Унафэ пыухыкIахэр къащтэ
2019-08-10
- Сочэ къалэм дэт «Рэдиссон» хьэщIэщым шыщхьэуIум и 7 — 8-хэм щекIуэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и президиумым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ ЩIДАА-м блэкIа илъэсым къриубыдэу зэфIигъэкIа Iуэхугъуэхэмрэ къэкIуэну зэманым къыпэщылъ къалэнхэмрэ.
- ЗЭХУЭСЫМ доклад нэхъыщхьэр щищIащ ЩIДАА-м и президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, академик Къанокъуэ Арсен. Ар зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ адыгэхэм я жылагъуэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэ иныр мы зэманым зэрыт щытыкIэм, абы адэкIэ зэрызиужьынум хуэгъэпса и гупсысэхэри къигъэнэIуащ. Куэд мэхъу ахэр: адыгэу дунейм тетхэр зэуIуу лъэпкъ Iуэхум хуэгъэлэжьэн, академием щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр къешэлIэн, адыгэ щIалэгъуалэм я нэхъыфIхэм хамэ къэралхэм я еджапIэ нэхъыщхьэхэм, абыхэм къепха аспирантурэхэм, докторантурэхэм щIэныгъэ щегъэгъуэтын, нэгъуэщIхэри.
- — Псори зыхуэунэтIыжар зыщ, — къыхигъэщащ Къанокъуэ Арсен. — Адыгэ лъэпкъым адэкIи зегъэужьын, дунейпсо мардэхэм хуэкIуэ, иджырей зэманым екIу экономикэ лъэщрэ псэукIэ дахэрэ диIэу. ЩIДАА-м, абы и президиумым хэт дэтхэнэми гурэ псэкIэ зыхищIэн хуейщ лъэпкъым и пащхьэм щыдиIэ жэуаплыныгъэм и лъагагъыр. Ар къэдгъэлъэгъуэн хуейщ зыхуэдгъэувыж мурадхэмкIэ, зэфIэтх IуэхушхуэхэмкIэ.
- Докладым пащэу, ар нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIэ къызэпкърахыу къэпсэлъахэщ академикхэу БакIуу Хъанджэрий, Щхьэгъэпсо Сэфарбий, Къалэ Хьэжбарэ, Къущхьэ Хьэсбий, Бырсыр Батырбий, нэгъуэщIхэри. Бырсыр Батырбий гулъытэ хэха хуищIащ адыгэбзэр, лъэпкъ тхыдэр джыным зегъэубгъун зэрыхуейм.
- ЩIДАА-м и щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэу президиумым къыщагъэлъэгъуащ академик Щхьэгъэпсо Сэфарбий.
- — «Гугъэр адэжь щIэинщ» жеIэ лъэпкъ псалъэжьым. ИтIани, си фIэщ мэхъу ди адыгэ академиер нэхъ зэкъуэт, лъэщ, лъэпкъым хуэщхьэпэн IуэхугъуэфI куэд щызэфIах зэгухьэныгъэ лъэрызехьэ зэрыхъунур, — жеIэ филологие щIэныгъэхэм я доктор БакIуу Хъанджэрий. – Апхуэдэ гугъэ дахэ сэзыгъэщIыр ЩIДАА-м и тхьэмадэ Къанокъуэ Арсен ипэжыпIэкIэ хэкупсэу, лъэпкъымрэ абы и къэкIуэнумрэ папщIэ и къаруи, зэфIэкIи, мылъкуи, зэмани щымысхь хэкулIу зэрыщытырщ.
- Адыгэ Академием и президиумым утыку ирахьа Iуэхугъуэ псомкIи унафэ пыухыкIахэр Сочэ къыщащтащ. ЩIДАА-м и илъэс зэхуэсышхуэр дызыхуэкIуэ бжьыхьэм екIуэкIынущ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.