ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Тамбий Казим и хъыбаритI

2020-07-23

  • Бешкъэзакъхьэблэрэ Азей къалэмрэ я зэхуаку шыкIэ дэлъыр зы махуэ ныкъуэ гъуэгущ. Зы шы дэгъуэ утесу Мэчэнеикъуэ удыхьэрэ ПсышхуэмкIэ уекIуэкIмэ, Ло къуажэкIэ зиукъуэдийуэ нэхъ кIэщIу зы шы гъуэгу иIэщи, шэджагъуэ мыхъуу унэсыфынущ.

  • «ТIэкIу зызгъэпсэхунщ, тIэкIуи си шыр езгъэпхъуэнщ» — жыпIэрэ, шхуэ уанэ кIапэ пщIыуэ Азей гъуэгу щхьэIум тет къуажэхэу Аслъэнхьэблэ е Къунашэй удыхьэмэ, шэджагъуэ нэ-ужь мыхъуауэ Азей узэрыщемыпсыхыфынур Iэнэм телъщ.
  • Азей и гъунэгъу адыгэ къуажэхэм БыгъурбащкIэ йоджэ. «ХьэщIэ фIыуэ зымылъагъу къуажэхэр» хужаIэ иджыри. Быгъурбащхэм я унэбжэхэр быдэу къыхуащI, я щхьэгъубжэ Iупхъуэхэри къыIуапхъуэ  жаIэ.
  • Аслъэнхьэблэ щыщхэм ар къыпхуадэнукъым, ауэ жаIэжыр мыращ. Зы зэман къуажэм щыщ унагъуэ гуэрым я щIалэр дзэм къикIыжат. ЩIымахуэ уаеу жэщыбгым я унэм къыIуохьэжри, шхьэгъубжэм къытоуIуэ. «Хэт ар?» — къоупщI бысымыр. «Сэращ, фи щIалэрщ», — ярет жэуап. «Mыр гъуэгурыкIуэщ, бжэр Iудигъэхынущи аращ апхуэдэу щIыжиIэр», — егупсысри, я фIэщ мыхъуу, я къуэр нэху щыху щIыбым дагъэтауэ ягъэхъыбар. ПцIыи пэжи, ауэ гушыIэ дахэщ.
  • Узун-Яйла щIыналъэм икIыу Азей къалэм кIуэж-къэкIуэжхэм я зыгъэпсэхупIэт а къуажэхэр. Шури шыри бгъэхьэщIэн хуейт — гъуэгурыкIуэм я щхьэр щIрагъэхьа къыщIэ-   кIынт.
  • Бешкъэзакъхьэблэ щыщ Тамбий Казим зы къуэрылъху хъыджэбз цIыкIу иIэт ТухьфэкIэ еджэрэ и куэщIым иримыгъэкIыу. Абы адкIэ щымыIэу фIыуэ илъагъурт хъыджэбз цIыкIур. Езы Казим цIыкIуу и зы хъыджэбз лIати, абы и цIэр и къуэрылъху хъыджэбзым фэеплъу фIищыжат. Хъыджэбзыр бгъафIэмэ, щIыкIафIэ мэхъу жаIэ. «ТIатIу» жиIэурэ Iейуэ игъафIэрт адэшхуэм и къуэрылъху пщащэ цIыкIур.
  • Зы махуэ гуэрым Казим пщэдджыжьым жьыуэ Азей кIуэну къэтэджри, и шым мышэс щIыкIэ и къуэрылъху цIыкIур жейм и IэфIыгъуэм къыхишщ, къриджэри еупщIащ: «ТIатIу, Азей сокIуэри, сыт къыпхуэсхьын?» Хъыджэбз цIыкIуми: «Хьэж-Дадэ, укъыщыкIуэжкIэ данэ бостеяпхъэ къысхуэхь», — къыжриIэщ, и адэшхуэм IэплIэшхуэ иришэкIри иригъэжьащ.
  • Дадэр и шым елъэдэкъауэщ, МэчэнеикъуэкIэ щхьэдэхри, занщIэуэ Азей кIуэщ, и Iуэху зэфIигъэкIри, шэджагъуэ нэужьхэм къуажэм къыдыхьэжащ.
  •  Хъыджэбз цIыкIур «Дадэ данэ бостеяпхъэ къысхуихьынущ» жиIэу къыпэплъэрти, и адэшхуэр къуажэм къэсыжауэ лъэмы-жым къикIыжу зэрилъагъуу, жэрыжэкIэ бгъэдолъадэ. «Хьэж-Дадэ, си данэ бостеяпхъэр къысхуэпхьа?» — жеIэри йоупщI.
  • Казим пщIыхьэпIэу игу къэкIыжатэкъым и къуэ- рылъху цIыкIур данэ бостеяпхъэкIэ къызэригъэгу-гъар. Абдежым шым къемыпсыхыу занщIэу къиIуантIэщ, мыщхьэхыу Азей нэс игъэзэжщ, хъыджэбз цIыкIум данэ бостеяпхъэр къыхуищэхури, къуажэм къэкIуэжат жаIэри кърахьэкI.
  • Адыгэхэр езыхэм я бын-хэм щIагъуэу нэсэIуасэ яхуэмыхъуу, зыбгъэдамыгъэхьэ хуэдэу щытми, я къуэрылъху-пхъурылъхухэмкIэ икъукIэ хъыжьэхэщ.
  • Зы илъэс гуэрым сурэт техыныр къежьагъащIэу, Тамбий Казим и шыпхъумрэ и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIумрэ яхэту и унэгъухэм ящыщ зы гуп Азей ишэри, псоми зэгъусэу сурэт зытрагъэхри къагъэзэжауэ щытащ. Къагъэзэжа щхьэкIэ, и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур сурэтым нэщхъейуэ къикIат, жаIэ.
  • «ЩIыпIэкIуэдыр зыхуэмыкIуэнум трахыфакъым», — жиIэри, зримыусыгъуэджэуэ къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм аргуэру псори зэщIикъуэщ, Азей нэс ишэхэри, щIэуэ я сурэтхэр ятрыригъэхыжат. Мы зэм и хъыджэбз цIыкIур нэжэгужэрэ нэщхъыфIэу къикIат жаIэ.
  • Ар къызыщыщIар, и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур мыхъуу, языхэз нэгъуэщI зыуэ щытамэ, Тамбий Казим абы щхьэкIэ апхуэдиз гъуэгур аргуэру зэримыкIужынум шэч хэлътэкъым.
  • «Уэр щхьэкIэ си псэр сымыгъэгъум» жыхуиIэ и къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур апхуэдэу нэщхъейуэ сурэтым иту, ар игу техуэнт адэшхуэм?!
  •  
  • ТЭГЪУЛАН Екъуб.
  • Тырку Республикэ, Узун-Яйлэ щIыналъэ