|
Апрель, 2020
Путин Владимир Урысейм и цIыхухэм захуегъазэ
2020-04-11
- Мэлыжьыхьым и 8-м Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир видеоконференц жыпхъэм иту зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и унафэщIхэм. Ар теухуауэ щытащ коронавирус уз зэрыцIалэм ди къэралым зыщемыгъэубгъуным. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки.
- ЗэIущIэм и пэщIэдзэм Путиным къыхигъэщащ узыншагъэр щызэфIагъэувэж IуэхущIапIэ псори щытыкIэм хуэхьэзырыныр, абыхэм я зэфIэкIымрэ Iэмалхэмрэ хэпщIыкIыу хагъэхъуэныр, сымаджэхэр куэд къэхъу хъужыкъуэмэ, здыщIагъэгъуэлъхьэнухэр ягъэхьэзырыныр, медицинэ техникэр къащэхуныр, ИВЛ аппаратхэр, реанимобилхэр, дэIэпыкъуэгъу псынщIэм папщIэ автомашинэхэр абы хэту, IэмэпсымэщIэхэм ирилэжьэну IэщIагъэлI гупхэр зэгъэуIуныр щIыналъэ псом я дежкIи фIэкIыпIэ зимыIэ къалэну, псом нэхъ япэ игъэщыпхъэ Iуэхуу иджыри къызэрынэжыр. А Iуэхугъуэхэм текIуэдэну мылъкур федеральнэ Правительствэм хихауэ щытщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
2020-04-11
- 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 81-нэ статьям и «б» пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр игъэзащIэу Езауэ Анзор Къылышбий и къуэр гъэувын.
- 2. «Къумыкъу I. М. теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм гъатхэпэм и 23-м къыдигъэкIа Указ №21-УГ-м къару имыIэжу къэлъытэн.
- Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.
-
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
- и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
- Налшык къалэ
- 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 9-м
- №37-УГ
Зыхыхьэхэр: Хэха
Ещанэ къыдэкIыгъуэ
2020-04-11
- Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал щIэныгъэхутэ институтым дунейм къытригъэхьащ нэмыцэ тхыдэдж цIэрыIуэ Нойманн Карл Фридрих и Iэдакъэ къыщIэкIауэ «Народы Северного Кавказа в европейской культуре и общественном сознании». Историографические и источниковедческие аспекты» фIэщыгъэм щIэт тхылъ гъэщIэгъуэн.
-
- ХVII — ХVIII лIэщIыгъуэхэм псэуа щIэныгъэлIым и лэжьыгъэм кавказ бгырысхэм увыпIэ хэха щаубыд. Абы щыхьэт тохъуэ зи гугъу тщIы тхылъри. Мы къыдэкIыгъуэр Iыхьих мэхъури, дэтхэнэми бгырыс лъэпкъхэр зэрызэфIэува, ахэр лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм зэрыхэпсэукIам нэIуасэ ухуащI. Мис ахэр: «Кавказымрэ абы щыпсэухэмрэ», «Адыгэхэм я тхыдэжьым щыщ Iыхьэхэр», «Адыгэхэм я иджырей тхыдэм щыщ Iыхьэхэр», «Урысеймрэ Кавказымрэ», «Адыгэхэр», нэгъуэщIхэри.
- Тхылъым и гуэдзэнхэм гурыIуэгъуэу къыщыхьащ адыгэбзэм хэлъ грамматикэ щхьэхуэныгъэхэр, псалъэр къызэрыхъу, зэрызэхэт пкъыгъуэхэр. Урыс-адыгэ псалъалъэ кIэщIи къыщихьын хузэфIэкIащ мыбдеж Нойманн Карл. Хуей дэтхэнэми, бзэм и IэфIыр зыхищIэфын хуэдэу, гуэдзэнхэм адыгэ макъамэхэри ядэщIыгъужащ.
