ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дзюдомрэ самбэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI  Джэданэ зэкъуэшхэр

2020-04-21

  • Куэдрэ къэхъуркъым зы адэ-анэм къалъхуа зэкъуэшхэм ехъулIэныгъэ инхэр спортым щаIэу. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ самбэмрэ дзюдомрэ лъэужь дахэ къыщагъэнащ икIи тIури дунейпсо классымкIэ спортым и мастер хъуащ.

  • Къамылыкъуэ адыгэ къуажэжьыр зи къежьапIэу Налшык псэупIэ зыхуэхъуа Джэданэ Щэлэуат къалэшхуэм къахузэIуиха Iэмал псори и къуитIым нэсу къахуигъэсэбэпащ. ЗэкIэлъхьэужьу 1981, 1983 гъэхэм къыхуалъхуа Залымрэ Алимрэ абы къигъэхъуащ къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэмрэ нэмысымрэ яIыгъыу, я Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэу псыхьауэ. И къуэхэм я ныбжьыр илъэситху ирикъуа къудейуэ арат тренер гъуэзэджэ Сэралъп Олег и деж самбэмрэ дзюдомрэ зыщыхуагъэсэну щритам.
  • Залым нэхъыжьти, Алим абы сыт и лъэныкъуэкIи дэплъейрт икIи и щапхъэт. Зэкъуэш цIыкIухэр зэхуэгумащIэу, зыр адрейм къыщхьэщыжрэ игъэгушхуэу къэхъуащ. Дауи, Залымщ япэ ехъулIэныгъэхэр зиIар, ауэ ахэр тIуми зэдагуэш зэпытт.
  • ЗэкъуэшитIри Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам 2007-2017 гъэхэм сыт щыгъуи ираджащ. Залым самбэри дзюдори зэдихьащ, ехъулIэныгъэхэр инхэр зэхуэдэу щиIэу. А тIумкIи спортым и мастер хъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ Джэданэ Залым 2001 гъэм екIуэкIа самбэмкIэ къэралым и зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуар икIи а илъэс дыдэм дунейпсо чемпионатым и финалым зэрыщыбэнар. Илъэситху дэкIри, дюдомкIэ Дунейпсо кубокым Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту щIэбэнащ икIи ещанэ щыхъуащ. А гъэ дыдэм къэралым и кубокыр зыIэригъэхьащ. Аргуэру илъэс дэкIри, Европэм и финалым нэсащ.
  • Иужьу Залым ехъулIэныгъэ ин щиIар 2017 гъэращ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Лос-Анджелес къалэм щекIуэкIа Полицейхэмрэ мафIэсгъэункIыфIхэмрэ я XVII Дунейпсо джэгухэм килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ар щытекIуэри, Урысей Федерацэм дыщэ медалыр къыхуихьащ. Абы папщIэ хигъэщIащ Кубэм, Бразилием, Монголием, Къэзахъстаным, Китайм я бэнакIуэ лъэщхэр. КIэух зэIущIэм къищынэмыщIа, адрей псоми хухаха зэманыр имыухыу ди лъахэгъур и хьэрхуэрэгъухэм ятекIуащ.
  • Залым и къуэш нэхъыщIэ Алими зэрыгушхуэн и куэдщ. Абыи самбэри дзюдори зэдихьу щIидзат икIи 2004 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион самбэмкIэ хъуат. АрщхьэкIэ иужьым дзюдом къытеувыIащ ар, Олимп джэгухэм я программэм зэрыхэтым къыхэкIыу. Дэтхэнэ спортсменми япэ иригъэщ а зэхьэзэхуэ иным хэтын папщIэ Джэданэ Алим куэд дыдэ илэжьащ. Абы дзюдомкIэ къэралым и чемпионыгъэр 2006 гъэм зыIэригъыхьэщ, илъэситI дэкIауэ Европэм и жэз медалыр щIигъужри, Китайм и къалащхьэ Пекин щекIуэкIыну Гъэмахуэ Олимп Джэгухэм хэхуащ.
  • Псори хъарзынэу ежьа хуэдэт. Алим и хьэрхуэрэгъухэр иригъэкIуэтэкIыурэ килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм и финалым и Iыхьэ плIанэм нэсат. АдэкIэ чемпионыгъэм лъэбакъуищ иIэжу арат. АрщхьэкIэ Франджым щыщ Дарбеле Бенджамен фIэкIыфакъым. Жэз медалым папщIэ Кубэм икIа Аренсибиа Йорданис щебэнами къыхигъэщIащ.
  • Китайм щекIуэкIа Олимпиадэм ехъулIэныгъэ зэрыщызыIэримыгъэхьэфар и гум щIыхьа пэтми, Алим къыгурыIуэрт абдежым гъащIэр зэрыщимыухыр икIи илъэс 25-рэ фIэкIа ныбжьу зимыIэ спортсменыр адэкIи ерыщу бэнэн зэрыхуейр. АбыкIи лъэкI къигъэнакъым. И къуэш нэхъыжь Залым и унафэм щIэту къыкIэлъыкIуэ олимп лъэхъэнэми зыхуигъэхьэзыращ икIи и зэфIэкIым зыми шэч къытригъэхьакъым. Ар зэхьэзэхуэ куэдым щытекIуащ, ауэ нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэр 2012 гъэм и пэщIэдзэм Челябинск щызэхэта Европэм и чемпионатрат. Абы кърикIуахэм япкъ иткIэ яубзыхунут Лондон гъэмахуэм щекIуэкIыну Олимп Джэгухэм хэтынухэр.
  • Зэхьэзэхуэм и япэ махуэм гуфIэгъуэ ин къытхуихьащ — дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ килограмм 60-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэта Мудрэн Беслъэнрэ килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъ Джэданэ Алимрэ. Ахэр Европэм и чемпион хъуащ икIи Олимп Джэгухэм хуэзышэ гъуэгухэр къахузэIуха хуэдэт.
  • — Иджыпсту псом ящхьэр Олимпиадэм кIуэнухэм сахэхуэнырщ. Нобэ сыт хуэдэ зэхьэзэхуэм сыхэтынуи абы сыщытекIуэнуи сыхьэзырщ. АрщхьэкIэ спортым сытри къыщыхъуфынущ, — жиIат дыщэр къыщихьа Европэм и чемпионатым иужькIэ Джэданэм.
  • Алим и псэм ищIа худэт гугъуехь лейхэр къызэрыхукъуэкIынур. Европэм и иужьрей чемпионатым зэрыщытекIуами, дунейпсо рейтингым япэ дыдэу зэрыщытми щхьэкIэ къамыгъанэу ар ирагъэкIуэтэкIри, Олимп Джэгухэм нэгъуэщI ягъэкIуащ. Ардыдэр абы щыгъуэм къыщыщIащ Мудрэн Беслъэни.
  • АдэкIэ хьэлэмэтагъышхуэ спортым хэлъыжтэкъым. Пэжщ, ар иджыри зэхьэзэхуэ зыбжанэм щытекIуащ, «Тажышхуэ», Гран-При зэпеуэхэри хэту, ауэ нэхъ щIалэIуэхэр иджы япэ игъэщын хуейт.
  • Алэрыбгъум къикIыжами Джэданэ зэкъуэшхэм дзюдор IэщIыб ящIакъым. ИлъэсиплI ипэкIэ Дюдоистхэр щагъэхьэзыр центр Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым абыхэм къыщызэIуахащ. Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Джэданэ Залымрэ абы и къуэш нэхъыщIэ Алимрэ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ икIи щIэблэр гъащIэми спортми хуагъасэ. Абыхэм я деж ныбжьыщIэ цIыкIухэр пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми куэду йокIуалIэ. Зэкъуэш цIэрыIуэхэм абыхэм лIы нэс къыхащIыкI икIи дзюдомкIэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэхэм хуагъэхьэзыр. Шэч хэлъкъым къэралми дунейми я чемпионхэр нобэрей бэнакIуэ ныбжьыщIэхэм къазэрыхэкIынум.
  • Джэданэ зэкъуэшхэм я гъэсапIэм къэкIуэну дахэ зэриIэм шэч хэлъкъым. Абы къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ ДзюдомкIэ олимп зыхуэгъэхьэзырыныгъэм и центр.
  • УнагъуэкIи насыпыфIэ хъуащ Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ. Абыхэм бын узыншэ икIи щэныфIэ къащIохъуэ, я адэхэм яхуэфэщэу, я пщIэр нэхъри яIэту.
  • Жыласэ Заурбэч.