ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
2020-04-21
- ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ!
- Мэлыжьыхьым и 21-м ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр ягъэлъапIэ. Абы ипкъ иткIэ а махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу!
- ЩIыпIэ самоуправленэр Урысей Федерацэм и Конституцэ ухуэкIэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэхыным ехьэлIауэ. Муниципальнэ щIыналъэхэм щызэфIагъэкI цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, къуажэхэм я щыIэкIэр къызэгъэпэщыным, жылэдэсхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэным епха къалэнхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр зэгъэзэхуа хъун папщIэ щIыналъэ лэжьакIуэхэм Iэзагъ лъагэрэ жэуаплыныгъэ инрэ яхэлъын хуейщ.
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу