ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Творческэ лэжьакIуэхэр ягъэгуфIэ

2019-09-10

  • Къэбэрдей театрым и автобусыщIэ
  • Урысейм Театрым и махуэр щыгъэлъэпIэным хиубыдэу УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым федеральнэ бюджетым и ахъшэкIэ «Форд» автобусыщIэ къыхуащэхуащ. Иджы артистхэр районхэмрэ къуажэхэмрэ, сабий садхэмрэ школхэмрэ, апхуэдэу ди гъунэгъу республикэхэм нэхъыбэрэ кIуэфынущ.

  • Гуащэ театрым и кIэн къокI
  • 2013 — 2020 гъэхэм ятещIыхьауэ Урысей Федерацэм щэнхабзэмрэ туризмэмрэ зегъэужьыным хуэгъэзауэ щагъэзащIэ къэрал программэм ипкъ иткIэ УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ «Урысей зэкъуэт» политикэ партымрэ я дэIэпыкъуныгъэм иджыблагъэ хуабжьу щыгуфыкIащ республикэм и гуащэ театрым и лэжьакIуэхэр. Федеральнэ бюджетым и хьэкъкIэ абы къыхуащэхуащ цIыху 19 зэрыхуэ ВАЗ, цIыху 17 зэрыхуэ «Форд» автобус-хэр.
  • ДяпэкIэ театрым гастролхэр республикэми абы и щIыбкIи нэхъ тыншу щригъэкIуэкIынущ, ахъшэ и лъэныкъуэкIи и Iуэхур нэхъ дэкIынущ.