Си еджапIэ — си къежьапIэ
2019-11-29
- ЩIэ
- «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр мэлажьэ
- Ди республикэм и къалащхьэ Налшык иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ пэщIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэ Iэмалхэр, «Яндекс. Учебник»-м тету» курсхэр. Егъэджэныгъэхэм хэтащ ди щIыналъэм и егъэджакIуэ 400-м щIигъу.
- Курсхэр къыщызэIуахым, абы къекIуэлIахэм захуигъэзащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес. Ар тепсэлъыхьащ бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм щIыналъэм хэпщIыкIыу зыщегъэужьын зэрыхуейм.
- — Нобэрей егъэджакIуэм щIэныгъэ куу бгъэдэлъыпхъэщ иджырей технологие пэрытхэм ехьэлIауэ. Егъэджэныгъэм хэлъ апхуэдэ дызыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм хуэгъэпсауэ ди деж илъэс зыбжанэ лъандэрэ шэщIауэ щолажьэ УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьауэ щыта «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр, — къыхигъэщащ Къумыкъум. — ЩIыналъэ егъэджэныгъэ IэнатIэм зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ куэдым шэсыпIэ яхуэхъуа а жэрдэм гъуэзэджэр здынэмыс унэтIыныгъэ щымыIэми ярейщ. Абыхэм языхэзщ нобэ къызэIутх курсхэр.
- «Яндекс.Учебник» Iэмалыр «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэ» проектым епхахэм ящыщщ. Абы и фIыгъэкIэ егъэджакIуэхэм щыгъуазэ зыхуащIыфынущ электрон егъэджэныгъэ программэхэм, технологиещIэхэм, школ лэжьакIуэхэм яхэлъ Iэзагъым, творчествэм хигъахъуэу. ЩIыналъэхэм щылэжьэну а проектым и пашэ Корзеев Артём зэрыжиIамкIэ, «Яндекс.Учебник»-р егъэджакIуэм дерсхэм къыщигъэсэбэп хъунущ, хабзэ хъуауэ зэрылажьэ адрей методикэхэми ящIыгъуу. А Iэмалыр къагъэсэбэпурэ ягъэзэщIэфын унэ лэжьыгъэхэм школакIуэхэр дегъэхьэхынри ехъулIэныгъэ къызыпэкIуэн Iуэхугъуэщ. Математикэмрэ урысыбзэмрэ хуэщIа апхуэдэ лэжьыгъэхэр гъунэжу пщIэншэу щыбгъуэтынущ «Яндекс.Учебник»-м.
- Къардэн Ритэ.
- УнафэщIым и зэфIэкIым куэд елъытащ
- ЗыхущыщIэ щымыIэу къуажэ еджапIэр къызэбгъэпэщыну тыншкъым, мылъкушхуэрэ зэман куэдрэ хухэпхын хуейщ. Ауэ апхуэдэ гугъуехь къылъыкъуэкIхэм къыпикIуэтыркъым мы тхыгъэр зытеухуа, Псыншокъуэ къуажэм дэт курыт школым и унафэщI Тхьэкъуахъуэ ФатIимэ.
- ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ, лэжьыгъэм и пIалъэм фIыуэ хэзыщIыкIщ ар. Мы еджапIэм илъэс 27-м нэсауэ щолажьэри, абы щыщу 11-м унафэщIым и къуэдзэу щытащ, илъэс 8-нэ хъуауэ унафэщI къалэныр егъэзащIэ. А къулыкъум зэрыпэрагъэувэри еджапIэм и Iуэхухэр зэрыригъэфIэкIуэным, ныбжьыщIэхэм ират щIэныгъэм и фIагъым зэрыхигъэхъуэным, зыдэлажьэ гупым ягу нэсыным хущIэкъуу апхуэдэщ.
- ФатIимэ и псалъэхэм къызэрыхэщымкIэ, зэрысабийрэ егъэджакIуэ IэщIагъэм ехъуапсэрт. Уеблэмэ, хьэблэ сабийхэм щрагъусэм деж ахэр иригъаджэу апхуэдэт я джэгукIэр.
- А IэщIагъэм хуеджэну хуейуэ и адэ-анэм щажриIам щыгуфIыкIыщатэкъым, ауэ къыпэрыуакъым.Бахъсэн дэт 2-нэ курыт школым 8-нэ классыр къыщиухри, Педагогикэ училищэм пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр и къудамэм щIэтIысхьауэ щытащ ар. ЗыщIэхъуэпс IэнатIэм зэрыпэрыувэным къару къыхилъхьэу, нэхъыбэ зэрызригъэщIэным, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъуу еджащ ФатIимэ. Ар къиуха нэужь, езыр зыщIэса школым игъэзэжри, унагъуэ ихьэху, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьащ.
- ИужькIэ, зыхэхуа унагъуэм трагъэгушхуэри, ФатIимэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэжат, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. Абы зэрыщеджэм хуэдэурэ, 1992 гъэм, Псыншокъуэ дэт курыт еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьэн щыщIидзауэ нобэр къыздэсым а IуэхущIапIэм щыIэщ.
- Илъэс зыбжанэкIэ иригъэджауэ абы къыхуагъэлъэгъуащ школ унафэщIым егъэджэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ къалэныр. Лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, гугъуехьым щымышынэ цIыхубзыр а IэнатIэм пэрытащ илъэс куэдкIэ. Абы къыдэкIуэу, ФатIимэ урысыбзэмрэ литературэмкIи иригъаджэрт. ЕгъэджакIуэ щыпкъэм зэрыжиIэмкIэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэ иримыхьэкIами, сыт хуэдэ Iуэху зэфIимыхами, сабийхэм ярит дерсым къыдэкIуэ гукъыдэжым хуэдэ къезыт зыри щыIэкъым. Сыт ар къызыхэкIыр жыпIэмэ, ябгъэдилъхьэ щIэныгъэм и мызакъуэу, езы цIыкIухэм я дежи куэдым зыщригъэсэну Iэмал зэриIэр аращ. Тхьэкъуахъуэм къыхегъэщ сабийм бгъэдэплъхьа щIэныгъэр а дакъикъэхэм наIуэ къэмыхъуми, зэман дэкIа нэужь Iэмал имыIэу зэрахэплъэгъуэжыр. Абы и щыхьэтщ нобэкIэ ар зэрыгушхуэ, ди республикэм и мызакъуэу Урысейм и къалэшхуэхэм дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэр къаухыу IэщIагъэ хъарзынэ зэзыгъэгъуэта, апхуэдэу езым и лъэужьым ирикIуа еджакIуэхэр зэриIэр.
- И къару емыблэжу и лэжьыгъэ Iыхьэр зэригъэзащIэм, иригъэкIуэкI Iуэхухэм гу къылъатэри, 2001 гъэм еджапIэм и унафэщI къулыкъум пэрагъэувауэ нобэми ирехьэкI ФатIимэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, а къулыкъур къыщыхуагъэлъэгъуам тIэкIу иригузэват. Абы къыгурыIуэрт сабийхэм уахэтынымрэ гъащIэм и пIалъэ зыщIэ цIыху балигъхэм уадэлэжьэнымрэ зэрызэхуэмыдэр. Ауэ, зэримыгугъауэ, тыншу ядогъуэгурыкIуэ и нэIэ щIэту лажьэ егъэджакIуэхэм.
- — ЗэгурыIуэ здэщыIэм фIыщ щыIэнури. Лэжьыгъэр гугъуми, абы хууиIэ лъагъуныгъэм Iуэхур къыбдегъэпсынщIэ, — жеIэ Тхьэкъуахъуэм.
- Унэ етIуанэ хуэхъуауэ и гъащIэм и нэхъыбэр щигъакIуэ IуэхущIапIэм и щыIэкIэ-псэукIэр, и къэкIуэнур егъэфIэкIуэным еш имыщIэу телажьэу апхуэдэщ ФатIимэ. Сыт хуэдэ ехъулIэныгъэ курыт еджапIэм зыIэримыгъэхьэми, ар егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм, адэ-анэхэм я фIыщIэущ къызэрилъытэр.