- Тхылъым и жинтыр гъэдэхащ «Кърымымрэ Кавказымрэ, хы ФIыцIэмрэ Каспийрэ къиубыду» картэм щыщ IыхьэмкIэ (1872).
- Мы къыдэкIыгъуэр къахуэщхьэпэнущ щIэныгъэлIхэм, тхыдэджхэм, егъэджакIуэхэм, тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн дэтхэнэми.
- Щомахуэ Залинэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
УIэгъэ мыкIыж
2020-04-11
- Я щIалэгъуэу, я къару илъыгъуэу, унагъуэр, зыдэс жылагъуэр, республикэр, къэралыр бащэкIэ къащыгугъыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу мин Iэджэ ихьащ Хэку зауэшхуэм. Абыхэм ящыщщ Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) щыпсэуа Сэхъурокъуэ Хьэтыкъэ. Бийр Совет Союзым къыщытеуэм, Къущхьэхъу хъупIэм кърашыжри, фронтым дашащ Хьэтыкъэ. Зэкъуэшитху хъурти, щыр дэкIащ, тIур къагъэнащ. Абы щыгъуэ сабийуэ щытами, и адэр зэрежьар нобэми и нэгум щIэтщ Къуэшыкъуейхэ я нысэ Сэхъурокъуэ Любэ:
Сэхъурокъуэ Хьэтыкъэрэ и щхьэгъусэ Чэдихъанрэ.
- -Си адэри си анэри шыгум итIысхьэу щыслъагъум, сыгъынанэу куэбжэпэм деж сыщытт. ИтIанэ си адэр гум къелъэри: «Умыгъ, сэ пшынэ къыпхуэсхьыну сыкIуэу аращ, сыкъэкIуэжынущ», — къызжиIэщ, си щхьэфэм Iэ къыдилъэри ежьащ. ТIэкIу нэхъ сыкъыдэкIуэтея нэужь къызэрысщIамкIэ, Иуан Хьэчим жари бригадиру къуажэм диIэт зылI, IыхьлыгъэкIэ къыдгухьэу. Аращ зи шыгум ису дэкIар. Щежьэм щыгъуэ си анэм къелъэIуауэ къысхуиIуэтэжырт: «Си Iэ еIусауэ зы къуэщIий дэлъыхункIэ, мы пщIантIэр умыбгынэ», — жери. Тхьэ, игъэзэщIам и уэсятыр си анэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ГубэщIыкI Владимир Исмэхьил и къуэр
2020-04-11
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Хьэлъэу сымэджа нэужь, дунейм ехыжащ КъБР-м и МВД-м и Следственнэ IуэхущIапIэм, иужькIэ МВД-м и штабым я япэ унафэщIу щыта, КъБР-м юстицэмкIэ и министру лэжьа, СССР-м и Сбербанкым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI къулыкъур илъэс 20-м щIигъукIэ зыIэщIэлъа, абы и директорхэм я советым хэта, Дунейпсо Адыгэ Хасэм РепатриацэмкIэ и комитетым и тхьэмадэу щыта, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, IэщIагъэлI щыпкъэ икIи хэкупсэ нэс ГубэщIыкI Владимир Исмэхьил и къуэр.
- ГубэщIыкI Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм 1933 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм къыщалъхуащ. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ икIи фIы дыдэу къиухащ Москва къэрал университетым и юридическэ факультетыр. Къыхиха IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта адыгэ щIалэр абдежми къыщыувыIакъым. Абы и щIэныгъэм аспирантурэм щыхигъэхъуащ икIи ди лъэпкъым щыщу япэ дыдэу юридическэ щIэныгъэхэм я кандидат хъуари аращ. ИужькIи абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэд.
- Хэкупсэ нэсу дунейм тетащ ГубэщIыкI Владимир. Ар зымыцIыху е и цIэр зэхэзымыха ди республикэм ису къыщIэкIынкъым. Зригъэгъуэта щIэныгъэ куумрэ ирихьэкIа къулыкъу лъагэхэмрэ, адыгэбзэмрэ адыгэ Iуэхумрэ пэжыжьэу щытами, къызыхэкIа лъэпкъым и зыужьыныгъэр, ифI зыхэлъ Iуэхухэр гъэкIуэтэныр зэи IэщIыб ищIакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Лъэпкъ IуэрыIуатэм поджэж
2020-04-11
- «Иныжь» псалъэм къытрагъэпщIыкIа щIыпIэцIэхэм Адыгэхэм я хэкужьым куэду узэрыщрихьэлIэу щытыгъам дэ шэч къытетхьэркъым. Абыхэм ящыщщ мы ди тхыгъэм зи гугъу щытщIынухэри.
-
- Шапсыгъ щIыналъэ
-
- — Иныжь къуладж. Шахэ ижь лъэныкъуэмкIэ къыщыхэхуэж и къуэпсымрэ ар къызыдэж тIуащIэ зэв цIыкIумрэ я фIэщыгъэщ.
- — Иныжьытх. Иджырей шапсыгъ жылагъуэхэм нэхъ «зыхузэфIэкIыу» яхэтхэм хабжэ ШахэкIеишхуэ къуажэ къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыбгъэдэт къырылъэ-мэзылъэ шытхщ.
- — Иныжьым ыгъэкIыгъэ (зэпригъэзыкIа) къуладж. ХьэкIуцу (ХьэкIув) зи фIэщыгъэ бгым и лъабжьэм къыщежьэу, ПсыфI хэлъэдэж псы цIыкIумрэ абы зыщихъунщIэ къуэ зэв цIыкIумрэ зэреджэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и кубокымрэ чемпионатымрэ
2020-04-11
- Гъатхэпэм и 21-м зэхаублэн хуеящ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэхьэзэхуэр. Абы къыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм щIадзэнут КъБР-м футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатым. АрщхьэкIэ, коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ ди республикэм, дунейм и щIыпIэ куэдми хуэдэу, щэнхабзэ зэхыхьэхэри, спорт зэхьэзэхуэхэри, уеблэмэ цIыху зэхуэсхэри къыщызэтрагъэувыIащ.
-
- Апхуэдэ унафэ ящIын и пэ Налшык и «ДыгъафIэ къалэм» и стадионым щызэхэтащ хуабжьу удэзыхьэх зэIущIэ — Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм щыджэгунур хэтми зэхагъэкIащ Къэрэгъэш и «Иналымрэ» «Псыкуэдымрэ». Апхуэдэ дыдэ зэпеуэм ахэр бжьыхьэ кIуам къыщыхагъэщIат Бабугент и «ЛогоВАЗ»-мрэ «Шэджэм ЕтIуанэмрэ», арщхьэкIэ, Къэхъун и «Керт»-р езым и фIэфIыныгъэкIэ чемпионатым зэрыхэкIыжам папщIэ, я насып къызэрикIым еплъыну аргуэру зы Iэмал ягъуэтат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Хьэршым къикI фIэхъус»
2020-04-11
- Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и лэжьакIуэхэм я бынхэм Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ящIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ социальнэ сетхэм къыщызэрагъэпэщ. Абы фIащащ «Хьэршым къикI фIэхъус».
-
- Выставкэм хагъэхьэнущ цIыхум хьэршыр къызэригъэIурыщIам, абы япэу зэрылъэтамрэ щрагъэкIуэкI къэхутэныгъэхэмрэ ятеухуа лэжьыгъэхэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэхъумэхэм я бынхэм мурад ящIащ дунейпсо тхыдэм и лъэхъэнэщIэм щыщIидза 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 12-мрэ Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэмрэ хуэфащэу IущIэну. Интернет-гъэлъэгъуэныгъэр пщэдей къызэIуахынущ.
- Хьэтау Ислъам.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мы махуэхэм
2020-04-11
- Мэлыжьыхьым и 11,
- щэбэт
-
- Фашист гъэрыпIэм исахэр хуит къызэращIыжам и дунейпсо махуэщ. 1945 гъэм гъатхэпэм и 11-м къызэрыIэтауэ щытащ нэмыцэ лагерь нэхъ ин дыдэхэм ящыщ Бухенвальд (Германием и Веймар къалэм пэмыжыжьэу щащIауэ щытащ) исхэр.
- Паркинсон узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ. А узыфэр къэзыхута дохутыр Паркинсон Джеймс къыщалъхуа махуэм (1755 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м) техуэу ягъэуващ 1997 гъэм.
- Кърым Республикэм и Конституцэм и махуэщ. 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м Кърым Республикэм и Къэрал Советым къищтащ.
- 1147 гъэм япэ дыдэу къагъэсэбэпауэ щытащ «Москва» псалъэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
1 КъБР * «Мир» канал
2020-04-11
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 13
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.35 «Абы уафэр нэхъ гъунэгъу къытхуищIащ». Лениным и саугъэтыр зыхуагъэфэща Энеев Тимур (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!»
- 8.20 «ТщIэн икIи тщымыгъупщэн папщIэ». «115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шу дивизэм хэта лIыхъужьхэр (12+)
- 8.45 «Лъэужь махуэ». ТхакIуэ, журналист Жылэтеж Сэлэдин и фэеплъу (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 17.00 «Сабийхэм я дуней». Сабийхэм папщIэ нэтын (6+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Россия 24» «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-04-11
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 13
- 15.00 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (12+)
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 17.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Интервью (12+)
-
- Гъубж, мэлыжьыхьым и 14
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 17.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Репортаж щхьэхуэ (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-04-11
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 13
- 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 9.35 «Зэманым и лъэужь». Полковник Жырыкъ Заур и къэхутэныгъэхэр. Ещанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 14.30, 20.45 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ОТР Общественное Телевидение России
2020-04-11
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 13
- 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
- 6.30 «КъэкIуэнур нобэм пыщIащ». Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, Италием и лъэпкъ ядернэ институтым и унафэщI Дэбагъуэ СулътIан (12+)
- 7.00 «ЩIэплъыпIэ» (16+)
- 7.30 «Зыми сыхущIегъуэжыркъым». КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, композитор Жырыкъ Заур (12+)
- 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
- 8.17 «ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр» (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъБР-м и РАДИО
2020-04-11
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 13
- 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
- 1.35 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- 2.00 — «Ди зэIущIапIэм» (адыгэбзэкIэ)
- 2.30 — «Жэщыбг нэужьым» (адыгэбзэкIэ)
- 3.00 — «Орайда» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 4.00 — «Сахна» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 5.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 6.35 — «ПщIэну щхьэпэщ» (урысыбзэкIэ) (12+)
- 6.45 — 7.00 «Спорт хъыбархэр» (урысыбзэкIэ) (12+)
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ):
- 7.00, 10.00, 13.00, 16.00, 19.00
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
2020-04-11
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 13
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
- 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
- 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
- 8.10 — 8.35 ГъущIо Зариф. «Гущэ къута» романым щыщ пычыгъуэ. Япэ Iыхьэр (адыгэбзэкIэ)
- 8.35 — 9.00 «ЦIыхубэм я гум илъщ». Кудаев Мухътар теухуауэ (балъкъэрыбзэкIэ)
- 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
- 13.25 — 14.00 Радиом и фондым щыщщ. «Сэ сыпсэуащ икIи сылэжьащ». Панасьян Варужан
- 15.25 — 15.50 «Театрым дыщызопсалъэ» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 15.50 — 16.00 Абхъаз таурыхъхэр. (адыгэбзэкIэ)
- 18.25 — 18.30 «Дигу имыхужхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 18.30 — 18.35 «Псоми тедгъэкIуэдэнур дакъикъитхущ»
- 18.35 — 19.00 ФIыуэ тлъагъу макъамэхэр (адыгэбзэкIэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|