Уэшхыр зэран хъуфакъым
2019-09-10
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэс 98-рэ, Налшык къалэ здэщыс щIыпIэм деж адыгэ къуажэхэр зэрыщытIысрэ илъэс 295-рэ зэрырикъум теухуауэ ди щIыналъэм и къалащхьэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр нэгузыужьт икIи удэзыхьэхт.
- ПЩЭДДЖЫЖЬЫМ, махуэм и зыужьыгъуэм, цIыхухэм щызэхуэсу щIадзащ ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ зыгъэпсэхупIэ хадэм и ихьэпIэм деж щыIэ ЩIыхьым и МафIэ Мыужьыхым и Iэгъуэблагъэмрэ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэм я фэеплъ пхъэбгъум къегъэщIылIа щIыпIэмрэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Парламентым и депутатхэр, ми нистерствэхэмрэ ве- домствэхэмрэ я унафэщIхэр, щIалэгъуалэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, лэжьыгъэм и ветеранхэр, нэгъуэщIхэри зыхэта гупым къабгъэдэкIыу удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж.
- Махуэшхуэм хыхьэу, КъБР-м и унафэщIхэм, гуфIэгъуэм къахуеблэгъа хьэщIэхэри я гъусэу, Абхъазым и утыкум къыщызэрагъэпэща, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ я цIэкIэ ягъэува пщIантIэхэм зыщаплъыхьащ. Абыхэм къыщрагъэувэкIат зыпэрыт IэнатIэм къыщыхэжаныкIа лэжьакIуэфIхэм я цIэхэмрэ сурэтхэмрэ зытет блын гъэщIэрэщIахэр, сабийхэм ягъэхьэзыра хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр, сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр, ерыскъыхэкIхэр зытелъ дапхъэхэр.
- Къыхэдгъэщынщи, я теплъэкIэ хуабжьу удэзыхьэхт Бахъсэн щIыналъэм и пщIантIэм дэт телъхьэпIэхэм щрагъэувэкIахэри. Абыхэм, дымыгъэщIэгъуэн тлъэмыкIын хуэдизу, дыдихьэхыу къателыдыкIырт районым хыхьэ къуажэхэм дэс мэкъумэшыщIэхэм я хадэхэкIхэмрэ иужьрей илъэсхэм жыг хадэ гъэкIыным зезыта икIи а унэтIыныгъэм хуабжьу щехъулIэ хьэрычэтыщIэхэм дызэрыт илъэсым кърахьэлIэжа пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэхэмрэ.
- ПлIанэпэхэм ящыщ зыр хухахат сурэтыщI цIэрыIуэ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм гъуазджэм щыхуагъасэу дэт сабий еджапIэм и гъэсэнхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Абыхэм я нэхъыбэр сурэт щIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэпса, адыгэхэм ижькIэрэ яIа псэукIэр, лъэпкъ дыщэидэр зыхуэдэр къызыхэщыж гъуаплъэ пхъэбгъухэр арат.
- Апхуэдэуи, Бахъсэн районым и пщIантIэм увыпIэшхуэ щаубыдат музей- хэм щIэлъ хьэпшыпхэмрэ лъэпкъ шхыныгъуэхэмрэ зытрагуэша дапхъэхэми. Абыхэм къахэжаныкIыу икIи гу нэхъ зылъытапхъэу къыщIэкIащ Зеикъуэ къуажэм щыщ, 2018 гъэм «Мэшыкъуэ» форумым грант къыщызыхьа, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ и факультетыр къэзыуха пщащэ ныбжьыщIэ Къущхьэ Iэсият и IэдакъэщIэкI телъыджэхэу лъэпкъ цIыхухъу фащэхэм хухаха плIанэпэри.
- ЛIыщхьэхэм къаIущIахэм гуфIэгъуэ махуэм теухуауэ псалъэ дахэ жраIащ, къазэрыпежьа шыгъупIастэм щыщ зыIуагъэхуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, гуфIэгъуэ махуэр уэтIпсытIу ирихьэлIами, къалэдэсхэри къуажэхэм къикIахэри, къызыхэхуар яфIэщIэщыгъуэрэ зэщыгуфIыкIыжу зэрыщызэхэтари, зэрыцIыхухэм ящыщу зэIущIэхэм — ини цIыкIуи, къулыкъущIи цIыху къызэрыгуэкIи — фIэхъус гуапэ щызэрахрэ зэдэуэршэрыжу мыбдежым зэрыщызэдекIуэкIари.
- ПЩЫХЬЭЩХЬЭР къыщыблагъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм Абхъазым и утыкум концерт гукъинэж щатащ. Абы хэтащ республикэм и артист цIэрыIуэхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр. Ахэр махуэшхуэм теухуауэ налшыкдэсхэмрэ абыхэм я хьэщIэхэмрэ ехъуэхъуащ. УмыгъэщIэгъуэн плъэмыкIыну, махуэшхуэ концертым и пэщIэдзэр ягъэдэхащ республикэм гъуазджэмкIэ и сабий гупу 8-м. Псоми фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр къэфакIуэ гупхэм я зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ зэрызэрахъуэкIым, дэтхэнэми ехьэлIауэ кинотеплъэгъуэхэр къызэрыщагъэлъагъуэм утыкум къыщекIуэкIыр нэхъри ягъэдахэрт. ИпэжыпIэкIи, а пщыхьэщхьэр, дыгъафIэу щымытами, зылъэгъуахэм я дежкIэ щIэщыгъуэт икIи гуимыхужт. ЗэхэкIыгъуэм ирихьэлIэу, Налшык и уэгум Iэгъуэблагъэр къэзыгъэнэху хьэрэкIытIэхэр щагъэлъэтащ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.