2019-08-06
- Къэралым и щIыналъэ зыбжанэм, абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту, социальнэ контрактымкIэ проектым теухуауэ ирагъэкIуэкI гъэунэхуныгъэр тэмэму ягъэзэщIэн папщIэ, федеральнэ бюджетым и ахъшэ къыхуаутIыпщынущ. Апхуэдэу жиIащ Урысейм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин Максим. Зэрыщыту программэм трагъэкIуэдэн папщIэ къэралым сом меларди 7 хухех.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-08-06
- Лъэпкъыбэу зэхэт ди къэралым и тхыдэм куэду хэтщ, къытебгъэзэж пэтми, нэсу джа мыхъу, къэкIуэну щIэблэхэми къахутэну зыхунэсын къэхъукъащIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщщ къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм и шыщхьэуIу мазэм илъэси 105-рэ ирикъу Кавказ шууей дивизэр. Тхыдэджхэм зэратхымкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуа а дивизэр урысеидзэр зэрызэхэт Iыхьэхэм я нэхъ хахуэт, лIыгъэшхуэрэ быдагъэрэ щытепщэт, дзыхь нэхъ зыхуэпщI хъуну частхэм ящыщт. «Емылыдж», «Iэл» («дикая») псалъэхэр дэщIыгъуу фIэкIа нэхъыбэм къамыпсэлъ а дивизэм, зэрыщыIа илъэсищым къриубыдэу, къыхэкIакъым гугъуехьхэм къапикIуэту кIуэрыкIуэсэж хъуаи тхьэрыIуэ зыхуащIа къэралым епцIыжаи. Дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэта зауэлI хахуэхэм ящыщщ Щхьэлыкъуэ щыпсэуа Къардэн Джэрий Мэзан и къуэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
Къэбэрдей къуажэхэр
2019-08-06
Аушыджэр (Дыгъужьыкъуей) къуажэ дахэм и дэлъэдапIэр мыбдежщ. Абы зэреджэр ВыщхьэфIэчщ. Сурэтыр ГъукIакъуэ Инал трихащ.
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2019-08-06
- БэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щэнейрэ и чемпион Махуэ Билал зэхьэзэхуэхэм къыщыхыхьэжащ шыщхьэуIум и 2 — 4 махуэхэм Польшэм и къалащхьэм щекIуэкIа Циолковский Вацлав и фэеплъ турнирым. Ар къыщызэIуах дакъикъэхэм ирихьэлIэу наIуэ хъуащ 2012 гъэм Лондон щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимпиадэм килограмми 120-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм щытекIуауэ къалъытари.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр
2019-08-06
- Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, шэрджэс мамлюкхэм къатепщIыкIащ Инал Нэху. Ар XV лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэ къэралыгъуэ къызэзыгъэпэща, ди лъэпкъым и пщы къудамэхэм я къежьапIэу щыта унафэщI щыпкъэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр