«Iуащхьэмахуэ и Кубок» саугъэтыр Даймонд Линк къехь
2019-09-10
- КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм хыхьэу Налшык шыгъэжапIэм щэбэт кIуам щекIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и кубок» 14-нэ шыгъажэр. Дунейр жьапщэми, бжьыхьэ уэшхми къызэтригъэувыIакъым махуэшхуэ шыгъажэ екIур.
- Шыгъажэм бжьыпэр щызыубыдхэм иратыну ахъшэр (мылъкур къызыбгъэдэкIари къызэгъэпэщакIуэри КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ) сом мелуанитIым щIигъурт. Зэпеуэу 10-м щыщу 9-м шы лъэпкъ къабзэхэр къыщызэдагъэжащ, къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къиIэтащ къызэрагъэпэща концертым.
- Налшык ипподромым къыщызэхуэса цIыхуищэхэм яхэту махуэшхуэ шыгъажэхэм кIэлъыплъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Ткачёв Евгений, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ щыщхэр, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь, кхъухьлъатэзехуэ-космонавт Ревин Сергей.
- Шыгъажэр къызэIуахри, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ ягъэува саугъэтым (ар сом мелуан ныкъуэ хъурт) щIэбэныну Налшык ипподромым и пшахъуэ гъуэгум техьащ илъэсищ, нэхъыбэ хъу ший. КилометритI гъуэгуанэм и хьэрхуэрэгъухэр къыщызэринэкIри, бжьыпэр иубыдащ «Малка» шы заводым и пцIэгъуэплъ Нью-Йорк Сити. Ар зэпеуэм хуигъэхьэзыращ мастер-тренер Алокъуэ Аслъэнджэрий, къэзыгъэжар мастер-шууей Сыжажэ Русланщ. ТекIуахэм къахьа саугъэт нэхъыщхьэр Iэгуауэшхуэм щIэту яритащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
- КъыкIэлъыкIуэу Урысейм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр ягъэлъапIэу ягъэува саугъэтым (сом мелуан ныкъуэ) метр 1600-м къыщызэдэжа зэпеуэм псори къызэщIиIэтат. Битокъу Мухьэмэдрэ Къудей Хьэсэнрэ я пцIэгъуэплъ Проуд Мейкер ерыщу ипэкIэ кIуат, арщхьэкIэ ахэр къызэринэкIри зи чэзу текIуэныгъэ дахэр зыIэригъэхьащ Волчаро. Алокъуэ Аслъэнджэрийрэ Сыжажэ Русланрэ я гъэсэным хуагъэфэща саугъэтыр щаритым абыхэм ехъуэхъуащ Ткачёв Евгений.
- «Iуащхьэмахуэ и Кубок» саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэныну утыку къихьа шыгъажэшхэр щызэпеуэн хуейт метр 2400-рэ гъуэгуанэм. Ерыщу къыпэщIэта и хьэрхуэрэгъухэр секунд бжыгъэм къызэринэкIри, «Iуащхьэмахуэ и Кубокыр» къихьащ Даймонд Линк. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий мастер-тренер Яков Ман, мастер-шууей Пэнжокъуэ Рустам, шыр зейхэм ехъуэхъури, саугъэтыр яритащ.
- АдэкIэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ хабзэ хъуауэ ирагъэкIуэкI шыгъажэ зэмылIэужьыгъуэхэм.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, къыкIэлъыкIуэ шыгъажэр, Адыгэхэм я махуэм хуэгъэпсар, Налшык ипподромым щекIуэкIынущ фокIадэм и 21-м.
- Дыгулыбгъу Жантинэ.
- Сурэтыр Толгуров Камал трихащ.