ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
2020-04-21
- ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ!
- Мэлыжьыхьым и 21-м ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр ягъэлъапIэ. Абы ипкъ иткIэ а махуэ лъапIэмкIэ сынывохъуэхъу!
- ЩIыпIэ самоуправленэр Урысей Федерацэм и Конституцэ ухуэкIэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэфIэхыным ехьэлIауэ. Муниципальнэ щIыналъэхэм щызэфIагъэкI цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным, къуажэхэм я щыIэкIэр къызэгъэпэщыным, жылэдэсхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэным епха къалэнхэр. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр зэгъэзэхуа хъун папщIэ щIыналъэ лэжьакIуэхэм Iэзагъ лъагэрэ жэуаплыныгъэ инрэ яхэлъын хуейщ.
- Ди республикэм щIыпIэ самоуправленэм зыщиужьын папщIэ хабзэм ехьэлIа лъабжьэ быдэ иIэщ, щIыпIэ самоуправленэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр купщIафIэу зэтеублащ.
- Нобэрей зэман гугъум республикэм и щIыпIэ самоуправленэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ быдэу зэпыщIауэ пэщIэтщ къытлъыкъуэкIа гугъуехьым икIи абы земыгъэужьыным йогугъу.
- Си фIэщ мэхъу дяпэкIи цIыхухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэвгъэкIыу, абыхэм я псэукIэр евгъэфIакIуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ-политикэ зэпIэзэрытыныгъэм фытелажьэу зэрекIуэкIынур.
- Узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ фиIэну сынывохъуэхъу.