- ЕджапIэм и пэшхэр, пщIантIэр, абы къегъэщIылIа щIыпIэр дахэу зепхьэкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр абы екIуалIэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэмрэ арэзы хъууэ щIэныгъэ егъэгъуэтынырщ. ФатIимэ мы IуэхущIапIэм и унафэщI зэрыхъурэ сабийхэр уэрамым щымыхьэулейуэ Iуэху гуэрым дегъэхьэхыным, гъэсэныгъэр егъэфIэкIуэным, щIэныгъэр щIэгъэбыдэным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ. Абы и щыхьэтщ еджапIэм гупжьей куэд зэрыщыIэр, семинар, зэпеуэ, зэпсэлъэныгъэ, пшыхь зэмылIэужьыгъуэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрызэрагъэпэщыр. ЕгъэджакIуэхэри адэ-анэхэри зыгъэгуфIэ ехъулIэныгъэхэр ныбжьыщIэхэм къыщахь щIыналъэ, хэгъэгупсо, урысейпсо утыкухэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм, олимпиадэхэм, зыкъэлъэгъуэныгъэхэм. Апхуэдэу школым щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэIущIэхэри. Абыхэми утыкушхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъагъуэ. ЕджапIэм щылажьэхэри, Прохладнэ щIыналъэри иригушхуэу, школым географиер щезыгъэдж Ахъмэт Рустам «2019 илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм и лауреат хъуауэ щытащ.
- Рустам хуэдэ егъэджакIуэфI куэд школым зэрыщылажьэр къыхегъэщ унафэщIым. Абыхэм я зэфIэкIыр нэхъыбэу наIуэ щыхъур сабийхэм къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэр, ОГЭ, ЕГЭ-хэр щатхэм дежщи, еджакIуэхэр абыхэм хъарзынэу полъэщ.
- Апхуэдэуи, егъэджакIуэ IэщIагъэр зрагъэгъуэтауэ я школым лэжьэну къакIуэ дэтхэнэми дэIэпыкъуэгъурэ методикэ и лъэныкъуэкIэ чэнджэщрэ зэрагъуэтри къыджиIащ ФатIимэ. НобэкIэ курыт еджапIэм щекIуэкI лэжьыгъэр зэрыгупу зэрызэфIагъэкIым, зэдэIэпыкъуу, зэхуэгуапэу зэрыщытым щогуфIыкI унафэщIыр.
- И IэщIагъэм хуиIэ лъагъуныгъэм щытепсэлъыхькIэ абы жеIэ, IэщIагъэ къыхэхыным теухуауэ чэнджэщкIэ зыкъыхуэзыгъазэ дэтхэнэри егъэджакIуэ унэтIыныгъэм зэрытригъэшхуэр.
- Иджыри зэ сыхэдэжын хуей хъуамэ, егъэджакIуэ IэщIагъэрт сызыхуеджэнури, сызэрылэжьэнури. Махуэ къэс нэхъыфIыжу слъагъукъэ жыпIэу апхуэдэщ, — жеIэ Тхьэкъуахъуэм.
- ФатIимэ и лэжьыгъэфIри гулъытэншэ хъуркъым. Абы къыхуагъэфэщащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр, апхуэдэу УФ-м цIыхухэм курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэри къыфIащащ, къратащ Прохладнэ щIыпIэ администрацэм къыбгъэдэкI фIыщIэ, щытхъу, ЩIыхь тхылъхэр, Псыншокъуэ къуажэ администрацэм и ЩIыхь тхылъыр.
- И IуэхущIафэ псори къыхуагъэдахэу, зыкъыщIагъакъуэу ФатIимэ и щIыбагъ къыдэтщ унагъуэ дахи. Абы и гуащэ Тхьэкъуахъуэ КIулатIэрэ и щхьэгъусэ Арсенрэ хуэдэхэр зырызщ. И лэжьыгъэкIи, и унагъуэкIи чэнджэщэгъу къыхуэхъуу, я нэхъ гугъуми трагъэгушхуэу апхуэдэхэщ. И бынхэми езыхэм я лъагъуэ гъащIэм щагъуэтыжащ. И къуэ Адмир «ВЕЛЕС-Агро» компанием и IэщIагъэлIщ, абы и щхьэгъусэ Жанни Псыншокъуэ дэт курыт еджапIэм щолажьэ. Ипхъу Сюзаннэ и анэм и лъагъуэм ирикIуащ, егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтауэ абы иролажьэ.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
- ЩIэдзапIэ
- Щоджэн ХьэIишэт и гъуэгугъэлъагъуэр
- Курыт еджапIэм щыщIэс илъэсхэр ныбжьыщIэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лъэхъэнэу зэрыщытыр хьэкъщ. А зэманыращ сабийм и хьэл-щэнхэр зэпIэзэрыт щыхъур, гъащIэм хуиIэ еплъыкIэхэм я лъабжьэр щигъэтIылъыр, IэщIагъэ хуэхъунум епха гупсысэхэр гум щызэригъэзахуэр. Школыр гъащIэ гъуэгум и къежьапIэу къэзылъытэхэм ящыщщ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Малкэ жылэм щыщ Щоджэн ХьэIишэт.
- Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ХьэIишэт еджэным щыпищащ Пятигорск къалэм дэт, ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ Урысей академием (РАНХиГС) и юридическэ факультетым.
- — А еджапIэ нэхъыщхьэм лъэпощхьэпоуншэу сыщIэхуауэ хъарзынэу сыщеджэми, сэ си псэр хуеIэрт фIыуэ дапщэщи слъагъуу, школым сыщыщIэсами гулъытэ хэха зыхуэсщIу сыкъекIуэкIа адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ нэхъ куууэ щыгъуазэ захуэсщIыну, — жеIэ ХьэIишэт. — А хъуэпсапIэр си гъуэгугъэлъагъуэу сэ сыщIэтIысхьащ КъБКъУ-м тхыдэмкIэ, филологиемрэ СМИ-мкIэ и институтым и адыгэбзэ къудамэм.
- Мы зэманым пщащэм еджапIитIри фIы дыдэу зэдехь. Абы зэрыжиIэмкIэ, щIэныгъэ лей щыIэкъым, дэтхэнэми уи гупсысэм, зэхэщIыкIым лъэныкъуэ зырызкIэ зрегъэужь. Анэдэлъхубзэм зэрыхуеджэм и лъэр жан ищIу, гухэхъуэ къритуи жеIэ. Абы фIыкIэ игу илъщ къуажэ курыт школым щезыгъэджахэр. Ахэр гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуауэ къелъытэ.
- — Школым егъэджакIуэ лъэщхэр щыдиIащ дэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дезыгъэджа ЛъэнкIэпIашэ ФатIимэ, биолог БищIо Валентинэ, химик КIуэкIуэ Люсенэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ дыхуезыгъэджа КIуэкIуэ Элинэ. ЕгъэджакIуэ Iэзэхэщ КIуэкIуэ Марианнэ, Быф Маринэ, ЦIыпIынэ Iэсият, — игу къегъэкIыж пщащэм. — Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейт пэщIэдзэ классхэм дыщезыгъэджа Щоджэн Хьэлимэт. Аращ зи фIы-гъэр лъагапIэщIэхэм сыхуеIэу сызэрыхъуар.
- Пэжу, ХьэIишэт жыджэру ирихьэкIащ школ илъэсхэр. Ар щIэх-щIэхыурэ хэтащ икIи мызэ-мытIэу щытекIуащ олимпиадэхэм, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Абыхэм я щыхьэтщ абы къыхуагъэфэща щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэдыр. Апхуэдэхэщ мафIэсым ебэнынымкIэ плакат щIыным жыджэру зэрыхэтамкIэ кърата щIыхь тхылъыр, анэдэлъхубзэмкIэ, тхыдэмкIэ, инджылызыбзэмкIэ, хэкупсэ уэрэдхэмкIэ екIуэкIа республикэпсо зэпеуэхэм я щIыналъэ Iыхьэхэм, «КИТ. Компьютеры. Информатика. Технология» урысейпсо зэхьэзэхуэм пашэ зэрыщыхъуамкIэ кърата тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр.
- Ди гуапэщ хэкупсэ пщащэ цIыкIум и зэфIэкIхэм хигъахъуэу, и мурад псори къехъулIэу, узыншагъэр и куэду псэуну.
- ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
- Хэкупсэ гъэсэныгъэ
- Гулъытэ зыгъуэт унэтIыныгъэ
- КъытщIэхъуэ щIэблэр хэкупсэу, Хэкум и къыщхьэщыжакIуэу гъэсэным иужьрей зэманым гулъытэшхуэ хуащI. Абы теухуа къэрал программэ хэхахэри щолажьэ ди хэкум. УнэтIыныгъэм хуэгъэпсауэ къызэрагъэпэща Iуэхугъуэхэм ящыщщ ШколакIуэхэм я урысейпсо дзэ-хэкупсэ зэщIэхъееныгъэр. «Юнармие» фIэщыгъэр зиIэ а Iуэхум зыщиужьащ ди щIыналъэми.
- Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-м иджыблагъэ щекIуэкIащ а урысейпсо зэгухьэныгъэм къигъэув къалэнхэр щIыпIэм зэрыщегъэкIуэкIыпхъэм теухуа зэхыхьэ. «Юнармиер» ныбжьыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зезыгъэужь зэщIэхъееныгъэм» зыфIаща зэхуэсым хэтащ щIыналъэм хиубыдэ школхэм ОБЖ-р щезыгъэдж IэщIагъэлIхэр, школ унафэщIхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я къуэдзэхэр, класс нэхъыжьхэм щеджэ ныбжьыщIэхэр. ЗэIущIэм кърагъэблэгъахэм ящыщщ КъБР-м щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Мэрем Мухьэмэд, Аруан муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КъарэцIыкIу Мухьэмэд, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ КIыщыкъуэ Дианэ, РОСТО-ДОСААФ-м и Аруан район автошколым и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэфIэгъэувэжыным къару куэд тезыгъэкIуадэ хэкупсэ нэс Гулэжын Беслъэн, щIыналъэм и дзэ комиссар Багъ МуIэед, Прохладнэ щыIэ дзэ частым и унафэщIым и къуэдзэ Журбэ Дмитрий, «Юнармие» зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ штабым и пашэм и къуэдзэ Шыд Адэлбий, «Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и Iэтащхьэ Цыбин Виктор, ДОСААФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ МацIыхъу Хъусен, «Дзэ зэкъуэшыныгъэ» щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэ Абэнокъуэ Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ ар щекIуэкI IуэхущIапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Езий Оксанэ. Абы япэу псалъэ иритащ школым и унафэщI ХьэхъупащIэ Iэмин. Къахуеблэгъа хьэщIэ лъапIэхэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, Iэмин къыхигъэщащ щIэблэр хэкупсэу, я къэралыр, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ ялъагъуу, абыхэм я къыщхьэщыжакIуэу гъэсэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы ехьэлIауи еджапIэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщрагъэкIуэкIми тепсэлъыхьащ. Абы къыкIэлъыкIуэу утыкум кърашащ «Юнармие» зэщIэхъееныгъэм а махуэм хагъэхьэну ныбжьыщIэхэр. ТхьэрыIуэ ята нэужь, хьэщIэхэр абыхэм ехъуэхъуащ, юнармеец зэрыхъуам щыхьэт техъуэ дамыгъэ иратурэ.
- ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр школ пщIантIэм щекIуэкIащ. ЕджапIэм къепха хадэм ныбжьыщIэхэм щагъэтIысащ КъБР-м ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къарита жыгищэр. Абы къыкIэлъыкIуэу псоми щыгъуазэ зыхуащIащ дзэ техникэм и гъэлъэгъуэныгъэу зэхуэсым къыхузэрагъэпэщам.
- ТАМБИЙ Линэ.
- Дэ къытхуатх
- Хэкум папщIэ
- Мы гъэм илъэс 95-рэ мэхъу Джэрмэншыкыр къуажэ щхьэхуэу гъэтIысыным теухуа унафэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщыдэкIрэ. Абы ипкъ иткIэ, илъэситI дэкIри, 1926 гъэм, Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщ унагъуи 146-рэ, цIыху 743-рэ хъууэ, «ТIыуащIэкIэ» зэджэ щIыпIэм жылэу щытIысащ. Ар пэщIэдзэ хуэхъуащ зызыужьауэ, ди республикэм и адрей къуажэхэм къакIэрымыхуу нобэ псэу ди Джэрмэншыкым.
- Къуажэр псынщIэу зэфIэгъэувэным, ар зэIузэпэщ щIыным абы дэсхэр жыджэру елэжьырт. ЦIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуным унафэщIхэри яужь итт. Сыт хуэдэ Iуэхуми япэ ирагъэщырт щIэблэ къэхъур егъэджэныр, гъэсэныр икIи гъуэгу тэмэм тегъэувэныр. А Iуэхугъуэ иныр къалъытэри, къуажэдэсхэм я къарукIэ жылэм щаухуауэ щытащ япэ школыр. Куэд дэмыкIыу абы щылэжьэну кърагъэблэгъащ ди щIыналъэми хамэ щIыпIэхэми щыщ егъэджакIуэ нэхъыфI куэд. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 30 гъэхэм икухэм къыщыщIэдзауэ абыхэм яхыхьащ къуажэм щыщ щIалэ еджахэри. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, Ажийхэ Сэлмэнрэ Мухътаррэ, Къашыргъэ ХьэпащIэ, КIыщокъуэ Iэдэм, ПщыхьэщIэ Къубатий, Тау Борис, ЛIуп Хьэзешэ, ХъутIэ Хьэжмусэ сымэ.
- Абыхэм ящыщащ школым и унафэщIу куэдрэ лэжьа Къардэн Къубатий.
- Нэхъыжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, икъукIэ зэман хьэлэмэтт а лъэхъэнэр. Колхозхэр зэгухьагъащIэти, хьэрхуэрагъыр яку дэлъу колхозхэтхэр лажьэхэрт, жылэми зиузэщIырт, фIым хуэплъэу. ЩIэныгъэншагъэм бэнэныгъи иращIылIати, егъэджакIуэ щIалэхэр махуэкIэ школым щылажьэрт, пщыхьэщхьэкIэрэ колхозхэтхэм еджэкIэ, тхэкIэ ирагъащIэрт. Зэныбжьэгъу егъэджакIуэхэр фIыуэ лажьэрт, ныбжьыщIэхэр я хьэл-щэн дахэхэмкIэ къыдахьэхыу, абыхэм щапхъэ яхуэхъуу.
- Къуажэдэс жыджэрхэу Ажий Сэлмэнрэ ЛIуп Хьэзешэрэ дунейм щехыжар куэдым къазэрытехьэлъауэ щытар жаIэж ноби.
- Ауэ гъащIэр зыми хуэгъэувыIэркъым, сытым и дежи ипэкIэ макIуэр, абы укъыкIэрыхуи хъунукъым. НэхъыщIэхэм къахэкIащ абыхэм я пIэ иувэн, щIэныгъэрэ зэфэIкIрэ ябгъэдэлъу. Борисрэ Iэдэмрэ пединститутым щIэтIысхьащ, адрей щIалэхэм щIэныгъэр щыхагъахъуэ курсхэр къаухащ. ИужькIэ Iэдэм Кенжэ школым, ПщыхьэщIэ Къубатий Шытхьэлэ школым ягъэкIуащ. Ажий Мухътар, Къашыргъэ ХьэпащIэ, ХъутIэ Хьэжмусэ сымэ ди къуажэ школым къагъэзэжащ.
- Зауэ къэхъункIэ зэрыхъунум и хъыбарыр жылагъуэм щызэбгрыкIат абы щыгъуэ. Дзэм къулыкъу щыщIэным пыщIа IэщIагъэхэр зрагъэгъуэтын мурадкIэ ди егъэджакIуэхэм ящыщ куэд щIэтIысхьауэ щытащ дзэ-политикэ училищэ зэмылIэужьыгъуэхэм, кхъухьлъатэзехуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьат Къардэн Къубатии. ЗыщIэтIысхьа еджапIэхэр къауха иужь, ахэр отпуск къэкIуэжри зэхуэзэжат, зыхуэзэша школым, абы щылажьэ егъэджакIуэхэм яIущIат. ПщIэ зиIэу ди жылэм дэса щIалэхэр ягъэлъэпIат къуажэдэсхэми. Хэт ищIэнт ахэр иужьрейуэ зэхуэзэжауэ…
- Зэныбжьэгъу егъэджакIуэхэм ящыщу школым къыдэнауэ щытар Къашыргъэ ХьэпащIэ и закъуэт. Ар и узыншагъэр зэрыхуэмыхъум къыхэкIкIэ Дзэ Плъыжьым ирамыджауэ арат.
- Хэкур псэзэпылъхьэпIэм щихуа лъэхъэнэ гугъум ХьэпащIэ колхозым и парт организацэм секретару хахащ икIи цIыхубэм я зэфIэкIыр къэIэтынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Зауэ нэужьым колхозыр сыт и лъэныкъуэкIи зэфIэгъэувэжынми и къару куэд ирихьэлIащ. ИужькIэ и ныбжьэгъухэр къыщыдэлэжьа еджапIэм игъэзэжри щIэблэр иригъаджэу, игъасэу лэжьащ, пенсэм кIуэху. Абы къыдэкIуэу и рассказхэмкIэ, повестхэмкIэ, романхэмкIэ ди цIыхухэр игъэгуфIащ.
- «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэщауэ щыта ХьэпащIэ сэ школым илъэс куэдкIэ сыщыдэлэжьащ. ЩIэх-щIэхыурэ абы игу къигъэкIыжырт и ныбжьэгъухэр, абыхэм я лэжьыгъам, дуней тетыкIам теухуауэ хъыбар куэд къиIуатэрт. Абы хуабжьу игу къеуэрт и ныбжьэгъу щIалэхэм ящыщ куэд, зи щIэныгъэри лэжьыгъэри щIэблэ къэхъунум хуэзыунэтIыну зи мурадахэр, зауэм зэрыхэкIуэдар.
- Джэрмэншык къуажэм икIыу Хэку зауэшхуэм цIы-хуи 176-рэ хэтащ, абыхэм ящыщу ди къэралым папщIэ я псэр ятащ 95-м. Зэныбжьэгъу егъэджакIуэхэу Ажий Мухътар, Тау Борис, КIыщокъуэ Iэдэм, ПщыхьэщIэ Къубатий сымэ лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу хэтащ Хэку зауэшхуэм. Тау Борис зауэм щызэрихьа лIыгъэхэм папщIэ къэрал дамыгъэ зыбжанэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. Абы и цIэр дыщэпскIэ къыщыхаIущIыкIащ зи хуитыныгъэм папщIэ и псэр щита Старицэ къалэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ щагъэува фэеплъым. Тау Борис Хьэмзэт и къуэм и цIэр тетщ КъБКъУ-м и пщIантIэм дэт апхуэдэ фэеплъми, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм деж фIэлъ фэеплъ пхъэбгъуми. Борис хуэдэу, адрей зэныбжьэгъухэми я мурадат зауэ нэужьым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм пэрыхьэжыну, арщхьэкIэ апхуэдэу къэхъуну Тхьэм иухуатэкъым: абыхэм я псэр ятащ ди къэралым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ. Илъэс тIощIым щIигъу къудей гъащIэт абыхэм ящыщ дэтхэнэми Алыхьым къалъигъэсар. Джэрмэншык школ пщIантIэм дэтщ зауэм хэкIуэдахэм хуагъэува фэеплъ. Абы бгъэдэт сыным Мухътари, Iэдэми, Къубатии, Бориси я унэцIэхэр, цIэхэр тетщ, итщ ахэр зауэр зэриухрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкIауэ щыта «Фэеплъ тхылъым».
- Ди жылэм къыдэхъуэ щIэблэм щIэныгъэрэ гъэсэныгъэрэ етыным зи гъащIэр тезыухуауэ щыта а щIалэхэм я псэр ятащ мамырыгъэм папщIэ. Апхуэдэ куэдым я гъащIэр зыщIата а фIыгъуэр дывгъэхъумэ, ди лIыхъужьхэм я фэеплъми щIэблэр щIэдвгъэпIыкI.
- ЛIУП Нурхьэлий,
- егъэджэныгъэм и ветеран, Джэрмэншык къуажэм
- и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ.