ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыналъэхэр къапщытэ

2020-04-21

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэлыжьыхьым и 17-м видеозэIущIэ мардэм иту епсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм коронавирус уз зэрыцIалэм зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIауэ къызэрагъэпэщ Iуэхухэр зи нэIэ щIэт Оперативнэ штабым хэтхэм.

  • COVID-19 узыфэм теухуауэ щIыналъэм щыIэ щытыкIэм, ар къызыпкърыхьахэм я бжыгъэр республикэм нэхъыбэ щымыхъуным, хьэрычэт IэнатIэмрэ нэхъ хуэмыщIауэ псэухэмрэ защIэгъэкъуэным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэм щытепсэлъыхьащ зэIущIэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэр едэIуащ яубзыхуа Iуэхухэр зи нэIэ щIэтын хуейхэм жаIахэм. «Роспотребнадзор»-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщI Пагуэ Жыраслъэн жиIащ мэлыжьыхьым и 17-м ирихьэлIэу республикэм COVID-19 узыфэр япкърыту цIыху 92-рэ къызэрыщахутар, абыхэм ящыщу 8-р хъужащ, 6-р реанимацэм щIэлъщ, 7031-рэ къапщытащ, дохутырхэм я нэIэм щIэту унэхэм щакIэлъоплъ цIыху 1041-м. КIуэкIуэ Казбек «Роспотребнадзор»-м и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и унафэщIхэр къыхуриджащ, коронавирус япкърытмэ,  нэхъ пасэу зэхагъэкIыу апхуэдэ щIыкIэкIи узым зрамыгъэубгъун, ар зэфыкIхэр ягъэхъужын папщIэ цIыху нэхъыбэ къапщытэну.
  • КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам и гугъу ищIащ узыр зыпкърыхьахэм зэреIэзэ щIыкIэм, хущхъуэхэмрэ зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ сымаджэщхэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэм. Министерствэм къалэн щащIащ, хуей хъужыкъуэмэ къагъэсэбэпын хуэдэу, сымаджэхэм папщIэ гъуэлъыпIэ нэхъыбэ цIыхухэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм иджыри щагъэувыну.
  • Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим тепсэлъыхьащ цIыхухэм я IэнатIэхэр яфIэмыкIуэдынымрэ республикэм нэхъ хуэмыщIауэ щыпсэухэм защIэгъэкъуэнымрэ хуэгъэзауэ зэфIах Iуэхухэм.
  • КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор республикэм и Iэтащхьэр щыгъуазэ ищIащ еджапIэхэм пэIэщIэу ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт щIыкIэм, апхуэдэу ар щаухыну я гугъэм. Апхуэдэу республикэм и курыт еджапIэхэм я 1 — 8-нэ классхэм щIэсхэр гъэ еджэгъуэр мэлыжьыхьым и 30-м кърагъэухы- ну траухуащ. Абыхэм я щIэныгъэр здынэсыр къызэрапщытэ лэжьыгъэхэр бжьыхьэм ягъэIэпхъуащ. Республикэм и УнафэщIым къыхигъэщащ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр сабийхэм жыджэру ирагъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщыпхъэхэм гулъытэ хуащIыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
  • Апхуэдэуи, Урысейм цIыхухэм щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт щIыкIэм кIэлъыплъ и IуэхущIапIэмрэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ зэхалъхьа расписанэщIэм ипкъ иткIэ, ОГЭ, ЕГЭ къэпщытэныгъэхэм я Iыхьэ нэхъыщхьэхэр 2020 гъэм мэ-къуауэгъуэм и 8-м къыщыщIэдзауэ бадзэуэгъуэм и 31-рэ пщIондэ екIуэкIынущ. Урысыбзэмрэ математикэмкIэ экзаменхэр щыщыIэну махуэхэр щIыналъэхэм езыхэм яубзыхун хуейуэ къалэн къыщащIащ. А предметитIымкIэ фIэкIа нэгъуэщIхэмкIэ къэпщытэныгъэхэр мы гъэм щрагъэкIуэкIынукъым 9-нэ классхэр къэзыуххэм я деж.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.