ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2020-11-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ
  • правительствэм и зэхэлъыкIэм и IуэхукIэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и Iэтащхьэм и Унафэ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм теухуа Положенэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Президентым 2008 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №85-УП-мкIэ къищтам, и 3.2 пунктым ипкъ иткIэ:

  1. Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и зэхэлъыкIэу мы Унафэм щIыгъур.
  2. Къару имыIэжу къэлъытэн «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIалэгъуалэ правительствэм и зэхэлъыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2017 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Унафэ №66-РГ-м.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • Iэтащхьэ                        КIУЭКIУЭ Казбек
  • Налшык къалэ
  • 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м
  • №106-РГ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • Iэтащхьэм 2020 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м
  • къыдигъэкIа Унафэ №106-РГ-мкIэ къищтащ
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
  • ЩIалэгъуалэ правительствэм и зэхэлъыкIэр
  • УнафэщIыр
  • УнафэщIым и къуэдзэр
  • УнафэщIым и къуэдзэр
  • Узыншагъэр хъумэнымкIэ министрыр
  • ЩэнхабзэмкIэ министрыр
  • Курортхэмрэ туризмэмкIэ министрыр
  • Граждан жылагъуэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ министрыр
  • ЩIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ министрыр
  • Тарифхэмрэ псэупIэм щыкIэлъыплъынымкIэ министрыр
  • ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ министрыр
  • ПромышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ министрыр
  • ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ министрыр
  • Мэкъумэш хозяйствэмкIэ министрыр
  • СпортымкIэ министрыр
  • Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министрыр
  • Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ министрыр
  • Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ министрыр
  • ФинансхэмкIэ министрыр
  • Бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ министрыр
  • Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ министрыр