ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Апрель, 2020

Унагъуэ  мылъкур къызэрагъэсэбэпыфынур

2020-04-16

  • 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа Указ №249-м ипкъ иткIэ, анэ мылъку зиIэ унагъуэхэм мы мазэм щыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэри (июнь) хиубыдэу сом мин тхурытху къратынущ я сабийр илъэсищ хъухукIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лэжьэнухэр ягъэбелджылы

2020-04-16

  • Коронавирус уз зэрыцIалIэм земыгъэубгъунымрэ пэщIэтынымрэ япкъ иткIэ, мэлыжьыхьым и 30 пщIондэ Урысей Федерацэм щагъэува щытыкIэм езэгъыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щылэжьэну хуитхэмрэ зи IуэхущIафэхэр къызэтрагъэувыIэхэмрэ КъБР-м и Правительствэм щагъэбелджылащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2020-04-16

  • ПщIэ зыхуэтщI цIыхухэ, коронавирусым теухуауэ упщIэ фиIэмэ, фыпсалъэ хъунущ «линие пщтырым» и мыпхуэдэ номерхэмкIэ:
  • Роспотребнадзорым чэнджэщ щит зыуэ щыт и центр: 8 (800) 555-49-43 — жэщми махуэми мэлажьэ
  • («линие пщтырым» и телефонхэр, щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ къищынэмыщIауэ, махуэ къэс мэлажьэ сыхьэти 9.00-м къыщыщIэдзауэ 18.00 хъуху)
  • Роспотребнадзорым и къудамэу КъБР-м щыIэр: 42-26-78, 42-19-83, 42-76-14, 42-15-56
  • КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэ: 40-15-65
  • КъБР-м Социальнэ страхованэмкIэ и фонд: 48-00-72
  • Росздравнадзор: 8(800)550-99-03 (аптекэхэм медицинэ нэкIуIупхъуэхэм я уасэр хагъэхъуамэ)

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Пшэм хэт унэ»

2020-04-16

  • Ар и фIэщыгъэу «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм иджы дыдэ къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м литературэмкIэ и къэрал саугъэтым и лауреат Ацкъан Руслан и тхылъ купщIафIэр икIи гъэщIэгъуэныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2020-04-16

  • Мэлыжьыхьым и 16,махуэку
  • Макъым и дунейпсо махуэщ
  • Циркым и дунейпсо махуэщ
  • Армением и полицэм и лэжьакIуэм и махуэщ. 2001 гъэм а къэралым къыщащтащ «Полицэм и IуэхукIэ» законыр.
  • Болгарием щагъэлъапIэ я япэ Конституцэмрэ юристымрэ я махуэхэр. Я конституцэр 1879 гъэм къэралым и Япэ цIыхубэ зэхуэсышхуэм къыщащтауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псори дегъэпIейтей

2020-04-16

  • Махуи 100-м щIигъуащ «къызыхэкIыр къахуэмыщIэ пневмониер» (COVID-19-р) Китайм къызэрыщыхъейрэ. Абы лъандэрэ вирус гущIэгъуншэм дуней псор зэщIицIэлащ. ПIалъэ кIэщIым къриубыдэу коронавирусым зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщихьащ дуней псом. НобэкIэ COVID-19-р къызэуэлIа сымаджэхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэблэгъащ, цIыху мини 120-м щIигъу илIыкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щикъухьащ адыгэр дунеижьым

Госпиталым хуагъэхьэзыр

2020-04-16

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэмкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къипщытащ Прохладнэ дэт район сымаджэщ нэхъыщхьэм (ЦРБ) и корпусыщIэр коронавирус уз зэрыцIалэм щеIэзэну госпиталым зэрыхуагъэхьэзырыр. Абы гъуэлъыпIи 160-рэ щагъэувынущ икIи я мурадащ ЦРБ-м и къудамэ зыбжанэ щIагъэзэгъэну. АрщхьэкIэ, COVID-19-м зэрызиубгъум а Iуэхум хигъэплъэжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

Уафэбгыкъу и нэлэт

2020-04-16

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр.
  • ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41-43-хэм итщ.).
  • ХьэтIохъущокъуэр мафIэ зэщIэлъым пэрытIысхьэжащи, башыпэмкIэ дэпыр зэIищIэурэ и гупсысэхэм егъэзэж. Пщым и щхьэм щызэрызехьэхэм къапокIуэкIри, мыщэ-анэр аргуэру и нэгу къыщIоувэ … Кургъуокъуэ игъэщIагъуэрт: «Дыгъуасэ хуэдэщ щIымахуэ гъуэмбым, жейкIэ зигъэнщIу, къыщипщыжар. Дэни кърихакIэ абы щIэжьей? Гъуэмбым псэфу игъуэлъхьэжагъэнт. Дауэрэ мыхъуами, псэ гузэвэгъуэм хэдгъэтащ тхьэмыщкIэжьыр, ауэ бэIутэIуншэуи дутIыпщыжащ. ФIымрэ Iеймрэ дапщэщи щызохьэкъувыкъу мы дунейм. Дэтхэнэр текIуэнкIэ хъунуми зыми ищIэркъым. ЖаIэри, игъащIэ лъандэрэ гуфIэгъуэмрэ гуауэмрэ зэIэпэгъуу. Кърым зауэм и гузэвэгъуэм щыму сриплъэурэ, мыщэ анэмрэ абы и щIэжьеймрэ я псэ хьэзабыр нэIурыту хэслъагъукIащ!»

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Мадинэ» оперэм къикIуа гъуэгуанэр

2020-04-16

  • Илъэс 50 ирокъу абы щыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн и лъэIукIэ Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ адыгэбзэкIэ зэдатхауэ щыта «Мадинэ» япэ лъэпкъ оперэр зэрагъэуврэ. Куэдым я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр — адыгэ оперэ республикэм къыщызэгъэпэщыныр — къехъулIащ икIи нобэр къыздэсым а лэжьыгъэм щIэупщIэ зэриIэр гуапэщ. Япэ дыдэу 1970 гъэм ягъэлъэгъуа а лэжьыгъэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъэпкъ оперэм и тхыдэм щIэдзапIэ дахэ хуэхъуащ. Абы партие нэхъыщхьэхэр щагъэзэщIащ Бэгъуэтыж Светланэ, Жылокъуэ Мухьэмэдин, ПащIэ Ахьмэд, Бэрэгъун Владимир сымэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу

Иджыри куэдкIэ дыщогугъ

2020-04-16

  • БэнэкIэ хуитымкIэ ди къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэм хабжэ Урыш Анзор. Ар Урысей Федерацэми Европэми мызэ-мытIэу я чемпион хъуащ, Лондон щекIуэкIа Олимпиадэм 2012 гъэм хэтащ. КъищынэмыщIауэ, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм ехъулIэныгъэ инхэр щиIащ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ, къэралым и командэ къыхэхам 2009-м щыщIэдзауэ ираджэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

IэнатIэ минитху

2020-04-16

  • И Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэпу абыкIэ кърагъэхьхэр нэхъыбэ зэрыхъуам къыхэкIыу, Урысейм и Пощтым и лэжьапIэ IэнатIэхэр нэхъыбэ ещI. IуэхущIапIэр хьэзырщ къэралым щылажьэ и къудамэ псоми цIыху минитху къыщищтэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