Етхуанэ къыдэкIыгъуэм фыкъыщеджэ
2019-11-29
- Дунейм къытехьащ литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2019 гъэм и етхуанэ (сентябрь — октябрь) номерыр.
- Журналым и жьантIэр ялъысащ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд-рэ усакIуэ Тхьэгъэзит Зуберрэ — Къэрмокъуэр къызэралъхурэ илъэс 90, Тхьэгъэзитым и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуащ. Япэ напэкIуэцIхэм укъыщоджэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ къэзыгъэлъагъуэ тхыгъэ кIэщIым, абы и IэдакъэщIэкIхэм илъэс зэхуэмыдэхэм хужаIа псалъэ гуапэхэм, «Щихухэр иджыри мэкI» и роман цIэрыIуэм щыщ пычыгъуэм. КъыкIэлъыкIуэр филологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэвжокъуэ Людмилэ «Лъэпкъым и гум къипсэлъыкI усакIуэ» зыфIища и тхыгъэращ, Тхьэгъэзитым теухуауэ. «Хэтми — япэ къэса жьакIуэр Хэку джэгуакIуэу къыщIэмыкI. Тхьэм и лIыкIуэмэ усакIуэр, Лъэпкъым и гум къопсэлъыкI» сатырхэр, Зубер и усэм къыхихар, эпиграф зыхуэхъуа тхыгъэм гъэхуауэ и гугъу щещI Тхьэгъэзитым и зэфIэкIым, и зэчийм, и усыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэм. Людмилэ итхахэр щIагъэбыдэми ярейщ Зубер къэзыцIыхуу, и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу щытахэм илъэс зэхуэмыдэхэм къыхужаIа псалъэ гуапэхэм, и сурэтхэм, и IэдакъэщIэкI усэ купщIафIэхэм.
- «Прозэ» рубрикэм щIэтщ Журт Биберд и «Унагъуэ» романым щыщ пычыгъуэр. Абы и пэщIэдзэр еплIанэ къыдэкIыгъуэм тетащ, мы номерым абы щыпещэ.
- НэщIэпыджэ Замирэ и публицистикэ тхыгъэщ «Лъэпкъыр зыдэбжьы-фIэ махуэшхуэ» фIэщыгъэм щIэтыр, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр (фокIадэм и 20-р) зэрагъэлъэпIам теухуар.
- Философие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Унэж Кашиф пасэрей адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я щэнхабзэм триухуа и тхыгъэшхуэр щIэныгъэ мыхьэнэ ин зиIэщ, ар куэдым щIэщыгъуэ зэращыхъунум шэч хэлъкъым. Ар щIэтщ «ЛIэщыгъуэхэм я лъэужь» рубрикэм.
- КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ Бэгъуэтыж Светланэ псэлъэгъу гъэщIэгъуэнщ (ар сэ згъэунэхуащ. — И. З.), гу къабзэ зиIэ цIыхущ, зи лэжьыгъэм хуэIэижьщ. Абы теухуа и гукъэкIыжхэмкIэ, и гупсысэхэмкIэ, и хъуэпсапIэхэмкIэ къыщыддэгуашэ тхыгъэщ журналым и «Культурэ» Iыхьэр къызэIузыхыр.
- Абы къакIэлъокIуэ Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, режиссёр, сценарист, продюсер ЕмкIуж Андзор теухуа тхыгъэр, Адыгейм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэ и IэдакъэщIэкIыр. Фызэрыщыгъуазэщи, 2019 гъэр Театрым и илъэсу ягъэуващ. Абы хуэгъэпса тхыгъэхэр илъэсым и кIуэцI-кIэ журналым иратыну абы и лэжьакIуэхэм ящIа мурадым къыпызы- щэщ «Лъэпкъ культурэм и хъумапIэ» фIэщыгъэр зиIэ интервьюр. Замирэрэ Андзоррэ я зэпсэлъэныгъэр щIэщыгъуэ хъуащ, Андзор и дуней тетыкIэмрэ и лэжьыгъэмрэ, и дуней еплъыкIэмрэ и гупсысэхэмрэ наIуэу уи нэгу къыщIегъэувэ.
- КъыкIэлъокIуэ «IуэрыIуатэ» Iыхьэр. Абы дыкъыщоджэ «Жэмыхъуэжь Сэтэней яфIехь», «Сэтэнейрэ уанащIэмрэ», «Сэтэней и гъыбзэ», «Нэсрэн», «Хьэмрий», «Нарт хабзэ» хъыбар кIэщIхэм. Сабийхэм яхухэха напэкIуэцIхэм иуващ Перро Шарль и «Яжьэгуащэ, е Хрусталь туфлъэ цIыкIу» таурыхъыр, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Нало Заур адыгэбзэм къригъэзэгъар. Ар цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэныну, таурыхъыр нэIурыт зыщI сурэту абы хэгъэувахэм дихьэхыну дыщогугъ.
- Журналыр зэхуещIыж куэд дэзыхьэх, зыпэплъэ псалъэзэблэдзым. МызыгъуэгукIэ ар псалъэжьу зэхэлъщ.
- ИСТЭПАН Залинэ,
- «Iуащхьэмахуэ» журналым
- жэуап зыхь и секретарь.