|
Апрель, 2020
УФ-м и Президент Путин Владимир Урысейм и цIыхухэм зэрызахуигъазэр
2020-04-04
-
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Урысейм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- И кIэм нэблэгъащ мылэжьэгъуэ тхьэмахуэу Урысейм щыдгъэувауэ щытар. Мы махуэхэми щхьэкъэIэтыпIэ ямыIэу мэлажьэ дохутырхэр, медсестрахэр, медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэ псори.
- Иджыпсту абыхэм ящыщ дэтхэнэм и дежкIи зэман гугъущ. Ахэращ цIыхухэм къебгъэрыкIуэ эпидемием сымаджэщхэмрэ инфекционнэ къудамэхэмрэ щыпэщIэтыр: узыр къызыпкърыхьахэр ягъэхъуж, цIыхухэр кърагъэл, цIыхухэм инфекцэр къамыубыдыным яужь итщ. Шэч къытесхьэркъым, медицинэ лэжьакIуэхэм фIыщIэ зэрахуэсщIыр къэралым и цIыху псоми къызэрыздаIыгъынум.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КIуэкIуэ Казбек къигъэуващ коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэт медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм хущIагъуну
2020-04-04
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ щхьэхуэхэм, коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэт гупхэм хэтхэм, я лэжьапщIэм хухэгъэхъуэным теухуа унафэ къищтащ.
-
- ЩIыналъэм и УнафэщIым къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ япэщIэтынымкIэ республикэ Центрым и дохутырхэмрэ медицинэ лэжьакIуэхэмрэ, COVID-19-р зыпкърыту къахутахэм е ар зэуэлIауэ шэч зыхуащIхэм, апхуэдэуи коронавирускIэ езыхэри къацIэлэнкIэ шынагъуэу, узым зэрызыщахъумэ фащэ хэхахэр ящыгъыу биологическэ материалхэм елэжьхэм я улахуэм сом мин 20-м къыщыщIэдзауэ 50-м нэс мазэ къэс хущIагъунущ.
-
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Дунейпсо Адыгэ Хасэм коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиубгъум теухуауэ цIыхухэм зэрызахуигъазэр
2020-04-04
- ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъухэ!
- Нобэ цIыхубэр хэтщ лъэхъэнэ къызэрымыкIуэ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар коронавирус узым дунейм зэрызыщиубгъуарщ. НаIуэ хъуащ ар дэтхэнэ зыми къылъэIэсынкIэ зэрыхъунур — жьыми щIэми. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ хъыбар гуауэ къытлъэIэсащ — дунейм ехыжащ ди лъэпкъэгъу, медицинэ лэжьакIуэ щIалэхэр. Ахэр Германием щыщ дохутыр Сейф Аль-Шаркасирэ Тыркум щыщ медсестра Дилекрэщ. Ди гум къыбгъэдэкIыу дахуогузавэ абыхэм я Iыхьлыхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Уз бзаджэм пэщIоувэ
2020-04-04
Коронавирус здэщыIэ къэрал псоми я дохутырхэм зы Iуэху здрагъэжьауэ интернетым къыщокIуэкI. ЦIыху нэхъ мащIэ зэхыхьэху, эпидемиери нэхъ лъэрымыхьу екIуэкIынущ. Абы ипкъ иткIэ, нобэ вирусым пэщIэт дохутырхэм цIыхухэр унэм щIэсыну къыхураджэ. «Дэ фэр папщIэ долажьэ. Фэри дэ щхьэкIэ унэм фыщIэс» зытетха тхылъымпIэ напэхэр зыIыгъ дохутырхэм я сурэт дэнэ къэрали щыкуэдщ. Ар къезыгъэжьар Италием щыщ дохутырхэращ, ауэ щIыпIэ куэдым щызэбгрыкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дохутырхэри абыхэм ящыщщ.
- Ауэ Израилым къикIыу къытIэрыхьа апхуэдэ сурэтхэр адрейхэм къащхьэщокI зи гугъу тщIы къыхуеджэныгъэр адыгэбзэкIэ тхауэ зэраIыгъымкIэ. Нобэ уз бзаджэм дуней псом щыпэщIэт дохутырхэм яхэтщ хамэ къэралхэм щикъухьа ди лъэпкъэгъухэри. КъищынэмыщIауэ, жэуаплыныгъэрэ гугъуехь нэхъыбэрэ зи пщэ къыдэхуа дохутырхэм гулъытэкIэ, шхынкIэ защIэзыгъэкъуахэм ящыщщ Кфар-Камэ (Израиль) дэс ди къуэшхэмрэ ди шыпхъухэмрэ. Ахэри итщ дэ дыкъызэрыхута щытыкIэм, Iэмал зэриIэкIэ унэм къыщIэкIыркъым, къуажэ курыт школыр дистанционнэ егъэджэныгъэм хуэкIуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Сом мелуани 150-м щIигъу хелъхьэ
2020-04-04
-
«Россети Северный Кавказ» компанием Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэшхуэ къыщрихьэжьащ — электрокъарухэр зрикIуэ километр 234-р абы иригъэфIэкIуэнущ, сом мелуани 150-м щIигъу тригъэкIуэдэнурэ.
-
- Мы гъэм къыщыщIэдзауэ илъэсищым къриубыдэу зэрахъуэкIынущ жьы хъуа Iэмэпсымэхэр, кIапсэхэр, пкъохэр. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ псоми. Абы щыгъуэми гулъытэ хэха хуащIынущ гъущI-алюмин (бзэху) кIапсэ «пцIанэхэр» километр 218-м щыздрикIуэ Бахъсэн, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм. Ахэр зэрахъуэкIынущ нэхъ шынагъуэншэ фэ зытегъэлъэда мм 70 зи гъумагъхэмкIэ. Иджыпсту щыIэхэр мм 16-м щыщIэдзауэ 35-м нэсщ икIи нэхъыбэу къагъэсэбэп хъуа электрокъарум пэмылъэщхэрщ.
- КъищынэмыщIауэ, электрокъарур дяпэкIэ зэрыкIуэну кIапсэщIэхэм хабзэм къемызэгъыу, гъэпщкIуауэ зыпадзэфынукъым, дунейм и щытыкIэмрэ къэхъукъащIэхэмрэ ахэр нэхъ пэщIэтыфынущ. Ар къызэрагъэсэбэпам и куэдагъым иризэдауэ щымыIэн папщIэ Бахъсэн къалэр, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэр автоматикэм хуагъэкIуэнущ.
- Хьэтау Ислъам.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Бузд Къэралбий и щапхъэ
2020-04-04
- Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди лъахэгъухэм халъытэ КъБКъУ-м и химико-биологие факультетым и япэ декану щыта, химиер IэщIагъэу къыхэзыха щIэблэ куэдым гъуэгугъэлъагъуэ, унэтIакIуэ яхуэхъуа Бузд Къэралбий Аслъэнбэч и къуэр. Еджагъэшхуэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 90 ирокъу. КъигъэщIа гъэхэм ящыщу 65-м щIигъур Буздым тыхь хуищIащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. НэхъыжьыфIыр ноби я щапхъэщ иригъэджауэ щытахэм, зыцIыху куэдым.
Къэралбий якум дэсщ, пыIэ щхьэрыгъыу. Сурэтыр 2017 гъэм трахащ.
- Бузд Къэралбий Тэрч щIыналъэм хыхьэ Дей (Мэртэзей) къуажэм 1930 гъэм и мэлыжьыхь мазэм къыщалъхуащ. Дунейм и зэхэлъыкIэм дихьэхыу къэхъуа щIалэщIэр курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, химие IэщIагъэм хуеджащ. Студент илъэсхэр жыджэру, купщIафIэу езыхьэкIахэм ящыщащ Буздыр. Комсомолец пэрытыр 1957 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэситIкIэ щытащ а къэралпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ комитетым и япэ секретару.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мы махуэхэм
2020-04-04
- Мэлыжьыхьым и 4,
- щэбэт
-
- Интернетым и дунейпсо махуэщ
- Лагъымым къыпкърыкI шынагъуэмрэ щIым а Iэщэ лIэужьыгъуэр къыхэхыжынымрэ ятеухуа щIэныгъэ цIыхухэм етыным и дунейпсо махуэщ
- 1719 гъэм Урысейм Ладогэ кIэнауэр, Волхов, Нева псыхэр зэпызыщIэр, ухуэн щыщIадзащ.
- 1785 гъэм инджылыз инженер Картрайт Эдмунд щэкI зэрызэIуащэ, лъакъуэкIэ бгъэлажьэ хъу станокыр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъыр иратащ.
- 1850 гъэм Лос-Анджелес жылэр (США) къалэ хъуащ.
- 1866 гъэм революционер Каракозов Дмитрий Урысейм и пащтыхь Александр ЕтIуанэр иукIыну хэтащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
1 КъБР * «Мир» канал
2020-04-04
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 6
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Телеакадемия». Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и доцент Цалиев Виталий (12+)
- 6.55 «ЩIэнгъуазэ». Еханэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.20 «Классикэр псоми папщIэ» (12+)
- 8.45 «Жомакъ, жомакъ жолунга…». Бажэмрэ дыгъужьымрэ. Сабийхэм папщIэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ОТР Общественное Телевидение России
2020-04-04
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 6
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «Кавказым хуэусахэр». Лермонтов Михаил щэхуу Кавказым къызэрыщикIухьар. Япэ Iыхьэ (12+)
- 7.00 «Зэманым екIуу» (12+)
- 7.30 «Дохутыр гуапэ» (12+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.17 КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зубер и ныбжьыр илъэс 85-рэ зэрырикъур зэрагъэлъэпIар. Япэ Iыхьэ (12+)
- 17.00 «Хэкум и къуэ». Кульбаев М. (12+)
- 17.20 «ТВ-галерея». Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Баккуев Владимир (12+)
- 17.50 «Ди лъэхъэнэгъу». ХъуэкIуэн Алим
- 18.20 «Зэманымрэ цIыхумрэ». КIэрэф Къамболэт (12+)
- 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Россия 24» «Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-04-04
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 6
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (12+)
- 19.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 19.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Репортаж щхьэхуэ (12+)
-
- Гъубж, мэлыжьыхьым и 7
- 19.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 19.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Интервью (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-04-04
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 6
- 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
- 11.25 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ)
- 14.25, 17.00, 20.45 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 18.30 «Сабиигъуэр зауэм зыIэщIихахэр». Лэжьыгъэм и ветеран Бекъул Нинэ (урысыбзэкIэ) (12+)
- 19.25 «Унагъуэ альбом». Качлаевхэ я унагъуэр (урысыбзэкIэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъБР-м и РАДИО
2020-04-04
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 6
- 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
- 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.00 — «Макъамэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
- 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
- 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
2020-04-04
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 6
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
- 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
- 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
- 8.10 — 8.35 КхъуэIуфэ Хьэчим. «Iуащхьэжь» Iуэтэжыр (адыгэбзэкIэ)
- 8.35 — 9.00 «Зэманым и плъыфэхэр». Шаханов Басият теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ)
- 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
- 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуабэм»
- 15.25 — 15.50 «Макъамэм и дунейм». Темыркъан Борис и фэеплъу
- 15.50 — 16.00 Лъэпкъ прозэм и напэкIуэцIхэр. ХьэIупщы МуIэед (адыгэбзэкIэ)
- 18.25 — 18.30 «Дигу имыхужхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 18.30 — 18.35 «Псоми тедгъэкIуэдэнур дакъикъитхущ»
- 18.35 — 19.00 ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр (адыгэбзэкIэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Зи пщIэр лъагэу дунейм тета ГунжафIэ Лъостэнбий
2020-04-04
- ЦIыхугъэкIэ, гуапагъэкIэ, гуащIэдэкI лэжьыгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ купщIафIэ къигъэщIащ Лэскэн районым хыхьэ Арщыдан жылэм щыщ ГунжафIэ Лъостэнбий Нурхьэлий и къуэм. «ФIы зыщIэ и пщIэ кIуэдыркъым» щIыжаIэр абы и деж щынэрылъагъущ. ГунжафIэм и Iэужь дахэм абы и цIэр гъащIэм къыхинащ, и дуней тетыкIар куэдым я щапхъэщ.
- ГунжафIэхэ Нурхьэлийрэ Гуащэпсрэ (Жамботхэ япхъущ) я адыгэ унагъуэшхуэм къихъуа сабиитхум я нэхъыжьт Лъостэнбий. Япэ ялъэгъуа сабийр я гуфIэгъуэшхуэт и адэ-анэм къищынэмыщIауэ, и адэ шыпхъухэу СэIихьэт, Зурят, Сэлисэт, и адэ къуэш Хьэжмусэ сымэ. Абыхэм щIалэ цIыкIур я нэм, я псэм хуахьырт, «щIым намыгъэсу» жыхуаIэм хуэдэу кърахьэкIырт. ЩIапIэшхуэ яIэу, лэжьыгъэм къыпимыкIуэту, къуажэдэсхэм я деж я пщIэр щылъагэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу бынунэшхуэу псэурт ГунжафIэхэ. Адэ шыпхъухэм къыхуаIа лъагъуныгъэр игъэпэжащ Лъостэнбий, къуэм хуэдэу яхущытыжащ, яхуэщIапхъэ хабзэри якIэлъызэрихьэжащ.
- ЩIалэ нэхъыжьым, дауи, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ ихьырт. Адэ-анэм я дежкIэ Лъостэнбий щIэгъэкъуэнышхуэ хъурт: абы и нэIэ ятригъэтт и къуэш нэхъыщIэхэу Аслъэнбийрэ Наурбийрэ, и шыпхъухэу Жанпагуэрэ Жанурэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Уафэбгыкъу и нэлат Тхыдэ роман
2020-04-04
- (КIэлъыкIуэр.
- ПэщIэдзэр №№37 — 38-хэм итщ.).
МэшбащIэ Исхьэкърэ Михалков Сергейрэ. 1959 гъэ
-
- — УмыпIащIэ зэ, хьэжы, — ХьэтIохъущокъуэм къегъэувыIэ бжьыхьэ кIуам Чэбэм къикIыжа Къэсей. — Унафэ къатщтэрэ хасэр зэхуэтщIыжмэ, пщIынщ дыуэр.
- — Алыхьым и цIэр зыщымыгъупщэ уэ апхуэдэу щыпфIэкъабылкIэ, дипщ, уэ зэрыжыпIэщ…
- Къэсей хьэжым и щытхъур ХьэтIохъущокъуэ пщым и тхьэкIумэм блигъэцIэфтри, зи псалъэр зэпауда уэркъым щыхуеплъэкIыжым, нэбгъузкIэ къипхъуэтащ мэжджытым къыблэкIауэ утым къыхуэкIуэ шур. Пщы уэлийм къицIыхуат и шугъусэ уэркъ щауэм и шыфэлIыфэр.
- БжьыхьэлI Мусэ жыжьэу епсыхщ, пежэжьа щIалэ цIыкIум шхуэмылакIэр IэщIилъхьэри, лъэбакъуэхъу псынщIэкIэ утым къыхуиунэтIащ. «Сыту пIэрэт?..» — зэупщIыжурэ плъэрт ХьэтIохъущокъуэр. Бахъэр къызыщхьэщих Iэнэ хъурейхэр зэIэпызых щIалэгъуалэм къапхыкIщ, гуп зэхэтхэм фIэхъус иту, и щхьэр яхуищIурэ къаблэкIри, БжьыхьэлIыр Кургъуокъуэ и пащхьэм къыщыувыIащ:
- — Зиусхьэн! Къэбэрдейм щхьэлъащIэ зезыхьэу ис бзылъхугъэхэм я цIэкIэ, пщы уэлий гуащэ Нэрынэ хасэм сыхуегъэлIыкIуэ…
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|