ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Квазархэр

2020-07-23

  • Астрономхэм хьэршым къыщалъэгъуа къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу мы зэманым къалъытэр «квази-вагъуэкIэ» зэджэхэрщ («квази» — латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).

  • Квазархэр, я зэпрыупIэр куэд-кIэ нэхъ цIыкIу пэтми, нурыбэу къапихым гуащIагъэ ин дыдэ зэрызэрахьэмкIэ адрей вагъуэхэм емыщхь къэщIыгъэщ. Абыхэм я къэунэхукIэ хъуари я зэхэлъыкIэри щIэныгъэлIхэм иджыри къыздэсым нэгъэсауэ яхузэхэгъэкIакъым. Аращ  а пкъыгъуэхэм, вагъуэ абрагъуэхэм ещхьу зэщIэлыдэхэм, «квази-вагъуэкIэ» щIеджэри.
  • Мы къэщIыгъэхэм къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэу яIэхэм ящыщщ ахэр, зэрытпыIудза и лъэныкъуэкIэ, жыжьащэ зэрыщыIэри. Квазархэм къызыпхадз нурыр ди деж къэсыным илъэс мелард бжыгъэ токIуадэ. Ауэ щыхъукIи, уегупсыс зэрыхъунумкIэ, зи нэхур, гъуэгуанэшхуэ зэпригъэчу, дызэ-рыт лъэхъэнэм къынэзыхьэсыфа квази-вагъуэхэм ящыщ зыбжа-нэр мы зэманым щыIэжкъым е, нэхъ мащIэрауэ, я теплъэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зихъуэжащ.
  • Астрофизикхэм къызэралъытэмкIэ, квазархэр апхуэдизу зэщIэзыгъэнахуэр я лъабжьэм зыщызыгъэпщкIуа, гъунэгъу зыхуэзыщI дэтхэнэри думпу зыгъэкIуэд, зэщIэзылъафэ «мащэ кIыфIхэрщ». И Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь псоми хуабжьагъэшхуэ яритрэ ирихужьэу, залымыгъэкIэ щызэжьэхигъауэу щызэхиубэжкIэ, абыхэм я зэхуакум, зэрыгурыIуэгъуэщи, «хъуаскIэ» ин дыдэхэр, шынагъуэхэр къыдэмылыдыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
  • ЩIэныгъэлIхэм зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ ин дыдэу мы зэманым къалъытар S5-0014+81 зи нагъыщэ кваза-рырщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы илъэс мелард 12-м нэблагъэ и ныбжьщ. И кIуэцIым зыщызыгъэпщ-кIуа «мащэ кIыфIым», уегупсысми уи фIэщ мыхъуну, ди Дыгъэм къишэчым нэхърэ мелард 40-кIэ нэхъыбэ и хьэлъагъщ! Астрофизикхэм зэрыжаIэмкIэ, зы щIыпIэм зыщызэхуэзыхьэса къэщIыгъэм дежкIэ ар икъусыкъужкIэ куэды-Iуэщ. Нэхъыщхьэжыр ара-щи, зи гугъу ящI квазарым зэгуэр (ар иджыщ щалъэгъуари) къызыпхигъэлыгъукIауэ щыта нурым и зэщIэнэхуэкIэр вагъуэ «къызэрыгуэкI» триллион 300-м зэхэту къадзым хуэдизщ е нэгъуэщIу жытIэмэ, ди Шыхулъа-гъуэм зэрыщыту къыпкърыкI нэхум нэхърэ мин 25-кIэ нэхъыбэщ.
  • ФIэщщIыгъуейми, а псоми щхьэусыгъуэу яIэр зыщ: S5-0014+81 квазарым и кIуэцIым зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIым» зы илъэсым къриубыдэу, псори зэхэту, ди Дыгъэм и хьэлъагъым елъытауэ мини 4-кIэ нэхъыбэ къэзышэчын пкъыгъуэхэр (дэнэ кърихми) зэрызыщIилъэфэфырщ.
  • Хьэтыкъуэ ЩауапцIэ.