуащ.

  • Ритэ зэрысабийрэ егъэджакIуэ IэщIагъэм ехъуапсэрт. Еджэнымрэ Iуэху щIэнымрэ къыщыдэхуэм деж, я гъунэгъу цIыкIухэр къригъэтIысэкIырти, езыр егъэджакIуэу ядэджэгурт. Балигъ хъууэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым математикэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ. ЕджэнкIи хьэл-щэнкIи гупым къахэжаныкI Ритэ щIэх дыдэу студентхэм я самоуправленэм и унафэщI ящIащ, факультетым, КъБКъУ-м я советхэм хэтурэ ехъулIэныгъэкIэ еджапIэр къиухащ. ЩIэныгъэфI зыгъуэта хъыджэбзыр университетым щылэжьэну къагъэнэжащ.
  • Ритэ щхьэгъусэ хуэхъуащ Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуа, езым хуэдэ цIыху псэ къабзэ Теунэ Руслан. Абыхэм быниплI зэдагъуэтащ — хъыджэбзищрэ зы щIалэрэ.
  • Университетыр хуабжьу къыщыгугъырт Ритэ лэжьапIэм игъэзэжыну, арщхьэкIэ, быныр лэжьыгъэм япэ иригъэщри, сабийхэм сад кIуэныр къаухыху лэжьапIэ Iуэху зэрихуакъым. И быныр еджапIэ щIигъэтIысхьа нэужь, езыри Налшык дэт 31-нэ школым математикэмкIэ егъэджа-кIуэу уващ икIи илъэс 25-м щIигъуауэ а зы IуэхущIапIэм и къару емыблэжу щолажьэ.
  • — «Ди гупыр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, зыр адрейм и щIэгъэкъуэну дызэдолажьэ. Ар апхуэдэу зэрыщытми ди школым и унафэщI Егъуэж Анзор и фIыгъэ хэлъу къызолъытэ, сыту жыпIэмэ, ар апхуэдизкIэ набдзэгубдзаплъэщи, гу зылъимытэ щыIэу къыщIэкIынукъым, — жеIэ Ритэ.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, мы школым и цIэр фIы и лъэныкъуэкIэ куэдрэ къыщоIу КъБР-ми Урысей Федерацэми. Сыт хуэдэ зэхьэзэ-хуэ ахэр хэмытами, япэ, етIуанэ увыпIэхэр къа-             мыхьу зэи  къанэркъым. Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа щIэныгъэ-практикэ конференцым япэ, етIуанэ, еща-нэ увыпIэхэр къыщахьащ. Школми республикэми я пщIэр куэдрэ яIэтыну яхузэфIэкIащ Теунэм и еджакIуэхэм.
  • 2016 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэхьэзэхуэм хэтащ Ритэ. «Педагогический этикет» номинацэм япэ увыпIэр, зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ абы.
  • Илъэс 15 хъуауэ школым и профсоюз комитетым, математикэр, физикэр, химиер, биологиер, информатикэр езыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм я унафэщIщ Ритэ.
  • Ритэ и быниплIри еджэным хуэнэхъуеиншэщ. Псоми школыр дыщэ медалкIэ къаухащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэ зытIущым я диплом плъыжьхэр зимыIэу зыри яхэткъым. Хъыджэбзхэр псори унагъуэ хъуащ. Быным я нэхъы-щIэр щIалэращи, ар еджэным и закъуэкъым зыхуэпабгъэр, атIэ, спортми хуабжьу дехьэх. АбыкIэ къыхуагъэфэща медалхэмрэ фIыщIэ, щытхъу тхылъхэмрэ пхуэмыбжыным хуэдэщ. КъищынэмыщIауэ, макъамэм, къэфэным хуабжьу дихьэх ныбжьыщIэщ ар, жыпIэнурамэ, лъэныкъуэ псомкIи зызыужьа щIалэщ. НобэкIэ щIалэщIэм дзэм къулыкъу щещIэри, узыншэу унагъуэм къахыхьэжыну Тхьэм жиIэ.
  • ФэрыщIагъ хэмылъу фIыуэ тлъагъу егъэджакIуэ щыпкъэм жэуаплыныгъэ ин зыпылъ и лэжьыгъэ мытыншым и къарур пэлъэ-щыну, узыншагъэ быдэ иIэу адэкIи и гъащIэ дахэм пищэну ди гуапэщ!
  • ЕджакIуэхэм я адэ-анэхэр.