ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Август, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Къурмэн хьид махуэшхуэм  и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

2019-08-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къурмэн хьид махуэ  лъапIэмкIэ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

КIуэкIуэ Казбек: Лъэпкъыр узыншэн папщIэ цIыхубэ спортым зегъэужьын хуейщ

2019-08-10

  • КIуэкIуэ Казбек ирихьэлIащ Налшык щыIэ Сабий стадионым Физкультурникым и урысейпсо махуэм и щIыхькIэ къыщызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм. Спорт смен ныбжьыщIэхэр зэпеуащ футболымкIэ, теннисымкIэ, атлетикэ псынщIэмкIэ, гимнастикэмкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Чемпионым дригъусэу зыдогъасэ»

2019-08-10

  • Физкультурникым и урысейпсо махуэр гъэлъэпIэ ным хиубыдэу шыщхьэуIум и 13-м ХьэтIохъущокъуэм и хадэм къыщызэрагъэпэщынущ «Чемпионым дри гъусэу зыдогъасэ» спорт проектыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

«Спартак-Налшык» — «Краснодар-3» — 2:0

2019-08-10

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ипкъ иткIэ дыгъуэпшыхь Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэхэта зэIущIэр апхуэдэу иухащ. Топхэр дэзыгъэкIар Бацэ Къантемырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Путин Владимир и илъэс 20 гъуэгуанэр

2019-08-10

  • «Зэманыр макIуэ, шэ икIауэ», — щыжиIащ и усэхэм ящыщ зым КIыщокъуэ Алим. Илъэс тIощIыр, тхыдэм тепщIыхьмэ, ар зэман кIэщI дыдэщ, ауэ псори зэлъытар и мыхьэнэрщ. Урысей къэралыщIэм и дежкIэ а лъэхъэнэр хуабжьу купщIафIэу щытащ, зи фIыщIэри 1999 гъэм шыщхьэуIум и 9-м къэралым и Правительствэм и УнафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну ягъэува Путин Владимир Владимир и къуэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Темыркъан Юрий КъБКъУ-м щохьэщIэ

2019-08-10

  • КъБКъУ-м Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэу хэт зэIущIапIэ пэшышхуэм вузым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ шыщхьэуIум и 9-м щрагъэблэгъащ дызэрыгушхуэ ди хэкуэгъу, СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтымрэ Глинкэм и цIэр зезыхьэ саугъэтымрэ я лауреат, Санкт-Петербург къалэм и къэрал филармонием и Академическэ симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI, дуней псом къыщацIыху, оркестр цIэрыIуэ зыбжанэм я тхьэмадэ Темыркъан Юрий.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Iуащхьэмахуэ и хъуреягъыр къэжыхьынымкIэ урысей спортсменхэр токIуэ

2019-08-10

  • ТрейлраннингымкIэ дунейпсо зэпеуэм хиубыдэу Iуащхьэмахуэ и хъуреягъкIэ къэжыхьыным япэ увыпIищыр щаубыдащ Урысейм и спортсменхэм. Псом япэу а гъуэгуанэр Храмов Андрей (сыхьэт 15-рэ дакъикъэ 53-рэ секунд 53-кIэ), етIуанэу Шкель Виталий (15:54:16), ещанэу Ререкин Антон (16:23:20) сымэ къызэпачащ. Абыхэм мы гъуэгуанэм къыщызэдэжэнымкIэ рекордыр сыхьэтитIкIэ ирагъэфIэкIуащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-08-10

  • ШыщхьэуIум и 10, щэбэт
  • УФ-м щагъэлъапIэ Физкультурникым и махуэр
  • Эквадор Республикэм и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. 1809 гъэм ар Испанием къызэрыхэкIым теухуа унафэ къащтащ, ауэ къэрал щхьэхуит щыхъупар 1822 гъэрщ.
  • 1793 гъэм дунейм и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщ, Париж дэт Луврыр цIыхухэр щIыхьэну, абы зыщаплъыхьыну хуиту къызэIуахащ.
  • 1833 гъэм иджырей Чикагэ къалэм (США) и лъабжьэр ягъэтIылъащ. А зэманым ар цIыху щитI иримыкъу щыпсэу Уинди-Сити къуажэ цIыкIурт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Унафэ пыухыкIахэр къащтэ

2019-08-10

  • Сочэ къалэм дэт «Рэдиссон» хьэщIэщым шыщхьэуIум и 7 — 8-хэм щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президиумым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ ЩIДАА-м блэкIа илъэсым къриубыдэу зэфIигъэкIа Iуэхугъуэхэмрэ къэкIуэну зэманым къыпэщылъ къалэнхэмрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Лъэпкъ Iуэху

Шэру Соня и пшыхь

2019-08-10

  • Музыкэ театрым шыщхьэуIум и 23-м гуфIэгъуэ пшыхь щекIуэкIынущ, «Кабардинка» академическэ къэрал къэфакIуэ ансамблым и солисткэ цIэрыIуэ, КъБАССР-мрэ РСФСР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ, къафэм и гуащэ Шэру Соня къызэ- ралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум и щIыхькIэ.
  • ЩыщIидзэнур сыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-рщ. УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ хъунущ мы телефонхэм- кIэ: 77-42-08 (кассэ), 42-43-13.

Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ

«ТекIуэныгъэм и дерсхэр»

2019-08-10

  • 2020 гъэр ди къэралым щагъэуващ Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу. Абы хыхьэу Урысей Федерацэм Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ 1941 – 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр ди къэралым и текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. А гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм щыщ куэд ирагъэкIуэкIынущ егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я IэнатIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-08-10

  • 1 КъБР „Мир“ канал
  • Блыщхьэ, шыщхьэуIум и 12
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Тхылъым и махуэшхуэ-2019». ЕтIуанэ нэтын (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.10 «Тхьэм и унэм ухуэзышэ гъуэгу» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.05 КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу. «Шум и гъуэгу». Ещанэ Iыхьэ (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

ГукъэкIыжхэр къыщыптегуплIэм и деж

2019-08-10

  • УэрэджыIакIуэм и зэфIэкI
  • И уэрэд гукъинэхэмрэ и макъ гуакIуэмкIэ ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIы дыдэу къыщацIыху ПащIэ Ленэ. Телевиденэми радиоми я гъэтIылъыгъэхэм куэду хэлъщ абы игъэзащIэу щыта уэрэдхэр, ахэр щIэх-щIэхыурэ къат. Ленэ и макъым и къабзагъымрэ и утыку итыкIэ екIумрэ уатхьэкъу, къыхужаIэу къекIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-08-10

  • Псалъэ пэжхэр
  • Сакъ и анэ гъыркъым
  • Нэмысым насып къыдокIуэ.
  • Джатэм и щIагъи пэжыр жыIэ.
  • Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж.
  • АжалитI щыщымыIэкIэ, а зэ лIэгъуэм лIыгъэ хэлъхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис