|
Апрель, 2020
Путин Владимир къыхилъхьащ къэралым и щIыналъэхэм сом мелард 200 хуаутIыпщыну
2020-04-18
- Урысейм и Президент Путин Влади-мир мэлыжьыхьым и 15-м видеоконференц IэмалкIэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм хэтхэм щепсэлъылIа зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ коронавирусым щыпэщIэт мы лъэхъэнэм къэралым и щIыналъэхэм я экономикэм, хьэрычэт IэнатIэм защIэгъэкъуэным, цIыхухэм я лэжьапIэхэр яфIэмыкIуэдынымрэ абыхэм я хэхъуэхэр хъума хъунымрэ пыщIа Iуэхухэм хуэфащэ гулъытэ хуэщIыным.
- Къэралым и Iэтащхьэм къыхигъэщащ абы и лъэныкъуэкIэ нэхъапэм къагъэлъэгъуауэ щыта хэкIыпIэхэм, дэIэпыкъуныгъэм иджыри хэгъэхъуэн зэрыхуейр икIи абы теухуа унафэхэр къызэрыщтапхъэр. Псалъэм папщIэ, Путин В. В. къыхилъ-хьащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, мы зэманым хэщIыныгъэ нэхъы- бэ зыгъуэтахэм, къэралым мылъкукIэ защIигъэкъуэн хуейуэ. Абыхэм иужькIэ ямыпшыныжын ахъшэ ятыпхъэщ, фIэкIыпIэ зимыIэ зи чэзу къалэнхэр, псалъэм папщIэ, я лэжьакIуэхэм улахуэхэр иратыныр, иризэфIахын папщIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэ лъапIэм и щIыхькIэ цIыхухэм ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
2020-04-18
- Православнэ диныр зезыхьэу Къэбэр-дей-Балъкъэр Республикэм ис ныбжьэгъу лъапIэхэ!
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу IутIыж махуэ лъапIэмкIэ, православнэ чыристан псоми я гуфIэгъуэ нэхъ лъапIэ ды-дэу фи НэщI кIыхьыр зэриухар къэзыгъэлъагъуэмкIэ.
- А махуэшхуэр я дамыгъэщ цIыхур псэкIэ къабзэ зэрыхъумрэ къэщIэрэщIэжыныгъэмрэ, гумащIагъэмрэ гуапагъэмрэ, IуэхуфI лэжьыным хуигъэушурэ абы фIэщхъуныгъэр егъэбыдэ, гугъэрэ фIыгъуэрэ, гупсэхугъуэ къыздехь.
- Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Православнэ члисэм къалэнышхуэ щегъэзащIэ цIыхухэм псэкупсэ дахагъэ, хьэл-щэн зэтет яхэлъхьэнымкIэ, дин, лъэпкъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэнымкIэ, фIэщхъуныгъэ зыхэлъхэм папщIэ ар лъабжьэ быдэ, тегъэщIапIэ мэхъу. Къэрал органхэм, нэгъуэщI динхэр зезыхьэхэм быдэу япыщIауэ щыткIэрэ, абы жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ икIи ди цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм хуолажьэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми мы махуэ лъапIэм сехъуэхъуну сыхуейщ узыншагъэ быдэ яIэну, мамыру, зэIузэпэщу псэуну. Фи унэхэм хуабагъэрэ гуапагъэрэ илъыну, фи гъащIэр лъагъуныгъэрэ насыпкIэ щызу щытыну, фи Iыхьлыхэр фхуэузыншэну си гуапэщ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэр щыIащ зауэ гуащIэхэр щекIуэкIа щIыпIэхэм
2020-04-18
- Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ щылажьэхэмрэ иджыблагъэ щыIащ зауэ щIы-хьым и щIыпIэхэм икIи абдеж щыхэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. А Iуэхур траухуат совет цIыхубэр Хэку зауэшхуэм зэрыщытекIуэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
- Гвардейцхэр щызэхуэсат Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Къэщкъэтау къуажэм дэт мемориалым деж. 1942 гъэм и жэпуэгъуэм зауэ гуащIэхэр щекIуэкIащ а щIыпIэм икIи ди щIыналъэр яхъумэу щыхэкIуэдащ 37-нэ армэм и етIуанэ гвардейскэ дивизием и сэлэтхэмрэ командирхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Iэ тедзэгъуэр йокIуэкI
2020-04-18
- Мэлыжьыхьым и 1-м щIидзауэ йокIуэкI 2020 гъэм и етIуанэ илъэс ныкъуэм цIыхухэм яIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ тедзэныр.
-
- Иджыпсту щыIэ щытыкIэм ипкъ иткIэ, цIыхухэм Iэмал яIэщ пощтхэм мыкIуэу, я унэ щIэсыжу газетхэм Iэ традзэну — Урысейм и Пощтым и сайтым иIэ podpiska.pochta.ru жыхуиIэмкIэ апхуэдэ Iуэхутхьэбзэр зэфIагъэкIыфынущ, къэралым къыщыдэкI газет, журнал минит-хум ящыщ дэтхэнэ зыми Iэ трыра-гъэдзэнущ. Iуэхутхьэбзэр тэмэму зэтеухуауэ щытщи, дэнэ щIыпIэ щыпсэуми апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэ традзэфынущ нэхъ дэзыхьэх къыдэкIыгъуэхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Бзэмрэ лъэпкъымрэ зэгуэхыпIэ яIэкъым
2020-04-18
- Филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ бзэщIэныгъэхэмкIэ и кафедрэм и профессор Габуниа Зинаидэ и тхылъыщIэ иджыблагъэ къыщыдэкIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тедзапIэм. Монографиеу 24-рэ, тхыгъэу 390-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ Зинаидэ, ар РАЕН-м, Абхъаз Республикэм щIэныгъэхэмкIэ и академием я академикщ, Кавказыбзэхэр джынымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ.
- «Кавказыбзэхэр джыным и тхыдэм теуха очеркхэр» зыфIища тхылъыр томитI мэхъу, напэкIуэцI миным щIегъу, экземпляр 300-у традзащ.
-
Тхылъым пэублэ псалъэ хуэзытха, филологие щIэныгъэхэм я доктор Щомахуэ Татьянэ зэрыжиIэщи, кавказыбзэхэр джыным хуэунэтIауэ Габуниа Зинаидэ илъэс куэд хъуауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэшхуэм щыщ Iыхьэу аращ иджыпсту дунейм къытехьар. А бзэхэм къежьапIэ яхуэ-хъуар, абыхэм зэрызаужьар, зэманыр кIуэхукIэ ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр, лъэпкъым и щэнхабзэм бзэм щиIыгъ увыпIэр — куэд зэпилъытащ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIам. Ар иджыри зэ щыхьэт техъуащ икIи трегъэчыныхь бзэр лъэпкъым и тхыдэми, и хабзэми, и зыужьыныгъэми къыгуэхыпIэ имыIэу зэрыпыщIам.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2020-04-18
Ди лъахэгъу кхъухьлъатэзехуэ хахуэ КIэфо Арсен (сэмэгумкIэ) Накъыгъэм и 9 махуэшхуэм псей щхъуантIэхэр щыхесэ нэхъапэм аэродрому щыта губгъуэм. Абы телъэтыкIыурэ КIэфор мызэ-мытIэу уэгум ихьащ, и унафэщIхэм я унафэхэр игъэзащIэу. Зэкъым ар псэзэпылъхьэпIэ щихуар икIи сыт щыгъуи лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу къикIащ абыхэм.
Ленинград, 1985 гъэ
Зыхыхьэхэр: Хэха
Мы махуэхэм
2020-04-18
- Мэлыжьыхьым и 18,
- щэбэт
-
- Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
- Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ. 1925 гъэм Радиор фIыуэ зылъагъухэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
- Циркым и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэщ — 1242 гъэм Невский Александр и зауэлIхэр нэмыцэдзэхэм Чудскэ гуэлым деж зэрыщытекIуам и щIыхькIэ ягъэуващ.
- Нидерландхэм щагъэлъапIэ музейхэм я махуэр. А къэралым щыпсэухэри и хьэщIэхэри а махуэм Iэмал зэриIэкIэ музейм кIуэн хуейуэ къалъытэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ
2020-04-18
- «Дыщалъхуа щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту мы махуэр — International Day for Monuments and Sites жыхуиIэр — гъэлъэпIэным теухуа унафэ ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ яхуэсакъынымкIэ и дунейпсо ассамблеем 1982 гъэм къыщащтащ.
- Абы кърикIуащ 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ лъэпкъхэм ижькIэрэ къадекIуэкI щэнхабзэм и фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэу мэлыжьыхьым и 18-р дуней псом къыщегъэлъытэныр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Ерыскъырэ ахъшэкIэ зыщIагъакъуэ
2020-04-18
- Бахъсэн щIыналъэм и еджапIэхэм екIуалIэ школакIуэхэм ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуэнущ. Апхуэдэ унафэ ищIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и пресс-IэнатIэм.
- ДэIэпыкъуныгъэ зратыну ныбжьыщIэхэм я спискэхэр еджапIэхэм щызэхагъэуващ. Ахэр цIыху 650-рэ мэхъу. Ерыскъыпхъэр школхэм щызэхуахьэс. Иратыну шхынхэм хохьэ шэ, шеймышкIэ дагъэ, фошыгъу, хьэжыгъэ, курпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, псыIэфIрэ IэфIыкIэхэмрэ. ДэIэпыкъуныгъэр зыхуэгъэзар хэхъуэ мащIэ зиIэ унагъуэхэм ящыщ сабийхэмрэ зи узыншагъэмкIэ сэкъат зиIэхэмрэщ. Коронавирусым епха Iуэхугъуэхэр щыгъэзэщIапхъэ лъэхъэнэ ткIийм къриубыдэу а унагъуэхэм мызэ-мытIэу ядэIэпыкъунущ дяпэкIи.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Зыхыхьэхэр: Хэха
1 КъБР * «Мир» канал
2020-04-18
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 20
- Сыхьэт 17 пщIондэ лажьэркъым
- 17.00 «Хьэндырабгъуэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
- 17.35 «Сабийхэм я дуней». Сабийхэм папщIэ нэтын (6+)
- 18.00 «Спорт утыку» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 18.20 «Уэрэдыр зи Iэпэгъу». Лий Аслъэн (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 19.30 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
- 19.50 «ПщIэну ухуеймэ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 20.20 «Гъунапкъэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ОТР Общественное Телевидение России
2020-04-18
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 20
- 17.00 «Дымоверсия». Нэгузыужь нэтын (16+)
- 17.10 «ТВ-галерея». СурэтыщI Уэрэзей Аслъэн (12+)
- 17.30 «Тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ». Археолог Фоменкэ Владимир. Япэ нэтын (12+)
- 18.00 Энеев Тимур и хьэршыр (12+)
- 18.45 «ХъыбарыщIэхэр» (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Россия 24» «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-04-18
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 20
- 15.00 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». «Тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (12+)
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 17.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Интервью (12+)
-
- Гъубж, мэлыжьыхьым и 21
- 17.30 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». КъБР-м щыхъыбархэр (12+)
- 17.45 ЩIыпIэ зэман. «Россия 24». Репортаж щхьэхуэ (12+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ
2020-04-18
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 20
- 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 9.30 «Дыгъуасэ. Нобэ. Пщэдей». ВВС-м и майор Мэзыхьэ Владимир (адыгэбзэкIэ) (12+)
- 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
-
- Гъубж, мэлыжьыхьым и 21
- 9.00 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
- 9.30 «Тщыгъупщэ хъунукъым». Хэку зауэшхуэм и ветеран Аттаев Хъусен. ЕтIуанэ Iыхьэ (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
- 14.30, 21.05 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъБР-м и РАДИО
2020-04-18
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 20
- Сыхьэти 2-м къыщыщIэдзауэ сыхьэти 10 пщIондэ лажьэркъым
-
- 00.00 — Макъамэ 99,5-FM (урысыбзэкIэ)
- 1.00 — Макъамэ 99,5-FM (адыгэбзэкIэ)
- 1.35 — 2.00 «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ): 10.00, 13.00, 16.00, 19.00
- «ХъыбарыщIэхэр» (балъкъэрыбзэкIэ): 11.00, 14.00, 17.00, 20.00
- «ХъыбарыщIэхэр» (урысыбзэкIэ): 12.00, 15.00, 18.00, 21.00
- 10.05 — «ХьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ) (16+)
- 10.25 — «Фэр папщIэ» (адыгэбзэкIэ)
- 11.05 — «Чамхана» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и радио
2020-04-18
- Блыщхьэ, мэлыжьыхьым и 20
- «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ): 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
- 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ)
- 8.10 — 8.35 «Бзылъхугъэ телъыджэ». ЖьакIэмыхъу КIунэ (адыгэбзэкIэ)
- 8.35 — 9.00 «Гупагъэм теухуа уэрэдхэр» (балъкъэрыбзэкIэ)
- 11.45 — 12.00 «Ди хъугъуэфIыгъуэхэр» циклым щыщщ (адыгэбзэкIэ)
- 13.25 — 14.00 Литературэ тхыгъэхэм дыкъоджэ. ГъущIо Зариф. «Гущэ къута» романым щыщ пычыгъуэ. Етхуанэ Iыхьэр (адыгэбзэкIэ)
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|