2019-08-01
- «Урысей зэкъуэт» партым УФ-м и Президент Путин Владимир Ингуш Республикэм, Кърым Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм я Iэтащхьэхэр гъэувыным хуэгъэзауэ хэплъэн папщIэ къыхилъхьащ генеральнэ советым нэхъ зыхуэфащэу къилъыта кандидатхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-08-01
- Адэжь лъапсэм къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 1998 гъэращ. Абы щыгъуэщ Косовэ къыщыхъея зауэм къыхашыжа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу зы гупышхуэ ди къуэш Адыгэ Республикэм къыщихьэжауэ щытар. Мейкъуапэ километри 4-кIэ пэжыжьэ щIыпIэм деж, къэIэпхъуэжахэм папщIэ, Махуэхьэблэ зыфIаща къуажэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщат, а щIыналъэм и Iэтащхьэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн и жэрдэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм а махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащIын щыщIадзар 2010 гъэм къыщегъэжьауэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр
2019-08-01
- Унагъуэ мини 3,8-м яIэрохьэ
- Къэрэшей-Шэрджэс. Республикэм и унафэщI-хэм илъэсыр къызэрихьэрэ сом мелуан 285-м нэблагъэ трагъэкIуэдащ ещанэ сабийр е къыкIэлъыкIуэр къыщалъхуа унагъуэ быныфIэхэм мазэ къэс ират ахъшэу. Сом мелуан 266,5-р федеральнэ, мелуан 16,7-р республикэ бюджетхэм къыхэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм