ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-09-10

  • ФокIадэм и 10, гъубж
  •  ЦIыхум зиукIыжыныр къэмыгъэхъуным и дунейпсо махуэщ
  •  Китайм щагъэлъапIэ егъэджакIуэм и махуэр
  •  1492 гъэм Урысейм и унафэщI Иван Ещанэм ИлъэсыщIэр щагъэлъапIэ пIалъэр игъэIэпхъуауэ щытащ. Абы и унафэкIэ ар гъатхэпэм и 1-м ирахри, фокIадэм и 1-м яхьауэ щытащ.

  •  1721 гъэм Урысеймрэ Швециемрэ илъэс 21-кIэ ирагъэкIуэкIа Ищхъэрэ зауэр иухащ.
  •  1725 гъэм Невский Александр и орденыр къащтащ.
  •  1756 гъэм Санкт-Петербург Урыс театр къыщызэрагъэпэщащ. Иджы ар драмэмкIэ Урысей къэрал академие театрырщ, Пушкин Александр и цIэр зезыхьэрщ.
  •  1940 гъэм СССР-м паспортхэр тыным теухуа унафэ къыщащтащ.
  •  1943 гъэм советыдзэхэм Украинэм хыхьэ Мариуполь къалэр фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
  •  1960 гъэм Багдад щекIуэкI конференцым къыщызэрагъэпэщащ щIыдагъэ зыщэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр – ОПЕК-р.
  •  1984 гъэм инджылыз генетик Джеффриз Алек ДНК-м и гъэщIэгъуэнагъыр къихутащ. IэпапIэхэми ещхьу, зи ДНК-хэр зэщхь цIыхуитI дунейм теткъым.
  •  1984 гъэм шахматхэмкIэ дунейм и чемпион хъунур зэхагъэкIын папщIэ джэгун щIадзащ Карпов Анатолийрэ Каспаров Гаррирэ. А зэпеуэр шахматхэм я тхыдэм щынэхъ кIыхь дыдэ хъуат — мазитхум щIигъукIэ екIуэкIат.
  •  КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург, публицист ЩоджэнцIыкIу Iэдэм къызэралъхурэ илъэси 103-рэ ирокъу.
  •  Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бажэнэ Мурат и ныбжьыр илъэс 89-рэ ирокъу.
  •  Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта КIэнцIэлий Лиуан къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу.
  •  УФ-м щIыхь зиIэ и юрист, нагъыщэ нэхъыщхьэ зиIэ хеящIэ Къунаш Адэлбий къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу.
  •  СССР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къаншыкъуей Риммэ къыщалъхуа махуэщ.
  •  Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик Сэхъу Владимир и ныбжьыр илъэс 80 ирокъу.
  •  Театрымрэ киномрэ я актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Костолевский Игорь и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
  •  «Адыгэ макъ» газетым и обозреватель ЕмтIылъ Нурбий и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
  •  УэрэджыIакIуэ, актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Долинэ Ларисэ и ныбжьыр илъэс 64-рэ ирокъу.
  •  Урысей журналист цIэрыIуэ, теленэтынхэр езыгъэкIуэкI Караулов Андрей и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 18 — 19, жэщым градус 13 – 14 щыхъунущ.
  • ФокIадэм и 11, бэрэжьей
  •  Фадэ емыфэным и Урысейпсо махуэщ
  •  Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я IэщIагъэлIхэм я махуэщ
  •  США-м щагъэлъапIэ Хэкупсэм и махуэр
  •  Аргентинэм и егъэджакIуэм и махуэщ
  •  1812 гъэм Аляскэм япэу итIысхьащ урыс лъэпкъым щыщ гупхэр — Форт Росс зыфIаща щIыналъэр къэунэхуащ.
  •  1882 гъэм Москва къыщызэIуахащ Урысейм щыяпэ уней театрыр.
  •  1918 гъэм Урысейм и ЦIыхубэ комиссархэм я советым унафэ къищтащ къэралыр дуней псор зытет мардэхэм — бгъуагъ-кIыхьагъыр, хьэлъагъыр, н.къ. къызэралъытэ пщалъэхэм — зэрытехьэм теухуауэ.
  •  1943 гъэмКъуэныкъуей Назир дзэ къалэн иIэу япэ дыдэу уэгум ихьащ икIи япэ нэмыцэ кхъухьлъатэр къриудыхащ, абы папщIи генерал Савицкэм япэ орденыр къритащ.
  •  1961 гъэм къызэрагъэпэщащ Дыкъэузыухъуреихь щIыуэпсыр хъумэным и дунейпсо фондыр.
  •  1973 гъэм Чилим Iэщэ къагъэсэбэпу щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яужькIэ властыр IэщIыхьащ дзэ хунтэм, генерал Пиночет Аугустэ зи пашэм.
  •  2000 гъэм Осетие Ищхъэрэм и Правительствэм унафэ къищтащ Кавказым и къуршхэм ящыщ зым «Курск» фIэщыным теухуауэ. Баренцевэ тенджызым 2000 гъэм шыщхьэуIум и 12-м щыщIилъэфа псыщIагъырыкIуэ кхъухьым исахэм я фэеплъыр апхуэдэ щIыкIэкIэ гъэлъэпIэным щIэлъэIуар а бгым япэу дэкIа альпинистийрт.
  •  2001 гъэм дунейм щынэхъ ин дыдэ теракт щалэжьащ США-м и Нью-Йорк къалэм. Дэтхэнэри къати 110-рэ хъууэ зэбгъурыту абы дэт унэшхуитIым, Дунейпсо Сату Центрым игъэлажьэм, щIэпхъаджащIэхэм зэрагъакIуэ кхъухьлъатитI еуащ. А гузэвэгъуэм цIыху минищым щIигъу хэкIуэдат.
  •  2015 гъэм хьэлъэ къызэраIэт кран техуащ Сауд Хьэрыпым и Мэчэ къалэм дэт Аль-Хьэрэм мэжджытым. Абы щыгъуэ цIыхуи 107-рэ хэкIуэдат.
  •  Америкэм щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, дунейпсо литературэм и классик О’ Генри къызэралъхурэ илъэси 157-рэ ирокъу.
  •  Совет къэрал лэжьакIуэ, ВЧК-м и къызэгъэпэщакIуэ Дзержинский Феликс къызэралъхурэ илъэси 142-рэ ирокъу.
  •  Совет кинорежиссёр, тхакIуэ, драматург, УФ-м и цIыхубэ артист Довженкэ Александр къызэралъхурэ илъэси 125-рэ ирокъу.
  •  Балетмейстер, КъБР-м и цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Дашу Хьэшыр къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
  •  Кхъухьлъатэзехуэ-космонавт, авиацэм и генерал-полковник, Совет Союзым и ЛIыхъужь Титов Герман къызэралъхурэ илъэс 84-рэ ирокъу.
  •  СССР-ми КъБР-ми я цIыхубэ артист, жылагъуэ лэжьакIуэу щыта Кобзон Иосиф къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу.
  •  КъБКъУ-м и ректор, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-м и академик Алътуд Юрий и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
  •  Урысей актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Добронравов Фёдор и ныбжьыр илъэс 58-рэ ирокъу.
  •  Сирием щыщ къэрал къулыкъущIэ, 2000 гъэ лъандэрэ абы и президент Хафез ал-Асад Башар и ныбжьыр илъэс 54-рэ ирокъу.
  •  Генерал-майор, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Следственнэ комитетым и лэжьакIуэ Хьэжмусэ Руслан и ныбжьыр илъэс 49-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 17 — 18, жэщым градус 12 — 14 щыхъунущ.