Ислъамым и нур
2019-11-30
- Уаз
- ЗыкъызыфIэщIыжахэр жыхьэнмэ гъуэгум ирокIуэ
- Япэми зэрыжытIащи, гуэныхьышхуэхэр блыщI мэхъури, абыхэм ящыщ зыщ пагэныр.
- Япэ дыдэу гуэныхьу ялэжьар ЛIыкIуэм епэгэкIынырщ. Фигу къэдгъэкIыжынщ а хъыбарыр. Алыхьым уафэхэри, щIылъэри, мелыIычхэри, япэ цIыхури (Iэдэм, ар икIи ЛIыкIуэт) къыщигъэщIам, псоми Iэмыр яхуищIат, Iэдэм ЛIыкIуэм щхьэщэ хуащIыну. А Iэмырыр псоми ягъэзэщIащ, Iиблис къищынэмыщIа. Абы жиIат: «Iэдэм ятIэм къыхэпщIыкIауэ аращ, сэ мафIэм сыкъыхэпщIыкIащ. Сэ сынэхъыфIщ абы нэхърэ», — жиIэщ, Iэдэм епэгэкIри, Алыхьым и жыIэм ебэкъуащ. Пагагъэ хьэл мыхъумыщIэращ Iиблис джаур зыщIари, Алыхьым и нейр щIыщыхуари.
- «Шэч хэмылъу, Сэ зи фIэщ сымыхъухэм, Си Iэятхэм епэгэкIхэм папщIэ хьэршым и бжэхэр зэхуэщIащ. Абыхэм ялъагъунукъым жэнэтыр, махъшэр мастэнэм имыкIауэ» щыжеIэ пагагъэм теухуауэ Iэятхэм ящыщ зым. «Махъшэр мастэнэм имыкIауэ» жыхуиIэм и мыхьэнэр щIэныгъэлIхэм я тэфсирым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Махъшэр мастэнэм икIыфыну? ИкIыфынукъым. АтIэ, мис апхуэдабзэу, пагэхэми жэнэтыр ялъагъунукъым».
- Хьэдис куэди щыIэщ а хьэл Iейм теухуауэ. Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Зы сабэ цIыкIу закъуэ хуэдиз нэхъ имыIэми, пагэныр зыхэлъым илъагъунукъым жэнэтыр».
- ДыкъэзыгъэщIа Алыхьым и дежкIэ псори дызэхуэдэщ. Зыр адрейм зэрефIэкIыр и Iиманыращ, ТхьэмкIэ иIэ фIэщхъуныгъэращ. Ауэ щыхъукIи, фIэщхъуныгъэ уиIэмкIи зыкъыпфIэщIыжыныр хьэрэмщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэд щыIэщ «сэ нэмэз сощI, КъурIэн соджэ, апхуэдэу щыщыткIэ, сэ адрейхэм нэхърэ сынэхъыфIщ», — жаIэу. Мис а гупсысэкIэ къудейм щегъауэ апхуэдэхэр. Абы и щыхьэтщ Iимам Бакир къиIуэтэжа мы хъыбар кIэщI цIыкIур. «Мэжджытым лIитI щIыхьат. Зым дагъуэншэу игъэзащIэрт Алыхьым къалэн тщищIа Iуэхугъуэхэр. Адрейм апхуэдэ хьэл хэлътэкъым. А тIур мэжджытым къыщыщIэкIыжам, щапхъэу щытар Iиманыншэ хъуат, мыдрей нэхъ мыхьэнэншэу щытам Iиман щыпкъэ бгъэдэлъ хъуат. Абы и щхьэусыгъуэри мырат: Тхьэм хуэпщылIым зыкъыфIэщIыжат нэмэз зэрищIым, КъурIэн зэреджэм папщIэ, абы щхьэкIэ адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зыкъилъытэжырт. ИкIи нэмэзыр яухыу, мэжджытым къыщIэкIыжыху и гум илъар а гупсысэращ. Мыдрей нэхъ мыхьэнэншэу щытам и гум илъар зы закъуэщ: и гъащIэ блэкIам апхуэдизкIэ хущIегъуэжати, игуми и псэми къабгъэдэкIыу тобэ къызэрихьыжырат».
- Аращи, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIи зыкъыпфIэщIыжыныр Iейуэ щыIэм я нэхъ Iейщ.
- Iимам Садикъ къиIуэтэжащ мы хьэдисыр: «Жыхьэнмэм зы щIыпIэ иIэщ, «Сэкъэр»-кIэ еджэу. «Сэкъэр» щIыпIэр псэупIэ зыхуэхъунухэр зыкъызыфIэщыжахэращ. «Сэкъэр»-м Тхьэм зыхуегъазэри, йолъэIу: «Уа, си Тхьэ! Хуабэр Iейуэ къызохьэлъэкI, хуит сыкъэщIи, зэ сыгъэбауэ!». Ар хуит ящIу, ягъэбэуа нэужь, апхуэдизкIэ гуащIэщ абы и бахъэри, жыхьэнмэ мафIэ псори зэтрегъэлынцIэ».
- Жыхьэнмэ мафIэр зысыж мафIэм Алыхьым дыщихъумэ! Ар зыпэплъэр зыкъызыфIэщIыжахэмрэ пагэхэмрэщи, а хьэл мыхъумыщIэр зыхэдвмыгъалъхьэ!
- ТхьэмыщкIэм епэгэкIар
- Мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ лIым тыкуэнышхуэ игъэлажьэрт, щэкI ищэу. Ар икъукIэ къулейт, ауэ псапэ щIэным хуэхейт, быдэт, нэпсейт, нэхъ Iеижырати, пагэныр и хьэлт.
- Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, зэщхьэгъусэхэр шхэуэ здэщысым, я бжэм зыгуэр къытеуIуат. ЛIыр къэтэджщ, бжэр Iуихри, лъэIуакIуэ къыхуэкIуа цIыхухъур щилъагъум, къулейр къытехьащ. «Си нэм зумыгъэлъагъуу, IукI мыбдеж, текI си бжэщхьэIум», — губжьащ бейр. «Iэмалыншагъымрэ мэжэщIалIагъэмрэ сыкърахужьащ, армыхъумэ зэи сылъэIуэнутэкъым», — жиIащ тхьэмыщкIэм. АрщхьэкIэ къулейм и щхьэ трилъхьакъым абы епсэлъэну, бжэр иригулIри, Iэнэм пэрытIысхьэжащ. Бзылъхугъэм илъэгъуар и гум щIыхьауэ, жриIащ и щхьэгъусэм: «Зы лы Iыхьэ закъуэ щхьэ иумытарэ а тхьэмыщкIэм, зы дамэ цIыкIур нэхъ мыхъуми ептамэ хъунутэкъэ, Алыхьым нэхъыбэжу къыдитыжынтэкъэ?» — «Сыт мы жыпIэ делагъэр, дамэ псо сыту езмытрэт абы?!» — нэхъри губжьащ лIыр. Бзылъхугъэм факъырэр илъэгъуатэкъым, ауэ и гур абы Iейуэ щIэузат.
- Ауэрэ, зэман дэкIри, Алыхь Iэмырти, къулейм и тыкуэныр мафIэм исащ. И щхьэр къыфIэхуауэ унэм къэкIуэжри, и щхьэгъусэм жриIащ: «Гузэвэгъуэщ ди Iуэхур, ди тыкуэныр мафIэм исащ, мылъку зыри къытхуэнакъым, дунэхъуащ».
- «Умыгузавэ, Алыхьым жыхуиIам дыхуэзэнщ. Дэ хьэрычэт тщIэнщ, бэрычэтыр къыхилъхьэнумэ, Тхьэшхуэр хуитщ», — жиIащ бзылъхугъэ псэ къабзэм. АрщхьэкIэ, лIы нэпсейм и щхьэм илъыр нэгъуэщIт, и щхьэгъусэри игъэшхэн зэрыхуейм щIэгупсысырт. Апхуэдэу щыхъум, лIыр губжьащ. «КхъыIэ, уэри укъыхэмыхьэ сызыгъэбампIэм, уи хьэпшыпыр зэщIэкъуи, кIуэж уи адэм и деж, уэри усхуэгъэшхэнукъым сэ!» — жиIэри, и щхьэгъусэри иригъэкIыжащ.
- Мис апхуэдэу лIы пагэм, нэпсейм фIэкIуэдащ и мылъкури, и щхьэгъусэри.
- Илъэс зыбжанэ дэкIри, бзылъхугъэми игъуэтыжащ езым хуэфэщэн щхьэгъусэ псэ къабзэ. А лIыр апхуэдизкIэ псэ хьэлэлти, куэд иIэми, зы мащIэ дыдэ фIэкIа имыIэми, Iэмал имыIэу псапэ хитыкIынут Алыхьым къритам.
- Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэщхьэгъусэхэр шхэуэ Iэнэм пэрысу, я бжэм зыгуэр къытеуIуащ. Бзылъхугъэм бжэр Iуихри, илъэгъуащ лъэIуакIуэ къахуэкIуа факъырэр. Iуэхур зыIутыр и лIым къыщищIэм, жиIащ: «ДжэдитI диIэщи, зыр абы ет, уэрэ сэрэ адрейм дрикъунщ, нэгъуэщI диIэу хъуам щыщи хузэкIуэцIылъхьи ет». Бзылъхугъэм ар игъэзэщIащ.
- ЦIыхубзыр нэщхъей къэхъуауэ, и нэхэм нэпсыр къытелъэдауэ щилъагъум, и лIыр щIэупщIащ: «Сыт къэхъуар, щхьэ унэщхъей?». «Япэм сиIа щхьэгъусэр икъукIэ къулейуэ щытащ. Зы махуэ гуэрым абырэ сэрэ дышхэу дыщысу, ди бжэм факъырэ къытеуIуат. Апхуэдиз ерыскъым хэIэбэу зы джэд дамэ цIыкIу закъуэ иритыфатэкъым а тхьэмыщкIэм. Иритын дэнэ къэна, епсэлъэн и щхьэ тримылъхьэу Iуихужауэ щытащ. Иджыпсту ди бжэм къытеуIуа факъырэр япэм си щхьэгъусэу щытаращ», — жиIащ бзылъхугъэм.
- «АтIэ, а факъырэр къыIузыхужар япэм уи щхьэгъусэу щытарамэ, нобэ уи щхьэгъусэр абы къыIуихужауэ щыта факъырэращ», — жиIащ лIы псэ хьэлэлым.
- Аращи, зыми тщIэркъым пщэдей къытщыщIынур. Алыхьым и пащхьэ къулейри къулейсызри, фIыцIэри хужьри — псори дызэрыщызэхуэдэр тщIэжу дунейм дытетыфмэ, ди насыпщ.
- Дуней псом щыцIэрыIуэхэм ящыщу муслъымэн хъуахэр
- Сэ сыгъакъым дуней псом щыцIэрыIуэ чемпион сыщыхъуам, ауэ сыгъащ ислъам диныр къыщысщтам
- Дуней псом щыцIэрыIуэ боксёр Мухьэмэд Алий (ислъам диным къихьэн ипэкIэ зэрихьэу щытащ Кассиус Марселлус Клей цIэр) 1965 гъэм ислъам диным къихьащ.
- Мухьэмэд Алий цIэр зэхэзымыха мы дунейм зы цIыхуи тету къыщIэкIынукъым. Ар къыщалъхуащ Америкэм, Кентукки штатым и Луисвилл къалэм. Зи фэр фIыцIэ цIыхухэм а зэманым леишхуэ къащытехьэрт Америкэм и Штат Зэгуэтхэм. А псори зылъагъу сабий фIыцIэ цIыкIум хуабжьу игу къеуэрт апхуэдэ щытыкIэр.
- ЦIыхум и фэми, и плъыфэми, и бзэми емылъытауэ, Алыхьым и пащхьэ псори зэрыщызэхуэдэр Кассиус Клей къыщищIар ислъам диныращ. Аращ абы ислъам диныр къыщIищтам щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуари.
- Мухьэмэд Алий
- и сабиигъуэр
- Америкэм и Штат Зэгуэтхэм цIыху фIыцIэхэм хьэзаб куэд щрагъэшэч зэманым къалъхуат Мухьэмэд Алий. Абы щыгъуэм абы къыгурыIуэртэкъым езыри и унагъуэри апхуэдизу жагъуэу къыщIалъагъур. Сабийр гъуэлъыжа нэужь, зи фэр фIыцIэ цIыхухэр зэрагъэнэхъыкIэм щIэгупсысурэ, куэдрэ щыгъ къэхъурт. Ауэ щыхъукIи, а зэман бзаджэми ар фIы и лъэныкъуэкIэ къахэщащ зыхэт ныбжьыщIэхэм.
- Сабий фIыцIэхэм, шхын щхьэкIэ замыгъэлIэн папщIэ, сыт хуэдэ лэжьыгъэ фIейри ягъэзэщIэнут. Ауэ Мухьэмэд абыхэм зэи яхэтакъым. Ар я фIыгъэщ быныр зыхуей хуагъэзэн папщIэ псэхупIэ ямыIэу лэжьа абы и адэ-анэм. Мухьэмэд и анэр къулейхэм я унэхэм щылажьэрт, абыхэм я бынхэр игъасэу, и адэр сурэтыщIти, куэд къыхуэмылэжьми, унагъуэр игъэшхэфырт.
- Мухьэмэд боксым зэрыхыхьа щIыкIэр
- Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 12 фIэкIа мыхъуу боксым хыхьащ. Ар боксым щIыхыхьам щхьэусыгъуэ телъыджэ иIэщ: Къалэм гуфIэгъуэ махуэшхуэ щагъэлъапIэрт. Мухьэмэд Алий езым зэхуихьэса ахъшэкIэ къищэхуауэ лъакъуэрыгъажэ щIэрыпс иIэт. И ныбжьэгъур гъусэ ищIри, лъа- къуэрыгъажэмкIэ ахэр кIуащ махуэшхуэр щагъэлъапIэ щIыпIэм. ЦIыхур Iувт, лъэныкъуэ псомкIи макъамэ къыщыIурт. АрщхьэкIэ Мухьэмэд Алий и гуфIэгъуэр кIэщI дыдэ хъуат — апхуэдизу зыщыгуфIыкI и лъакъуэрыгъажэр ядыгъуат. Къэхъуар Мухьэмэд Алий и гум апхуэдизкIэ щIыхьати, полицэм хэт и цIыхугъэ щIалэ Джо Мартин зыхуигъазэри, жриIащ: «Си лъакъуэрыгъажэр зыдыгъуар къэзгъуэтынурэ, IэштIымкIэ субэрэжьынущ!». «IэштIымкIэ уеуэным и пэ къихуэу, IэштIымкIэ фIыуэ ууэфу зебгъасэмэ, нэхъыфIу сэ къызолъытэ», — жэуап къритащ абы полицэм хэт щIалэм. А щIалэр полицэм хэт къудейтэкъым, атIэ боксымкIи тренерти, къыгурыIуащ зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ щIалэщIэ цIыкIум зыгуэр къызэрыхэкIынур икIи къыжриIат: «Си спортзалым укъызогъэблагъэ, сэ ухуезгъэсэнщ боксым». Телъыджэращи, мис а щIалэ хужьым и чэнджэщ Iущыр занщIэу и щхьэм ириубыдащ сабийм. ИкIи а псалъэмакъым иужькIэ Джо Мартинрэ абы и гъэсэнхэмрэ я ехъулIэныгъэхэр телевизоркIэ щилъагъум, Мухьэмэд Алий и къуэш Рудольф гъусэ ищIри, абы и деж кIуащ. Мис аращ лъакъуэрыгъажэ ядыгъуам кърикIуар.
- Мухьэмэд Алий и япэ медалыр псым щIыхидзар
- Мухьэмэд Алий и къару емыблэжу зыхуигъасэрт зыхыхьа спорт лIэужьыгъуэм. Зи фэр фIыцIэхэм ящыщу Америкэм япэ дыдэу чемпион щыхъуар Мухьэмэд Алийщ. Абы щыгъуэм Алий и ныбжьыр илъэс 18 хъууэ арат. Алий и пщIэр зэуэ дэкIуеят, цIэрыIуэ хъуат.
- Дыщэ медалыр и пщэм илъу зы махуэ гуэрым Мухьэмэд кафем шхакIуэ кIуащ. АрщхьэкIэ, «зи фэр фIыцIэхэр къыщIэдгъэхьэркъым» жаIэри, медалым щхьэкIи къамыгъанэу, щIалэр къыщIагъэувыкIри, бжэр ирагулIыжащ. Алий апхуэдизкIэ и гум щIыхьат ари: «Къэралым сэ къыхуэсхьа медалым абы фIэкIа пщIэ щимыгъуэтакIэ, сытым и мыхьэнэ ар?!», жиIэри, и япэ дыщэ медалыр Огайо псышхуэм хидзащ. ИужькIэ ар Iуэхум пэщIэуващ нэхъри нэхъ ерыщыжу. Мухьэмэд дежкIэ мыхьэнэ зиIэр текIуэныгъэ къудейр аратэкъым, атIэ цIыхум и фэми, и бзэми, ар къызыхэкIа лъэпкъми емылъытауэ пщIэ къызэрилэжьыфынур хьэкъыу дэтхэнэми къазэрыгуригъэIуэнырат.
- Кассиус Клей Мухьэмэд Алий зэрыхъуар
- 1959 гъэм «Ислъам лъэпкъ» фIэщыгъэм щIэт муслъымэн гупым я тхьэмадэ Мухьэмэд Элайджи и къыхуеджэныгъэр япэ дыдэу Чикагэ щызэхихат Мухьэмэд Алий. Элайджи и къыхуеджэныгъэр зыхуэгъэзар ислъам динырт, къищынэмыщIауэ, а гупыр япэщIэтт зи фэр фIыцIэ цIыхухэм лей езыххэм. Илъэс дэкIри, Элайджи и гупым щыщу Мухьэмэд Алий цIыхугъэ къыхуэхъуащ Абдул Рэхьман. Абы Алий мэжджытым иригъэблэгъащ.
- «Майями дэт мэжджытышхуэм япэ дыдэу сыщыщIыхьам, згъуэта псэ тыншыгъуэр псалъэ къудейкIэ къыпхуэIуэтэнукъым», — жиIауэ щытащ Мухьэмэд Алий интерью къыщыIахам.
- ИужькIэ Алий зэпымыууэ еджэ хъуащ «Мухьэмэд жиIащ» цIэр зезыхьэ газету хьэдисхэр зэрытым. Абы и гум хыхьэрт хьэдису зэджэу хъуар. ЛIыкIуэ лъапIэм и хьэдисым Алий къыщеджат цIыхум и фэми, и бзэми, ар къызыхэкIа лъэпкъми емылъытауэ, цIыху псори Тхьэм деж зэрыщызэхуэдэр. Ауэрэ, Алий гукIи псэкIи ислъам диным къихьат, арщхьэкIэ ар иджыри игъэхъыбартэкъым.
- «Дунейпсо чемпион» цIэ лъапIэм щIэбэныным и пэ къихуэ дакъикъэхэм Алий и къуэшри и гъусэу, псом япэ Алыхьым елъэIуащ, итIанэщ утыку щихьар. Дунейпсо чемпион хъуа нэужь, утыку къиувэри, жиIащ: «Сэ ислъам диным сихьащ, «Ислъам лъэпкъ» гупми сахыхьащ!» Абы щыгъуэм Алий и ныбжьыр илъэс 22-рэ хъууэ арат.
- Мухьэмэд Алий къыIаха интервьюхэм ящыщ зым журналистыр щыщIэупщIат: «Уи гъащIэм зыгуэрым ухущIегъуэжрэ?», — жиIэри. Алий и жэуапыр дуней псом щызэщIалъысащ: Абы жиIат: «СыхущIогъуэж нэхъапэIуэу ислъам диным сызэримыхьам. ГъащIэм иджыри зэ къытригъэзэжыну щытамэ, илъэсипщI ныбжьым ситу къэсщтэнт ислъам диныр», — жиIауэ щытащ Iиман щыпкъэ къэзыхьа цIыху гъуэзэджэм.
- «Хьэрэфат Iуащхьэм сыщытетар»
- «Сэ сыщIэгушхуэн, си гур щIыхэхъуэн щытыкIэ куэдым сригъэуващ гъащIэм, ауэ псом нэхърэ нэхъ гукъинэж сщыхъуар, псом хуэмыдэу си гур хэзыгъэхъуар хьэжыщI мазэм Тхьэшхуэм селъэIуу Хьэрэфат Iуащхьэм сыщытетаращ. ЦIыху фIыцIэхэри, хужьхэри, къулейхэри къулейсызхэри, псори зэщхьу дыхуэпауэ Алыхь закъуэм и гущIэгъум дыщыгугъыу Хьэрэфат Iуащхьэм дыщытетар зыхуэзгъэдэн зыри щыIэкъым», — жиIауэ щытащ абы.
- Ислъам диным къихьа нэужь Кассиус Клей цIэр идэжакъым, абы зыфIищыжащ Мухьэмэд Алий цIэр, икIи ар псэуху а цIэмкIэ фIэкIа нэгъуэщIкIэ къеджэу идакъым. Алий ислъам диным къихьа нэужь и гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи зихъуэжащ. ИкIи абы и псэр пытыху жиIащ ехъулIэныгъэу иIэр зи фIыгъэр АлыхьымкIэ иIэ фIэщхъуныгъэр зэрыарар. Дапхуэдиз ехъулIэныгъэ гъащIэм щимыIами, Алий зэи адрей цIыхухэм епэгэкIакъым.
- 1960 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну Алий Вьетнамым ягъэкIуэнути, ар яхуидакъым, «Сэ си ислъам диным къезэгъыркъым Iэщэ къапщтэу утыку уихьэну. Ислъам диным дыкъызыхуриджэр мамырыгъэщ», — жиIэри.
- Ислъам диным ехьэлIауэ Мухьэмэд Алий и псалъэ куэд къытенащ дунейм. Абыхэм ящыщщ:
- Сэ тутын сефэркъым, ауэ мафIэдзыр си жыпым илъу къызохьэкI. Алыхьым фIэмыфI Iуэхугъуэ злэжьыну си псэр щыпIейтейм деж, мафIэдзыр щIызогъанэри, си Iэдакъэр къизгъэсыкIыурэ, си щхьэм хужызоIэж: «Мы мафIэ цIыкIунитIэр пхуэшэчыркъым, атIэ жыхьэнмэ мафIэр дауэ пшэчыну, Алий?»
- Сэ сыгъакъым дуней псом щыцIэрыIуэ чемпион сыщыхъуам, ауэ сыгъащ муслъымэн сыщыхъуам.
- Кассиус Клей — ар пщылIыцIэщ. Сэ къыхэсхакъым а цIэр. Сэ — сы-Мухьэмэд Алийщ! Абы и мыхьэнэр Алыхьым фIыуэ илъэгъуа жиIэу аращ. Сэ здэнукъым нэгъуэщI цIэкIэ цIыхур къызэджэу!
- ГъащIэр кIэщI дыдэщ, ар щIэх дыдэу тфIэкIуэдынущ. Алыхьым папщIэ зыгуэр фщIэ, ар игъащIэкIи кIуэдынукъым!
- НэгъуэщI псалъэ дахэ куэди, лъэужь дахи къытринащ Алий дунейм.
- Ди тхыгъэм и кIэухыу къыхэзгъэщыну сыхуейщ Мухьэмэд Алий журналистхэм ярита жэуапыр: «Дауэ къыпщыхъурэ, Алий, уэ уи диныр зезыхьэхэм террористхэр къазэрыхэкIар?» — жаIэу журналистхэр щеупщIым, жэуапу яритащ: «Фэ дауэ къыфщыхъурэ, фэ зефхьэ диныр Гитлери зэрихьэу зэрыщытар?»
- ЩыIэщ цIыху, езыхэр дунейм ехыжа щхьэкIэ, я гъащIэ тхылъыр зэхуамыщIыжу. Абыхэм ящыщ зыщ дуней псом щыцIэрыIуэ боксёр, АлыхьымкIэ фIэщхъуныгъэ щыпкъэ зыбгъэдэлъа Мухьэмэд Алий (ахърэт нэхур Тхьэм зритыныр).
- УпщIэхэмрэ жэуапхэмрэ
- Щхьэцыр блэныр ислъам диным къезэгърэ?
- Къозэгъ. Уеблэмэ, цIыхухъуми и щхьэцыр илэ хъунущ хнакIэ, ауэ щыхъукIи, фIыцIэкIэ лэныр ЛIыкIуэ лъапIэм ифIэфIу щытакъым. Абы и щыхьэтщ мы хьэдисыр: «Абу Бакр и адэ Абу Къунафэ и щхьэцыр хужьу тхъуауэ щилъагъум, Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «Уа, Абу Къунафэ, уи щхьэцым и фэм зегъэхъуэж, ауэ фIыцIабзэм зыщыхъумэ».
- Ар цIыхухъухэм яхуэгъэзащ. Ауэ щыхъукIи, зи щхьэц тхъуа щIалэщIэм и щхьэцыр фIыцIабзэу щытамэ, а фэр къригъэщтэжын папщIэ фIыцIэкIэ илэми хъунущ. Бзылъхугъэхэм я Iуэхур щхьэхуэщ. Абыхэм я щхьэгъусэхэм ядэу щытмэ, сыт хуэдэ фэри кърагъащтэ хъунущ я щхьэцхэм.
- Зэщхьэгъусэхэр зэбгъэдэкIыжа нэужь, бзылъхугъэр нэгъуэщI дэкIуэжын щхьэкIэ, зэман пыухыкIа гуэр дэкIын хуейщ. Дапхуэдиз а зэманыр зэрыхъур?
- Пэжщ. Бзылъхугъэр нэгъуэщI дэкIуэжын щхьэкIэ мазищрэ махуипщIрэ дэкIын хуейщ. Абы ипэ къихуэу дэкIуэж хъунукъым.
- КъурIэным сурэ дапщэ итыр?
- КъурIэн лъапIэм сурэуэ 114-рэ, Iэяту миних итщ.
- Алыхьым цIэ дапщэ иIэр?
- Алыхьым цIэуэ 99-рэ иIэщ.
- ЦIыхур дунейм ехыжа щхьэкIэ къэмынэу псапэ хуатхыу жаIэ. Ар пэж?
- Пэжщ. Дунейм ехыжа цIыхум быныфI къыщIэнарэ, ар адэ-анэм щхьэкIэ Тхьэм елъэIумэ, лъэIур абыхэм я псэм лъысынущ. КъищынэмыщIауэ, дунейм ехыжам псапэ къызыпыкI лэжьыгъэ и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытмэ (псалъэм и хьэтыркIэ, мэжджыт иухуамэ, е лъэмыж трилъхьамэ, псы щIишамэ, тхылъ щхьэпэ къыдигъэкIамэ), абы и IэдакъэщIэкIхэр къагъэсэбэпыху ар зыщIам псапэр хуатхынущ.
- Хьумар Алий и мэжджытыр
- Бруней къэралыгъуэм щыIэ, Хьумар Алий Сейфудин и цIэр зезыхьэ мэжджытыр дуней псом щынэхъ дахэхэм хабжэ. Ар псы Iуфэм Iутщ, 1958 гъэм ухуэн яухащ. Абы и теплъэр апхуэдизкIэ дахэщи, ар зрагъэлъагъун къудей щхьэкIэ, турист куэд макIуэ Брунейм. Мэжджытым и щхьэм дыщэпс дыдэ тегъэлъэдащ, и азэн джапIэхэр мраморым къыхэщIыкIащ. Мэжджыт пщIантIэм жыг хадэшхуэ хэтщ, псыутх, псыкъуийхэри дэтщ, удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэхэр щыкуэдщ. Мэжджытымрэ псы щIыIум тращIыхьа, кхъухь теплъэ зиIэ унэшхуэмрэ зэпещIэ мраморкIэ ящIа лъэмыжышхуэм.
- Мэжджытым и лъагагъыр метр 52-м щIегъу. Абы и азэн джапIэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэм лифт хэтщи, абыкIэ и щхьэ дыдэм удэкIуейуэ, къалэм ухэплъэ мэхъу. Мэжджытыр щаухуэм ирахьэлIа екъарыр Италием, мывэкъырыр Китайм, хрусталым къыхэщIыкIа уэздыгъэшхуэхэр Инджылызым, алэрыбгъухэр Сауд Хьэрыпым кърашащ.