Уафэбгыкъу и нэлат
2020-04-21
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 45-хэм итщ.).
- — Хьиндыуэ жаIащ езыхэм. Ауэ мо нэзэвым блэкIрэ пэт хьиндымэ зэрыщымыуар нэрылъагъущ. Пэжкъэ жысIэр, Дэмдей?
- — Шэч хэмылъу, хьиндыкъым ар, плъагъуркъэ ди Iуфэр къызэрихъуэрэхъухьыр: къытщIэдэIуу арщ. Алыхьым ещIэ абы адыгэхэм якIэщIищIыхьауэ щытыгъар зи щIэщхъу.
- — ФыувыIэжыну фэ тIур зэ?! — мэгие Быжыр. — шы лъэрыгъыншэм и лъэрыгъ фиувэну фыхэтщ, гъуэгу махуэрэ!
- НэхъыщIэхэм гъуэмылэ хъуржынхэр ятIатэщ, Iэнэр яухуэри, ЛIыгъур хьиндыхэр здигъэшхэну къригъэблэгъащ. Щхьэхуэу нэзэвым зыхуигъазэурэ:
- — Уэри, хамэгу-хамащхьэ зумыщIу, къэтIысыт. Ди бзэри мо узигъусэхэм яйри зэдэбгъэшэрыуэу пщIэуэ къысщохъури, фIы дыдэкъэ ар – тэрмэш утхуэхъунщ. Сыт уи цIэр?
- — Iэта-ИльяскIэ къызоджэ.
- … Гъуэгуанэ жыхуаIэращ. Къум пшахъуэщIым и тафэтелъ адыгэ Iэнэм — Европэмрэ Азиемрэ зэпызыщIэ данэ лъагъуэм кIуэрэ пэт щаухуам — бгъэдэст: адыгэхэр, къалмыкъхэр, хьиндыхэр, нэгъуей Iэта-Ильяси ящIыгъужу. НэхъыщIэхэр — Елэн, Къэбард, Даур-КIэмыргуей сымэ бгъуэщIэсти, хэт Iэнэр зэригъэзахуэрт, хэти псы къахуихьырт.
- Iэта-Ильяс я тэрмэшу, Iэнэм бгъэдэсхэр зэпсэлъылIэурэ, мыпIащIэу ерыскъым хэIэбэрт. Нэгъуейм а гупым зэжраIэхэр щызэридзэкIкIэ, езым и гупсысэ гуэрхэр зэрыщIигъужыр нэрылъагъут. ЧэруанакIуэхэм я нэхъыжь хьиндыр егъэзыхыгъуэм теува дыгъэм худэплъейри, я ежьэжыгъуэр къызэрыблагъэр гупым къащыгуригъаIуэм, Быж ЛIыгъур:
- — Дыщысыху жытIэни дгъуэтынущ, ауэ фи ежьэжыгъуэр къэсамэ, гъуэгу махуэхэ! СыхьэтыфI Тхьэм фыхуишэ. Фэ зыфIэтыжыху, мыдэ, Iэта-Ильяс сепсэлъэнут зы Iуэху гуэркIэ.
- Нэзэвыр зыщIигъуауэ Быжыр IукIрэ пэт, гу лъитащ сондэджэрхэм Iэнащхьэм ахъшэ зэрытралъхьэжым. Абы къикIыр ЛIыгъур къыгурыIуауэ, къэуIэбжьри:
- — ФщIэр сыт?! ХьэщIэм шхапщIэ ит хабзэ?! Хьэлэл фхухъу. Iуфхыжыт мор…
- ЗэрагъэтIылъам хуэдэ дыдэу сондэджэрхэм я ахъшэ жьгъейр пIащIэу къызэращтэжым кIэлъыплъри, Iэта-Ильяс:
- — ЕмыкIу пщIы хъунукъым. Абыхэм я сомым сомитI трагъуэтэжу есахэщ…
- — Я хьэлэлщ, дапщэ трагъуатэми. Я Iуэху фIы ирикIуэ, — жиIэурэ, ЛIыгъур Iэта-Ильяс йоплъри:
- — СыкъэпцIыхужакъэ иджыри?
- — ДызэрыцIыхуу зэгуэр щыта? – Iэнкун къохъу нэгъуейр.
- — Шэхьбэз-Джэрий Къанокъуэ зэшхэм Беслъэнейм щраукIыхьари къэпщIэжыркъэ?
- — Шэхьбэз-Джэрий щхьэпсыншэра зи гугъу пщIыр?! — ауан хэлъу подыхьэшхыкI Iэта-Ильяс. — къилэжьар къылъысыжащ.
- — КъылъысыжамкIэ сыарэзыт, ауэ и къуэшхэм иджыри увыIэну ягу илъкъым. Нэгъабэ ди деж къэкIуащ зэуакIуэ — лъы уасэ нобэр къыздэсым къалъыхъуэ… Иджыпстуи дзэ ягъэшэс Къэбэрдейм кърашэну.
- — ЛIыгъур, уэри зэрыплъагъущи, сэ апхуэдэ Iуэхухэм куэд щIауэ сыхэтыжкъым, — нэмыс Iэдэб зыщIэлъ макъкIэ хэкъузауэ жэуап къетыж нэгъуейм, — аращи, хуит сыкъэпщIмэ, сежьэжынт. Си гъусэхэри, мес, къыспоплъэ…
- — ГурыIуэгъуэщ. Уи бжыкIыр дзагуэ щыхъуакIэ, гъуэгу махуэ! Ауэ сэри зы къыбгурыIуэну сыхуейщ: си нэгу зэи дяпэкIэ зыкъыщIумыгъахуэ.
- ЧэруанакIуэхэр ежьэжащ. Псыкъуийм Iут и гъусэхэм къахыхьэжри, ЛIыгъур:
- — Дэри догувэ. КъызжефIэт, Даур-КIэмыргуей теухуауэ сыт иджы ди унафэр?
- — Сыт унафэ? Мы пшахъуэщIым къиднэу дежьэжын хуейуэ ара? — къэгузэващ Къэбард.
- — Пэжщ а жыпIэр, Къэбард, хъунукъым щIалэр къэдгъанэ, — жиIэурэ Дэмдей Къашыргъэ хуоплъэкI.
- — Унафэ лей иIэ абы? Пщэдей-пщэдеймыщкIэ дыкъыщыблэкIыжкIэ, здэтщтэжынщ, — жеIэ Къашыргъэ.
- ЛIыгъур псоми жаIэм едэIуа нэужь, зишэщIауэ гузавэурэ къэдаIуэ щIалэщIэм зыхуегъазэри:
- — Уэ дауэ уеплърэ абы, Даур-КIэмыргуей?
- — Нобэ пщIондэ мыбы сыщIыщыIэфар си лъахэм згъэзэжыну згъэфIа а гугъэрщ. ИтIани, си зэранкIэ мыдыгъу-дыгъуфэ къываплъыну сигу схутегъахуэркъым. Фхуэмыфащэщ ар.
- — Афэрым, КIэмыргуей. Псалъэ пэжщ. Иджы и чэзу хъуащ уи адэм и цIэм дыщIэупщIэнуи…
- — Абрэджхэ сащыщщ. Си адэр… Кърымым щыIэщ ар. Мырзэ дзэпщ гуэрым и деж къулыкъу щещIэ.
- — Ар дауэ ухъут! — къолъ Дэмдей. — АдыгэлIым мырзэ гуэр деж къулыкъу щиIыгъыу?!
- — Дэмдей, уи тIуалэр иджыри ешакъэ? — мэгие Къашыргъэ. — Дипхъухэр тырку сулътIанхэм, урыс пащтыхьхэм, кърым хъанхэм, къэжэр падишаххэм, куржыпщхэм ягъэфыз щыхъукIэ, Абрэджыр сыт бахъшысэрей мырзэм хуэлIыщIэ щIэмыхъунур? Хэт жыпIат, КIэмыргуей, уи адэм зэреджэр?
- — Мырзэбэч… Ауэ, сэ сщIэрэ, а кърымхэр нэгъуэщI цIэкIэ къеджэми?
- Къашыргъэ тIэкIурэ гупсысэри:
- — Уи жагъуэ-уи щIасэми, щIалэ, адыгэм диIэщ псалъэжь: «Банэ и пIэ банэ къокIэж»… Щхьэж къызыхэкIам и нэпкъыжьэ и натIэм телъыжщ.
- — СщIыркъым щхьэрыгъажэ, сыту жыпIэмэ, си анэш Бэлэтокъуи, апхуэдэ гуэр къикIыу, зэ зыгуэр жиIэгъат…
- КIэмыргуей и псалъэхэр Къэбард щызэхихым, шыныбэпх икъузыжар гу лъимытэххэурэ IэщIэжыжащ, игъэлэлэжри, къэуIэбжьауэ:
- — Уа, шынэхъыщIэ, къызгурыIуар пэжмэ, укъэзылъхуа уи адэр уи щхьэ иупэсыжыркъым?..
- Гупым щыму къахэдэIухь Елэн иджы нэщхъейуэ щатэри:
- — КъызэрыщIэкIыр аращ, дауи.
- — Тхьэмадэ Iумахуэр къызэупщIати, пцIы хэзмылъхьэу, сигу илъыр жысIауэ аркъудейщ. Си адэр мыбдеж къэувами, а сызэрыхущытыр нехьэкI-къехьэкI хэмылъу жесIэнущ. ИтIани, сэ сщыгъупщэркъым зэи: ар — си адэщи, си адэу къонэж! – хэкъузауэ жэуап къет Даур.
- ЛIыгъур хуэмышэчыжу:
- — Елэн, Къалмыкъым дыкъикIыжыху, КIэмыргуей и пIэкIэ мыбдеж укъыщыдонэ.
- — Къалмыкъыбзэ зыри сымыщIэуи?..
- — УмыщIэуи. Псы ибгъэхъуэн папщIэ, бзэ ухуэныкъуэну си гугъэкъым.
- — ЗэрыжыпIэщ, ЛIыгъур, зэрыжыпIэщ. КIэмыргуей къызэлам сэри сыкъелынщ. Къалмыкъым залымыгъэкIэ сыщагъэпщылIыну зыгуэрхэм гугъэ къысхурамыщI къудей! Гъуэгу махуэхэ. Ди Iуэху Тхьэм къывигъэхъулIэ!
- Шухэр гъуэгу теувэжащ. КIэмыргуей гупым хэмыт-хэмыщу кIуэрт, Къэбард и сэмэгурабгъур иIыгъыу. Абыхэм япэ къиту макIуэ Къашыргъэрэ Дэмдейрэ. ЛIыгъури щыму уанэгум исщ. Елэн и шым мыцIыху ищIурэ хопырхъыкI: зыхещIэ а ибг исыр зэрыхамэр, ауэ шыр абы есэжынущ куэд имыкIуу.
- Даур нэщхъейуэ мэгупсысэ, и адэм теухуауэ къипсэлъахэм ироплъэж: «ЕмыкIущ адэм хуэмыфащэ гуэр бгъэIуну… Ауэ а жысIам пцIы лъэпкъ хэлъкъым. СыхущIегъуэжи хъунукъым. Къэбард иджы нэмыплъ къызиту пIэрэ? «Уи адэм ухуопсалъэ!» — къызжиIащ нетIэ… Сыт емыкIуу абы щыгъуэ къызжьэдэкIа? Зэгуэри, дапщэщи зэ, си адэм хуэзгъэгъунущ а зэхэзедзэн сызэрищIыгъар, арщхьэкIэ… къыхуигъэгъуну пIэрэ къытщхьэщыт Алыхьым!..»
- — КIэмыргуей! — къэджащ ЛIыгъур, — мэууэ укъызбгъурытурэ накIуэт!
- ЩIалэр зы шыщхьэкIэ иужь иту Быжым бгъурыуващ.
- — Уи шыщхьэр спэзанщIэ зыкъэщIыт, тIасэ, къызбгъурыувапэ, — къопсалъэ Быжыр.
- КIэмыргуей кIуатэри, нэхъыжьым а жыхуиIам хуэдэу бгъурыувэпащ. ЛIыгъур здэкIуэм щIоупщIэ:
- — А кърым сондэджэр Iэта-Ильяс уи нэIуасэ, КIэмыргуей?
- — Сондэджэркъым ар! – кIэщIу педзыж Даур.
- — Сэри а фэр есплъащ, — ЛIыгъур иджыри тэлайкIэ мэгупсысэжри:
- — Зыри зэхэпхакъым. КъыбгурыIуа?
- Дыгъэ къухьэгъуэм ирихьэлIэу къум пшахъуэщIым къыумыцIыхун хуэдизу зехъуэж. Тегъущыхьыжа удз гъурцхэм иджы къащIоплъ щхъуантIагъэ мащIэ. Шухэр къалмыкъ щIыналъэм и тафэшхуэм зэрытехьам и нэщэнэу, жьапщэм иджы удзыпэ щхъуантIэмэ къыщIех. Шыхэри, удзымэр зыхащIащи, нэхъ куууэ мэпапщэ.
- ЛIыгъур къыгурыIуэрт КIэмыргуейрэ езымрэ я псалъэмакъыр зэрамыухар. ТIури гумызагъэу адэкIэ къыкIэлъыкIуэнум пэплъэхэрт.
- ЛIыгъур кIуэуэрэ къопсалъэри:
- — Хэт сыт хуэдэ лей къыптримылъхьами, гужьгъэжь зэрызэтумылъхьэм гу лъыстащ, КIэмыргуей. Ар фIыщ.
- — Пхуэмыфащэ къозыпэсам, уи псэ къеIам, дауэ зэрыхуэбгъэгъунур, ар уи адэу щытми? — егъэщIагъуэ Къэбард.
- Быжым игу ирихьакъым нэхъыщIэр а псалъэмакъым къызэрыхыхьар, итIани тхьэмадэр пыгуфIыкIыурэ и напIэхэр ирихьэхри:
- — Къэбард, сыту пIэрэт уэ езым пщIэнур, Даур-КIэмыргуей и пIэм уитатэмэ?
- Къэбард къыгурыIуат нэхъыжьым игу зэрызригъэбгъар. ЛIыгъури, псоми зэхахын хуэдэу:
- — «Мыр щIэ, мыдрейр умыщIэ» — жытIэу КIэмыргуей иджыпсту чэнджэщ еттыну дыхэткъым дэ. Хьэкъращи: къалмыкъ хэкум щIалэр къиднэнукъым. Абы тIэу жыIэ хэлъыхэн хуейтэкъым.
- Шухэр Iуащхьэм дэкIри, плъэмэ — нэм зэлъищIысыр щхъуэкIэплъыкIэ хьэлэмэту удзыпцIэ Iув тафэт.
- — Тобэ ярэби! Хэт и гугъэнт мыпхуэдэ дахагъэ щIы гущIыIум тету?.. — игъэщIагъуэрт ЛIыгъур.
- Шухэм языхэзри зэи теплъатэкъым апхуэдиз удз гъэгъа зэщIыгъуу зы щIыпIэм уэру щыкIыу. Гъуэжьу, плъыжьу, хужьу, гъуатIэу, шэджэнэплъу, купраузу, шакъафэу — гъэгъа дахащэхэр моуэ, жьы хуэмым тригъащIэмэ, мащIэу зыдыщIаупскIэурэ толъкъуну щIэхъаерт.
- АдэкIэ жыжьэу къыщылъагъуэрт къалмыкъхэм я псэуалъэ фэ пщыIэхэу, нып зэмыфэгъу цIыкIухэмкIэ гъэщIэрэщIахэр. Щхьэж и пщыIащхьэ — пэнцIыв шопсым щызэрыдзэжа кIапсэхэмкIэ, щхьэж зытет щIым тепхэжауэ, зэхэтт а псэуалъэхэр. Аюк хъаным и шэтырхэрт ахэр. Хьэблэ цIыкIуу зэхэт фэ пщыIэхэмкIэ шухэм яунэтIащи, заплъыхьурэ ягъэщIагъуэ: хъуреягъыр Iэхъушэ бэгъуащ. Языныкъуэ гуартэхэр удзыпцIэм щохъуакIуэ, нэгъуэщI хъушэхэр къэхухьауэ Iуэшхуэхэм ярытщ.
- ЩIымахуэ кIыхьым жэмхэм зэтралъхуа щIэжьейхэм, анэ джабэхэм зыщахъуэурэ, шхуэлыр къалъыхъуэ. Хъуэпсэгъуэу куэдщ апхуэдэ жэм зэщIэсхэри. Адрей лъэныкъуэмкIэ уэру къыщохъуакIуэ шы табынышхуэхэр: шы къарэхэр, шы гъуэплъхэр – езыхэр лъэ псыгъуэ лъагэрэ пщэгурыгъ къуаншэ дахэ хъужахэу, теплъафIэхэщ. Я дарий сокупцIэхэр пщIыпщIу жьыбгъэ хуэмым зэрехьэ. Шы табынхэр гуэрэнурэ къэзыуфэрэфыхь бзу лIэужьыгъуэхэм якIэлъыплъурэ, къэбэрдей шухэм ягъэщIагъуэ къалмыкъ хъаным и щIыналъэ къулейр.
- Шэтыр хьэблэм къыдокIри, я бжыкIыщхьэхэм пылъ кIапэ щабэ бацэхэр (псэущхьэ гуэрхэм яйхэр) жьым хэджагуэу, хъумакIуэ шу гупыр лъэхъуу къапокIуэ къэбэрдеилIхэм.
- — Къэбард, КIэмыргуей, дяпэ фищи яжефIэ, ХьэтIохъущокъуэм дызэригъэлIыкIуэр Аюк хъаным ирагъэщIэну!
- Даур-КIэмыргуей къалмыкъ шу щхьэхъумэхэм я бзэмкIэ епсэлъа нэужь, къэбэрдей лIыкIуэхэр шэтырхэмкIэ благъэкI. Я гупэхэм къалмыкъ шууитI къоувэри, лъэныкъуэегъэзу щыт фэ пщыIэ хужьышхуэмкIэ ягъэгъуазэу хуаунэтI.
- Адыгэхэм яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхь здыщIаша фэ пщыIэр: мащIэу къызэщIэIэтащ лъэгур, шэтыр кIуэцI джабэхэр къищIыкIащ зы IэпапIи къызыщIэмыщ алэрыбгъушхуэхэмкIэ. Блын лъабжьэхэм кIэщIэлъщ щхьэнтэ къуэлэн цIыкIухэмрэ шхыIэнтепхъуэ шыхьахэмрэ. ПщыIэм узэрыщIыхьэу, Iэнэ хъурей щхьэгуэ лъахъшэ щытщ. Iэнащхьэм псы изу тетщ, дыжьын тхыпхъэIущIэ зэта пэгуныр. Абы ещхьыпсу тхыпхъэщIыпхъэ зытелъ кумбыгъэ цIыкIур пэгуныкъум и кIым фIэгъэнауэ жьэдэлъщ. Iэнэ щхьэгуэм зэгъэзэхуэпауэ телъщ напэIэлъэщI къабзэхэр.
- Къубгъанхэмрэ зытхьэщIылъэ куу цIыкIухэмрэ къыхуахьу, хьэщIэхэм зрагъэгъэкъэбза нэужь, ерыскъыри мыгувэу къыкIэлъахьащ. Гъуэгуанэ кIыхьым зэхиукIа къэбэрдейхэр, шхыным зэрыхэIэбаи щымыIэу, пIэм я щхьэр нахьэсрэ пэт, Къашыргъэ:
- — Псыунэ ямыIэу пIэрэ мыбыхэм?
- Дэмдей зэгуэпауэ къопсалъэри:
- — Псэ яIумыт уи гугъэ мыбыхэм?.. А уздэщылъ бжэм деж псыунэщ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ)